зедзын
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ИЛЪЫН 3 (елъы/йолъ(ыр); ебгъэрыкӀон/ебгъэрыкӀуэн (ебгъэрыкӀо/йобгъэрыкӀуэ); ебгъэрыон/ебгъэрыуэн (ебгъэрыо/ йобгъэрыуэ); ЗЕДЗЫН (зыредзы/ зредз); ЗЫТЕДЗЭН (зытыредзэ/ зытредзэ); теон/теуэн (тео/тоуэ); ТЕБЭНЭН (тебанэ/тобанэ); SALDIRMAK (atak/baskın yapmak; çullanmak)
ЗЕДЗЫН → ИЛЪЫН; SALDIRMAK
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: илъын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зредз)
1. Зыгуэрым зепщытын, тезэрыхьын, теуэн.
рунаброситься, напасть на кого-что-л.
Дыгъужьым бжэным зридзри ишхащ. фольк. Бийр гъунэгъуу зыбгъэдагъыхьэри къэбэрдейхэм губжьыныгъэ ин яхэлъу абыхэм зрадзащ. Н. Ш.
2. Зыгуэрым зэуэ ӀэплӀэ хуэщӀын, бгъэдэлъэдэн.
руброситься к кому-л. с объятиями
Таусэ сэлам зэрырахыу, тӀуми {Зейнабрэ Муратрэ} Зырамыку зрадзащ. Т. Хь.
3. ПсынщӀэу зыгуэрым иужь ихьэн, еувэлӀэн, хуежьэн.
рунаброситься на что-л., с жадностью приняться за что-л.
ПщылӀым и губжьыр губжьыгъуэ инщ, я гугъэр инщи Ӏэщэм зрадзыр. П. Б. Шым мэкъум зридзащ.
4. ПсынщӀэу зыгуэрым тетӀысхьэн, шэсын.
рувскочить, вспрыгнуть (напр. на лошадь)
МыункӀыфӀ мафӀэр къихьыну ди Сосрыкъуэу лӀы къуапцӀэм и Тхъуэжьейм зредз. Нарт.
Kitapta geçtiği hali
зедзын (зредз) перех. гл. 1. наброситься, напасть на кого-что-л. / Зыгуэрым зепщытын, тезэрыхьын, теуэн. Дыгъужьым бжэным зридзри ишхащ. фольк. Бийр гъунэгъуу зыбгъэдагъыхьэри къэбэрдейхэм губжьыныгъэ ин яхэлъу абыхэм зрадзащ. Н. Ш. 2. броситься к кому-л. с объятиями / Зыгуэрым зэуэ ӀэплӀэ хуэщӀын, бгъэдэлъэдэн. Таусэ сэлам зэрырахыу, тӀуми {Зейнабрэ Муратрэ} Зырамыку зрадзащ. Т. Хь. 3. переносное наброситься на что-л., с жадностью приняться за что-л. / ПсынщӀэу зыгуэрым иужь ихьэн, еувэлӀэн, хуежьэн. ПщылӀым и губжьыр губжьыгъуэ инщ, я гугъэр инщи Ӏэщэм зрадзыр. П. Б. Шым мэкъум зридзащ. 4. вскочить, вспрыгнуть (напр. на лошадь) / ПсынщӀэу зыгуэрым тетӀысхьэн, шэсын. МыункӀыфӀ мафӀэр къихьыну ди Сосрыкъуэу лӀы къуапцӀэм и Тхъуэжьейм зредз. Нарт.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зредз)
1. ЕбгъэрыкӀуэн, езэуэн.
Аргуэру пелуанитӀым зызэрадзри щеӀэм, адыгэ пелуаным тэтэр пелуаныр дридзейри, ар къыщехуэхыжым и ныбэм хуэзэу Ӏэпхъуамбэшхуэр щӀигъэувэри тэтэр пелуаныр зэгуиудащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 617
+2 örnek
Дин сытхэр фӀэкъабылкъым, хьэрыпыбзэ фӀыуэ ещӀэри къурӀэным итыр адыгэбзэкӀэ цӀыхум яжреӀэ, къурӀэным итыр мыхьэнэншэу къыщӀегъэкӀ, езыри цӀыху къанлыщ, хьэжым лажьэ имыӀэу зридзри иубэрэжьащ, абы къив къомри ягъэ кӀынкъым, жиӀэр цӀыхум я фӀэщ мыхъуу щытатэмэ, жаӀэрти духьэшы куэд тхьэусыхэрт [Астемыр щхьэкӀэ].— Хъуэпсэгъуэ нур, 121
[Мариам:] Гуэныхь къомыхь, – жысӀэу хъыджэбзыр къыӀэщӀэзгъэкӀын си гугъэу зыщездзым, Исуф зыкъызэкъуехри къызоуэри сыкъреуд, ар фӀэмащӀэу къыскӀуэцӀопкӀэ: – Мэ гуэныхь, мэ гуэныхь!— Лэчымэ, 396
2. ЗыӀэщӀэубыдэн.
Саримэ, и ныбжьэгъу хъыджэбзхэм яхэту здэщытым, къыхуеплъэкӀырт Елдар, уэ Ӏэнкуну щхьэ ущыт, зедз мо кӀапсэми, уи лӀыгъэм дыкъегъэплъ, жиӀэ хуэдэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 96
3.
Данэ цӀыкӀу, и анэшхуэр щилъагъум, занщӀэу зридзащ.— Нал къута, 223
4. Шым псынщӀэу шэсын.
Жыраслъэн занщӀэу и шым зридзри, жэрыгъэкӀэ ӀукӀыжащ, лъыр къызэрыж и жьафэм бэлътоку Ӏуилъхьауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 118
+2 örnek
Сэ а шы псынщӀэр згъуэтатэм, Ӏус зыхуей псомкӀи згъэнщӀынт, цӀахуцӀэу и щӀыбым зездзынти ЩӀым си Шыхулъагъуэ щысщӀынт.— Шыхулъагъуэ. «Шум и гъуэгу», 14
Умейми, шыбэм уахэдэрт, Къунаным цӀахуцӀэу зебдзауэ, Шы лъакъуэм мывэр щӀэлъэту, Шу лъагъуэ бгъузэм зептауэ Уихьэну бгыщхьэм уехъуапсэрт.— Къайсын Кулиев папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 87
Kitapta geçtiği hali
ЗЕДЗЫН (зредз) лъэӀ. (26). 1. (16). ЕбгъэрыкӀуэн, езэуэн. Аргуэру пелуанитӀым зызэрадзри щеӀэм, адыгэ пелуаным тэтэр пелуаныр дридзейри, ар къыщехуэхыжым и ныбэм хуэзэу Ӏэпхъуамбэшхуэр щӀигъэувэри тэтэр пелуаныр зэгуиудащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 617. Дин сытхэр фӀэкъабылкъым, хьэрыпыбзэ фӀыуэ ещӀэри къурӀэным итыр адыгэбзэкӀэ цӀыхум яжреӀэ, къурӀэным итыр мыхьэнэншэу къыщӀегъэкӀ, езыри цӀыху къанлыщ, хьэжым лажьэ имыӀэу зридзри иубэрэжьащ, абы къив къомри ягъэ кӀынкъым, жиӀэр цӀыхум я фӀэщ мыхъуу щытатэмэ, жаӀэрти духьэшы куэд тхьэусыхэрт [Астемыр щхьэкӀэ]. Хъуэпсэгъуэ нур, 121. [Мариам:] Гуэныхь къомыхь, – жысӀэу хъыджэбзыр къыӀэщӀэзгъэкӀын си гугъэу зыщездзым, Исуф зыкъызэкъуехри къызоуэри сыкъреуд, ар фӀэмащӀэу къыскӀуэцӀопкӀэ: – Мэ гуэныхь, мэ гуэныхь! Лэчымэ, 396. 2. (6). ЗыӀэщӀэубыдэн. Саримэ, и ныбжьэгъу хъыджэбзхэм яхэту здэщытым, къыхуеплъэкӀырт Елдар, уэ Ӏэнкуну щхьэ ущыт, зедз мо кӀапсэми, уи лӀыгъэм дыкъегъэплъ, жиӀэ хуэдэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 96. 3. (2). Данэ цӀыкӀу, и анэшхуэр щилъагъум, занщӀэу зридзащ. Нал къута, 223. 4. (3). Шым псынщӀэу шэсын. Жыраслъэн занщӀэу и шым зридзри, жэрыгъэкӀэ ӀукӀыжащ, лъыр къызэрыж и жьафэм бэлътоку Ӏуилъхьауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 118. Сэ а шы псынщӀэр згъуэтатэм, Ӏус зыхуей псомкӀи згъэнщӀынт, цӀахуцӀэу и щӀыбым зездзынти ЩӀым си Шыхулъагъуэ щысщӀынт. Шыхулъагъуэ. «Шум и гъуэгу», 14. Умейми, шыбэм уахэдэрт, Къунаным цӀахуцӀэу зебдзауэ, Шы лъакъуэм мывэр щӀэлъэту, Шу лъагъуэ бгъузэм зептауэ Уихьэну бгыщхьэм уехъуапсэрт. Къайсын Кулиев папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 87.