зыгъэпсэхупӀэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Зыщагъэпсэху щӀыпӀэ.

руместо отдыха (напр. курорт)

Санаторэхэр, зыгъэпсэхупӀэ унэхэр щӀэуэ ящӀ. ЗыгъэпсэхупӀэу уи парк щӀэращӀэм Епэр мэ ӀэфӀкӀэ бгъэр къытхуегъэнщӀ. Къу. Къ.

Kitapta geçtiği hali

зыгъэпсэхупӀэ место отдыха (напр. курорт) / Зыщагъэпсэху щӀыпӀэ. Санаторэхэр, зыгъэпсэхупӀэ унэхэр щӀэуэ ящӀ. ЗыгъэпсэхупӀэу уи парк щӀэращӀэм Епэр мэ ӀэфӀкӀэ бгъэр къытхуегъэнщӀ. Къу. Къ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Зыщагъэпсэху щӀыпӀэ.

Лъэпщ и ӀэщӀагъэщ си афэр Сэтэней дахэм и бгъафэм зыгъэпсэхупӀэу сохъуапсэ.— Нарт уэрэд. «Шум и гъуэгу», 86

Deyimler (3)

зыгъэпсэхупӀэ емытын

Ди къурш лъагэшхуэм ущелъакӀэ, ЗыгъэпсэхупӀэ шым иумыт.— Усэ гъусэ. «Мывэ хуабэ», 149

Еплъ: зыгъэпсэхупӀэ имыӀэн

зыгъэпсэхупӀэ имыгъэхуэн

[Фариз:] Мыгъэрегъэм губгъуэм итар зыгъэпсэхупӀэ ирагъэхуакъым.— Алъхъо, 93

Еплъ: зыгъэпсэхупӀэ имыӀэн

зыгъэпсэхупӀэ имыӀэн

Лэжьыгъэ с.ху. къыдэмыхуэн, щхьэкъэӀэт имыӀэн.

Хъыджэбзхэм гуауэр ягъэву ЗекӀуэм щыгувэм хуэусэт, ЗыгъэпсэхупӀи ямыӀэу ӀэщӀагъэу дахэр щыбагъуэт.— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 411

+2 örnek

Жэщ кӀыфӀыр псынщӀэу ди бгыщхьэм Мис щӀакӀуэ фӀыцӀэу щогъуэлъыр, ЛӀыжь гумызагъэм нэху щыхукӀэ ЗыгъэпсэхупӀэ иӀакъым: ХьэӀуцыдз макъыр зэхихмэ, Илъадэрт къырым и закъуэ, Иныкъуэм къамэр ӀэщӀэлъу Плъыр дыдэу мывэм ар тест.— Адэ, 139

Езыри [Бахъуэр] етӀысэхыркъым, цӀыхури аращ – зыгъэпсэхупӀэ яӀэкъым.— Нал къута, 294

Kitapta geçtiği hali

ЗЫГЪЭПСЭХУПӀЭ (1). Зыщагъэпсэху щӀыпӀэ. Лъэпщ и ӀэщӀагъэщ си афэр Сэтэней дахэм и бгъафэм зыгъэпсэхупӀэу сохъуапсэ. Нарт уэрэд. «Шум и гъуэгу», 86. ◊ ЗыгъэпсэхупӀэ емытын (1). Еплъ зыгъэпсэхупӀэ имыӀэн. Ди къурш лъагэшхуэм ущелъакӀэ, ЗыгъэпсэхупӀэ шым иумыт. Усэ гъусэ. «Мывэ хуабэ», 149. ЗыгъэпсэхупӀэ имыгъэхуэн (1). Еплъ зыгъэпсэхупӀэ имыӀэн. [Фариз:] Мыгъэрегъэм губгъуэм итар зыгъэпсэхупӀэ ирагъэхуакъым. Алъхъо, 93. ЗыгъэпсэхупӀэ имыӀэн (3). Лэжьыгъэ с.ху. къыдэмыхуэн, щхьэкъэӀэт имыӀэн. Хъыджэбзхэм гуауэр ягъэву ЗекӀуэм щыгувэм хуэусэт, ЗыгъэпсэхупӀи ямыӀэу ӀэщӀагъэу дахэр щыбагъуэт. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 411. Жэщ кӀыфӀыр псынщӀэу ди бгыщхьэм Мис щӀакӀуэ фӀыцӀэу щогъуэлъыр, ЛӀыжь гумызагъэм нэху щыхукӀэ ЗыгъэпсэхупӀэ иӀакъым: ХьэӀуцыдз макъыр зэхихмэ, Илъадэрт къырым и закъуэ, Иныкъуэм къамэр ӀэщӀэлъу Плъыр дыдэу мывэм ар тест. «Адэ», 139. Езыри [Бахъуэр] етӀысэхыркъым, цӀыхури аращ – зыгъэпсэхупӀэ яӀэкъым. Нал къута, 294.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

konak sayfiye

Düzeltme Öner

зыгъэпсэхупӀэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.