закъыкӀэрымыгъэхун
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(закъыкӀэригъэхукъым)
ЯщӀэр ядэщӀэн, яужь зыкъимыгъэнэн. (482).
Щхьэлтетми адрейхэм закъыкӀэригъэхуртэкъым, фӀамыщӀ фӀыцӀэшхуэ и жы-пым кърихауэ щхьэл мывэжь зытесым хьэрфхэр ину, нэшэкъашэу тритхэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 508
1. Зы фӀэкӀа мыхъу.
[Абу-Дериуш] И джыдэ жаныр имыгъэтӀылъу ӀэпщӀэлъапщӀэ пэтми, къелъэӀур нэхъыбэжт, щӀымахуэр къихьамэ, жэщкӀэ къагъэтэджыжурэ я унэ яшэрт: «НэгъуэщӀ тхуумыщӀэми, бжэ закъуэ ди унэм тхухэлъхьэ, сабийр Ӏисраф мэхъу», – жаӀэурэ.— Кхъэлэгъунэ, 373
+2 örnek
– ПщӀантӀэ закъуэр бгъэкъабзэкӀэ зэфӀэкӀрэ, хьэщӀэм музычкӀэ япежьэмэ, нэхъыфӀт, арщхьэкӀэ оркестрыр иджыпсту хэт иригъэуэн, Дорофеич зокӀунтӀрие, – жаӀэу псалъэмакъыр Лу и тхьэкӀумэм зэрицырхъэу, зэрыщӀалэ жаныр къигъэлъэгъуащ: – Фыжи инструментыр къафщтэ, жиӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 558
[Алыджыкъуэ:] Сэри Хъуэжэ и бэщмакъыу унэм зыкъизгъэнэну си мымураду гу къыщыслъитэм, цӀыхубзыр гъуэлъыпӀэ закъуэмкӀэ плъэри, жиӀащ: – ГъуэлъыпӀэ закъуэщ сиӀэр, армыхъумэ укъэзгъэнэнт.— МелыӀыч, 442
2. Гъусэ зимыӀэ.
Саримэрэ Лурэ я закъуэ къызэрынэу, Саримэ алъандэрэ жиӀэну къэнар къыжримыӀэу увыӀэнутэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 537
+3 örnek
[Дэфэрэдж:] Пщэдджыжьым жьыуэ къакӀуэ жыхуаӀам деж сыносри сарохьэлӀэ Камизэхэ япхъу ЛэтӀифи я пашэу дохутыр защӀэу синклит зэхэтым ящыщу сэ къыспэплъэр Аннэ Павловнэ и закъуэу къыщӀэкӀынущ.— Лъапсэ, 10
Уи щхьэ закъуэм гъуэгур хьэлъэщ, Гъусэм гъуэгур къегъэкӀэщӀ.— Сыт къохъулӀэу угуфӀами… Вагъуэ махуэ, 321
Чачэ гъунэгъуу цӀыху щыту илъагъумэ, къурӀэныбзэ жиӀэ хуэдэу зыгуэр къибжырт, и закъуэмэ, гыбзэу дунейм тетыр и бийм къатехуэну тхьэм елъэӀурт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 56
3. А зыр (щхьэр).
Акъужь закъуэр темыпыӀэу МакӀуэр къуршу щӀыӀэтыӀэм.— Акъужь. «Дамыгъэ», 211
+1 örnek
Щхьэлмывэкъуэм щыщу Пашэ Мурат и закъуэт Дзэлыкъуэ зауэм хэтащ, жаӀэу Сыбыр ягъэкӀуари, ауэ ар щӀагъэкӀуари, Дзэлыкъуэ зауэ жыхуаӀэр зищӀысри къызыгурыӀуэр мащӀэт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 51
Deyimler (3)
[и] закъуэу къэнэн
Ӏыхьлыншэу, зеиншэу къэнэн.
ЦӀыхубз щӀалэ дыдэу зи закъуэу къэнар [Верэ Павловнэ] Псыхуабэ театрым артисткэу щыувауэ Инал абы щыхуэзащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 573
[и] закъуэу утыкум къинэн
КӀэрэхъуэн, ищӀэныр имыщӀэу къэнэн.
[Локотош Якъуб жриӀэу:] Утыкум ди закъуэу дыкъинэм, лӀо пщӀэжынур?— Нал къута, 254
[и] щхьэ закъуэ и лъакъуитӀу
Еплъ: щхьэ закъуэ
Kitapta geçtiği hali
ЗАКЪЫКӀЭРЫМЫГЪЭХУН (закъыкӀэригъэхукъым) лъэӀ. (1). ЯщӀэр ядэщӀэн, яужь зыкъимыгъэнэн. Щхьэлтетми адрейхэм закъыкӀэригъэхуртэкъым, фӀамыщӀ фӀыцӀэшхуэ и жы-пым кърихауэ щхьэл мывэжь зытесым хьэрфхэр ину, нэшэкъашэу тритхэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 508. ЗАКЪУЭ (482). 1. (417). Зы фӀэкӀа мыхъу. [Абу-Дериуш] И джыдэ жаныр имыгъэтӀылъу ӀэпщӀэлъапщӀэ пэтми, къелъэӀур нэхъыбэжт, щӀымахуэр къихьамэ, жэщкӀэ къагъэтэджыжурэ я унэ яшэрт: «НэгъуэщӀ тхуумыщӀэми, бжэ закъуэ ди унэм тхухэлъхьэ, сабийр Ӏисраф мэхъу», – жаӀэурэ. Кхъэлэгъунэ, 373. – ПщӀантӀэ закъуэр бгъэкъабзэкӀэ зэфӀэкӀрэ, хьэщӀэм музычкӀэ япежьэмэ, нэхъыфӀт, арщхьэкӀэ оркестрыр иджыпсту хэт иригъэуэн, Дорофеич зокӀунтӀрие, – жаӀэу псалъэмакъыр Лу и тхьэкӀумэм зэрицырхъэу, зэрыщӀалэ жаныр къигъэлъэгъуащ: – Фыжи инструментыр къафщтэ, жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 558. [Алыджыкъуэ:] Сэри Хъуэжэ и бэщмакъыу унэм зыкъизгъэнэну си мымураду гу къыщыслъитэм, цӀыхубзыр гъуэлъыпӀэ закъуэмкӀэ плъэри, жиӀащ: – ГъуэлъыпӀэ закъуэщ сиӀэр, армыхъумэ укъэзгъэнэнт. МелыӀыч, 442. 2. (43). Гъусэ зимыӀэ. Саримэрэ Лурэ я закъуэ къызэрынэу, Саримэ алъандэрэ жиӀэну къэнар къыжримыӀэу увыӀэнутэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 537. [Дэфэрэдж:] Пщэдджыжьым жьыуэ къакӀуэ жыхуаӀам деж сыносри сарохьэлӀэ Камизэхэ япхъу ЛэтӀифи я пашэу дохутыр защӀэу синклит зэхэтым ящыщу сэ къыспэплъэр Аннэ Павловнэ и закъуэу къыщӀэкӀынущ. Лъапсэ, 10. Уи щхьэ закъуэм гъуэгур хьэлъэщ, Гъусэм гъуэгур къегъэкӀэщӀ. Сыт къохъулӀэу угуфӀами… «Вагъуэ махуэ», 321. Чачэ гъунэгъуу цӀыху щыту илъагъумэ, къурӀэныбзэ жиӀэ хуэдэу зыгуэр къибжырт, и закъуэмэ, гыбзэу дунейм тетыр и бийм къатехуэну тхьэм елъэӀурт. Хъуэпсэгъуэ нур, 56. 3. (16). А зыр (щхьэр). Акъужь закъуэр темыпыӀэу МакӀуэр къуршу щӀыӀэтыӀэм. Акъужь. «Дамыгъэ», 211. Щхьэлмывэкъуэм щыщу Пашэ Мурат и закъуэт Дзэлыкъуэ зауэм хэтащ, жаӀэу Сыбыр ягъэкӀуари, ауэ ар щӀагъэкӀуари, Дзэлыкъуэ зауэ жыхуаӀэр зищӀысри къызыгурыӀуэр мащӀэт. Хъуэпсэгъуэ нур, 51. ◊ [И] закъуэу къэнэн (1). Ӏыхьлыншэу, зеиншэу къэнэн. ЦӀыхубз щӀалэ дыдэу зи закъуэу къэнар [Верэ Павловнэ] Псыхуабэ театрым артисткэу щыувауэ Инал абы щыхуэзащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 573. [И] закъуэу утыкум къинэн (2). КӀэрэхъуэн, ищӀэныр имыщӀэу къэнэн. [Локотош Якъуб жриӀэу:] Утыкум ди закъуэу дыкъинэм, лӀо пщӀэжынур? Нал къута, 254. [И] щхьэ закъуэ и лъакъуитӀу (8). Еплъ щхьэ закъуэ.