зыгъэпсэхупӀэ имыӀэн
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
зыгъэпсэхупӀэ
Зыщагъэпсэху щӀыпӀэ.
Лъэпщ и ӀэщӀагъэщ си афэр Сэтэней дахэм и бгъафэм зыгъэпсэхупӀэу сохъуапсэ.— Нарт уэрэд. «Шум и гъуэгу», 86
Deyimler (3)
зыгъэпсэхупӀэ емытын
Ди къурш лъагэшхуэм ущелъакӀэ, ЗыгъэпсэхупӀэ шым иумыт.— Усэ гъусэ. «Мывэ хуабэ», 149
Еплъ: зыгъэпсэхупӀэ имыӀэн
зыгъэпсэхупӀэ имыгъэхуэн
[Фариз:] Мыгъэрегъэм губгъуэм итар зыгъэпсэхупӀэ ирагъэхуакъым.— Алъхъо, 93
Еплъ: зыгъэпсэхупӀэ имыӀэн
зыгъэпсэхупӀэ имыӀэн
Лэжьыгъэ с.ху. къыдэмыхуэн, щхьэкъэӀэт имыӀэн.
Хъыджэбзхэм гуауэр ягъэву ЗекӀуэм щыгувэм хуэусэт, ЗыгъэпсэхупӀи ямыӀэу ӀэщӀагъэу дахэр щыбагъуэт.— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 411
+2 örnek
Жэщ кӀыфӀыр псынщӀэу ди бгыщхьэм Мис щӀакӀуэ фӀыцӀэу щогъуэлъыр, ЛӀыжь гумызагъэм нэху щыхукӀэ ЗыгъэпсэхупӀэ иӀакъым: ХьэӀуцыдз макъыр зэхихмэ, Илъадэрт къырым и закъуэ, Иныкъуэм къамэр ӀэщӀэлъу Плъыр дыдэу мывэм ар тест.— Адэ, 139
Езыри [Бахъуэр] етӀысэхыркъым, цӀыхури аращ – зыгъэпсэхупӀэ яӀэкъым.— Нал къута, 294
Kitapta geçtiği hali
ЗЫГЪЭПСЭХУПӀЭ (1). Зыщагъэпсэху щӀыпӀэ. Лъэпщ и ӀэщӀагъэщ си афэр Сэтэней дахэм и бгъафэм зыгъэпсэхупӀэу сохъуапсэ. Нарт уэрэд. «Шум и гъуэгу», 86. ◊ ЗыгъэпсэхупӀэ емытын (1). Еплъ зыгъэпсэхупӀэ имыӀэн. Ди къурш лъагэшхуэм ущелъакӀэ, ЗыгъэпсэхупӀэ шым иумыт. Усэ гъусэ. «Мывэ хуабэ», 149. ЗыгъэпсэхупӀэ имыгъэхуэн (1). Еплъ зыгъэпсэхупӀэ имыӀэн. [Фариз:] Мыгъэрегъэм губгъуэм итар зыгъэпсэхупӀэ ирагъэхуакъым. Алъхъо, 93. ЗыгъэпсэхупӀэ имыӀэн (3). Лэжьыгъэ с.ху. къыдэмыхуэн, щхьэкъэӀэт имыӀэн. Хъыджэбзхэм гуауэр ягъэву ЗекӀуэм щыгувэм хуэусэт, ЗыгъэпсэхупӀи ямыӀэу ӀэщӀагъэу дахэр щыбагъуэт. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 411. Жэщ кӀыфӀыр псынщӀэу ди бгыщхьэм Мис щӀакӀуэ фӀыцӀэу щогъуэлъыр, ЛӀыжь гумызагъэм нэху щыхукӀэ ЗыгъэпсэхупӀэ иӀакъым: ХьэӀуцыдз макъыр зэхихмэ, Илъадэрт къырым и закъуэ, Иныкъуэм къамэр ӀэщӀэлъу Плъыр дыдэу мывэм ар тест. «Адэ», 139. Езыри [Бахъуэр] етӀысэхыркъым, цӀыхури аращ – зыгъэпсэхупӀэ яӀэкъым. Нал къута, 294.