зауэ къещӀылӀэн

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

зауэ

Къэралхэр, обществэм щыщ классхэр зэпэуву ӀэщэкӀэ зэбэныныгъэ.

А псалъэр Степан жиӀэу зэхихат [Астемыр] езыми, - зауэм къулейсызым къулейсызыгъэ къыхуехьри, зи Ӏыхьэ иным и Ӏыхьэм хегъахъуэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 179

+2 örnek

Япэрей зауэм лӀыгъэ щызезыхьахэр мыращи я цӀэ, я унэцӀэр телефонкӀэ бжызоӀэ, «боевой листок» къыдэгъэкӀ, абы я хъыбар псоми ящӀэн хуэдэу, жиӀэу Локотош къиӀуэхуа щхьэкӀэ, ар Якъуб и тхьэкӀумэм иригъэхьакъым.— Нал къута, 301

Корей народ лъэщыр щӀокъур мамырыгъэм, уэ хей унэр бгъэсу нафӀэр щӀыбогъэст, Зауэм лъыпсыр щыжэм аращ уэркӀэ фӀыгъуэр, Сабий цӀыкӀухэр жеймэ бомбэкӀэ уогъэс, Уезэуэну хэти уэри зоукъуэдийр, Бжьыдзэ инэралу бадзэ командир.— Бжьыдзэ инэралу… Партыр ди пашэу, 139

Deyimler (10)

зауэ къещӀэкӀын

[Гитлер] Зауэ къыдимыщӀэкӀатэмэ, си Ӏуэхут уэ жэм нэ щыхуэу уагъэлъагъутэмэ жиӀащ [Сентрал]— Щынэхужьыкъуэ, 16

Еплъ: зауэ къещӀылӀэн

зауэ къещӀылӀэн

Зыгуэрым ӀэщэкӀэ пэувын

Зауэ къыдэзыщӀылӀам и лъэпкъэгъухэр ирагъэкӀмэ, щӀрагъэкӀар къыбгурыӀуэ мэхъу.— МелыӀыч, 462

зауэ къэхъеин

ӀэщэкӀэ зэзэуэным щӀидзэн.

Ди деж хъыбар къызэрысар зауэ къэхъеяуэ арат, дзэри полицэри Ӏэжьэгъуу ежьа пэтми, япэмылъэщу.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 403

+1 örnek

Хъуэпсэгъуэу и псэм иӀахэр, Игу хэзыгъахъуэу щыӀахэр, Залыму зауэр къэхъейри, А хъеру лъапӀэри исащ. «— Адэ, 130

зауэ къэублэн

Зауэ къэгъэхъеин

Зауэр къаублэри занщӀэу щӀалэ цӀыкӀур дзэм яшащ, Ӏурарэ и закъуэу къыщынэм, и «пащӀэ бзииплъыр» къэпщри и унэм къыщӀэпщхьащ: дэнэ сыпхьыжын, дызэщхьэгъусэу ди нэчыхь ятхащ, жиӀэри.— Къалэн, 430

ауэ къэӀэтын

Дзэлыкъуэ зауэр къэзыӀэтам щыщт а шу къомыр, я шы сокум щэкӀ плъыжь хэщӀати, абыкӀэ къагъэлъагъуэрт ахэм бэлшэвычыгъэр быдэу я гум зэрилъыр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 321

Еплъ: зауэ къэублэн

зауэ къикӀын

Щхьэусыгъуэ гуэркӀэ бий зэхуэхъуу зыгуэрхэр ӀэщэкӀэ зэпэувын.

Кърым хъаным икӀэщӀыпӀэкӀэ дзэ къигъэкӀуащ, абы зауэ къикӀри хьэлэч зэрыгъэхъуу хуежьащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 617

зауэм къикӀуэсыкӀын

ӀэщэкӀэ зэхэуэ щекӀуэкӀ щӀыпӀэр зэуэну зи къалэным щэхуу ибгынэн.

Гъуэгу къуамыту урыс сэлэтхэр куэдщ, зауэм къикӀэсыкӀахэр мэзым щӀэтщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 157

зауэм къыӀукӀын

Мухъутарыр судым ират пэтащ, зауэм къыӀукӀащ, жаӀэри.— Щынэхужьыкъуэ, 90

Еплъ: зауэм къикӀуэсыкӀын

зауэм Ӏутын

Зауэ щекӀуэкӀ щӀыпӀэм щыӀэн, зэуэн.

[Апчарэ Сентрал жриӀэу:] Зауэм Ӏуту къаукӀа мыгъуэм я хьэдэм уэ пхуэдэ бзаджэнаджэ яхэплъхьэ зэрымыхъунур щхьэ умыщӀэрэ?— Нал къута, 287

+1 örnek

Зауэм Ӏутыр хъуа уӀэгъэ – Ухъу зауэлӀыр хъужыкӀафӀэ.— Си хъуэхъу. «Батырыбжьэ», 40

зауэм Ӏухьэн

ЗауакӀуэ кӀуэн.

Мэш я къуажэдэс щӀалэгъуалэм къуейщӀеин зэрафӀэфӀыр ищӀэрти, хьэщӀэм я гур дахэ яхуещӀ: - ФыкъэмыпӀэнкӀыт, си къуэш, дэри пэкӀэ псы дефэркъым, ди щӀаэхэр гушыӀэным дихьэхмэ, Ӏиблис псы зэрефэ фалъэмкӀэ фадэ ефэнкӀи мэхъу, ажэгъафэу захуапэри зауэм Ӏуохьэ, фэри къывдогушыӀэри аращ армыхъуамэ, фаджэу дунейм дытеткъым.— Лъапсэ, 116

Kitapta geçtiği hali

ЗАУЭ (178). Къэралхэр, обществэм щыщ классхэр зэпэуву ӀэщэкӀэ зэбэныныгъэ. А псалъэр Степан жиӀэу зэхихат [Астемыр] езыми, - зауэм къулейсызым къулейсызыгъэ къыхуехьри, зи Ӏыхьэ иным и Ӏыхьэм хегъахъуэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 179. Япэрей зауэм лӀыгъэ щызезыхьахэр мыращи я цӀэ, я унэцӀэр телефонкӀэ бжызоӀэ, «боевой листок» къыдэгъэкӀ, абы я хъыбар псоми ящӀэн хуэдэу, жиӀэу Локотош къиӀуэхуа щхьэкӀэ, ар Якъуб и тхьэкӀумэм иригъэхьакъым. Нал къута, 301. Корей народ лъэщыр щӀокъур мамырыгъэм, уэ хей унэр бгъэсу нафӀэр щӀыбогъэст, Зауэм лъыпсыр щыжэм аращ уэркӀэ фӀыгъуэр, Сабий цӀыкӀухэр жеймэ бомбэкӀэ уогъэс, Уезэуэну хэти уэри зоукъуэдийр, Бжьыдзэ инэралу бадзэ командир. Бжьыдзэ инэралу… «Партыр ди пашэу», 139. ◊ Зауэ къещӀэкӀын (1). Еплъ зауэ къещӀылӀэн. [Гитлер] Зауэ къыдимыщӀэкӀатэмэ, си Ӏуэхут уэ жэм нэ щыхуэу уагъэлъагъутэмэ жиӀащ [Сентрал] Щынэхужьыкъуэ, 16. Зауэ къещӀылӀэн (3). Зыгуэрым ӀэщэкӀэ пэувын Зауэ къыдэзыщӀылӀам и лъэпкъэгъухэр ирагъэкӀмэ, щӀрагъэкӀар къыбгурыӀуэ мэхъу. МелыӀыч, 462. Зауэ къэхъеин (6). ӀэщэкӀэ зэзэуэным щӀидзэн. Ди деж хъыбар къызэрысар зауэ къэхъеяуэ арат, дзэри полицэри Ӏэжьэгъуу ежьа пэтми, япэмылъэщу. ХьэщӀэ лъапӀэ, 403. Хъуэпсэгъуэу и псэм иӀахэр, Игу хэзыгъахъуэу щыӀахэр, Залыму зауэр къэхъейри, А хъеру лъапӀэри исащ. «Адэ», 130. Зауэ къэублэн (1). Зауэ къэгъэхъеин. Зауэр къаублэри занщӀэу щӀалэ цӀыкӀур дзэм яшащ, Ӏурарэ и закъуэу къыщынэм, и «пащӀэ бзииплъыр» къэпщри и унэм къыщӀэпщхьащ: дэнэ сыпхьыжын, дызэщхьэгъусэу ди нэчыхь ятхащ, жиӀэри. Къалэн, 430. Зауэ къэӀэтын (1). Еплъ зауэ къэублэн. Дзэлыкъуэ зауэр къэзыӀэтам щыщт а шу къомыр, я шы сокум щэкӀ плъыжь хэщӀати, абыкӀэ къагъэлъагъуэрт ахэм бэлшэвычыгъэр быдэу я гум зэрилъыр. Хъуэпсэгъуэ нур, 321. Зауэ къикӀын (1). Щхьэусыгъуэ гуэркӀэ бий зэхуэхъуу зыгуэрхэр ӀэщэкӀэ зэпэувын. Кърым хъаным икӀэщӀыпӀэкӀэ дзэ къигъэкӀуащ, абы зауэ къикӀри хьэлэч зэрыгъэхъуу хуежьащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 617. Зауэм къикӀуэсыкӀын (1). ӀэщэкӀэ зэхэуэ щекӀуэкӀ щӀыпӀэр зэуэну зи къалэным щэхуу ибгынэн. Гъуэгу къуамыту урыс сэлэтхэр куэдщ, зауэм къикӀэсыкӀахэр мэзым щӀэтщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 157. Зауэм къыӀукӀын (1). Еплъ зауэм къикӀуэсыкӀын. Мухъутарыр судым ират пэтащ, зауэм къыӀукӀащ, жаӀэри. Щынэхужьыкъуэ, 90. Зауэм Ӏутын (8). Зауэ щекӀуэкӀ щӀыпӀэм щыӀэн, зэуэн. [Апчарэ Сентрал жриӀэу:] Зауэм Ӏуту къаукӀа мыгъуэм я хьэдэм уэ пхуэдэ бзаджэнаджэ яхэплъхьэ зэрымыхъунур щхьэ умыщӀэрэ? Нал къута, 287. Зауэм Ӏутыр хъуа уӀэгъэ – Ухъу зауэлӀыр хъужыкӀафӀэ. Си хъуэхъу. «Батырыбжьэ», 40. Зауэм Ӏухьэн (3). ЗауакӀуэ кӀуэн. Мэш я къуажэдэс щӀалэгъуалэм къуейщӀеин зэрафӀэфӀыр ищӀэрти, хьэщӀэм я гур дахэ яхуещӀ: - ФыкъэмыпӀэнкӀыт, си къуэш, дэри пэкӀэ псы дефэркъым, ди щӀаэхэр гушыӀэным дихьэхмэ, Ӏиблис псы зэрефэ фалъэмкӀэ фадэ ефэнкӀи мэхъу, ажэгъафэу захуапэри зауэм Ӏуохьэ, фэри къывдогушыӀэри аращ армыхъуамэ, фаджэу дунейм дытеткъым. Лъапсэ, 116.

Düzeltme Öner

зауэ къещӀылӀэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.