дэсын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(дэсщ)
1. Зыгуэрым и зэхуакум щыӀэн.
русидеть, находиться между кем-чем-л.
Псыхъуэм дэсын. Дурэшым дэсын.
+1 örnek
Бжьэ зэдэсым фо дещӀэ.— Псалъэжьхэр
2. Зыгуэрым и пэӀущӀэм, и жьантӀэм деж щысын (гублащхьэм).
русидеть в передней части чего-л. (напр. телеги)
3. ЩӀыпӀэ гуэрым щыӀэн, щыпсэун.
рунаходиться, жить где-л.
БгышхуитӀ зэхуакум дэсщ си къуажэр.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
+1 örnek
Гуащэм и лӀыр офицеру зауэм хэкӀуэдауэ мылъкушхуэ иӀэу дэсти, арагъэнт Жыраслъэн дэзыхьэхар.— КӀыщокъуэ Алим
4. Унэм щыӀэн.
рубыть, находиться дома
А махуэм Хьэрун унэм дэст.— Ӏуащхьэмахуэ
5. Транспорт лӀэужьыгъуэ гуэр зегъэкӀуэн, ирилэжьэн.
рууправлять (о транпорте)
Тракторым дэсын. Гум дэсын.
6. ЛӀы имыӀэу щысын.
рубыть не замужем
Хъыджэбзыр дэмыкӀуауэ дэсщ. ЦӀыхубзыр дэмыкӀуэжауэ дэсщ.
Bu maddedeki ifadeler (1)
пщэм дэсын
Еплъ: пщэ
Kitapta geçtiği hali
дэсын (дэсщ) неперех. гл. 1. сидеть, находиться между кем-чем-л. / Зыгуэрым и зэхуакум щыӀэн. Псыхъуэм дэсын. Дурэшым дэсын. * Бжьэ зэдэсым фо дещӀэ. (погов.) 2. сидеть в передней части чего-л. (напр. телеги) / Зыгуэрым и пэӀущӀэм, и жьантӀэм деж щысын (гублащхьэм). 3. находиться, жить где-л. / ЩӀыпӀэ гуэрым щыӀэн, щыпсэун. * БгышхуитӀ зэхуакум дэсщ си къуажэр. Хь. Хь. Гуащэм и лӀыр офицеру зауэм хэкӀуэдауэ мылъкушхуэ иӀэу дэсти, арагъэнт Жыраслъэн дэзыхьэхар. КӀ. А. 4. быть, находиться дома / Унэм щыӀэн. * А махуэм Хьэрун унэм дэст. Ӏуащхь. 5. управлять (о транпорте) / Транспорт лӀэужьыгъуэ гуэр зегъэкӀуэн, ирилэжьэн. Тракторым дэсын. Гум дэсын. 6. быть не замужем / ЛӀы имыӀэу щысын. Хъыджэбзыр дэмыкӀуауэ дэсщ. ЦӀыхубзыр дэмыкӀуэжауэ дэсщ. Пщэм дэсын см. пщэ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(дэсщ)
1. ЗыщӀыпӀэ щыӀэн, щыпсэун.
Къуажэм дэсхэр шыгъу хуейми, фэтыджэн хуейми иджы къалэм нэс мыкӀуэу хъуртэкъыми, шхыдэрт, хъущӀэрт, лафкӀэтетыр къагъуэтыжами, дыхьэшхын фӀэкӀа иращӀэни щыӀэтэкъым, арщхьэкӀэ Рахьим щӀым пхырыхури думпу бзэхат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 145
+2 örnek
Къалэм дэсым тхьэ зэхуаӀуэрт къаукӀыху зэуэну.— Нал къута, 263
ЦӀыкӀуи ини къуажэм дэсым Гъыуэ, бжэуэ я щхьэр дахыр— Тисей, 484
2. Зыгуэрым и зэхуакум щыӀэн.
Ярэби, насыпыр щагуэшым цӀыхубзыр дурэшым дэсауэ ара нэгузыужьыгъуэ имыхуэу и кӀэтӀийр и вакъэ лъэпсу щӀэпсэур?— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 480
3. Унэм щыӀэн.
Плъагъуркъэ Астемыр и пэшэгъур, жылэр мэжджытым макӀуэ, Алыхьталэм хуопщылӀ, езыр унэм дэсщ, джаур хьэщӀэ кърегъэблагъэри— Хъуэпсэгъуэ нур, 200
+2 örnek
«Си къуэшыр, си адэр дэмысми, Шэч хэлъкъым, ахэр иджыри ЗэуапӀэ жыжьэм щозауэ». – Ар игукӀэ жиӀэу, и анэм Къыпожьэр гуфӀэу а щӀалэр— Адэ, 132
[Думэсарэ:] – Насып диӀэти, Астемыр дэсу ирихьэлӀат— Хъуэпсэгъуэ нур, 135
4. Зыгуэрым и пэӀущӀэм, и щӀыбагъым, и жьантӀэм деж щысын.
А пщыхьэщхьэм езы Къазджэрий гу лъитат псоми я щӀыбагъым Ӏэдэбу къыдэса хъыджэбз нэ фӀыцӀэ дахэм— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 665
+2 örnek
Думэсарэ хадэ зыпщӀа щӀалэхэм ядэмышхэу шыуаныр гъунэгъуу игъэувауэ, жьэгум дэсу мырамысэм лы гъэжьа дишхырт— Хъуэпсэгъуэ нур, 136
[Алим:] – Сыту пасэ мыгъуэу хэкӀуэда уи Ӏэ ижьыр, – жиӀэри ЩоджэнцӀыкӀум и гур щӀэгъуащ щӀалэ зеиншэ цӀыкӀум, ар зыдэс партэм къекӀуалӀэри— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 523
5. Транспорт лӀэужьыгъуэ гуэр зегъэкӀуэн, ирилэжьэн.
Бэлацэ зыри жимыӀэу гублащхьэм дэст— Хъуэпсэгъуэ нур, 297
+1 örnek
Гублащхьэм дэсми лэжьакӀуэшхуэу Е инэралуи ар къалъытэ. ЦӀыхубз ӀэщӀагъэу цейр щымыгъмэ, Гуп яхэмыхьэт мыукӀытэу. Адыгэ цей, «Дамыгъэ». 238.
6. ЛӀы имыӀэу щысын.
Хъыджэбзыр шы дахэм хуэдэу умыгъэщӀэращӀэмэ, зыми и нэм къыфӀэмыуэу къыдэнэжу дэсынкӀэ мэхъу— Лэчымэ, 389
+1 örnek
Хъыджэбзыр адэ-анэм зыгуэрым иратыну яхудэкӀуэн имыдэмэ, ягъэшынэрт «нтӀэ дыгъурыгъум уахьыху удэсыну» жаӀэу, абы нэхъ ӀумпӀафӀэ ищӀырт япхъу къемыдаӀуэри, фӀэмыфӀыххэми, уасэ нэхъ къезытым дэкӀуэрт— Лъапсэ, 34
Kitapta geçtiği hali
ДЭСЫН (дэсщ) лъэмыӀ. (364). 1. (292). ЗыщӀыпӀэ щыӀэн, щыпсэун. Къуажэм дэсхэр шыгъу хуейми, фэтыджэн хуейми иджы къалэм нэс мыкӀуэу хъуртэкъыми, шхыдэрт, хъущӀэрт, лафкӀэтетыр къагъуэтыжами, дыхьэшхын фӀэкӀа иращӀэни щыӀэтэкъым, арщхьэкӀэ Рахьим щӀым пхырыхури думпу бзэхат. Хъуэпсэгъуэ нур, 145. Къалэм дэсым тхьэ зэхуаӀуэрт къаукӀыху зэуэну. Нал къута, 263. ЦӀыкӀуи ини къуажэм дэсым Гъыуэ, бжэуэ я щхьэр дахыр. «Тисей», 484. 2. (45). Зыгуэрым и зэхуакум щыӀэн. Ярэби, насыпыр щагуэшым цӀыхубзыр дурэшым дэсауэ ара нэгузыужьыгъуэ имыхуэу и кӀэтӀийр и вакъэ лъэпсу щӀэпсэур? Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 480. 3. (7). Унэм щыӀэн. Плъагъуркъэ Астемыр и пэшэгъур, жылэр мэжджытым макӀуэ, Алыхьталэм хуопщылӀ, езыр унэм дэсщ, джаур хьэщӀэ кърегъэблагъэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 200. «Си къуэшыр, си адэр дэмысми, Шэч хэлъкъым, ахэр иджыри ЗэуапӀэ жыжьэм щозауэ». – Ар игукӀэ жиӀэу, и анэм Къыпожьэр гуфӀэу а щӀалэр. «Адэ», 132. [Думэсарэ:] – Насып диӀэти, Астемыр дэсу ирихьэлӀат. Хъуэпсэгъуэ нур, 135. 4. (12). Зыгуэрым и пэӀущӀэм, и щӀыбагъым, и жьантӀэм деж щысын. А пщыхьэщхьэм езы Къазджэрий гу лъитат псоми я щӀыбагъым Ӏэдэбу къыдэса хъыджэбз нэ фӀыцӀэ дахэм. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 665. Думэсарэ хадэ зыпщӀа щӀалэхэм ядэмышхэу шыуаныр гъунэгъуу игъэувауэ, жьэгум дэсу мырамысэм лы гъэжьа дишхырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 136. [Алим:] – Сыту пасэ мыгъуэу хэкӀуэда уи Ӏэ ижьыр, – жиӀэри ЩоджэнцӀыкӀум и гур щӀэгъуащ щӀалэ зеиншэ цӀыкӀум, ар зыдэс партэм къекӀуалӀэри. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 523. 5. (5). Транспорт лӀэужьыгъуэ гуэр зегъэкӀуэн, ирилэжьэн. Бэлацэ зыри жимыӀэу гублащхьэм дэст. Хъуэпсэгъуэ нур, 297. Гублащхьэм дэсми лэжьакӀуэшхуэу Е инэралуи ар къалъытэ. ЦӀыхубз ӀэщӀагъэу цейр щымыгъмэ, Гуп яхэмыхьэт мыукӀытэу. Адыгэ цей, «Дамыгъэ». 238. 6. (3). ЛӀы имыӀэу щысын. Хъыджэбзыр шы дахэм хуэдэу умыгъэщӀэращӀэмэ, зыми и нэм къыфӀэмыуэу къыдэнэжу дэсынкӀэ мэхъу. Лэчымэ, 389. Хъыджэбзыр адэ-анэм зыгуэрым иратыну яхудэкӀуэн имыдэмэ, ягъэшынэрт «нтӀэ дыгъурыгъум уахьыху удэсыну» жаӀэу, абы нэхъ ӀумпӀафӀэ ищӀырт япхъу къемыдаӀуэри, фӀэмыфӀыххэми, уасэ нэхъ къезытым дэкӀуэрт. Лъапсэ, 34.