зыужьын
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ЗЫУЖЬЫН (ЗЕУЖЬ(ы); ИПЭКӀЭ кӀотэн/кӀуэтэн (~ МЭКӀУАТЭ); лъыкӀотэн/лъыкӀуэтэн (лъэкӀуатэ/ лъокӀуатэ); кӀотэн/кӀуэтэн (МЭКӀУАТЭ); İLERLEMEK
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зеужь)
1. ЕфӀэкӀуэн, нэхъыфӀ хъун.
руразвиваться, совершенствоваться
Узолъагъур фӀыуэ уэ, ди Къэбэрдей.. гъагъэ, хэхъуэ, зыужь, дэкӀуэтей. Хь. Хь. Колхозым и гъусэу зеужь къуажэми, абы дэс гуащӀэрыпсэухэм с псэукӀэри йофӀакӀуэ. Ӏуащхь. Нэхъри зиужьащ, лъагэу зиӀэтащ КӀыщокъуэм и творчествэм. Ӏуащхь.
2. Зыгуэрым хущӀэтэджэн, хьэзыр зыхуэщӀын.
русобраться, приготовиться
Уэ ди гуащэжь, щӀэхыӀуэу тэджи зыужь. Нарт. Хъыджэбз хьэщӀэм зиужьауэ стӀолым бгъэдэсщ матхэри. Ӏуащхь.
Kitapta geçtiği hali
зыужьын (зеужь) перех. гл. 1. развиваться, совершенствоваться / ЕфӀэкӀуэн, нэхъыфӀ хъун. Узолъагъур фӀыуэ уэ, ди Къэбэрдей.. гъагъэ, хэхъуэ, зыужь, дэкӀуэтей. Хь. Хь. Колхозым и гъусэу зеужь къуажэми, абы дэс гуащӀэрыпсэухэм с псэукӀэри йофӀакӀуэ. Ӏуащхь. Нэхъри зиужьащ, лъагэу зиӀэтащ КӀыщокъуэм и творчествэм. Ӏуащхь. 2. собраться, приготовиться / Зыгуэрым хущӀэтэджэн, хьэзыр зыхуэщӀын. Уэ ди гуащэжь, щӀэхыӀуэу тэджи зыужь. Нарт. Хъыджэбз хьэщӀэм зиужьауэ стӀолым бгъэдэсщ матхэри. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зеужь)
1. ЕфӀэкӀуэн, зыубгъун.
[Берие:] Аращ, моуэ къезгъэжьэнщ: мычэму бэлшэвик партымрэ Совет правительствэмрэ, езы Сталин дыди фӀыкӀэ къытхуэупсэу зэрыщытыр нэрылъагъу ищӀу, Совет правительствэм къэрал мыхьэнэшхуэ зиӀэ унафэ къищтащ, Севернэ Осетием зиубгъуа, зиужьа зэрыхъуным теухуауэ.— Лъапсэ, 88
+2 örnek
Удз гъэгъа къудейр къащтэ: зыхэт щӀым зэрыхэту езым хуэдэ зэрымыт щӀыналъэм пхьырэ щыхэбгъэувэмэ, зиужьу жылэ къыпыкӀэнукъым, дахэу къэгъэгъами, и тхьэмпэр пылъэлъыжынурэ кӀуэдыжынущ.— Лэчымэ, 393
Дауи, абы [шхапӀэм] фейдэ ин къуитын хуейт, сыту жыпӀэмэ къалэжь цӀыкӀум махуэ къэс зеужь, щызэхэзекӀуэр куэд мэхъу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 188
2. НэхъыфӀ хъужын, уи узыншагъэр зэфӀэувэжын.
Япэм а санаторэ дахэхэм цӀыхум зыщагъэпсэхуу щытамэ, иджы госпиталь ящӀащи, уӀэгъэ хъуахэр абы щагъэхъуж, нэхъ зыкъэзыужьхэр хадэм итщ, пхъэ лъакъуэ хъужауэ.— Щынэхужьыкъуэ, 36
3. Хэхъуэн, кӀуэтэн; зиӀуэтыхьын, и пӀэ иувэн.
Махуэм зиужьащ, Хьэбибэ сымэ гузэвэгъуэм хэту.— Нал къута, 285
+2 örnek
Псэ зыхэти зыхэмыти Зи Ӏур гъущӀэм ткӀуэпс ириту, Жэщым губгъуэр къеущыхьыр, КъыпхуэмыщӀэу къыщикӀухьыр, дыгъэ хуабэм зимыужьу Шым аргуэру тесщ акъужьыр.— Акъужь. «Дамыгъэ», 211
Пщэдджыжьым зиужьри дыгъэр къыдэкӀуэтеяти, бжьыхьэкӀапэм къыпылэл мылхэм псыр къыпыткӀурт е къыпыхурти щащэрт, жыгхэм кӀэрылъ мылри къыкӀэрыхурт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 312
Kitapta geçtiği hali
ЗЫУЖЬЫН (зеужь) лъэӀ. (14). 1. (5). ЕфӀэкӀуэн, зыубгъун. [Берие:] Аращ, моуэ къезгъэжьэнщ: мычэму бэлшэвик партымрэ Совет правительствэмрэ, езы Сталин дыди фӀыкӀэ къытхуэупсэу зэрыщытыр нэрылъагъу ищӀу, Совет правительствэм къэрал мыхьэнэшхуэ зиӀэ унафэ къищтащ, Севернэ Осетием зиубгъуа, зиужьа зэрыхъуным теухуауэ. Лъапсэ, 88. Удз гъэгъа къудейр къащтэ: зыхэт щӀым зэрыхэту езым хуэдэ зэрымыт щӀыналъэм пхьырэ щыхэбгъэувэмэ, зиужьу жылэ къыпыкӀэнукъым, дахэу къэгъэгъами, и тхьэмпэр пылъэлъыжынурэ кӀуэдыжынущ. Лэчымэ, 393. Дауи, абы [шхапӀэм] фейдэ ин къуитын хуейт, сыту жыпӀэмэ къалэжь цӀыкӀум махуэ къэс зеужь, щызэхэзекӀуэр куэд мэхъу. Хъуэпсэгъуэ нур, 188. 2. (3). НэхъыфӀ хъужын, уи узыншагъэр зэфӀэувэжын. Япэм а санаторэ дахэхэм цӀыхум зыщагъэпсэхуу щытамэ, иджы госпиталь ящӀащи, уӀэгъэ хъуахэр абы щагъэхъуж, нэхъ зыкъэзыужьхэр хадэм итщ, пхъэ лъакъуэ хъужауэ. Щынэхужьыкъуэ, 36. 3. (6). Хэхъуэн, кӀуэтэн; зиӀуэтыхьын, и пӀэ иувэн. Махуэм зиужьащ, Хьэбибэ сымэ гузэвэгъуэм хэту. Нал къута, 285. Псэ зыхэти зыхэмыти Зи Ӏур гъущӀэм ткӀуэпс ириту, Жэщым губгъуэр къеущыхьыр, КъыпхуэмыщӀэу къыщикӀухьыр, дыгъэ хуабэм зимыужьу Шым аргуэру тесщ акъужьыр. Акъужь. «Дамыгъэ», 211. Пщэдджыжьым зиужьри дыгъэр къыдэкӀуэтеяти, бжьыхьэкӀапэм къыпылэл мылхэм псыр къыпыткӀурт е къыпыхурти щащэрт, жыгхэм кӀэрылъ мылри къыкӀэрыхурт. Хъуэпсэгъуэ нур, 312. ◊ Гум зиужьын (1). Еплъ гу I. ☐ ЛъэпкъыщӀэ къыкӀэрыхуаи лъэпкъыжь зызыужьаи щыӀэкъым (1). Еплъ лъэпкъ I.