зэгъэжын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(мэзэгъэж)
1. Сабырыжын.
рууспокоиться
- УзэрегуакӀуэщ, щӀы зэрыпфӀэфӀым хуэдэу, - жиӀэри Елдар зэгъэжащ.— КӀыщокъуэ Алим
2. Гъуэлъыжын, жеижын (жэщым).
рупогрузиться в ночной покой
Пщыхьэщхьэшхэ шха нэужькӀэ псори.. зэгъэжахэщ.— Уэхъутэ Абдулыхь
+1 örnek
Псэущхьэ псори зэгъэжащи зи макъ зэхэпхыр трактор моторхэмрэ зэзэмызэ къыхэкӀиикӀ жьындухэмрэщ.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм
Bu maddedeki ifadeler (1)
лӀэуэ зэгъэжын
Еплъ: лӀэн
Kitapta geçtiği hali
зэгъэжын (мэзэгъэж) неперех. гл. 1. успокоиться / Сабырыжын. * - УзэрегуакӀуэщ, щӀы зэрыпфӀэфӀым хуэдэу, - жиӀэри Елдар зэгъэжащ. КӀ. А. 2. погрузиться в ночной покой / Гъуэлъыжын, жеижын (жэщым). * Пщыхьэщхьэшхэ шха нэужькӀэ псори.. зэгъэжахэщ. У. А. Псэущхьэ псори зэгъэжащи зи макъ зэхэпхыр трактор моторхэмрэ зэзэмызэ къыхэкӀиикӀ жьындухэмрэщ. Щ. Ӏ. ЛӀэуэ зэгъэжын см. лӀэн.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(мэзэгъэж)
Бэяужын, зэрызехьэр щагъэтыжын, я пӀэ итӀысхьэжын.
Къуажэ зэрызехьар зэгъэжат, ямыщӀэххэу дзэ къатеуэу зыгуэркӀэ гурыщхъуэ зыхуащӀу дапщэ дэсами ягъэтӀысыну щыдашам.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 525
+2 örnek
Махуэр къэхъукъащӀэ мыхьэнэ зиӀэ щымыӀэу екӀуэкӀауэ, пщыхьэщхьэм псори зэгъэжа иужь, Сэлимэ дежкӀэ сыщӀыхьащ.— Лъапсэ, 99
Пщыхьэщхьэм пшапэр зэхэуэу Ботэщ Астемырхэ я унагъуэр зэгъэжа нэужь, Нурхьэлийрэ Мусэрэ къалэм къыщызэӀуаха шхапӀэм, бэзэрышхуэм насыпу щызэрахьэм Думэсарэ тепсэлъыхьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 189
Deyimler (1)
лӀэуэ зэгъэжын
Еплъ: лӀэн
Kitapta geçtiği hali
ЗЭГЪЭЖЫН (мэзэгъэж) лъэмыӀ. (16). Бэяужын, зэрызехьэр щагъэтыжын, я пӀэ итӀысхьэжын. Къуажэ зэрызехьар зэгъэжат, ямыщӀэххэу дзэ къатеуэу зыгуэркӀэ гурыщхъуэ зыхуащӀу дапщэ дэсами ягъэтӀысыну щыдашам. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 525. Махуэр къэхъукъащӀэ мыхьэнэ зиӀэ щымыӀэу екӀуэкӀауэ, пщыхьэщхьэм псори зэгъэжа иужь, Сэлимэ дежкӀэ сыщӀыхьащ. Лъапсэ, 99. Пщыхьэщхьэм пшапэр зэхэуэу Ботэщ Астемырхэ я унагъуэр зэгъэжа нэужь, Нурхьэлийрэ Мусэрэ къалэм къыщызэӀуаха шхапӀэм, бэзэрышхуэм насыпу щызэрахьэм Думэсарэ тепсэлъыхьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 189. ◊ ЛӀэуэ зэгъэжын (1). Еплъ лӀэн.