дэлъын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(долъ)
ЗыщӀыпӀэ дэкӀыу лъэн.
рувыпрыгнуть откуда-л.
Щхьэгъубжэм дэлъын.
(дэлъщ)
1. Щылъу зэхуаку гуэрым, зыщӀыпӀэ щыӀэн (цӀыхум, псэущхьэм хужаӀэ).
рулежать, находиться в горизонтальном положении где- л., между чем-л. (о человеке, животных)
Жэмыр урамым дэлъщ. ЩӀалэр пщӀантӀэм дэлъщ.
2. зэхуаку гуэрым, зыщӀыпӀэ зыгуэр щыӀэн.
рулежать, находиться в чём-л.
Пхъэр пщӀантӀэм дэлъщ. Ахъшэр бохъшэм дэлъщ.
Bu maddedeki ifadeler (1)
и пщэ дэлъын
Еплъ: пщэ
Kitapta geçtiği hali
дэлъын I (долъ) неперех. гл. выпрыгнуть откуда-л. / ЗыщӀыпӀэ дэкӀыу лъэн. Щхьэгъубжэм дэлъын. II (дэлъщ) неперех. гл. 1. лежать, находиться в горизонтальном положении где- л., между чем-л. (о человеке, животных) / Щылъу зэхуаку гуэрым, зыщӀыпӀэ щыӀэн (цӀыхум, псэущхьэм хужаӀэ). Жэмыр урамым дэлъщ. ЩӀалэр пщӀантӀэм дэлъщ. 2. лежать, находиться в чём-л. / зэхуаку гуэрым, зыщӀыпӀэ зыгуэр щыӀэн. Пхъэр пщӀантӀэм дэлъщ. Ахъшэр бохъшэм дэлъщ. И пщэ дэлъын см. пщэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(долъ)
ЗыщӀыпӀэ дэкӀыу лъэн, дэпкӀын.
Баку къикӀари щхьэгъубжэм дэлъа щхьэкӀэ жыжьэ мыкӀуэфу и гур къекӀуэри къытехуауэ щылъщ.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 162
+2 örnek
Ботэх мащӀэ-мащӀэурэ щхьэгъубжэмкӀэ кӀуатэри, зэ лъэгъуэм щхьэгъубжэр зэӀуидзри дэлъащ— Лъапсэ, 96
Абдул щтэщ, сабий кӀийхэр къигъанэри, щхьэгъубжэмкӀэ дэлъауэ, бгъуэтым къащтэ, хадэ кӀыфӀым илъэдэжащ, нартыхур зэхикъутэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 144
(дэлъщ)
1. Щылъу зэхуаку гуэрым, зыщӀыпӀэ щыӀэн (цӀыхум, псэущхьэм хужаӀэ).
Ауз мывалъэм лӀыжь хьэдэр Дэлъащ махуищкӀэ щӀамылъхьэу— Адэ, 130
+2 örnek
Дэплъэмэ – лӀыри шыри иукӀауэ дэлъщ— Нал къута, 267
Ди пщӀантӀэм дэлъщи зы хьэ гъуабжэ, УемыӀусамэ, къэмыгубжь.— Хьэ. «Дамыгъэ», 80
2. Зэхуаку гуэрым, зыщӀыпӀэ зыгуэр щыӀэн.
Къуажэм хъыбар дэлъщ Чокэ лъэныкъуэегъэз зищӀауэ— Нал къута, 275
+2 örnek
[Лу Ӏэюб жриӀэу:] – Си хьэпшыпыр дэлъщ [пхъуантэм].— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 523
Зэгуэр Лу иуса усэр диктантыр зэрыт тетрадым дэлъу Къазджэрий иритащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 619
Kitapta geçtiği hali
ДЭЛЪЫН I (долъ) лъэмыӀ. (3). ЗыщӀыпӀэ дэкӀыу лъэн, дэпкӀын. Баку къикӀари щхьэгъубжэм дэлъа щхьэкӀэ жыжьэ мыкӀуэфу и гур къекӀуэри къытехуауэ щылъщ. «Тепщэч къэзылъэтыхь», 162. Ботэх мащӀэ-мащӀэурэ щхьэгъубжэмкӀэ кӀуатэри, зэ лъэгъуэм щхьэгъубжэр зэӀуидзри дэлъащ. Лъапсэ, 96. Абдул щтэщ, сабий кӀийхэр къигъанэри, щхьэгъубжэмкӀэ дэлъауэ, бгъуэтым къащтэ, хадэ кӀыфӀым илъэдэжащ, нартыхур зэхикъутэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 144.
ДЭЛЪЫН II (дэлъщ) лъэмыӀ. (109). 1. (19). Щылъу зэхуаку гуэрым, зыщӀыпӀэ щыӀэн (цӀыхум, псэущхьэм хужаӀэ). Ауз мывалъэм лӀыжь хьэдэр Дэлъащ махуищкӀэ щӀамылъхьэу. «Адэ», 130. Дэплъэмэ – лӀыри шыри иукӀауэ дэлъщ. Нал къута, 267. Ди пщӀантӀэм дэлъщи зы хьэ гъуабжэ, УемыӀусамэ, къэмыгубжь. Хьэ. «Дамыгъэ», 80. 2. (90). Зэхуаку гуэрым, зыщӀыпӀэ зыгуэр щыӀэн. Къуажэм хъыбар дэлъщ Чокэ лъэныкъуэегъэз зищӀауэ. Нал къута, 275. [Лу Ӏэюб жриӀэу:] – Си хьэпшыпыр дэлъщ [пхъуантэм]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 523. Зэгуэр Лу иуса усэр диктантыр зэрыт тетрадым дэлъу Къазджэрий иритащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 619.