дуней зэрызехьэ

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

дуней

1. Уафэмрэ щӀылъэмрэ я зэхуакум щыӀэ псори; щӀы хъурейр.

Гъэмахуэ бадзэуэгъуэ хъуауэ дунейр исыжырт, джэдхэр джабэкӀэ сабэм хэлъу махуэр ягъакӀуэрт, хьэхэр ду щӀагъым щӀэпщхьауэ къыщӀэкӀыртэкъым, жыг хадэм уихьэмэ, жыг тхьэмпэхэр мыхъейуэ, кхъужь, мыӀэрысэ, пхъэгулъ сытхэр сабэм иуауэ щӀахъумэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 270

+2 örnek

Сэнтхым дэкӀыу гъуэгур егъэзыхыпӀэ щыхъум, мазэр къыщӀэкӀри дунейр нэху къищӀащ, тенджыз дыдэр бдзапцӀэ гъэткӀуам ещхьу плъагъуу.— Лъапсэ, 35

И закъуэпцӀийуэ къытенат, Дунейм зы цӀыхуи щымыӀэжу.— ПщӀыхьэпӀэ. «Мывэ хуабэ», 53

2. ГъащӀэ. –647.

Абы и хъыбар уэ зэхэпха, сэ зэхэсха – хэӀущӀыӀу хъуауэ къыщӀэкӀынти, зауэ къыщыхъейм Ӏэтащхьэхэм я унафэкӀэ хьэпсым ис лӀыр ираджащ, абы хуэдэ лӀы ахъырзэманкъэ дызыхуэныкъуэр, зауэ-банэу дунейр щихькӀэ, дзэм къыхэдывгъаши, ирезауэ жыхуаӀэу.— Лыгъэ, 409

+2 örnek

И дунейр кӀыхьами-кӀэщӀами дыгъуэгъуакӀуэм хэмытыжыну тхьэ иӀуауэ щытми, и псалъэм епцӀыжри Жыраслъэн шы идыгъуащ, жиӀэри Нахъуэ къыщӀидзащ, Жыраслъэн зиш идыгъуар жылэм ямыщӀэ хуэдэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 646

[Инус Астемыр жриӀэу:] Уи дунейр хьэсэпэхъумэу пхьыну?— Хъуэпсэгъуэ нур, 64

3. Зэман пыухыкӀам, щӀыпӀэ хэхам ехьэлӀауэ атмосферэм и щытыкӀэр.

Дунейр уаети, цӀыху зэхэтым загъэшырт, я пэр пыущхъуэнтӀыкӀауэ, итӀани, старшынэм фызэбгрымыкӀ, жиӀати, зэхэтт Щэрдан Берд пэплъэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 290

+2 örnek

Дунейр кӀэгъэпшагъэ щхьэкӀэ, нэмыцэ къухьлъатэр нэхъ къэлъэтэрей хъуащ.— Нал къута, 275

Жэщым уэс тӀэкӀу къесауэ дунейр щӀыӀэт— МелыӀыч, 444

Deyimler (60)

[си] дуней закъуэ

ФӀыуэ ялъагъу, ягъафӀэ цӀыхум жраӀэ.

[Ӏурарэ Инал жриӀэу:] Си ерыскъы пшхари уи хьэлэлщ, си дуней закъуэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 585

дунейр бгынэн

ЗыщӀыпӀэ кӀуэн, зэман гуэркӀэ къэтын.

Сэ фыкъысхуейуэ сывмыгъуэтмэ, Дунейр збгынауэ фи мыгугъэ.— Сэ фыкъысхуейуэ. «Дамыгъэ», 206

дунейр дэгъэзеигъуэу хьын

Зэпымычу гугъу ехьын.

ДунейкӀэ цӀыхум жыхьэнэмэкӀэ хуэупсам и гъуэгу дахэ хъунукъым, лъэпэрапэ защӀэу, и кӀэтӀийр и вакъэ лъэпсу, и дунейр дэгъэзеигъуэ защӀэу Алыхьым къыхуиуха дыдэм «шокъу» жиӀэу хуэзэнущ.— ГущӀэгъу, 425

[и] дуней гуфӀэгъуэщ

Егъэлеяуэ мэгуфӀэ, гуфӀэгъуэм зэрехьэ. Хуабжьу гуфӀэн, гукъыдэж иӀэн.

Лусанэ и дуней гуфӀэгъуэщ, и анэр гъыуэ дурэшым дэсми.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 670

+2 örnek

Локотош и дуней гуфӀэгъуэт, Апчарэ къэкӀуауэ щилъэгъуам.— Нал къута, 264

Бэрэзджхэ я пхъур лъхуарэ щӀалэ цӀыкӀу къыщилъхум, кхъуейплъыжькӀэрыщӀэ хуащӀри щӀалэгъуалэр къызэхуосри аргуэру я дуней гуфӀэгъуэщ, къалъхуам Ахуэмгъуэт фӀащ, дызыхуэныкъуэу къэдгъуэта жыхуаӀэу.— Лъапсэ, 119

дуней егъэлъагъун

Хурикъун, хуэфӀ хъун, уз етын.

Абы къикӀырт: «Ухьэу лӀыгъэ пхэлъмэ, хьэгъуэм къикӀи, сэ дуней уэзмыгъэлъагъумэ, сыбабыщыкъуэ адакъэкъым».— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 476

дуней ӀуэхукӀэ

Дунейм тетыхукӀэ, щыӀэхукӀэ

А тӀур зэбгъурылъу – и лӀыр сэмэгурабгъумкӀэ, и фызыр ижьырабгъумкӀэ щылъу зэдыщӀэлъын я гугъэщ, дуней ӀуэхукӀэ зэнэзэпсэу зэрызэдэпсэуам хуэдэу ахърэтми зэгъусэну— Кхъэлэгъунэ, 379

дунейм зиукъэбзыжын

УэфӀ хъужын.

Ауэрэ, махуэ дэкӀа е махуитӀ дэкӀа, дунейм зиукъэбзыжауэ, пщыхьэщхьэ хуегъэзэкӀи хъуауэ, Дзэшу и пщӀантӀэм «Москвичыжь» цӀыкӀу зэ къэкӀуэгъар, араи, арымыраи къыдэлъэдащ.— КӀапсэ кӀапэ, 11

дунейм ехыжын

ЛӀэн, мыпсэужын.

Хьэжым и щӀэиныр къызыхуигъэнэн зэримыӀэр и жагъуэ хъуурэ дунейм ехыжами, абы къыщӀэна унэри, щӀапӀэри, жэмыжь дэтри сытри Инус и къуэш Нурхьэлий лъысащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 145

+2 örnek

Темыркъан дунейм щехыжам Албиян Мэзкуу щеджэрт— Щынэхужьыкъуэ, 20

Абу- Деруиш шэч лъэпкъ къытрихьэртэкъым и фызыр къанэу езыр япэ дунейм зэрехыжынум— Кхъэлэгъунэ, 379

дуней зэрызехьэ

Хьэлэбэлыкъ, къызэщӀэхъеиныгъэ, къызэрыӀэтыныгъэ, хьэргъэшыргъэ.

Муси мы дуней зэрызехьэм Мэсхьуд гъусэ щищӀи щыӀэт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 632

+1 örnek

Дуней зэрызехьэу Лу щылъынт – ари къахыхьащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 558

дунейр зэтес щӀын

ГъащӀэр, псэукӀэр фӀы щӀын.

Зэрыслъэгъуауэ слъэкӀатэм, ФӀыщӀэр хэт хуейми лърес, Усэ къарукӀэ, си къуэшхэ, Дунейр фхуэсщӀынут зэтес.— СӀыгът кхъуей хъурейуэ сэ мазэр. «Дамыгъэ», 214

дунейр зэфӀэувэжын

ГъащӀэр тэмэм хъужын.

Нэмыцэхэр хэкум зэрырахужрэ зыбжанэ щӀами, дунейр зэфӀэувэжакъым.— МелыӀыч, 447

дунейр зэхэзэрыхьын

Цыжьбанэм и гур къыщӀэгъуащ: – Ей, аращ, дунейр зэхэзэрыхьащ псори.— Кхъухь пхэнж, 495

+1 örnek

– Дунейр зэхэзэрыхьащи, гузэвэгъуэщ, – жиӀэрт ТӀалиб, – убэлэрыгъыну Ӏэмал зимыӀэщ.— Щынэхужьыкъуэ, 14

Еплъ: дуней зэрызехьэ

дунейр зэграбожэ хъун

Умыделэм къыбгурыӀуэн хуейщ дунейр зэграбожэ зэрыхъуар.— Хъуэпсэгъуэ нур, 188

+1 örnek

Дунейр хьэрийкурийщ, зэграбожэщ, узыхэхуэну псыр пщӀэркъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 519

Еплъ: дуней зэрызехьэ

дунейр зэӀубз щӀын

ГъащӀэр гурыӀуэгъуэ, зэхэщӀыкӀыгъуэ щӀын.

Сосрыкъуэ и псалъэм Къазджэрий игъэгупсысащ: – АтӀэ, Лу, уэ Инал къыпщышынэмэ, Инал уэ ущышынэжмэ, ар сыткӀэ нэхъыфӀ? Шынагъэ защӀэкӀэ дунейр зэӀубз пщӀыну ухуежьэмэ, уи пщэ гурыгъыр зэрызыудын ухуэзэнкӀи мэхъу, – жиӀэри— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 612

дунейр зэӀубз хъужын (хъун)

ГъащӀэр гурыӀуэгъуэ, наӀуэ хъун, зэтеувэжын.

Хьэрып къомыр зэакъылэгъу хъурэ ехудийм езэуатэмэ, лъабжьэкӀэ ирахри дунейр зэӀубз хъужат, арщхьэкӀэ дэнэ – я къурмакъейр зэроубыдри зым зыр итхьэлэну и ужь итщ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 403

+2 örnek

[Астемыр:] Степан Ильич дызыхиша Ӏуэхур къыдэхъулӀэм, дунейр зэӀбз хъункъэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 226

«Дунейр зэӀубз хъухукӀэ» жаӀэри адыгэ хасэм я фӀыгъэкӀэ гуэщыжь гуэрым щӀагъэтӀысхьащ къэӀэпхъуа унагъуэри, унэр зейм зыпхыжаӀыкӀ «гуэщыжь мыгъуэми дыхуитыжу щытатэмэ, зыгуэртэкъэ» жаӀэу— Лъапсэ, 391

дунейр зыгуэр хъун

[Степан Ильич Астемыр жриӀэу:] – ӀэнэщӀу умыкӀуэж, лажьэ, апщӀондэхукӀэ дунейри зыгуэр хъунщ, – жиӀэри арат Степан Ильич нэхъ фӀэдахэр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 180

Еплъ: дунейр зэӀубз хъужын (хъун)

дунейр зыӀутыр зэгъэщӀэн

Хъыбар, къэхъуахэр къэщӀэн.

Хьэбибэ Бекъан деж сынэсынщи, дунейр зыӀутыр зэзгъэщӀэнщ, жиӀати, Апчарэ идакъым.— Нал къута, 285

дунейм и къутэжыгъуэ хъун (къэсын)

Дунейр кӀуэдыжыным, гъащӀэ щымыӀэжыным хуэкӀуэн.

Дунейм и къутэжыгъуэ мыхъуауэ си фӀэщ хъуркъым, апхуэдизу цӀыхур гущӀэгъуншэ щыхъуакӀэ – арат Дисэ жэщкӀэ гъуэлъыжмэ, жейм емызэгъыу зэгупсысыр.— ГущӀэгъу, 422

+2 örnek

«Нанэ жиӀэр мыпэжу пӀэрэ, дунейм и къутэжыгъуэ хъуамэ, сыт мыгъуэр ди махуэж», – жиӀэрт игукӀэ Думэсарэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 232

[Чачэ Думэсарэ жриӀэу:] А дыдыд мыгъуэ, дунейм и къутэжыгъуэр къэсащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 239

дуней къутэжыху

Дунейм и кӀэр къэсыху.

Къэрней: Дунейр къутэжыху дэри дыпсэунукъым. Къурш гъащӀэ цӀыхум къаритакъым— Гъуэгуанэ, 103

+1 örnek

Хъыджэбз цӀыкӀухэм укӀытэурэ зашыӀэ, арщхьэкӀэ дунейр къутэжыху зыпхуэшыӀэн— Нэгъуху, 33

дуней къутэжын

1. Дунейм и кӀэр къэсын.

Астемыр зэрыӀуплъэу дихьэхыщати, и ныбжьэгъум тхьэ хуиӀуащ, Думэсарэ фӀэкӀа, дунейр къутэжами, къимышэну.— Хъуэпсэгъуэ нур, 159

2. Хуабжьу Ӏэуэлъэуэн, псори зытрикъутэу, къигъэджэу.

И псы къиугъуэт гъатхэм дежи, Дунейр псы цӀыкӀум икъутэжт— И псы къиугъуэт гъатхэм дежи… Щхьэлыкъуэ, 406

дуней псо

Дыкъэзыухъуреихьыр псори.

Таша еупщӀати [ролыр къыӀихыну] идащ, ауэ Къазджэрий къелъэӀуащ мы щымкӀэ: япэрауэ, школым хъыджэбз цӀыкӀу къащтэмэ, Таша и ролыр зыгуэрым иратыжыну, етӀуанэу, Таша ЦищкӀэ къеджэу мыдыхьэшхыну; ещанэу, Лу: «а си щхьэцыгъуэ цӀыкӀу, уи нитӀым сыщӀэплъэмэ, дуней псор солъагъу, уи макъ зэхэсмэ, уэрэд зэхэсх хуэдэу къысфӀощӀ» жимыӀэну, ар щыжиӀэкӀэ Таша и дыхьэшхын къокӀуэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 618

дунейр и щыпэлъагъуу

Псори фӀэгъэщӀэгъуэну.

Мазэгъуэ дахэщ ныщхьэби, Сабий быдзафэр, дунейр И щыпэлъагъуу, щым хъуауэ, Нэр къилыдыкӀыу доплъейр.— Жэщ мазэгъуэ. «Дамыгъэ», 217

дунейм къытехьэжын

ЦӀыхум къахыхьэжын, къыкъуэкӀыжын.

Деникын и дзэр къракъухьу, я щхьэр псэууэ ди хэкум ирахыжыну зэрызехьэу ЧерноморэмкӀэ щыщӀэпхъуэжым, Мэтхъэнри дунейм къытехьэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 320

+1 örnek

Хуабэ дыдэу щыта махуэри пщыхьэщхьэхуегъэзэкӀ хъуащи, цӀыхур дунейм къытехьэжащ— Аргъуей, 386

дунейр къытекъутэжын

И гъащӀэр иухын, и Ӏуэхур зэӀыхьэн, икӀэ хъун.

А гуащэ ябгэу Зи гыбзэ иным И дуней нэхур Къытокъутэжыр Зэрыщытауэ, Блащхъуэ сурэту Сэтэней гуащэр Къонэр утыкум. «— ЩӀалэгъуалэ щӀыналъэ, 427

дунейм къытехьэн

1. Къалъхун.

Нобэ дунейм къытехьа къудей хуэдэт Астемыр, сэлэт хьэщӀэм жиӀэр апхуэдизкӀэ гурыӀуэгъуэт икӀи ӀупщӀти, сэлэтыр Астемыр и гум къишхыдыкӀ хуэдэт— Хъуэпсэгъуэ нур, 177

+2 örnek

Дунейм къытехьэр къохъу щыгувэ, ТекӀыжрэ – гуфӀэу темыкӀыж— ГъащӀэр ӀэфӀщ. «Дамыгъэ», 97

Псапэ жыхуаӀэр ящыгъупщэжащ, мылӀэжыну дунейм къытехьа хуэдэщ.— ГущӀэгъу, 422

2. Къежьэн, къыкъуэкӀын, цӀыхум къахыхьэн.

3. Къэунэхун, щыӀэ хъун.

Аралъпри дунейм къытехьащ, Астемыр зауэм кӀуауэ хъыбар зыгъэӀуар зэхигъэкӀыну, арщхьэкӀэ старшынэм сыт къыпыпхынт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 159

+2 örnek

ЕгъэджакӀуэр къоджэ: «Адыгэр дунейм къызэрытехьэрэ гъащӀэу ягъэкӀуар илъэс минихым щӀегъур».— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 529

Къару естауэ усэр си гущӀэм Щотэджри, щхьэхуитыныгъэм щӀобэн, Сыпэмылъэщу си псэр яфыщӀу Дунейм нытохьэ сӀэщӀокӀри.— Сэ стиххэм гъэру саӀыгъщ. «Шум и гъуэгу», 116

[и] дуней кӀыхьами кӀэщӀами

Зыгуэрым къигъэщӀар куэдми мащӀэми.

Мэлыхъуэр, и дуней кӀыхьами кӀэщӀами, мэлыхъуэу къигъэнэжынщ, езы мэлыхъуэр мэлым ещхь хъужауэ— Нал къута, 260

дунейр къыщӀэныжын (къыщӀэнын)

ЛӀэн.

[Абу-Дериуш] И щхьэгъусэр зэгупсысыр аратэкъым: – Дунейр Ӏэджэми къащӀэныжащ— Кхъэлэгъунэ, 374

+1 örnek

Ягъэш зэпыту батэкъутэр Дунейр лӀыфӀ дапщэм къащӀэна?— Ягъэш зэпыту батэкъутэр. «Батырыбжьэ», 12

дунейр къутэжа нэужь

Къемэт махуэр къэсыху (куэдрэ зыгуэрым пэплъэн, ежьэн хуей хъуам жраӀэ).

Пэжу, ротмистрым зыкъомрэ сабэ дрипхъеящ, «дунейр къутэжа нэужь мастерыр къыщысынур» жиӀэурэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 237

дунейр къутэжын

1. Хъийм икӀын, егъэлеяуэ зыхъунщӀэн, хъущӀэн.

Гъуумар зимыщӀэжу къэгубжьауэ дунейр икъутэжырт— Хъуэпсэгъуэ нур, 235

2. Ӏэуэлъауэ ин щӀын, макъ ин гъэӀун.

Ростов адэкӀэ дуней къутэжу зауэр щекӀуэкӀырт, хъыбару къэӀум уедаӀуэмэ, уи щхьэфэцым зиӀэтырт.— Щынэхужьыкъуэ, 39

+2 örnek

Зэзэмызэ псыр къиуамэ, дунейр икъутэжу, пэри нэри ехь жыхуаӀэм хуэдэ хъурт— Хъуэпсэгъуэ нур, 50

И псы къиугъуэт гъатхэм дежи, Дунейр псы цӀыкӀум икъутэжт.— И псы къиугъуэт гъатхэм дежи… Щхьэлыкъуэ, 406

дунейр къутэн

Сантьяго-де-Кубэ Зэгъэну хуэмей, Дэзщ цӀыхухэр уэрамым, Якъутэр дунейр— ЦӀыху мурадым и бзу хужь. «Вагъуэ махуэ», 348

+1 örnek

Дунейр икъутэрт гъэмахуэпсым, Бжьыхьэр къэсати мэхъур хуэм— Псы. «Мывэ хуабэ», 274

Еплъ: дунейр къутэжын

дунейр къутэжыху

Къемэтыр къэсыху, игъащӀэкӀэ.

Хъыджэбз цӀыкӀухэм укӀытэурэ зашыӀэ, арщхьэкӀэ дунейр къутэжыху зыпхуэшыӀэн?— Нэгъуху, 33

+1 örnek

Мусэ дунейр къутэжыху Мэсхьуд жиӀэр идэнукъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 507

дунейр къутэху

Дунейм къутэхукӀэ утетыну Уи гугъэм, уи щхьэр къогъэпцӀэж— Ди хэку аргуэру къызогъазэ. «Щхьэлыкъуэ», 379

Еплъ: дунейр къутэжыху

дуней лъагъун

1. Куэд и нэгу щӀэкӀын, куэдым щыгъуэзэн.

Истамбыл зэрыщеджар къыщытщӀэм, ди фӀэщ хъуащ а лӀым дуней зэрилъэгъуар, куэди зэрищӀэр— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 521

+2 örnek

Къэзмай и гъащӀэр къуршым ису игъэкӀуами, дуней мащӀэ илъэгъуатэкъым, партизаныжьт, дзэ зезышэу зэуам ящыщт, езыр къыщамыцӀыху ауз щыӀэтэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591

ЗэкӀуэцӀыкударэ ней-нейуэ зиплъыхьу зэзэмызэ пщӀантӀэм дэтт [Нурхьэлий], гъуэгуанэ Ӏэджэ зэпичу дуней илъэгъуахэм я хъыбари жиӀэртэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 147

2. Тазыр ихьын, ӀэштӀым къытехуэн.

– Эксцесс, мэксцес я не знаю, – жиӀэрт Матренэ, – Жансэхъу е Джонсон, дауэ уэ къызэроджэр, насып уиӀэти, тепщэчым зи натӀэ зэгуиудар Лут, армырмэ дуней плъагъунт— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 551

дунейр нэпцӀщ

Дызытет дунейм пэж щызекӀуэркъым.

Дунейр нэпцӀщ, укъэзыгъапцӀэщ— Кхъэлэгъунэ, 374

[зи] дунейр лъапэ дэгъэзеигъуэ

Зэпымыууэ гугъу ехь, хьэзаб зышэч.

[Хьэбибэ] Бэлыхь мащӀи сшэчакъым, си фэр изыхар къулейсызыгъэрщ, сыбгъэунэхуну арами сщӀэркъым – Дунейр си лъапэдэгъэзеигъуэщ, зы махуэ «уэху» жысӀакъым— Щынэхужьыкъуэ, 28

+2 örnek

Ара мыгъуэкъэ [пщылӀхэр] зи дунейр лъапэ дэгъэзеигъуэр?— Хъуэпсэгъуэ нур, 272

Ташэ жиӀэрт и дунейр лъапэ дэгъэзеигъуэ зыщӀар Иналу— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 534

дуней насып

Узыхуейуэ, узышӀэхъуэпсыну щыӀэ псори.

Езы Хьэкурынэу плъагъум фызи быни игъуэтащи, дуней насыпыр къеуэлӀа къыщохъуж.— Лъапсэ, 99

[си] дуней нэху

ФӀыуэ ялъагъум зэреджэ, зэреубзэ.

[Дэфэрэдж ЛӀыгъур жриӀэу:] Сыпсэу щӀыкӀэ жьэгу пащхьэр къызыхуэзгъэнэн къэпшатэмэ, си дуней нэху, си псэр тыншыжынт— Лъапсэ, 109

+2 örnek

[Хьэбибэ и къуэрылъхум щхьэкӀэ жеӀэ:] Хэт имылъагъунрэт а пцӀащхъуэ цӀыкӀур…а си дуней нэху цӀыкӀур.— Щынэхужьыкъуэ, 32

Куэд дэмыкӀыу Хьэбибэ и гур аргуэру къызэфӀэнащ: – А си Албиян, а си дуней нэху— Щынэхужьыкъуэ, 34

дунейм и пӀалъэ щӀэн

ГъащӀэм фӀыуэ хэщӀыкӀын, куэдым щыгъуэзэн.

Дунейм и пӀалъэ сэри сощӀэр – Ӏэмал щимыӀэм, куэд уощӀэф.— Дунейм и пӀалъэ. «Батырыбжьэ», 19

[и] дуней тетыгъуэ

Зи щӀалэгъуэ, псэугъуэ.

[Дисэ] И къуэ закъуэ мыгъуэри иӀэжатэмэ, и насыптэкъэ, къыхуищӀэшхуэ щымыӀэми, гущӀэгъу къыхуищӀынт, «си анэ» жиӀэнти, арщхьэкӀэ и къару илъыгъуэу, и дуней тетыгъуэу хьэм яшхам хуэдэу кӀуэдащ, илъэсым щӀегъу щагъэкӀуэда щӀыпӀэм «лӀащ» жаӀэу хъыбар къызэрикӀрэ.— ГущӀэгъу, 421

дунейм текӀыжын

1. Еплъ: дунейм ехыжын

Дунейм апхуэдэр щытекӀыжкӀэ, Итхари псынщӀэу кӀэлъыщӀах.— Щхьэхуещэ. «Дамыгъэ», 98

2. КӀуэдыжын, щымыӀэжын.

Дунейм текӀыжын а щӀыпӀэр мыхъуатэмэ, Дэфэрэдж дыгъурыгъум япэщӀэмыхуэнкӀи хъунт— Лъапсэ, 40

дунейр текъутэжын

Ӏэуэлъауэшхуэ зыгуэрым ещӀылӀэн.

Инал дунейр тракъутэжу къофэ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 599

дунейм темыгъэтын

Зыгуэр гъэкӀуэдын, гъэбзэхын.

[Къэрэлъашэ Яфет жриӀэу:] НтӀэ, иджы дунейм тумыгъэт а тӀур [нэчыхьымрэ уэсятымрэ].— Нэгъуху, 49

дунейм темытын

Апхуэдэ (зыгуэр) щымыӀэн.

Кобуловыр, пэжу, щыгъуазэщ Берие 1917 гъэм партым хыхьауэ иригъэтх щхьэкӀэ, ар партым щыхыхьар дэнэ къэна, уеблэмэ хыхьэххауэ зэрыт тхылъ дунейм зэрытемытым.

дунейм тетмитемытми къыфӀэмыӀуэхун (къимыдзэн)

Зыуи къэмылъытэн.

Куэд дэмыкӀыу мэз тӀэкӀур зыгуэрым къигъэхъеящ, зэадэзэкъуэм заущэхуауэ здэщылъым, щыхьыр хуэму, и щхьэр лъагэу иӀэтарэ къаплъэу, и пэщхъыныр ин хъуами, хьэуа зэрыбауэр къемэщӀэкӀыу зэрыщытым гу лъыптэу къалъэгъуащ, щыхь анэм и шыр цӀыкӀури гузэвэгъуэ дунейм тетми темытми къыфӀэмыӀуэху хуэдэу къыкӀэлъыкӀуэрт.— Лъапсэ, 71

+2 örnek

А псор къэзыгупсыса Джэлил дунейм тетми темытми зыми къыфӀэӀуэхуакъым.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 489

Хьэблэ зыхэсым нэмылъ къратри, хьэдагъи ирекӀуэ, нысаши ирехъу, псэ зыӀут нэкӀэ къеплъыркъым, «дауэ ущыт?» жаӀэу зыри къыщӀэупщӀэркъым, дунейм тетми темытми, зыуи кърадзэркъым, и Ӏэ къудей къэзыубыд щыӀэкъым.— ГущӀэгъу, 420

дунейм темыхуэн

Егъэлеяуэ куэдым къыщыщӀидзын, дунейр хуримыкъуу щытын.

Мес, дунейм темыхуэу щыта Къетауи щӀалъхьэжащ…— Лъапсэ, 112

дунейм темыхуэжын

1. Зыгуэр егъэлеяуэ куэду щытын, бэгъуэн.

Абрэджхэр дунейм техуэжыркъым— Хъуэпсэгъуэ нур, 216

2. Удэфэн.

АрщхьэкӀэ гуэгушыхъу Мэзан зэхихат унэгуащэм жиӀари, къыфӀэмыӀуэхуу цыджри хъушэм яхыхьэжащ, бабыщыкъуэ адакъэжьу дунейм темыхуэжым и пӀалъэ къэсауэ къыщӀэкӀынщ, жыхуиӀэу.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 477

3. Егъэлеяуэ, Ӏыхьэлейм икӀауэ (гуфӀэн). гуфӀэгъуэ.

Лут дунейм темыхуэжу гуфӀэр, сыту жыпӀэм иджы Лусанэу джэгур Ташатэкъым, езы Лу зыщӀэхъуэпс Тинэт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 637

+2 örnek

ЗэлӀзэфызыр дунейм темыхуэжу гуфӀэрт, лъэпкъым къупщхьэ хуэхъун, мылъкур къызыхуэнэн Алыхьым къыдитащ, жаӀэрти.— Хъуэпсэгъуэ нур, 95

Хьэбас гуфӀэщауэ дунейм техуэжыртэкъым, и анэр къэкӀуэжамэ, «нэхъыщӀэ дыдэр сэращи, нэлейкӀэ къызоплъыр», жиӀэу.— Къалэн, 430

дунейм техужын

Зэхэзехуэн щӀын, псэупӀэ емытын.

Инус хьэжыуэ Астемыр дунейм тезыхужыну зи мурадым и унэм иджы езы Астемыр щагъэпщкӀуауэ щаӀыгъщ— Хъуэпсэгъуэ нур, 275

+1 örnek

[Щхьэгъусэм:] Исуф къигъэзэжрэ къызэрызгъэпцӀар къищӀэмэ, дунейм сытрихужынщ, псори зи зэраныр сэрауэ жиӀэнщи, къозэуэну хьэзырыпсщ— Лэчымэ, 394

дунейм техун

1. Еплъ: дунейм техужын

[Чачэ:] Ярэби, дунейм щхьэ сытрахурэ, сэ къызэмытхьэкъумэ, щхьэ яшхыр я дзажэ дэмыхьэрэ?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 504

+1 örnek

Псалъэм къыдэкӀуэуи: «Ботэщхэ я закъуэщ зызышыӀэфар, уеблэмэ уэркъ напэри текӀащ», – жаӀэрт, уэркъыр а псалъэм дунейм трихурт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 62

2. Узыр зыгуэрым къехьэлъэкӀыу, узыс къыхигъэзыхьу щытын.

[Сэлэтым:] Уэ си лъакъуэ мыгъуэ! У-уэуууу! Дунейм сытреху!— Хъуэпсэгъуэ нур, 178

дунейм тетын

1. Зыгуэр щыӀэн, плъагъуу, бгъуэту н. къ. щытын.

Мысост игъащӀэми аращ, и бгъэр къригъэкӀыу дунейм тетщ.— Нал къута, 289

+1 örnek

Дунейм цӀыхуу тетыр тӀууэ гуэшащ: иныкъуэр къулейуэ, иныкъуэр къулейсызу— Хъуэпсэгъуэ нур, 267

2. Псэун.

Нэхъапэм [Дэфэрэдж] и щхьэ нэхъ хъума зэрыхъуным елӀалӀэу щытами, иджы нэхъ зэкъуэхуауэ дунейм тетти, гу лъитакъым зыгуэр къыкӀэлъыплъу.— Лъапсэ, 30

дунейм тетыр жыӀэн

ХъущӀэн, шхыдэн.

ЗытӀэкӀурэ псори щыму екӀуэкӀащ, итӀанэ Къылышбийр мафӀэу къызэщӀэнауэ дунейм тетыр жиӀэрт: – Хэт уэ нэмыщӀа дыгъуакӀуэр?— Хъуэпсэгъуэ нур, 117

+2 örnek

Бэлацэ зыхэтам къыхэкӀри фызхэм къахэуващ, Долэт щхьэкӀэ дунейм бзаджэу тетыр жиӀэу— Хъуэпсэгъуэ нур, 255

Чачэ дунейм тетыр жиӀэрт, сурэт зыщӀар ахърэтым щыщӀегъуэжынщ, псэ щхьэ къысхыумылъхьарэ, жиӀэу а сурэтыр къодауэу къэувынщи, жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 638

дунейм техьэн

1. Къалъхун.

«Дунейм утехьэм пфӀэфӀкъэ?» – жаӀэу Уэ укъыщалъхум щыӀэ упщӀэ?— Зыгуэрым жиӀэм емыдаӀуэу. «Мывэ хуабэ», 152

2. Псоми ялъэӀэсын, хэӀущӀыӀу хъун.

Къару естауэ усэр си гущӀэм Щотэджри, щхьэхуитыныгъэм щӀобэн, Сыпэмылъэщу си псэр яфыщӀу Дунейм нытохьэ сӀэщӀокӀри.— Сэ стиххэм гъэру саӀыгъщ. «Шум и гъуэгу», 116

дунейм хэщӀыкӀын

ГъащӀэм, псэукӀэм фӀыуэ щыгуъэзэн.

Джэлил дунейм нэхъ хищӀыкӀырти, зэ еуӀугъуэм къищӀащ: – Мыр, си къуэш, узыхуэмей гуэрщ— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 490

+1 örnek

Уэ шу хахуэр хэт урей, Сыт хэпщӀыкӀыр уэ дунейм?— Елбэздыкъуэ, 8

дуней тхъэгъуэ

Зыхуэныкъуэ щымыӀэу щыпсэу зэман.

Муслъымэным я дуней тхъэгъуэр мащӀэми, я ахърэтыр нэхущ, модрейхэм [джаурхэм] Алыхьыр еуащи, я гъащӀэр дахэми, я ахърэтыр жыхьэнмэщ— Хъуэпсэгъуэ нур, 147

+1 örnek

– Дуней тхээгъуэм зыхуигъафӀэу И унафэр псынщӀэу ещӀ.— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 415

дуней тыншыгъуэ

АрщхьэкӀэ дуней тыншыгъуэр къыплъысами зауэ зэрыщыӀэр, куэд дэкӀами мащӀэ дэкӀами абы кӀуэн зэрыхуейр хэт щыгъупщэнт?— Щынэхужьыкъуэ, 29

Еплъ: дуней тхъэгъуэ

дуней хьэзаб

Гугъуехьу, бэлыхьу щыӀэр.

Тобэ Ӏистофрилэхь, дуней хьэзабыр мыбы я натӀэ щхьэ хъуа, жиӀэу Хьэбибэ и гур мэуз— Нал къута, 211

+2 örnek

Мэжджыт кӀуэцӀым дэтым хьэжыр къащыхыхьэм, дуней хьэзабыр диным папщӀэ ишэчауэ, диным щхьэкӀэ и псэр итыну а фэр зытригъауэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 78

Дуней хьэзабыр яшэчами, ЩӀым щӀэлъыр гугъэу я гур хощӀ: Щыпсэум ӀэфӀ закъуэ яӀухуамэ, Дуней ӀэфӀ хъуауэ лӀам къафӀощӀ.— ЛӀари мэгупсысэ. «Дамыгъэ», 92

дунейр хьын

ГъащӀэр ехьэкӀын, псэун.

ТӀутӀэ зэрыцӀыкӀу лъандэрэ шууэ и дунейр и ихьащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 536

+2 örnek

Къулейсызыгъэм къыхэкӀыурэ унагъуэм исыр зэфӀэнэ-зэкӀужу я дунейр яхь, я хъыджэбз закъуэри дахэ дыдэ хъуну жаӀэ щхьэкӀэ, щыгъын хуейщ.— Лэчымэ, 389

Щам дэс адыгэр джабэм кӀэрысу, Тхьэм щыгугъ защӀэу яхьыр дунейр.— УситӀ, Щам щыстхауэ. «Батырыбжьэ», 75

дунейр ухын

УцӀыкӀуу уи гум ибубыдэр, Дунейр бухыхукӀэ имыхун.— УцӀыкӀу уи гум ибубыдэр. «Вагъуэ махуэ», 83

+1 örnek

[Ӏузизэ Инус жриӀэу:] – Си дуней Ӏыхьэ мыгъуэр сыухащ…— Хъуэпсэгъуэ нур, 68

Еплъ: дунейм ехыжын

дунейм пэжкӀэ тетын

ПцӀы мыупсын, гъэпцӀагъэ земыхьэн.

Дунейм пэжкӀэ утемытынумэ, ущӀытетыххэн щыӀэкъым, жиӀэу арат Дэрдэхь и псэлъафэр, пцӀы зыӀэщӀэкӀ хуэзакъэ – жиӀэнур хьэзырт: улӀу пащӀэ щӀыптетын щыӀэкъым, си къуэш, кӀуэж уи уни, уи пащӀэр егъэупс.— Хьэсэпэхъумэ, 417

дунейр хьэ къарэм ещхьу щытын

ЦӀыхур кӀыфӀыгъэм хэту, еджэкӀэ, тхэкӀэ ямыщӀэу щытын.

[Астемыр жиӀэу:] Дунейр хьэ къарэм ещхьамэ, хьэ къарэм мафӀэ къыщӀэнащи и цыр елыгъуэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 654

дунейр нэм къимыхьыжын

И нэр къыщхьэрипхъкэн, зыри имылъагъужын.

Си закъуэу сыкъанэмэ, зи щхьэ щымыӀэм и шыд хьэм ешх, жыхуаӀэм хуэдэ сыхъуркъэ? – жиӀэу къыдырыр апхуэдизкӀэ зэгуэпати, дунейр и нэм къихьыжыртэкъым, игури зэгуэудырт, зэгуэпыщауэ— Кхъухь пхэнж, 494

Atasözleri (2)

дунейр хьэхущ

Дунейм зэман пыухыкӀакӀэ дытетщ, «псори дылӀэжынущ» мыхьэнэр иӀэу къагъэсэбэп.

Ей, дунейри хьэхущ, хуэмыхури куэдщ, фӀыр дэ тхуэдэ зырызщ, – жиӀэри нетӀэрей жьэрэӀурэм псори игъэдыхьэшхащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 60

дунейр шэрхъщи мэкӀэрахъуэ

Псори чэзущ, псоми зехъуэж жыхуиӀэщ.

«Дунейр шэрхъщи – мэкӀэрахъуэ», жиӀэу Астемыр и псалъафэр Думэсарэ и гум къэкӀыжащ, ди натӀэ илъым дыхуэзэнщ, жиӀащ абы игукӀэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 239

+1 örnek

ЦӀыхухъу щӀагъуэ къуажэм къыдэнатэкъыми, лэжьыгъэри тэмэм мыхъуу, цӀыхубзхэр зэхуэсрэ зэхуэтхьэусыхэу, Чачи зэрылъэкӀкӀэ унафэ ищӀу, абы къедаӀуэри нэхъыбэжу, дунейр шэрхъщи – мэкӀэрахъуэ, жыхуаӀэр арати, уи нэр темыпыӀэу кӀэрахъуэу хуежьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 268

Kitapta geçtiği hali

ДУНЕЙ (188). 1. (139). Уафэмрэ щӀылъэмрэ я зэхуакум щыӀэ псори; щӀы хъурейр. Гъэмахуэ бадзэуэгъуэ хъуауэ дунейр исыжырт, джэдхэр джабэкӀэ сабэм хэлъу махуэр ягъакӀуэрт, хьэхэр ду щӀагъым щӀэпщхьауэ къыщӀэкӀыртэкъым, жыг хадэм уихьэмэ, жыг тхьэмпэхэр мыхъейуэ, кхъужь, мыӀэрысэ, пхъэгулъ сытхэр сабэм иуауэ щӀахъумэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 270. Сэнтхым дэкӀыу гъуэгур егъэзыхыпӀэ щыхъум, мазэр къыщӀэкӀри дунейр нэху къищӀащ, тенджыз дыдэр бдзапцӀэ гъэткӀуам ещхьу плъагъуу. Лъапсэ, 35. И закъуэпцӀийуэ къытенат, Дунейм зы цӀыхуи щымыӀэжу. ПщӀыхьэпӀэ. «Мывэ хуабэ», 53. 2. (35). ГъащӀэ. Абы и хъыбар уэ зэхэпха, сэ зэхэсха – хэӀущӀыӀу хъуауэ къыщӀэкӀынти, зауэ къыщыхъейм Ӏэтащхьэхэм я унафэкӀэ хьэпсым ис лӀыр ираджащ, абы хуэдэ лӀы ахъырзэманкъэ дызыхуэныкъуэр, зауэ-банэу дунейр щихькӀэ, дзэм къыхэдывгъаши, ирезауэ жыхуаӀэу. Лыгъэ, 409. И дунейр кӀыхьами-кӀэщӀами дыгъуэгъуакӀуэм хэмытыжыну тхьэ иӀуауэ щытми, и псалъэм епцӀыжри Жыраслъэн шы идыгъуащ, жиӀэри Нахъуэ къыщӀидзащ, Жыраслъэн зиш идыгъуар жылэм ямыщӀэ хуэдэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 646–647. [Инус Астемыр жриӀэу:] Уи дунейр хьэсэпэхъумэу пхьыну? Хъуэпсэгъуэ нур, 64. 3. (15). Зэман пыухыкӀам, щӀыпӀэ хэхам ехьэлӀауэ атмосферэм и щытыкӀэр. Дунейр уаети, цӀыху зэхэтым загъэшырт, я пэр пыущхъуэнтӀыкӀауэ, итӀани, старшынэм фызэбгрымыкӀ, жиӀати, зэхэтт Щэрдан Берд пэплъэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 290. Дунейр кӀэгъэпшагъэ щхьэкӀэ, нэмыцэ къухьлъатэр нэхъ къэлъэтэрей хъуащ. Нал къута, 275. Жэщым уэс тӀэкӀу къесауэ дунейр щӀыӀэт. МелыӀыч, 444. ◊ [Си] дуней закъуэ (1). ФӀыуэ ялъагъу, ягъафӀэ цӀыхум жраӀэ. [Ӏурарэ Инал жриӀэу:] Си ерыскъы пшхари уи хьэлэлщ, си дуней закъуэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 585. Дунейр бгынэн (1). ЗыщӀыпӀэ кӀуэн, зэман гуэркӀэ къэтын. Сэ фыкъысхуейуэ сывмыгъуэтмэ, Дунейр збгынауэ фи мыгугъэ. Сэ фыкъысхуейуэ. «Дамыгъэ», 206. Дунейр дэгъэзеигъуэу хьын (1). Зэпымычу гугъу ехьын. ДунейкӀэ цӀыхум жыхьэнэмэкӀэ хуэупсам и гъуэгу дахэ хъунукъым, лъэпэрапэ защӀэу, и кӀэтӀийр и вакъэ лъэпсу, и дунейр дэгъэзеигъуэ защӀэу Алыхьым къыхуиуха дыдэм «шокъу» жиӀэу хуэзэнущ. ГущӀэгъу, 425. [И] дуней гуфӀэгъуэщ (11). Егъэлеяуэ мэгуфӀэ, гуфӀэгъуэм зэрехьэ. Хуабжьу гуфӀэн, гукъыдэж иӀэн. Лусанэ и дуней гуфӀэгъуэщ, и анэр гъыуэ дурэшым дэсми. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 670. Локотош и дуней гуфӀэгъуэт, Апчарэ къэкӀуауэ щилъэгъуам. Нал къута, 264. Бэрэзджхэ я пхъур лъхуарэ щӀалэ цӀыкӀу къыщилъхум, кхъуейплъыжькӀэрыщӀэ хуащӀри щӀалэгъуалэр къызэхуосри аргуэру я дуней гуфӀэгъуэщ, къалъхуам Ахуэмгъуэт фӀащ, дызыхуэныкъуэу къэдгъуэта жыхуаӀэу. Лъапсэ, 119. Дуней егъэлъагъун (1). Хурикъун, хуэфӀ хъун, уз етын. Абы къикӀырт: «Ухьэу лӀыгъэ пхэлъмэ, хьэгъуэм къикӀи, сэ дуней уэзмыгъэлъагъумэ, сыбабыщыкъуэ адакъэкъым». Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 476. Дуней ӀуэхукӀэ (1). Дунейм тетыхукӀэ, щыӀэхукӀэ. А тӀур зэбгъурылъу – и лӀыр сэмэгурабгъумкӀэ, и фызыр ижьырабгъумкӀэ щылъу зэдыщӀэлъын я гугъэщ, дуней ӀуэхукӀэ зэнэзэпсэу зэрызэдэпсэуам хуэдэу ахърэтми зэгъусэну. Кхъэлэгъунэ, 379. Дунейм зиукъэбзыжын (1). УэфӀ хъужын. Ауэрэ, махуэ дэкӀа е махуитӀ дэкӀа, дунейм зиукъэбзыжауэ, пщыхьэщхьэ хуегъэзэкӀи хъуауэ, Дзэшу и пщӀантӀэм «Москвичыжь» цӀыкӀу зэ къэкӀуэгъар, араи, арымыраи къыдэлъэдащ. КӀапсэ кӀапэ, 11. Дунейм ехыжын (39). ЛӀэн, мыпсэужын. Хьэжым и щӀэиныр къызыхуигъэнэн зэримыӀэр и жагъуэ хъуурэ дунейм ехыжами, абы къыщӀэна унэри, щӀапӀэри, жэмыжь дэтри сытри Инус и къуэш Нурхьэлий лъысащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 145. Темыркъан дунейм щехыжам Албиян Мэзкуу щеджэрт. Щынэхужьыкъуэ, 20. Абу- Деруиш шэч лъэпкъ къытрихьэртэкъым и фызыр къанэу езыр япэ дунейм зэрехыжынум. Кхъэлэгъунэ, 379. Дуней зэрызехьэ (2). Хьэлэбэлыкъ, къызэщӀэхъеиныгъэ, къызэрыӀэтыныгъэ, хьэргъэшыргъэ. Муси мы дуней зэрызехьэм Мэсхьуд гъусэ щищӀи щыӀэт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 632. Дуней зэрызехьэу Лу щылъынт – ари къахыхьащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 558. Дунейр зэтес щӀын (1). ГъащӀэр, псэукӀэр фӀы щӀын. Зэрыслъэгъуауэ слъэкӀатэм, ФӀыщӀэр хэт хуейми лърес, Усэ къарукӀэ, си къуэшхэ, Дунейр фхуэсщӀынут зэтес. СӀыгът кхъуей хъурейуэ сэ мазэр. «Дамыгъэ», 214. Дунейр зэфӀэувэжын (1). ГъащӀэр тэмэм хъужын. Нэмыцэхэр хэкум зэрырахужрэ зыбжанэ щӀами, дунейр зэфӀэувэжакъым. МелыӀыч, 447. Дунейр зэхэзэрыхьын (2). Еплъ дуней зэрызехьэ. Цыжьбанэм и гур къыщӀэгъуащ: – Ей, аращ, дунейр зэхэзэрыхьащ псори. Кхъухь пхэнж, 495. – Дунейр зэхэзэрыхьащи, гузэвэгъуэщ, – жиӀэрт ТӀалиб, – убэлэрыгъыну Ӏэмал зимыӀэщ. Щынэхужьыкъуэ, 14. Дунейр зэграбожэ хъун (1). Еплъ дуней зэрызехьэ. Умыделэм къыбгурыӀуэн хуейщ дунейр зэграбожэ зэрыхъуар. Хъуэпсэгъуэ нур, 188. Дунейр хьэрийкурийщ, зэграбожэщ, узыхэхуэну псыр пщӀэркъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 519. Дунейр зэӀубз щӀын (1). ГъащӀэр гурыӀуэгъуэ, зэхэщӀыкӀыгъуэ щӀын. Сосрыкъуэ и псалъэм Къазджэрий игъэгупсысащ: – АтӀэ, Лу, уэ Инал къыпщышынэмэ, Инал уэ ущышынэжмэ, ар сыткӀэ нэхъыфӀ? Шынагъэ защӀэкӀэ дунейр зэӀубз пщӀыну ухуежьэмэ, уи пщэ гурыгъыр зэрызыудын ухуэзэнкӀи мэхъу, – жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 612. Дунейр зэӀубз хъужын (хъун) (2). ГъащӀэр гурыӀуэгъуэ, наӀуэ хъун, зэтеувэжын. Хьэрып къомыр зэакъылэгъу хъурэ ехудийм езэуатэмэ, лъабжьэкӀэ ирахри дунейр зэӀубз хъужат, арщхьэкӀэ дэнэ – я къурмакъейр зэроубыдри зым зыр итхьэлэну и ужь итщ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 403. [Астемыр:] Степан Ильич дызыхиша Ӏуэхур къыдэхъулӀэм, дунейр зэӀбз хъункъэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 226. «Дунейр зэӀубз хъухукӀэ» жаӀэри адыгэ хасэм я фӀыгъэкӀэ гуэщыжь гуэрым щӀагъэтӀысхьащ къэӀэпхъуа унагъуэри, унэр зейм зыпхыжаӀыкӀ «гуэщыжь мыгъуэми дыхуитыжу щытатэмэ, зыгуэртэкъэ» жаӀэу. Лъапсэ, 391. Дунейр зыгуэр хъун (1). Еплъ дунейр зэӀубз хъужын (хъун). [Степан Ильич Астемыр жриӀэу:] – ӀэнэщӀу умыкӀуэж, лажьэ, апщӀондэхукӀэ дунейри зыгуэр хъунщ, – жиӀэри арат Степан Ильич нэхъ фӀэдахэр. Хъуэпсэгъуэ нур, 180. Дунейр зыӀутыр зэгъэщӀэн (1). Хъыбар, къэхъуахэр къэщӀэн. Хьэбибэ Бекъан деж сынэсынщи, дунейр зыӀутыр зэзгъэщӀэнщ, жиӀати, Апчарэ идакъым. Нал къута, 285. Дунейм и къутэжыгъуэ хъун (къэсын) (3). Дунейр кӀуэдыжыным, гъащӀэ щымыӀэжыным хуэкӀуэн. Дунейм и къутэжыгъуэ мыхъуауэ си фӀэщ хъуркъым, апхуэдизу цӀыхур гущӀэгъуншэ щыхъуакӀэ – арат Дисэ жэщкӀэ гъуэлъыжмэ, жейм емызэгъыу зэгупсысыр. ГущӀэгъу, 422. «Нанэ жиӀэр мыпэжу пӀэрэ, дунейм и къутэжыгъуэ хъуамэ, сыт мыгъуэр ди махуэж», – жиӀэрт игукӀэ Думэсарэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 232. [Чачэ Думэсарэ жриӀэу:] А дыдыд мыгъуэ, дунейм и къутэжыгъуэр къэсащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 239. Дуней къутэжыху (3). Дунейм и кӀэр къэсыху. Къэрней: Дунейр къутэжыху дэри дыпсэунукъым. Къурш гъащӀэ цӀыхум къаритакъым. Гъуэгуанэ, 103. Хъыджэбз цӀыкӀухэм укӀытэурэ зашыӀэ, арщхьэкӀэ дунейр къутэжыху зыпхуэшыӀэн? Нэгъуху, 33. Дуней къутэжын (3). 1. (1). Дунейм и кӀэр къэсын. Астемыр зэрыӀуплъэу дихьэхыщати, и ныбжьэгъум тхьэ хуиӀуащ, Думэсарэ фӀэкӀа, дунейр къутэжами, къимышэну. Хъуэпсэгъуэ нур, 159. 2. (1). Хуабжьу Ӏэуэлъэуэн, псори зытрикъутэу, къигъэджэу. И псы къиугъуэт гъатхэм дежи, Дунейр псы цӀыкӀум икъутэжт. И псы къиугъуэт гъатхэм дежи… «Щхьэлыкъуэ», 406. Дуней псо (1). Дыкъэзыухъуреихьыр псори. Таша еупщӀати [ролыр къыӀихыну] идащ, ауэ Къазджэрий къелъэӀуащ мы щымкӀэ: япэрауэ, школым хъыджэбз цӀыкӀу къащтэмэ, Таша и ролыр зыгуэрым иратыжыну, етӀуанэу, Таша ЦищкӀэ къеджэу мыдыхьэшхыну; ещанэу, Лу: «а си щхьэцыгъуэ цӀыкӀу, уи нитӀым сыщӀэплъэмэ, дуней псор солъагъу, уи макъ зэхэсмэ, уэрэд зэхэсх хуэдэу къысфӀощӀ» жимыӀэну, ар щыжиӀэкӀэ Таша и дыхьэшхын къокӀуэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 618. Дунейр и щыпэлъагъуу (1). Псори фӀэгъэщӀэгъуэну. Мазэгъуэ дахэщ ныщхьэби, Сабий быдзафэр, дунейр И щыпэлъагъуу, щым хъуауэ, Нэр къилыдыкӀыу доплъейр. Жэщ мазэгъуэ. «Дамыгъэ», 217. Дунейм къытехьэжын (2). ЦӀыхум къахыхьэжын, къыкъуэкӀыжын. Деникын и дзэр къракъухьу, я щхьэр псэууэ ди хэкум ирахыжыну зэрызехьэу ЧерноморэмкӀэ щыщӀэпхъуэжым, Мэтхъэнри дунейм къытехьэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 320. Хуабэ дыдэу щыта махуэри пщыхьэщхьэхуегъэзэкӀ хъуащи, цӀыхур дунейм къытехьэжащ. Аргъуей, 386. Дунейр къытекъутэжын (1). И гъащӀэр иухын, и Ӏуэхур зэӀыхьэн, икӀэ хъун. А гуащэ ябгэу Зи гыбзэ иным И дуней нэхур Къытокъутэжыр Зэрыщытауэ, Блащхъуэ сурэту Сэтэней гуащэр Къонэр утыкум. «ЩӀалэгъуалэ щӀыналъэ», 427. Дунейм къытехьэн (18). 1. (12). Къалъхун. Нобэ дунейм къытехьа къудей хуэдэт Астемыр, сэлэт хьэщӀэм жиӀэр апхуэдизкӀэ гурыӀуэгъуэт икӀи ӀупщӀти, сэлэтыр Астемыр и гум къишхыдыкӀ хуэдэт. Хъуэпсэгъуэ нур, 177. Дунейм къытехьэр къохъу щыгувэ, ТекӀыжрэ – гуфӀэу темыкӀыж. ГъащӀэр ӀэфӀщ. «Дамыгъэ», 97. Псапэ жыхуаӀэр ящыгъупщэжащ, мылӀэжыну дунейм къытехьа хуэдэщ. ГущӀэгъу, 422. 2. (3). Къежьэн, къыкъуэкӀын, цӀыхум къахыхьэн. 3. (3). Къэунэхун, щыӀэ хъун. Аралъпри дунейм къытехьащ, Астемыр зауэм кӀуауэ хъыбар зыгъэӀуар зэхигъэкӀыну, арщхьэкӀэ старшынэм сыт къыпыпхынт. Хъуэпсэгъуэ нур, 159. ЕгъэджакӀуэр къоджэ: «Адыгэр дунейм къызэрытехьэрэ гъащӀэу ягъэкӀуар илъэс минихым щӀегъур». Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 529. Къару естауэ усэр си гущӀэм Щотэджри, щхьэхуитыныгъэм щӀобэн, Сыпэмылъэщу си псэр яфыщӀу Дунейм нытохьэ сӀэщӀокӀри. Сэ стиххэм гъэру саӀыгъщ. «Шум и гъуэгу», 116. [И] дуней кӀыхьами кӀэщӀами (1). Зыгуэрым къигъэщӀар куэдми мащӀэми. Мэлыхъуэр, и дуней кӀыхьами кӀэщӀами, мэлыхъуэу къигъэнэжынщ, езы мэлыхъуэр мэлым ещхь хъужауэ. Нал къута, 260. Дунейр къыщӀэныжын (къыщӀэнын) (2). ЛӀэн. [Абу-Дериуш] И щхьэгъусэр зэгупсысыр аратэкъым: – Дунейр Ӏэджэми къащӀэныжащ. Кхъэлэгъунэ, 374. Ягъэш зэпыту батэкъутэр Дунейр лӀыфӀ дапщэм къащӀэна? Ягъэш зэпыту батэкъутэр. «Батырыбжьэ», 12. Дунейр къутэжа нэужь (1). Къемэт махуэр къэсыху (куэдрэ зыгуэрым пэплъэн, ежьэн хуей хъуам жраӀэ). Пэжу, ротмистрым зыкъомрэ сабэ дрипхъеящ, «дунейр къутэжа нэужь мастерыр къыщысынур» жиӀэурэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 237. Дунейр къутэжын (15). 1. (3). Хъийм икӀын, егъэлеяуэ зыхъунщӀэн, хъущӀэн. Гъуумар зимыщӀэжу къэгубжьауэ дунейр икъутэжырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 235. 2. (11). Ӏэуэлъауэ ин щӀын, макъ ин гъэӀун. Ростов адэкӀэ дуней къутэжу зауэр щекӀуэкӀырт, хъыбару къэӀум уедаӀуэмэ, уи щхьэфэцым зиӀэтырт. Щынэхужьыкъуэ, 39. Зэзэмызэ псыр къиуамэ, дунейр икъутэжу, пэри нэри ехь жыхуаӀэм хуэдэ хъурт. Хъуэпсэгъуэ нур, 50. И псы къиугъуэт гъатхэм дежи, Дунейр псы цӀыкӀум икъутэжт. И псы къиугъуэт гъатхэм дежи… «Щхьэлыкъуэ», 406. Дунейр къутэн (3). Еплъ дунейр къутэжын. Сантьяго-де-Кубэ Зэгъэну хуэмей, Дэзщ цӀыхухэр уэрамым, Якъутэр дунейр. ЦӀыху мурадым и бзу хужь. «Вагъуэ махуэ», 348. Дунейр икъутэрт гъэмахуэпсым, Бжьыхьэр къэсати мэхъур хуэм. Псы. «Мывэ хуабэ», 274. Дунейр къутэжыху (16). Къемэтыр къэсыху, игъащӀэкӀэ. Хъыджэбз цӀыкӀухэм укӀытэурэ зашыӀэ, арщхьэкӀэ дунейр къутэжыху зыпхуэшыӀэн? Нэгъуху, 33. Мусэ дунейр къутэжыху Мэсхьуд жиӀэр идэнукъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 507. Дунейр къутэху (1). Еплъ дунейр къутэжыху. Дунейм къутэхукӀэ утетыну Уи гугъэм, уи щхьэр къогъэпцӀэж. Ди хэку аргуэру къызогъазэ. «Щхьэлыкъуэ», 379. Дуней лъагъун (7). 1. (6). Куэд и нэгу щӀэкӀын, куэдым щыгъуэзэн. Истамбыл зэрыщеджар къыщытщӀэм, ди фӀэщ хъуащ а лӀым дуней зэрилъэгъуар, куэди зэрищӀэр. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 521. Къэзмай и гъащӀэр къуршым ису игъэкӀуами, дуней мащӀэ илъэгъуатэкъым, партизаныжьт, дзэ зезышэу зэуам ящыщт, езыр къыщамыцӀыху ауз щыӀэтэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591. ЗэкӀуэцӀыкударэ ней-нейуэ зиплъыхьу зэзэмызэ пщӀантӀэм дэтт [Нурхьэлий], гъуэгуанэ Ӏэджэ зэпичу дуней илъэгъуахэм я хъыбари жиӀэртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 147. 2. (1). Тазыр ихьын, ӀэштӀым къытехуэн. – Эксцесс, мэксцес я не знаю, – жиӀэрт Матренэ, – Жансэхъу е Джонсон, дауэ уэ къызэроджэр, насып уиӀэти, тепщэчым зи натӀэ зэгуиудар Лут, армырмэ дуней плъагъунт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 551. Дунейр нэпцӀщ (1). Дызытет дунейм пэж щызекӀуэркъым. Дунейр нэпцӀщ, укъэзыгъапцӀэщ… Кхъэлэгъунэ, 374. [Зи] дунейр лъапэ дэгъэзеигъуэ (2). Зэпымыууэ гугъу ехь, хьэзаб зышэч. [Хьэбибэ] Бэлыхь мащӀи сшэчакъым, си фэр изыхар къулейсызыгъэрщ, сыбгъэунэхуну арами сщӀэркъым – Дунейр си лъапэдэгъэзеигъуэщ, зы махуэ «уэху» жысӀакъым. Щынэхужьыкъуэ, 28. Ара мыгъуэкъэ [пщылӀхэр] зи дунейр лъапэ дэгъэзеигъуэр? Хъуэпсэгъуэ нур, 272. Ташэ жиӀэрт и дунейр лъапэ дэгъэзеигъуэ зыщӀар Иналу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 534. Дуней насып (1). Узыхуейуэ, узышӀэхъуэпсыну щыӀэ псори. Езы Хьэкурынэу плъагъум фызи быни игъуэтащи, дуней насыпыр къеуэлӀа къыщохъуж. Лъапсэ, 99. [Си] дуней нэху (6). ФӀыуэ ялъагъум зэреджэ, зэреубзэ. [Дэфэрэдж ЛӀыгъур жриӀэу:] Сыпсэу щӀыкӀэ жьэгу пащхьэр къызыхуэзгъэнэн къэпшатэмэ, си дуней нэху, си псэр тыншыжынт. Лъапсэ, 109. [Хьэбибэ и къуэрылъхум щхьэкӀэ жеӀэ:] Хэт имылъагъунрэт а пцӀащхъуэ цӀыкӀур…а си дуней нэху цӀыкӀур. Щынэхужьыкъуэ, 32. Куэд дэмыкӀыу Хьэбибэ и гур аргуэру къызэфӀэнащ: – А си Албиян, а си дуней нэху. Щынэхужьыкъуэ, 34. Дунейм и пӀалъэ щӀэн (4). ГъащӀэм фӀыуэ хэщӀыкӀын, куэдым щыгъуэзэн. Дунейм и пӀалъэ сэри сощӀэр – Ӏэмал щимыӀэм, куэд уощӀэф. Дунейм и пӀалъэ. «Батырыбжьэ», 19. [И] дуней тетыгъуэ (1). Зи щӀалэгъуэ, псэугъуэ. [Дисэ] И къуэ закъуэ мыгъуэри иӀэжатэмэ, и насыптэкъэ, къыхуищӀэшхуэ щымыӀэми, гущӀэгъу къыхуищӀынт, «си анэ» жиӀэнти, арщхьэкӀэ и къару илъыгъуэу, и дуней тетыгъуэу хьэм яшхам хуэдэу кӀуэдащ, илъэсым щӀегъу щагъэкӀуэда щӀыпӀэм «лӀащ» жаӀэу хъыбар къызэрикӀрэ. ГущӀэгъу, 421. Дунейм текӀыжын (2). 1. (1). Еплъ дунейм ехыжын. Дунейм апхуэдэр щытекӀыжкӀэ, Итхари псынщӀэу кӀэлъыщӀах. Щхьэхуещэ. «Дамыгъэ», 98. 2. (1). КӀуэдыжын, щымыӀэжын. Дунейм текӀыжын а щӀыпӀэр мыхъуатэмэ, Дэфэрэдж дыгъурыгъум япэщӀэмыхуэнкӀи хъунт. Лъапсэ, 40. Дунейр текъутэжын (1). Ӏэуэлъауэшхуэ зыгуэрым ещӀылӀэн. Инал дунейр тракъутэжу къофэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 599. Дунейм темыгъэтын (1). Зыгуэр гъэкӀуэдын, гъэбзэхын. [Къэрэлъашэ Яфет жриӀэу:] НтӀэ, иджы дунейм тумыгъэт а тӀур [нэчыхьымрэ уэсятымрэ]. Нэгъуху, 49. Дунейм темытын (1). Апхуэдэ (зыгуэр) щымыӀэн. Кобуловыр, пэжу, щыгъуазэщ Берие 1917 гъэм партым хыхьауэ иригъэтх щхьэкӀэ, ар партым щыхыхьар дэнэ къэна, уеблэмэ хыхьэххауэ зэрыт тхылъ дунейм зэрытемытым. Дунейм тетмитемытми къыфӀэмыӀуэхун (къимыдзэн) (1). Зыуи къэмылъытэн. Куэд дэмыкӀыу мэз тӀэкӀур зыгуэрым къигъэхъеящ, зэадэзэкъуэм заущэхуауэ здэщылъым, щыхьыр хуэму, и щхьэр лъагэу иӀэтарэ къаплъэу, и пэщхъыныр ин хъуами, хьэуа зэрыбауэр къемэщӀэкӀыу зэрыщытым гу лъыптэу къалъэгъуащ, щыхь анэм и шыр цӀыкӀури гузэвэгъуэ дунейм тетми темытми къыфӀэмыӀуэху хуэдэу къыкӀэлъыкӀуэрт. Лъапсэ, 71. А псор къэзыгупсыса Джэлил дунейм тетми темытми зыми къыфӀэӀуэхуакъым. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 489. Хьэблэ зыхэсым нэмылъ къратри, хьэдагъи ирекӀуэ, нысаши ирехъу, псэ зыӀут нэкӀэ къеплъыркъым, «дауэ ущыт?» жаӀэу зыри къыщӀэупщӀэркъым, дунейм тетми темытми, зыуи кърадзэркъым, и Ӏэ къудей къэзыубыд щыӀэкъым. ГущӀэгъу, 420. Дунейм темыхуэн (1). Егъэлеяуэ куэдым къыщыщӀидзын, дунейр хуримыкъуу щытын. Мес, дунейм темыхуэу щыта Къетауи щӀалъхьэжащ…Лъапсэ, 112. Дунейм темыхуэжын (9). 1. (2). Зыгуэр егъэлеяуэ куэду щытын, бэгъуэн. Абрэджхэр дунейм техуэжыркъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 216. 2. (2). Удэфэн. АрщхьэкӀэ гуэгушыхъу Мэзан зэхихат унэгуащэм жиӀари, къыфӀэмыӀуэхуу цыджри хъушэм яхыхьэжащ, бабыщыкъуэ адакъэжьу дунейм темыхуэжым и пӀалъэ къэсауэ къыщӀэкӀынщ, жыхуиӀэу. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 477. 3. (5). Егъэлеяуэ, Ӏыхьэлейм икӀауэ (гуфӀэн). гуфӀэгъуэ. Лут дунейм темыхуэжу гуфӀэр, сыту жыпӀэм иджы Лусанэу джэгур Ташатэкъым, езы Лу зыщӀэхъуэпс Тинэт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 637. ЗэлӀзэфызыр дунейм темыхуэжу гуфӀэрт, лъэпкъым къупщхьэ хуэхъун, мылъкур къызыхуэнэн Алыхьым къыдитащ, жаӀэрти. Хъуэпсэгъуэ нур, 95. Хьэбас гуфӀэщауэ дунейм техуэжыртэкъым, и анэр къэкӀуэжамэ, «нэхъыщӀэ дыдэр сэращи, нэлейкӀэ къызоплъыр», жиӀэу. Къалэн, 430. Дунейм техужын (2). Зэхэзехуэн щӀын, псэупӀэ емытын. Инус хьэжыуэ Астемыр дунейм тезыхужыну зи мурадым и унэм иджы езы Астемыр щагъэпщкӀуауэ щаӀыгъщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 275. [Щхьэгъусэм:] Исуф къигъэзэжрэ къызэрызгъэпцӀар къищӀэмэ, дунейм сытрихужынщ, псори зи зэраныр сэрауэ жиӀэнщи, къозэуэну хьэзырыпсщ. Лэчымэ, 394. Дунейм техун (3). 1. (1). Еплъ дунейм техужын. [Чачэ:] Ярэби, дунейм щхьэ сытрахурэ, сэ къызэмытхьэкъумэ, щхьэ яшхыр я дзажэ дэмыхьэрэ? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 504. Псалъэм къыдэкӀуэуи: «Ботэщхэ я закъуэщ зызышыӀэфар, уеблэмэ уэркъ напэри текӀащ», – жаӀэрт, уэркъыр а псалъэм дунейм трихурт. Хъуэпсэгъуэ нур, 62. 2. (1). Узыр зыгуэрым къехьэлъэкӀыу, узыс къыхигъэзыхьу щытын. [Сэлэтым:] Уэ си лъакъуэ мыгъуэ! У-уэуууу! Дунейм сытреху! Хъуэпсэгъуэ нур, 178. Дунейм тетын (76). 1. (73). Зыгуэр щыӀэн, плъагъуу, бгъуэту н. къ. щытын. Мысост игъащӀэми аращ, и бгъэр къригъэкӀыу дунейм тетщ. Нал къута, 289. Дунейм цӀыхуу тетыр тӀууэ гуэшащ: иныкъуэр къулейуэ, иныкъуэр къулейсызу. Хъуэпсэгъуэ нур, 267. 2. (3). Псэун. Нэхъапэм [Дэфэрэдж] и щхьэ нэхъ хъума зэрыхъуным елӀалӀэу щытами, иджы нэхъ зэкъуэхуауэ дунейм тетти, гу лъитакъым зыгуэр къыкӀэлъыплъу. Лъапсэ, 30. Дунейм тетыр жыӀэн (3). ХъущӀэн, шхыдэн. ЗытӀэкӀурэ псори щыму екӀуэкӀащ, итӀанэ Къылышбийр мафӀэу къызэщӀэнауэ дунейм тетыр жиӀэрт: – Хэт уэ нэмыщӀа дыгъуакӀуэр? Хъуэпсэгъуэ нур, 117. Бэлацэ зыхэтам къыхэкӀри фызхэм къахэуващ, Долэт щхьэкӀэ дунейм бзаджэу тетыр жиӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 255. Чачэ дунейм тетыр жиӀэрт, сурэт зыщӀар ахърэтым щыщӀегъуэжынщ, псэ щхьэ къысхыумылъхьарэ, жиӀэу а сурэтыр къодауэу къэувынщи, жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 638. Дунейм техьэн (2). 1. (1). Къалъхун. «Дунейм утехьэм пфӀэфӀкъэ?» – жаӀэу Уэ укъыщалъхум щыӀэ упщӀэ? Зыгуэрым жиӀэм емыдаӀуэу. «Мывэ хуабэ», 152. 2. (1). Псоми ялъэӀэсын, хэӀущӀыӀу хъун. Къару естауэ усэр си гущӀэм Щотэджри, щхьэхуитыныгъэм щӀобэн, Сыпэмылъэщу си псэр яфыщӀу Дунейм нытохьэ сӀэщӀокӀри. Сэ стиххэм гъэру саӀыгъщ. «Шум и гъуэгу», 116. Дунейм хэщӀыкӀын (2). ГъащӀэм, псэукӀэм фӀыуэ щыгуъэзэн. Джэлил дунейм нэхъ хищӀыкӀырти, зэ еуӀугъуэм къищӀащ: – Мыр, си къуэш, узыхуэмей гуэрщ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 490. Уэ шу хахуэр хэт урей, Сыт хэпщӀыкӀыр уэ дунейм? «Елбэздыкъуэ», 8. Дуней тхъэгъуэ (2). Зыхуэныкъуэ щымыӀэу щыпсэу зэман. Муслъымэным я дуней тхъэгъуэр мащӀэми, я ахърэтыр нэхущ, модрейхэм [джаурхэм] Алыхьыр еуащи, я гъащӀэр дахэми, я ахърэтыр жыхьэнмэщ…Хъуэпсэгъуэ нур, 147. – Дуней тхээгъуэм зыхуигъафӀэу И унафэр псынщӀэу ещӀ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 415. Дуней тыншыгъуэ (1). Еплъ дуней тхъэгъуэ. АрщхьэкӀэ дуней тыншыгъуэр къыплъысами зауэ зэрыщыӀэр, куэд дэкӀами мащӀэ дэкӀами абы кӀуэн зэрыхуейр хэт щыгъупщэнт? Щынэхужьыкъуэ, 29. Дуней хьэзаб (4). Гугъуехьу, бэлыхьу щыӀэр. Тобэ Ӏистофрилэхь, дуней хьэзабыр мыбы я натӀэ щхьэ хъуа, жиӀэу Хьэбибэ и гур мэуз. Нал къута, 211. Мэжджыт кӀуэцӀым дэтым хьэжыр къащыхыхьэм, дуней хьэзабыр диным папщӀэ ишэчауэ, диным щхьэкӀэ и псэр итыну а фэр зытригъауэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 78. Дуней хьэзабыр яшэчами, ЩӀым щӀэлъыр гугъэу я гур хощӀ: Щыпсэум ӀэфӀ закъуэ яӀухуамэ, Дуней ӀэфӀ хъуауэ лӀам къафӀощӀ. ЛӀари мэгупсысэ. «Дамыгъэ», 92. Дунейр хьын (16). ГъащӀэр ехьэкӀын, псэун. ТӀутӀэ зэрыцӀыкӀу лъандэрэ шууэ и дунейр и ихьащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 536. Къулейсызыгъэм къыхэкӀыурэ унагъуэм исыр зэфӀэнэ-зэкӀужу я дунейр яхь, я хъыджэбз закъуэри дахэ дыдэ хъуну жаӀэ щхьэкӀэ, щыгъын хуейщ. Лэчымэ, 389. Щам дэс адыгэр джабэм кӀэрысу, Тхьэм щыгугъ защӀэу яхьыр дунейр. УситӀ, Щам щыстхауэ. «Батырыбжьэ», 75. Дунейр ухын (2). Еплъ дунейм ехыжын. УцӀыкӀуу уи гум ибубыдэр, Дунейр бухыхукӀэ имыхун. УцӀыкӀу уи гум ибубыдэр. «Вагъуэ махуэ», 83. [Ӏузизэ Инус жриӀэу:] – Си дуней Ӏыхьэ мыгъуэр сыухащ…Хъуэпсэгъуэ нур, 68. Дунейм пэжкӀэ тетын (2). ПцӀы мыупсын, гъэпцӀагъэ земыхьэн. Дунейм пэжкӀэ утемытынумэ, ущӀытетыххэн щыӀэкъым, жиӀэу арат Дэрдэхь и псэлъафэр, пцӀы зыӀэщӀэкӀ хуэзакъэ – жиӀэнур хьэзырт: улӀу пащӀэ щӀыптетын щыӀэкъым, си къуэш, кӀуэж уи уни, уи пащӀэр егъэупс. Хьэсэпэхъумэ, 417. Дунейр хьэ къарэм ещхьу щытын (1). ЦӀыхур кӀыфӀыгъэм хэту, еджэкӀэ, тхэкӀэ ямыщӀэу щытын. [Астемыр жиӀэу:] Дунейр хьэ къарэм ещхьамэ, хьэ къарэм мафӀэ къыщӀэнащи и цыр елыгъуэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 654. Дунейр нэм къимыхьыжын (1). И нэр къыщхьэрипхъкэн, зыри имылъагъужын. Си закъуэу сыкъанэмэ, зи щхьэ щымыӀэм и шыд хьэм ешх, жыхуаӀэм хуэдэ сыхъуркъэ? – жиӀэу къыдырыр апхуэдизкӀэ зэгуэпати, дунейр и нэм къихьыжыртэкъым, игури зэгуэудырт, зэгуэпыщауэ. Кхъухь пхэнж, 494. ☐ Дунейр хьэхущ (1). Дунейм зэман пыухыкӀакӀэ дытетщ, «псори дылӀэжынущ» мыхьэнэр иӀэу къагъэсэбэп. Ей, дунейри хьэхущ, хуэмыхури куэдщ, фӀыр дэ тхуэдэ зырызщ, – жиӀэри нетӀэрей жьэрэӀурэм псори игъэдыхьэшхащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 60. Дунейр шэрхъщи мэкӀэрахъуэ (3). Псори чэзущ, псоми зехъуэж жыхуиӀэщ. «Дунейр шэрхъщи – мэкӀэрахъуэ», жиӀэу Астемыр и псалъафэр Думэсарэ и гум къэкӀыжащ, ди натӀэ илъым дыхуэзэнщ, жиӀащ абы игукӀэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 239. ЦӀыхухъу щӀагъуэ къуажэм къыдэнатэкъыми, лэжьыгъэри тэмэм мыхъуу, цӀыхубзхэр зэхуэсрэ зэхуэтхьэусыхэу, Чачи зэрылъэкӀкӀэ унафэ ищӀу, абы къедаӀуэри нэхъыбэжу, дунейр шэрхъщи – мэкӀэрахъуэ, жыхуаӀэр арати, уи нэр темыпыӀэу кӀэрахъуэу хуежьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 268.

Düzeltme Öner

дуней зэрызехьэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.