дэлъхьэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(делъхьэ)

Зэхуаку гуэрым зыгуэр дэгъэзэгъэн; зыщӀыпӀэ зыгуэр щыгъэтӀылъын.

руподложить что-л. во что-л., между чем-л.

Пхъуантэм щыгъын дэлъхьэн.

+1 örnek

Хъуэжэ и гуфӀакӀэм мывэ дилъхьэри судым кӀуащ.— ӀуэрыӀуатэ

2. ПлӀэм зыгуэр теубгъуэн, пщэм зыгуэр къешэкӀын.

рунакинуть что-л. (напр. шаль на плечи)

Пщэм пщэдэлъ дэлъхьэн.

3. Тхьэвым и кум кхъуей лъалъэ, лы, мыӀэрысэ сыт хуэдэхэр дэгъэзэгъэн.

руначинить что-л. чем-л. (напр. тесто творогом)

Тхьэвым кхъуейлъалъэ дэлъхьэн.

Kitapta geçtiği hali

дэлъхьэн (делъхьэ) перех. гл. подложить что-л. во что-л., между чем-л. / Зэхуаку гуэрым зыгуэр дэгъэзэгъэн; зыщӀыпӀэ зыгуэр щыгъэтӀылъын. Пхъуантэм щыгъын дэлъхьэн. * Хъуэжэ и гуфӀакӀэм мывэ дилъхьэри судым кӀуащ. фольк. 2. накинуть что-л. (напр. шаль на плечи) / ПлӀэм зыгуэр теубгъуэн, пщэм зыгуэр къешэкӀын. Пщэм пщэдэлъ дэлъхьэн. 3. начинить что-л. чем-л. (напр. тесто творогом) / Тхьэвым и кум кхъуей лъалъэ, лы, мыӀэрысэ сыт хуэдэхэр дэгъэзэгъэн. Тхьэвым кхъуейлъалъэ дэлъхьэн.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(делъхьэ)

Зэхуаку гуэрым зыгуэр дэгъэзэгъэн; зыщӀыпӀэ зыгуэр щыгъэтӀылъын.

[Старшынэм:] ИӀэ, бжы мы ахъшэри дэлъхьэ адэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 229

+2 örnek

Пыжьынэ бэн ишэри кӀуауэ щытащ лӀам деж, хьэдэри бэным дилъхьэри игъэщӀэрэщӀэжащ.— Лъапсэ, 20

[Алыджыкъуэ:] АрщхьэкӀэ сэшхуэ пцӀанэр дякум дэслъхьащи, сыхуэсакъыурэ си лъакъуэр соукъуэдий— МелыӀыч, 443

Deyimler (1)

[и] пщэ дэлъхьэн

Еплъ: пщэ

Kitapta geçtiği hali

ДЭЛЪХЬЭН (делъхьэ) лъэӀ. (24). Зэхуаку гуэрым зыгуэр дэгъэзэгъэн; зыщӀыпӀэ зыгуэр щыгъэтӀылъын. [Старшынэм:] ИӀэ, бжы мы ахъшэри дэлъхьэ адэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 229. Пыжьынэ бэн ишэри кӀуауэ щытащ лӀам деж, хьэдэри бэным дилъхьэри игъэщӀэрэщӀэжащ. Лъапсэ, 20. [Алыджыкъуэ:] АрщхьэкӀэ сэшхуэ пцӀанэр дякум дэслъхьащи, сыхуэсакъыурэ си лъакъуэр соукъуэдий. МелыӀыч, 443. ◊ [И] пщэ дэлъхьэн (4). Еплъ пщэ.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

koymak yatırmak

Düzeltme Öner

дэлъхьэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.