зэгъэзэхуэжын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зрегъэзэхуэж)

1. Зыгуэр зэрыщытам хуэдэу щӀыжын, зэщӀэкъуэжын, зэгъэкӀужын.

рупривести снова в порядок что-л.

2. ХэӀэзэщӀыхьыжын е зэхэбзэжауэ нэгъуэщӀ щыгъын гуэр гъыхэхын.

рупеределать, перешить (одежду)

Бостейр зэгъэзэхуэжын.

3. ГъэзэкӀуэжын.

руисправить что-л., поправить кого-л.

Щыуагъэр зэгъэзэхуэжын.

Bu maddedeki ifadeler (1)

хьэдэр зэгъэзэхуэжын

Еплъ: хьэдэ

Kitapta geçtiği hali

зэгъэзэхуэжын (зрегъэзэхуэж) перех. гл. 1. привести снова в порядок что-л. / Зыгуэр зэрыщытам хуэдэу щӀыжын, зэщӀэкъуэжын, зэгъэкӀужын. 2. переделать, перешить (одежду) / ХэӀэзэщӀыхьыжын е зэхэбзэжауэ нэгъуэщӀ щыгъын гуэр гъыхэхын. Бостейр зэгъэзэхуэжын. 3. исправить что-л., поправить кого-л. / ГъэзэкӀуэжын. Щыуагъэр зэгъэзэхуэжын. Хьэдэр зэгъэзэхуэжын см. хьэдэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зэрегъэзэхуэж)

1. Щыуагъэ сыт хуэдэ мыхъумыщӀэхэр гъэзэкӀуэжын.

ХэкущӀым щыпачам езы Нартыхум я къуажэр хэхуа пэтрэ, щӀэщхъу кэхъуар зэригъэзэхуэжын хузэфӀэкӀакъым, щӀыр зратар нэхъ лъэрызехьэу, дэӀэпыкъуэгъу иӀэу къыщӀэкӀри.— Лъапсэ, 82

+2 örnek

Щыуамэ, щыуар езыращи, зэригъэзэхуэжын хуейщ и къуэри гузэвэгъуэ химыдзэу.— КӀапсэ кӀапэ, 16

Уэй, нэхъыжь щӀыжаӀэр нобэ хуэдэ махуэщ, жаӀэри лӀыжьхэм я деж мажэ, къызэрогъэбырсей, арщхьэкӀэ ЛӀыгъур игъэкӀуам Мэш яхэтт нэхъыжьыӀуэуи, хьэлэбэлыкъыр зэригъэзэхуэжащ.— Лъапсэ, 116

2. Гъэтэмэмыжын. –537.

Артистхэр хэт и пащӀэ къыкӀэрыхуам, е бостей щылэлыр къыщыхуам зэрагъэзэхуэжу дурэшым дэтт, Ӏупхъуэр зэхуащӀыжыху.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 669

+2 örnek

И щхьэм телъ ӀэлъэщӀ дахэр зэригъэзэхуэжти, Инал зыкъигъазэри унафэ ищӀащ: – Саримэ, укъимыкӀ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 536

Лу тхылъымпӀэр къыӀихащ, и джанэ-бгырыпхыр тӀэкӀу зэригъэзэхуэжри къеджэу уващ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 511

3. Гъэзэгъэжын (псалъэм папщӀэ, Ӏэщхэр).

ЕгъэджакӀуэ кӀуэн щыхуейр пщыхьэщхьэрат, цӀыхум Ӏэщыр зэрагъэзэхуэжрэ я унэм екӀуэлӀэжа нэужь.— Зи лъэрыгъыпс иӀыгъа, 528

Kitapta geçtiği hali

ЗЭГЪЭЗЭХУЭЖЫН (зэрегъэзэхуэж) лъэӀ. (11). 1. (5). Щыуагъэ сыт хуэдэ мыхъумыщӀэхэр гъэзэкӀуэжын. ХэкущӀым щыпачам езы Нартыхум я къуажэр хэхуа пэтрэ, щӀэщхъу кэхъуар зэригъэзэхуэжын хузэфӀэкӀакъым, щӀыр зратар нэхъ лъэрызехьэу, дэӀэпыкъуэгъу иӀэу къыщӀэкӀри. Лъапсэ, 82. Щыуамэ, щыуар езыращи, зэригъэзэхуэжын хуейщ и къуэри гузэвэгъуэ химыдзэу. КӀапсэ кӀапэ, 16. Уэй, нэхъыжь щӀыжаӀэр нобэ хуэдэ махуэщ, жаӀэри лӀыжьхэм я деж мажэ, къызэрогъэбырсей, арщхьэкӀэ ЛӀыгъур игъэкӀуам Мэш яхэтт нэхъыжьыӀуэуи, хьэлэбэлыкъыр зэригъэзэхуэжащ. Лъапсэ, 116. 2. (5). Гъэтэмэмыжын. Артистхэр хэт и пащӀэ къыкӀэрыхуам, е бостей щылэлыр къыщыхуам зэрагъэзэхуэжу дурэшым дэтт, Ӏупхъуэр зэхуащӀыжыху. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 669. И щхьэм телъ ӀэлъэщӀ дахэр зэригъэзэхуэжти, Инал зыкъигъазэри унафэ ищӀащ: – Саримэ, укъимыкӀ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 536–537. Лу тхылъымпӀэр къыӀихащ, и джанэ-бгырыпхыр тӀэкӀу зэригъэзэхуэжри къеджэу уващ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 511. 3. (1). зэхь. Гъэзэгъэжын (псалъэм папщӀэ, Ӏэщхэр). ЕгъэджакӀуэ кӀуэн щыхуейр пщыхьэщхьэрат, цӀыхум Ӏэщыр зэрагъэзэхуэжрэ я унэм екӀуэлӀэжа нэужь. Зи лъэрыгъыпс иӀыгъа, 528.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

düzeltmek telafi

Düzeltme Öner

зэгъэзэхуэжын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.