дэуеин

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(доуей)

1. ИщхьэмкӀэ кӀуэуэ уэн (башкӀэ, мывэ сыт хуэдэкӀэ). МыӀэрысейм башкӀэ дэуеин.

рубросить, кинуть чем-л. вверх

2. ИщхьэмкӀэ кӀуэуэ уэн.

рустрелять вверх

ФочкӀэ дэуеин.

3. Дэлъеин (гур, машинэр).

руподскочить, подпрыгнуть

Гур нэхъ хэӀэтыкӀауэ дэуеиху къэси гупкӀэм илъ щӀалэр къыхощэӀукӀ.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

4. ЗыкъиӀэтын (уасэр лъапӀэ хъун). ЩӀымахуэм пхъэщхьэмыщхьэм я уасэр доуей. Температурэр дэуеин.

руподняться, повыситься, увеличиться (напр. о цене)

Bu maddedeki ifadeler (1)

щхьэм дэуеин

Еплъ: щхьэ 1

Kitapta geçtiği hali

дэуеин (доуей) неперех. гл. 1. бросить, кинуть чем-л. вверх / ИщхьэмкӀэ кӀуэуэ уэн (башкӀэ, мывэ сыт хуэдэкӀэ). МыӀэрысейм башкӀэ дэуеин. 2. стрелять вверх / ИщхьэмкӀэ кӀуэуэ уэн. ФочкӀэ дэуеин. 3. переносное подскочить, подпрыгнуть / Дэлъеин (гур, машинэр). * Гур нэхъ хэӀэтыкӀауэ дэуеиху къэси гупкӀэм илъ щӀалэр къыхощэӀукӀ. Къ. Хь. 4. переносное подняться, повыситься, увеличиться (напр. о цене) / ЗыкъиӀэтын (уасэр лъапӀэ хъун). ЩӀымахуэм пхъэщхьэмыщхьэм я уасэр доуей. Температурэр дэуеин. Щхьэм дэуеин см. щхьэ 1.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(доуей)

1. ИщхьэмкӀэ кӀуэуэ уэн (п.п. башкӀэ, мывэ сыт хуэдэкӀэ).

Тембот и унафэкӀэ щӀалэ цӀыкӀухэр жыгым дэпщейрти къудамэ зырызхэм тесу зэрыгъэкӀийрт, жыг щӀагъыр Долэт къижыхь-нижыхьу, башкӀэ жыгым дэуейуэ— Хъуэпсэгъуэ нур, 244

2. ИщхьэмкӀэ кӀуэуэ ӀэщэкӀэ уэн. –120.

Зенитнэ топхэр дэуейуэ хуежьащ— Нал къута, 279

+2 örnek

Махуэм дыгъэр благъуэм зыӀуригъэлъадэу жылэм щалъагъум, гужьеяуэ зэрызехьэрт, ящӀэнур ямыщӀэу, пэгун, лэгъуп сытхэр къащтауэ ягъэуву, мэӀэуэлъауэ, фоч зиӀэм къищтауэ уафэм доуей, благъуэр ягъэщтэн я гугъэу— Лъапсэ, 119

Фызхэр гузавэу фочкӀэ уафэм дэуейм йолъэӀу: – Тхьэм и хьэтыркӀэ щыгъэт, благъуэм соуэ жыпӀэурэ дыгъэм тебгъэхуэнщи, къебгъэщэщэхынщ— Лъапсэ, 120

3. Дэлъеин (п.п. гур, машинэр).

Лу сымэ мэкъу щабэм хэсти, гур дэуейми къеухми яфӀэӀуэхутэкъым— Хъуэпсэгъуэ нур, 299

Kitapta geçtiği hali

ДЭУЕИН (доуей) лъэмыӀ. (7). 1. (1). ИщхьэмкӀэ кӀуэуэ уэн (п.п. башкӀэ, мывэ сыт хуэдэкӀэ). Тембот и унафэкӀэ щӀалэ цӀыкӀухэр жыгым дэпщейрти къудамэ зырызхэм тесу зэрыгъэкӀийрт, жыг щӀагъыр Долэт къижыхь-нижыхьу, башкӀэ жыгым дэуейуэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 244. 2. (4). ИщхьэмкӀэ кӀуэуэ ӀэщэкӀэ уэн. Зенитнэ топхэр дэуейуэ хуежьащ. Нал къута, 279. Махуэм дыгъэр благъуэм зыӀуригъэлъадэу жылэм щалъагъум, гужьеяуэ зэрызехьэрт, ящӀэнур ямыщӀэу, пэгун, лэгъуп сытхэр къащтауэ ягъэуву, мэӀэуэлъауэ, фоч зиӀэм къищтауэ уафэм доуей, благъуэр ягъэщтэн я гугъэу. Лъапсэ, 119–120. Фызхэр гузавэу фочкӀэ уафэм дэуейм йолъэӀу: – Тхьэм и хьэтыркӀэ щыгъэт, благъуэм соуэ жыпӀэурэ дыгъэм тебгъэхуэнщи, къебгъэщэщэхынщ. Лъапсэ, 120. 3. (2). Дэлъеин (п.п. гур, машинэр). Лу сымэ мэкъу щабэм хэсти, гур дэуейми къеухми яфӀэӀуэхутэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 299.

Düzeltme Öner

дэуеин
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.