жьэ пхъуантэ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
жьэ
Ӏупэхэм, дзэхэм я зэтехьэпӀэм къыщыщӀидзауэ къурмакъеищхьэм нэс зэхуакур.
Иринэ ерагъпсэрагъкӀэ ткӀуэпс зэрызыххэурэ быдзышэр сабийм и жьэм жьэдигъаткӀуэурэ ипӀащ, нэхъ ин хъухукӀэ.— Нал къута, 278
+2 örnek
–ЛӀыр мышэрыуэмэ, фоч щӀызэрихьэн щыӀэххэкъым, жиӀэри Къэрэжь дыхьэшхащ, и жьэшхуэм дзэуэ дэтыр уигъэлъагъуу, абы фоч игъэуэфу зэрыщытыр зымыщӀэ щыӀэтэкъым.— Лъапсэ, 103
– ФӀыцӀэмэ, и жьэр пхъуантэм хуэдэу бгъуэмэ, и пэр гуэншэрыкъ уцӀынам ещхьмэ, и нитӀыр къуаргъынэмэ, хьа-хьа-хьа, ярэби, абы [фызым] щхьэкӀэ уасэ птауэ пӀэрэ?— Хъуэпсэгъуэ нур, 153
Deyimler (23)
жьэ гъуэтын
Зыгуэр жыпӀэну, зыгуэрым утепсэлъыхьыну хуит хъун.
Гъатхэр къэсмэ, жьэ бгъуэтыну, УбзэмыӀуми ущогугъ.— Мывэ закъуэ. «Батырыбжьэ», 14
жьэр зэщӀэмыхын
Мыпсэлъэн, зыри жымыӀэн.
Абы [Жансэхъу] жиӀар нэгъуэщӀым жегъэӀи, зым и жьэ зэщӀихынкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 619
жьэкӀэ дэӀуэн
Зыри къыгурымыӀуэу щытын, зэхимыхын.
ЖьэкӀэ даӀуэу зэхэсщ [гупыр], - жиӀэурэ зыгуэри къэтэджыжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 197
жьэкӀэ плъэн
Зыри къыгурымыӀуэн, техьэулеикӀын, гулъытэр фӀэкӀуэдын.
Астемыр зэ зыр, зэ нэгъуэщӀыр къищтэурэ зэкӀуэцӀихырти жьэкӀэ плъэ къомым яригъэлъагъурт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 198
[я] жьэм жьэдэмыхун
Куэдрэ цӀыху тепсэлъыхьын.
[Дэфэрэдж:] ХъынцӀэлкӀэ зэджэу цӀыхухъум я жьэм жьэдэмыху мэзхъумэм и хъыбар сэри зэхэсхат, арщхьэкӀэ езыр сэ сытым сигъэцӀыхунт.— Лъапсэ, 94
жьэм къекӀуэ къэмыгъэнэн
Бзаджэ тетхъуэн, ешхыдэн.
Ар езым и фӀэщыпэ хъужри нэхъри Инал хущӀитхъуэу хуежьащ, Инал зэрыкъэрэхьэлъкъыр щыгъупщэжащ, Инал зыми ечэнджэщыркъым, Инал зыкъыфӀэщӀыжащ, жиӀэу и жьэм къекӀуэн къимыгъанэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 541
жьэм къекӀуэн
Къыупсэлъыну тегушхуэн.
[Апчарэ Сентрал жреӀэ:] Сыту уи жьэм къекӀуэу жыпӀа!— Щынэхужьыкъуэ, 16
+1 örnek
Абдежт «Ила-л-мултэкъэ» щыжыӀэн хуейри, а псалъэр хэт и жьэ къекӀуэу жиӀэфынт, игъащӀэм дыщыпсэуа щӀыналъэри Ӏыхьлы-лыджанэри къызэднэкӀрэ лӀам дыпалъытэу ди щӀыбагъыбжэр хуэтщӀыжу— Лэчымэ, 391
жьэм къемыкӀуэн
ЖымыӀэфын, жыпӀэну утемыгушхуэн.
Нысэм, гузавэ хуэдэу зищӀ щхьэкӀэ, и гуащэр къэмыхъужмэ, нэхъ къызэрищтэр белджылыт, арщхьэкӀэ езым и ӀэкӀэ унэм мафӀэ иридзауэ зыми и жьэ къекӀуэртэкъым.— ГущӀэгъу, 424
жьэм къихь къэмыгъэнэн
Дорофеич щыщӀидзар къыхуэмыгъуэтыжу и жьэм къихь къигъанэркъым: «Дивизэ псо си оркестрым зэбгрихуащ, къыбгурыӀуа?»— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 553
Еплъ: жьэм къекӀуэ къэмыгъэнэн
жьэм къыжьэдэмыгъэкӀын
Дунейм къытемыгъэхьэн, бзыщӀын.
ХъумакӀуэри нэхъыбэ ящӀащ, хъыджэбз цӀыкӀухэми я тхьэкӀумэр яӀуэнтӀащ, «емынэ уз» зэфыкӀар зыщагъэгъупщэу жыжьэу я жьэм къыжьэдамыгъэкӀыну.— Лъапсэ, 54
жьэм къыжьэдэхун
Зыгуэр зэрымыщӀэкӀэ къиӀуэтэн, хуэмейуэ къыщӀигъэщын.
Лу, щӀэкӀэзызыр имыщӀэу, кӀэзызырт: – Елдар машынэкӀэ къэкӀуащ, ауэ «Елмэс» уанэ телъу Ӏэюб Ӏэдэжу къыздишащ, – жиӀэу Лу и жьэм къыжьэдэхури щӀегъуэжащ, – неблагъэ!— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 594
жьэм хуитын
Зыхуейр жиӀэфын.
УсакӀуэр жьэм хуитмэ, и хэкур щогугъ.— Гъавэмрэ псалъэмрэ. «Щхьэлыкъуэ», 39
жьэм хьэкъурт жьэдэлъын
Зыри жымыӀэу зыущэхуауэ щытын.
АрщхьэкӀэ дэнэт, цӀыхум я жьэм хьэкъурт жьэдэлъ хуэдэу зэхэтт, я Ӏэри яӀэтыртэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 628
жьэр гъэнщӀын
Зыгуэр пӀын, гъэшхэн.
ПӀытӀу жэмым и пщэм теуӀуати сабэр къыдрихуеящ, упщӀэжь яутхыпщӀ хуэдэ, – шэуэ къыщӀэкӀым жьибл игъэнщӀащ.— Щынэхужьыкъуэ, 16
жьэр зэтенэн
Мыпсэлъэн.
– Фи жьэр зэтена, щхьэ зыгуэр жывмыӀэрэ? – жиӀэри старшынэр къэгубжьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 89
жьэр зэтепӀэн
Псэлъэныр щыгъэтын, гъэувыӀэн.
– ЗэтепӀэ уи жьэр: псалъэм къыдэкӀуэу уи цӀэ исӀуащ, уэ пхуэдэкъэ хьэӀуцыдзхэри, жумэрэнхэри, уашхэри?— Кхъухь пхэнж, 502
жьэр зэтехын
Псэлъэн, къэпсэлъэн.
[Гъуумар:] Уэсмэн фӀэкӀа зи жьэ зэтезыхын фхэмыту ара?— Хъуэпсэгъуэ нур, 91
жьэр къыӀурыхун
Военнэм хакӀуэр щилъагъум занщӀэу и жьэр къыӀурыхуащ.— Нал къута, 268
Еплъ: жьэр Ӏурыхун
жьэр мыувыӀэн
Псэлъэныр щымыгъэтыфын.
Долэт, Мусэ, Мэсхьуд сымэ я жьэр увыӀэну Ӏэмал зимыӀэт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 646
жьэ пхъуантэ
Жьэшхуэ, жьэ къэб.
[Мусэ Мэсхьуд жриӀэу:] – ФӀыцӀэмэ, и жьэр пхъуантэм хуэдэу бгъуэмэ, и пэр гуэншэрыкъ уцӀынам ещхьмэ, и нитӀыр къуаргъынэмэ, хьа-хьа-хьа, ярэби, абы щхьэкӀэ уасэ птауэ пӀэрэ?— Хъуэпсэгъуэ нур, 153
жьэр убыдын
ЖымыӀэпхъэ жымыӀэн, жиӀэм кӀэлъыплъыжын.
Лу асыхьэту щӀегъуэжащ, си жьэр щхьэ схуэмыубыдрэ, жыхуиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 602
жьэр ущӀауэ
ӀурымэхыкӀауэ дэӀуэн.
А псом цӀыкӀуи ини, я тхьэкӀумэр тегъэхуауэ, я жьэр ущӀауэ, едаӀуэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 600
жьэр Ӏурыхун
Зыгуэрым зыгуэр гъэщӀэгъуэныщэ, телъыджащэ къыщыхъун.
Мэтхъэныр зыщӀэс пэшым Лу щыщӀыхьэм, занщӀэу и жьэр Ӏурыхуащ, тхылъу абы щӀэлъым и куэдагъыр хуэмыгъэщӀагъуэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 601
пхъуантэ
Гъуэгуанэ тетым и щыгъын, Ӏэмэпсымэ с.ху. зыдэлъу кърихьэкӀ, е унэм щыгъын щылъхэр дэлъу щаӀыгъ ашык теплъэ зиӀэ, зи щхьэтепӀэр ӀункӀыбзэкӀэ бгъэбыдэж хъу хьэпшып.
Щэрданхэ я уни я псэуалъэ сыти мафӀэм иса пэтми, пщӀантӀэм цӀыхухэр дэмыкӀыжу бжэгъукӀэ мафӀэ сахуэр зэӀащӀэурэ хэт шыуан къыхихырт, хэти алэрыбгъу кӀапэ къигъуэтырт, пхъуантэ иным дэлъри сытри исауэ къыхэзыхи щыӀэт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 258
+2 örnek
И адэри арат: зэгуэр ерагъыу къыпхуэӀэт къудейуэ зрамыщӀэжу пкъо и дамэм телъу къихьат «цеищэ пкъо сщӀынщ» жиӀэри, къыщыдэхуэм деж Ӏуэхуншэу щысыфыртэкъыми, щэнджатэ ищӀырти, и шыпхъухэм ярит, цеищэ шэнт нэгъунэ, я гуэщым щӀэлъурэ игъэгъуа пхъэм къыхищӀыкӀыурэ фалъэ, Ӏэнэ, шэнтжьей, хъуп, пхъуантэ – хуэмыщӀ щыӀэтэкъым [Дэфэрэдж].— Лъапсэ, 111
Алий я гъусэу ГПУ-м къикӀам дыкъагъэушащ, шхыӀэн тӀэкӀур ӀэлъэщӀышхуэм хуэдэу ттепхъуауэ дагъэуври ди уэншэкужьри зэрадзэу, пхъуантэр зэтрауду, адэ-мыдэкӀэ къуэгъэнапӀэм дэплъэурэ кӀэрахъуэ зиӀэу зыхуагъэфэщахэм я хьэпшып мыхьэнэшэ тӀэкӀур цырыцу зэӀащӀащ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531
Deyimler (1)
жьэ пхъуантэ
Еплъ: жьэ
Kitapta geçtiği hali
ЖЬЭ (81). Ӏупэхэм, дзэхэм я зэтехьэпӀэм къыщыщӀидзауэ къурмакъеищхьэм нэс зэхуакур. Иринэ ерагъпсэрагъкӀэ ткӀуэпс зэрызыххэурэ быдзышэр сабийм и жьэм жьэдигъаткӀуэурэ ипӀащ, нэхъ ин хъухукӀэ. Нал къута, 278. –ЛӀыр мышэрыуэмэ, фоч щӀызэрихьэн щыӀэххэкъым, жиӀэри Къэрэжь дыхьэшхащ, и жьэшхуэм дзэуэ дэтыр уигъэлъагъуу, абы фоч игъэуэфу зэрыщытыр зымыщӀэ щыӀэтэкъым. Лъапсэ, 103. – ФӀыцӀэмэ, и жьэр пхъуантэм хуэдэу бгъуэмэ, и пэр гуэншэрыкъ уцӀынам ещхьмэ, и нитӀыр къуаргъынэмэ, хьа-хьа-хьа, ярэби, абы [фызым] щхьэкӀэ уасэ птауэ пӀэрэ? Хъуэпсэгъуэ нур, 153. ◊ Жьэ гъуэтын (1). Зыгуэр жыпӀэну, зыгуэрым утепсэлъыхьыну хуит хъун. Гъатхэр къэсмэ, жьэ бгъуэтыну, УбзэмыӀуми ущогугъ. Мывэ закъуэ. «Батырыбжьэ», 14. Жьэр зэщӀэмыхын (1). Мыпсэлъэн, зыри жымыӀэн. Абы [Жансэхъу] жиӀар нэгъуэщӀым жегъэӀи, зым и жьэ зэщӀихынкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 619. ЖьэкӀэ дэӀуэн (1). Зыри къыгурымыӀуэу щытын, зэхимыхын. ЖьэкӀэ даӀуэу зэхэсщ [гупыр], - жиӀэурэ зыгуэри къэтэджыжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 197. ЖьэкӀэ плъэн (1). Зыри къыгурымыӀуэн, техьэулеикӀын, гулъытэр фӀэкӀуэдын. Астемыр зэ зыр, зэ нэгъуэщӀыр къищтэурэ зэкӀуэцӀихырти жьэкӀэ плъэ къомым яригъэлъагъурт. Хъуэпсэгъуэ нур, 198. [Я] жьэм жьэдэмыхун (1). Куэдрэ цӀыху тепсэлъыхьын. [Дэфэрэдж:] ХъынцӀэлкӀэ зэджэу цӀыхухъум я жьэм жьэдэмыху мэзхъумэм и хъыбар сэри зэхэсхат, арщхьэкӀэ езыр сэ сытым сигъэцӀыхунт. Лъапсэ, 94. Жьэм къекӀуэ къэмыгъэнэн (16). Бзаджэ тетхъуэн, ешхыдэн. Ар езым и фӀэщыпэ хъужри нэхъри Инал хущӀитхъуэу хуежьащ, Инал зэрыкъэрэхьэлъкъыр щыгъупщэжащ, Инал зыми ечэнджэщыркъым, Инал зыкъыфӀэщӀыжащ, жиӀэу и жьэм къекӀуэн къимыгъанэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 541. Жьэм къекӀуэн (3). Къыупсэлъыну тегушхуэн. [Апчарэ Сентрал жреӀэ:] Сыту уи жьэм къекӀуэу жыпӀа! Щынэхужьыкъуэ, 16. Абдежт «Ила-л-мултэкъэ» щыжыӀэн хуейри, а псалъэр хэт и жьэ къекӀуэу жиӀэфынт, игъащӀэм дыщыпсэуа щӀыналъэри Ӏыхьлы-лыджанэри къызэднэкӀрэ лӀам дыпалъытэу ди щӀыбагъыбжэр хуэтщӀыжу? Лэчымэ, 391. Жьэм къемыкӀуэн (3). ЖымыӀэфын, жыпӀэну утемыгушхуэн. Нысэм, гузавэ хуэдэу зищӀ щхьэкӀэ, и гуащэр къэмыхъужмэ, нэхъ къызэрищтэр белджылыт, арщхьэкӀэ езым и ӀэкӀэ унэм мафӀэ иридзауэ зыми и жьэ къекӀуэртэкъым. ГущӀэгъу, 424. Жьэм къихь къэмыгъэнэн (2). Еплъ жьэм къекӀуэ къэмыгъэнэн. Дорофеич щыщӀидзар къыхуэмыгъуэтыжу и жьэм къихь къигъанэркъым: «Дивизэ псо си оркестрым зэбгрихуащ, къыбгурыӀуа?» Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 553. Жьэм къыжьэдэмыгъэкӀын (1). Дунейм къытемыгъэхьэн, бзыщӀын. ХъумакӀуэри нэхъыбэ ящӀащ, хъыджэбз цӀыкӀухэми я тхьэкӀумэр яӀуэнтӀащ, «емынэ уз» зэфыкӀар зыщагъэгъупщэу жыжьэу я жьэм къыжьэдамыгъэкӀыну. Лъапсэ, 54. Жьэм къыжьэдэхун (5). Зыгуэр зэрымыщӀэкӀэ къиӀуэтэн, хуэмейуэ къыщӀигъэщын. Лу, щӀэкӀэзызыр имыщӀэу, кӀэзызырт: – Елдар машынэкӀэ къэкӀуащ, ауэ «Елмэс» уанэ телъу Ӏэюб Ӏэдэжу къыздишащ, – жиӀэу Лу и жьэм къыжьэдэхури щӀегъуэжащ, – неблагъэ! Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 594. Жьэм хуитын (1). Зыхуейр жиӀэфын. УсакӀуэр жьэм хуитмэ, и хэкур щогугъ. Гъавэмрэ псалъэмрэ. «Щхьэлыкъуэ», 39. Жьэм хьэкъурт жьэдэлъын (2). Зыри жымыӀэу зыущэхуауэ щытын. АрщхьэкӀэ дэнэт, цӀыхум я жьэм хьэкъурт жьэдэлъ хуэдэу зэхэтт, я Ӏэри яӀэтыртэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 628. Жьэр гъэнщӀын (1). Зыгуэр пӀын, гъэшхэн. ПӀытӀу жэмым и пщэм теуӀуати сабэр къыдрихуеящ, упщӀэжь яутхыпщӀ хуэдэ, – шэуэ къыщӀэкӀым жьибл игъэнщӀащ. Щынэхужьыкъуэ, 16. Жьэр зэтенэн (1). Мыпсэлъэн. – Фи жьэр зэтена, щхьэ зыгуэр жывмыӀэрэ? – жиӀэри старшынэр къэгубжьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 89. Жьэр зэтепӀэн (15). Псэлъэныр щыгъэтын, гъэувыӀэн. – ЗэтепӀэ уи жьэр: псалъэм къыдэкӀуэу уи цӀэ исӀуащ, уэ пхуэдэкъэ хьэӀуцыдзхэри, жумэрэнхэри, уашхэри? Кхъухь пхэнж, 502. Жьэр зэтехын (1). Псэлъэн, къэпсэлъэн. [Гъуумар:] Уэсмэн фӀэкӀа зи жьэ зэтезыхын фхэмыту ара? Хъуэпсэгъуэ нур, 91. Жьэр къыӀурыхун (1). Еплъ жьэр Ӏурыхун. Военнэм хакӀуэр щилъагъум занщӀэу и жьэр къыӀурыхуащ. Нал къута, 268. Жьэр мыувыӀэн (2). Псэлъэныр щымыгъэтыфын. Долэт, Мусэ, Мэсхьуд сымэ я жьэр увыӀэну Ӏэмал зимыӀэт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 646. Жьэ пхъуантэ (1). Жьэшхуэ, жьэ къэб. [Мусэ Мэсхьуд жриӀэу:] – ФӀыцӀэмэ, и жьэр пхъуантэм хуэдэу бгъуэмэ, и пэр гуэншэрыкъ уцӀынам ещхьмэ, и нитӀыр къуаргъынэмэ, хьа-хьа-хьа, ярэби, абы щхьэкӀэ уасэ птауэ пӀэрэ? Хъуэпсэгъуэ нур, 153. Жьэр убыдын (1). ЖымыӀэпхъэ жымыӀэн, жиӀэм кӀэлъыплъыжын. Лу асыхьэту щӀегъуэжащ, си жьэр щхьэ схуэмыубыдрэ, жыхуиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 602. Жьэр ущӀауэ (2). ӀурымэхыкӀауэ дэӀуэн. А псом цӀыкӀуи ини, я тхьэкӀумэр тегъэхуауэ, я жьэр ущӀауэ, едаӀуэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 600. Жьэр Ӏурыхун (4). Зыгуэрым зыгуэр гъэщӀэгъуэныщэ, телъыджащэ къыщыхъун. Мэтхъэныр зыщӀэс пэшым Лу щыщӀыхьэм, занщӀэу и жьэр Ӏурыхуащ, тхылъу абы щӀэлъым и куэдагъыр хуэмыгъэщӀагъуэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 601.
ПХЪУАНТЭ (47). Гъуэгуанэ тетым и щыгъын, Ӏэмэпсымэ с.ху. зыдэлъу кърихьэкӀ, е унэм щыгъын щылъхэр дэлъу щаӀыгъ ашык теплъэ зиӀэ, зи щхьэтепӀэр ӀункӀыбзэкӀэ бгъэбыдэж хъу хьэпшып. Щэрданхэ я уни я псэуалъэ сыти мафӀэм иса пэтми, пщӀантӀэм цӀыхухэр дэмыкӀыжу бжэгъукӀэ мафӀэ сахуэр зэӀащӀэурэ хэт шыуан къыхихырт, хэти алэрыбгъу кӀапэ къигъуэтырт, пхъуантэ иным дэлъри сытри исауэ къыхэзыхи щыӀэт. Хъуэпсэгъуэ нур, 258. И адэри арат: зэгуэр ерагъыу къыпхуэӀэт къудейуэ зрамыщӀэжу пкъо и дамэм телъу къихьат «цеищэ пкъо сщӀынщ» жиӀэри, къыщыдэхуэм деж Ӏуэхуншэу щысыфыртэкъыми, щэнджатэ ищӀырти, и шыпхъухэм ярит, цеищэ шэнт нэгъунэ, я гуэщым щӀэлъурэ игъэгъуа пхъэм къыхищӀыкӀыурэ фалъэ, Ӏэнэ, шэнтжьей, хъуп, пхъуантэ – хуэмыщӀ щыӀэтэкъым [Дэфэрэдж]. Лъапсэ, 111. Алий я гъусэу ГПУ-м къикӀам дыкъагъэушащ, шхыӀэн тӀэкӀур ӀэлъэщӀышхуэм хуэдэу ттепхъуауэ дагъэуври ди уэншэкужьри зэрадзэу, пхъуантэр зэтрауду, адэ-мыдэкӀэ къуэгъэнапӀэм дэплъэурэ кӀэрахъуэ зиӀэу зыхуагъэфэщахэм я хьэпшып мыхьэнэшэ тӀэкӀур цырыцу зэӀащӀащ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531. ◊ Жьэ пхъуантэ (1). Еплъ жьэ.