дзэлыфэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Bu maddedeki ifadeler (2)
дзэлыфэр тешын
дзэлыфэр тӀын
И дзэлыфэр триша щхьэкӀэ, лӀыр зэрымыарэзыр ӀупщӀт.
+1 örnek
{Джэдум:} А сыхьэтым си тхыр къыдэсшейри си дзэлыфэри тесшащ, къэзгъэшыжащ.— Я. лъ. з.
дзэлыфэр тӀын
ру1) скалить зубы.
Хьэм и дзэлыфэр итӀащ. 2) притворно улыбнуться. ЩӀалэм и дзэлыфэр итӀа мыхъумэ, зыри жиӀакъым.
+1 örnek
Уи дзыхь къилъыхъуэу Дзэлыфэ зытӀым И гугъэр къащӀэ.— ПащӀэ Бэчмырзэ
Kitapta geçtiği hali
дзэлыфэ дзэлыфэр тешын = дзэлыфэр тӀын. И дзэлыфэр триша щхьэкӀэ, лӀыр зэрымыарэзыр ӀупщӀт. * {Джэдум:} А сыхьэтым си тхыр къыдэсшейри си дзэлыфэри тесшащ, къэзгъэшыжащ. Я. лъ. з. Дзэлыфэр тӀын 1) скалить зубы. Хьэм и дзэлыфэр итӀащ. 2) притворно улыбнуться. ЩӀалэм и дзэлыфэр итӀа мыхъумэ, зыри жиӀакъым. * Уи дзыхь къилъыхъуэу Дзэлыфэ зытӀым И гугъэр къащӀэ. П. Б.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Deyimler (1)
дзэлыфэ тӀын
Дыхьэшхын, пыгуфӀыкӀын.
Пощтзехьэ Сентрал уэрамым дэту Хьэбибэ къыхуэзащи, и дзэлыфэ етӀ, и шыдзэ гъуэжь хъуар уигъэлъагъуу.— Щынэхужьыкъуэ, 8
+2 örnek
Хъыджэбзхэр а щӀалэм еплъырт яфӀэгъэщӀэгъуэну, модрейри къыпыгуфӀыкӀыу, и дзэлыфэ тӀауэ, къыпичынур имыщӀэу кхъуейплъыжькӀэрыщӀэм еплъырт, и Ӏэ лъэныкъуэр бгыкъум иришэкӀауэ, адрей Ӏэ лъэныкъуэмкӀэ хьэпшып цӀыкӀухэр зэблидзу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 99
[Мэсхьуд] Псори къыщыдыхьэшхыу, езыри щӀегъуэжауэ, зыри хужымыӀэу икӀуэтыжащ, и дзэлыфэ тӀауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 215
Kitapta geçtiği hali
ДЗЭЛЫФЭ: ◊ дзэлыфэ тӀын (6). Дыхьэшхын, пыгуфӀыкӀын. Пощтзехьэ Сентрал уэрамым дэту Хьэбибэ къыхуэзащи, и дзэлыфэ етӀ, и шыдзэ гъуэжь хъуар уигъэлъагъуу. Щынэхужьыкъуэ, 8. Хъыджэбзхэр а щӀалэм еплъырт яфӀэгъэщӀэгъуэну, модрейри къыпыгуфӀыкӀыу, и дзэлыфэ тӀауэ, къыпичынур имыщӀэу кхъуейплъыжькӀэрыщӀэм еплъырт, и Ӏэ лъэныкъуэр бгыкъум иришэкӀауэ, адрей Ӏэ лъэныкъуэмкӀэ хьэпшып цӀыкӀухэр зэблидзу. Хъуэпсэгъуэ нур, 99. [Мэсхьуд] Псори къыщыдыхьэшхыу, езыри щӀегъуэжауэ, зыри хужымыӀэу икӀуэтыжащ, и дзэлыфэ тӀауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 215.