лъэпкъ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

boy
Ortakлъэпкъ
DoğuлӀакъуэ
BatıлӀакъо
halkmillet, topluluk
Ortakлъэпкъ
Doğuжылэ
Batıчыл(э)
ırk
Ortakлъэпкъ
DoğuлӀэужь
BatıлӀэуж
kabile
OrtakлӀакъу(э)лъэпкъ
nesil
OrtakлъэпкълӀакъу(э)поколениепотомствород
DoğuщӀэблэ
BatıкӀэблэкӀаблэ
soy
Ortakлъэпкъ
DoğuлӀакъуэунагъуэ
BatıлӀакъоунагъо
ulusahali, topluluk
Ortakлъэпкъ
Doğuжылэ
Batıчыл(э)
ulusmillet
Ortakлъэпкънацие
Doğuжылэ
Batıчыл(э)
Kitapta geçtiği hali

ЛЪЭПКЪ, лӀакъо/лӀакъуэ; BOY 1

жылэ/чыл(э), ЛЪЭПКЪ; HALK, AHALİ, (millet, topluluk)

ЛЪЭПКЪ, (Абз. ЛЪЭПКЪ), лӀэуж/ лӀэужь; IRK

ЛӀАКЪУ(Э), ЛЪЭПКЪ; (унагъокӀэ сы Хъуажъ, лӀакъокӀэ сы Абдзах, лъэпкъкӀэ сы Адыг: Ailece Huvaj’ım, Kabilece/boyca Abdzax’ım, ulusca/milletçe/ halkça Adıge’yim: унагъуэкӀэ сы Хъуажъщ, лӀакъуэкӀэ сы Абэдзэхщ, лъэпкъкӀэ сы Адыгэщ.); KABİLE

кӀэблэ/щӀэблэ, кӀаблэ; ЛЪЭПКЪ, ЛӀАКЪУ(Э), ПОКОЛЕНИЕ, ПОТОМСТВО, РОД; NESİL, GÖBEK, KUŞAK 1

ЛЪЭПКЪ, лӀакъо/лӀакъуэ, унагъо/ унагъуэ, (Абз. ЖЫЛЭ/ЖЪУЛА); SOY, SÜLALE, AİLE

лӀакъо/лӀакъуэ, ЛЪЭПКЪ; SOY, BOY 1

лӀакъуэ/лӀакъо, ЛЪЭПКЪ; SOY, BOY 1

лӀакъо/лӀакъуэ, унагъо/унагъуэ, ЛЪЭПКЪ; SOY, SÜLALE

лӀакъуэ/лӀакъо, ЛЪЭПКЪ, унагъо/ унагъуэ; SOY

унагъо/унагъуэ, лӀакъуэ/лӀакъо, ЛЪЭПКЪ; SOY

чыл(э)/жылэ, ЛЪЭПКЪ; ULUS, MİLLET (ahali, topluluk)

ЛЪЭПКЪ, чыл(э)/жылэ, (Абз. ДЖУЛАРА), НАЦИЕ; ULUS (millet)

НАЦИЕ, чыл(э)/жылэ, ЛЪЭПКЪ; ULUS (millet)

ЛЪЭПКЪ → кӀэблэ; NESİL

ЛЪЭПКЪ → ЛӀАКЪУ(Э); KABİLE

Bu sonuç kitaptaki 16 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: кӀэблэ, лӀакъуэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. Зи бзэрэ зи хабзэрэ зы цӀыхубэ; нацие.

руплемя; нация

Адыгэ лъэпкъ. Кавказым ис лъэпкъхэр.

2. Зы унэцӀэм къриубыдэ зэӀыхьлыхэр.

рурод (родственники в пределах одной фамилии)

Щэбэтыныкъу лӀы щыхъум, зыпӀам еупщӀащ къыздикӀамрэ и лъэпкъымрэ и адэ- анэмкӀэ.— Адыгэ ӀуэрыӀуатэхэр

3. КъэкӀыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ яӀэ лӀэужьыгъуэхэр.

рупорода (скота), сорт (растений)

Адыгэш лъэпкъыр дуней псом щыцӀэрыӀуэщ. Гуэдз лъэпкъ.

ЩымыӀэныгъэр щӀэзыгъэхуабжьэ частицэ.

ручастица усиливает отрицание

ЩӀэгузэвэн лъэпкъ щыӀэкъым.

+1 örnek

Сэ сыкъызытекӀухьа Ӏуэхур уэ къыщӀоуэлӀэн лъэпкъ щыӀэкъым.— Ӏуащхьэмахуэ

Bu maddedeki ifadeler (3)

лъэпкъ быдэ хъун

рустать крепким родом.

лъэпкъ кӀуэдыр къыхуэкӀуэн

руисчезнуть, погибнуть всем родом.

лъэпкъ напэ

русовесть, честь рода.

Kitapta geçtiği hali

лъэпкъ I 1. племя; нация / Зи бзэрэ зи хабзэрэ зы цӀыхубэ; нацие. Адыгэ лъэпкъ. Кавказым ис лъэпкъхэр. 2. род (родственники в пределах одной фамилии) / Зы унэцӀэм къриубыдэ зэӀыхьлыхэр. * Щэбэтыныкъу лӀы щыхъум, зыпӀам еупщӀащ къыздикӀамрэ и лъэпкъымрэ и адэ- анэмкӀэ. Ад. фольк. 3. порода (скота), сорт (растений) / КъэкӀыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ яӀэ лӀэужьыгъуэхэр. Адыгэш лъэпкъыр дуней псом щыцӀэрыӀуэщ. Гуэдз лъэпкъ. Лъэпкъ быдэ хъун стать крепким родом. Лъэпкъ кӀуэдыр къыхуэкӀуэн исчезнуть, погибнуть всем родом. Лъэпкъ напэ совесть, честь рода. II частица усиливает отрицание / ЩымыӀэныгъэр щӀэзыгъэхуабжьэ частицэ. ЩӀэгузэвэн лъэпкъ щыӀэкъым. * Сэ сыкъызытекӀухьа Ӏуэхур уэ къыщӀоуэлӀэн лъэпкъ щыӀэкъым. Ӏуащхь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. Зи бзэрэ зи хабзэрэ, зи тхыдэ зы цӀыхубэ.

Пэжыр жыпӀэмэ, Якъуб мызэ-мытӀэу и гум къэкӀырт: Иван Колита е Иван Грознэм Россиер зы къэрал зэращӀам хуэдэу, адыгэми зыгуэр къахэкӀыу лъэпкъ псори зы хэку сыту имыщӀарэт, жиӀэу.— Нал къута, 308

+2 örnek

Къэтхъэныр Ростов къагъэкӀуат Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я щӀыналъэм промышленность щызэгъэпэщынымкӀэ зэхуэсрэ зэчэнджэщыну.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 526

[Шлоссер:] Си гугъэщ фэри нэ лейкӀэ фыкъыдэплъу, сыту жыпӀэмэ нэмыцэ лъэпкъыр ӀэнатӀэшхуэм дыпэрытщ, исторэм къыдилъхьауэ ди пщэм Ӏуэхушхуэ къыдэхуащ.— Гъуэгуанэ, 100

2. Зы унэцӀэм къриубыдэ зэӀыхьлыхэр. -292.

Абхазхэр къыщыкӀуа лъэхъэнэм Ботэщхэ «щэныфӀэ» лъэпкъыу зэрыӀуам хуэдэ къабзэу, Долэтхэ я лъэпкъым «кӀыгуугур» дзыуэ фӀащащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 244

+2 örnek

Зы лъэпкъыр унагъуэ тӀощӀ хъумэ, пщӀырыпщӀу ягуэшырт е лъэпкъыр унагъуэ щырыщ-тхурытхум фӀэмыкӀмэ, лъэпкъитӀ-щы зэгуагъэхьэрт.— Нал къута, 291

Я благъи, я гъунэгъуи, я лъэпкъри зэрылъэпкъыу къызэхуэсхэри къызэрыгъэгубжьыжауэ зэрыгъэкӀийуэ хуежьэри уэрамым къызэрыдэхащ, лӀым бжэгъурэ башрэ яӀыгъыу, фызым лэныстэрэ дзасэрэ яӀыгъыу.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 524

3. КъэкӀыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ яӀэ лӀэужьыгъуэхэр.

Си джэдыкӀэр бгъэм кӀэщӀэздзэу Бгъэ къришмэ, куэд слъэкӀынщ, ЖиӀэу къанжэр щыгугъами, Бгъэ бзу лъэпкъым къахэкӀынт?— Къанжэ. «Дамыгъэ», 90

+2 örnek

Си шыр алъп лъэпкъщи жэрыжэщ, Афэ чэтхъахуэр джэрыщӀэщ.— Нарт уэрэд. «Шум и гъуэгу», 86

Джэлил бабыщыхъум пидзыжащ: - Укъру лъэпкъыу жыбоӀэ, сэри кърум сыкърамышатэмэ, кърум нэхърэ нэхъ лъагэу сылъэтэнт, уэ пхуэдэуи сыцыджынт.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 475

4. Зытепсэлъыхьыр мыгъэбелджылыуэ щыщытым деж къагъэсэбэп хабзэщ.

Иджы нэгъуэщӀ власть къыкъуэкӀащ, ауэ зи власть лъэпкъыр иджыри ящӀэркъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 271

+2 örnek

[Директорыр Астемыр къеупщӀащ:] Мыр сыт тхылъ лъэпкъ, тӀасэ?— Хъуэпсэгъуэ нур, 185

Зи мэз лъэпкъыр къыпхуэмыщӀэу Шу лъэужьым мэз къоувэ. «— Елбэздыкъуэ, 18

5. Сословие.

Уэркъ лъэпкъым къыхэкӀа а дыгъуакӀуэшхуэр зэӀущӀэм къэкӀуауэ зылъэгъуа жылэм дэстэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 85

+2 örnek

[Дэнизэт Дисэ жриӀэу:] А сыт мыгъуэр ди дуней, уджыназ лъэпкъыу, къупщхьэ хужьым уащыщу, дауэ мыгъуэ уи дуней Ӏыхьэр дэпхьыну пщылӀ лъэпкъым къыхэкӀам.— Хъуэпсэгъуэ нур, 272

УнэӀутми, фызыр лъэпкъкӀэ, ФӀыкӀэ гугъэу триубыдэрт. «— Тисей, 486

6. Нарт эпосым къыхэщ адыгэ лӀыхъужь лъэпкъ. -412.

И нэр зытеплъэм лъэӀэсу, Псэ мылӀэжыным щӀэхъуэпсу, Сэтэней ябгэр есати Бийр зыгъэубзэу нарт лъэпкъыр Игъэбзэхыныр къалэнт. «— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 411

+1 örnek

Ар умыдэм, къэгъэлъагъуэ Иныжь лъэпкъым я инагъыр. «— Елбэздыкъуэ, 6

Deyimler (3)

лъэпкъ кӀуэдыр къыхуэгъэкӀуэн

Лъэпкъыр гъэкӀуэдын, зэтеукӀэн, щымыгъыӀэжын.

[Локотош Якъуб жриӀэу:] Журтым лъэпкъ кӀуэдыр къыхуагъакӀуэмэ, щагъэтыжын уи гугъэ?— Нал къута, 260

лъэпкъ напэ

Лъэпкъым и пщӀэ, и хабзэ, нэмыс.

[Къылышбий Жыраслъэн жриӀэу:] Уэ лъэпкъ напэр хэутэн зыщӀар ара? Бзаджэнаджэ?— Хъуэпсэгъуэ нур, 117

лъэпкъым къупщхьэ (хуэ)хъун (

15). Лъэпкъыр гъэбэгъуэн, нэхъ быдэ щӀын (лъэпкъым къуэ къыхалъхуамэ хужаӀэ).

ЗэлӀзэфызыр дунейм темыхуэжу гуфӀэрт, лъэпкъым къупщхьэ хуэхъун, мылъкур къызыхуэнэн Алыхьым къыдитащ, жаӀэрти— Хъуэпсэгъуэ нур, 95

+2 örnek

Къалъхуащи щӀалэ – лъэпкъ и къупщхьэщ, Хъыджэбз зыхуалъхур иресакъ, А щӀалэм, къэсмэ и къэшэгъуэ, КъывихьэлӀэнущ псалъэмакъ— Хъуэхъу. «Вагъуэ махуэ», 25

Лъэпкъым къупщхьэ яхуэхъун, яхуэмыхъун, жиӀэу щхьэр зыгъэузи щыӀэщ— Нал къута, 274

Atasözleri (1)

лъэпкъыщӀэ къыкӀэрыхуаи лъэпкъыжь зызыужьаи щыӀэкъым

Псори чэзущ жыхуиӀэщ.

ЛъэпкъыщӀэ къыкӀэрыхуаи лъэпкъыжь зызыужьаи щыӀэкъым, бжьыпэр зыӀэрыхьам и татуугъуэщи, зэгуэр къемыпсыхыну Ӏэмал зимыӀэщ.— Кхъэлэгъунэ, 378

ЩымыӀэныгъэр, къэмыхъуныгъэр щӀэзыгъэхуабжьэ частицэ. -657. -428.

Астемыр нэгъуэщӀ щӀыпӀэкӀэ къыщыщӀидзэну псалъэ къыӀихащ: - Мэжджытыр, - жиӀэрт Астемыр, - къэралым зэрепха лъэпкъ щыӀэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 656

+2 örnek

Зэкъуэшищым я кум къайгъэ лъэпкъ дэмылъу зэгурыӀуэрт, я шыпхъу цӀыкӀури фӀыщэу ялъагъурти, гъунэгъухэр ягъэгуфӀэрт, цӀыху хъарзынэ къазэрыхэкӀа абыхэм, жаӀэу.— Къалэн, 427

ГъэщӀэгъуэнкъэ, уи гуащӀэдэкӀкӀэ къыумылэжьар зыгуэрым щепткӀэ псым хуэдэу пӀэщӀож, уигу къызэреуэ лъэпкъ щымыӀэу.— Нэгъуху, 19

Kitapta geçtiği hali

ЛЪЭПКЪ I (221). 1. (137). Зи бзэрэ зи хабзэрэ, зи тхыдэ зы цӀыхубэ. Пэжыр жыпӀэмэ, Якъуб мызэ-мытӀэу и гум къэкӀырт: Иван Колита е Иван Грознэм Россиер зы къэрал зэращӀам хуэдэу, адыгэми зыгуэр къахэкӀыу лъэпкъ псори зы хэку сыту имыщӀарэт, жиӀэу. Нал къута, 308. Къэтхъэныр Ростов къагъэкӀуат Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я щӀыналъэм промышленность щызэгъэпэщынымкӀэ зэхуэсрэ зэчэнджэщыну. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 526. [Шлоссер:] Си гугъэщ фэри нэ лейкӀэ фыкъыдэплъу, сыту жыпӀэмэ нэмыцэ лъэпкъыр ӀэнатӀэшхуэм дыпэрытщ, исторэм къыдилъхьауэ ди пщэм Ӏуэхушхуэ къыдэхуащ. Гъуэгуанэ, 100. 2. (55). Зы унэцӀэм къриубыдэ зэӀыхьлыхэр. Абхазхэр къыщыкӀуа лъэхъэнэм Ботэщхэ «щэныфӀэ» лъэпкъыу зэрыӀуам хуэдэ къабзэу, Долэтхэ я лъэпкъым «кӀыгуугур» дзыуэ фӀащащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 244. Зы лъэпкъыр унагъуэ тӀощӀ хъумэ, пщӀырыпщӀу ягуэшырт е лъэпкъыр унагъуэ щырыщ-тхурытхум фӀэмыкӀмэ, лъэпкъитӀ-щы зэгуагъэхьэрт. Нал къута, 291-292. Я благъи, я гъунэгъуи, я лъэпкъри зэрылъэпкъыу къызэхуэсхэри къызэрыгъэгубжьыжауэ зэрыгъэкӀийуэ хуежьэри уэрамым къызэрыдэхащ, лӀым бжэгъурэ башрэ яӀыгъыу, фызым лэныстэрэ дзасэрэ яӀыгъыу. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 524. 3. (10). КъэкӀыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ яӀэ лӀэужьыгъуэхэр. Си джэдыкӀэр бгъэм кӀэщӀэздзэу Бгъэ къришмэ, куэд слъэкӀынщ, ЖиӀэу къанжэр щыгугъами, Бгъэ бзу лъэпкъым къахэкӀынт? Къанжэ. «Дамыгъэ», 90. Си шыр алъп лъэпкъщи жэрыжэщ, Афэ чэтхъахуэр джэрыщӀэщ. Нарт уэрэд. «Шум и гъуэгу», 86. Джэлил бабыщыхъум пидзыжащ: - Укъру лъэпкъыу жыбоӀэ, сэри кърум сыкърамышатэмэ, кърум нэхърэ нэхъ лъагэу сылъэтэнт, уэ пхуэдэуи сыцыджынт. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 475. 4. (3). Зытепсэлъыхьыр мыгъэбелджылыуэ щыщытым деж къагъэсэбэп хабзэщ. Иджы нэгъуэщӀ власть къыкъуэкӀащ, ауэ зи власть лъэпкъыр иджыри ящӀэркъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 271. [Директорыр Астемыр къеупщӀащ:] Мыр сыт тхылъ лъэпкъ, тӀасэ? Хъуэпсэгъуэ нур, 185. Зи мэз лъэпкъыр къыпхуэмыщӀэу Шу лъэужьым мэз къоувэ. «Елбэздыкъуэ», 18. 5. (6). Сословие. Уэркъ лъэпкъым къыхэкӀа а дыгъуакӀуэшхуэр зэӀущӀэм къэкӀуауэ зылъэгъуа жылэм дэстэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 85. [Дэнизэт Дисэ жриӀэу:] А сыт мыгъуэр ди дуней, уджыназ лъэпкъыу, къупщхьэ хужьым уащыщу, дауэ мыгъуэ уи дуней Ӏыхьэр дэпхьыну пщылӀ лъэпкъым къыхэкӀам. Хъуэпсэгъуэ нур, 272. УнэӀутми, фызыр лъэпкъкӀэ, ФӀыкӀэ гугъэу триубыдэрт. «Тисей», 486. 6. (3). Нарт эпосым къыхэщ адыгэ лӀыхъужь лъэпкъ. И нэр зытеплъэм лъэӀэсу, Псэ мылӀэжыным щӀэхъуэпсу, Сэтэней ябгэр есати Бийр зыгъэубзэу нарт лъэпкъыр Игъэбзэхыныр къалэнт. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 411-412. Ар умыдэм, къэгъэлъагъуэ Иныжь лъэпкъым я инагъыр. «Елбэздыкъуэ», 6. ◊ Лъэпкъ кӀуэдыр къыхуэгъэкӀуэн (1). Лъэпкъыр гъэкӀуэдын, зэтеукӀэн, щымыгъыӀэжын. [Локотош Якъуб жриӀэу:] Журтым лъэпкъ кӀуэдыр къыхуагъакӀуэмэ, щагъэтыжын уи гугъэ? Нал къута, 260. Лъэпкъ напэ (1). Лъэпкъым и пщӀэ, и хабзэ, нэмыс. [Къылышбий Жыраслъэн жриӀэу:] Уэ лъэпкъ напэр хэутэн зыщӀар ара? Бзаджэнаджэ? Хъуэпсэгъуэ нур, 117. Лъэпкъым къупщхьэ (хуэ)хъун (15). Лъэпкъыр гъэбэгъуэн, нэхъ быдэ щӀын (лъэпкъым къуэ къыхалъхуамэ хужаӀэ). ЗэлӀзэфызыр дунейм темыхуэжу гуфӀэрт, лъэпкъым къупщхьэ хуэхъун, мылъкур къызыхуэнэн Алыхьым къыдитащ, жаӀэрти. Хъуэпсэгъуэ нур, 95. Къалъхуащи щӀалэ – лъэпкъ и къупщхьэщ, Хъыджэбз зыхуалъхур иресакъ, А щӀалэм, къэсмэ и къэшэгъуэ, КъывихьэлӀэнущ псалъэмакъ. Хъуэхъу. «Вагъуэ махуэ», 25. Лъэпкъым къупщхьэ яхуэхъун, яхуэмыхъун, жиӀэу щхьэр зыгъэузи щыӀэщ. Нал къута, 274. ☐ ЛъэпкъыщӀэ къыкӀэрыхуаи лъэпкъыжь зызыужьаи щыӀэкъым (1). Псори чэзущ жыхуиӀэщ. ЛъэпкъыщӀэ къыкӀэрыхуаи лъэпкъыжь зызыужьаи щыӀэкъым, бжьыпэр зыӀэрыхьам и татуугъуэщи, зэгуэр къемыпсыхыну Ӏэмал зимыӀэщ. Кхъэлэгъунэ, 378.

ЛЪЭПКЪ II (77). ЩымыӀэныгъэр, къэмыхъуныгъэр щӀэзыгъэхуабжьэ частицэ. Астемыр нэгъуэщӀ щӀыпӀэкӀэ къыщыщӀидзэну псалъэ къыӀихащ: - Мэжджытыр, - жиӀэрт Астемыр, - къэралым зэрепха лъэпкъ щыӀэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 656-657. Зэкъуэшищым я кум къайгъэ лъэпкъ дэмылъу зэгурыӀуэрт, я шыпхъу цӀыкӀури фӀыщэу ялъагъурти, гъунэгъухэр ягъэгуфӀэрт, цӀыху хъарзынэ къазэрыхэкӀа абыхэм, жаӀэу. Къалэн, 427-428. ГъэщӀэгъуэнкъэ, уи гуащӀэдэкӀкӀэ къыумылэжьар зыгуэрым щепткӀэ псым хуэдэу пӀэщӀож, уигу къызэреуэ лъэпкъ щымыӀэу. Нэгъуху, 19.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

aşiret boy budun cins ırk kabile kavim köken soy ulus

Düzeltme Öner

лъэпкъ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.