дзыхь хуэмыщӀын

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

дзыхь

Deyimler (10)

дзыхь егъэзын

Зыгуэрым гурылъ, Ӏуэху, мурад с.ху. ехьэлӀэн шэч зэрыхуомыщӀым къыхэкӀкӀэ.

Валерэ лӀы зэпӀэзэрыт къыхэкӀащ, и ныбжьэгъухэм къахэжэпхъыкӀа къудейкъым, къыпэрыуэм ятокӀуэ, напэ иӀэщ, нэмыси хэлъщ, къимылэжьа енэцӀыркъым, уи дзыхь ебгъэзмэ укъегъэпэж – и адэм ещхь хъуащ.— КӀапсэ кӀапэ, 7

+2 örnek

[Фэуаз:] Фи цӀыхум хьэргъэшыргъэ къаӀэту, зэрыгъэкӀий сыту зэхэтыху, сэ гъусэ къысхуэщӀ нэхъ уи дзыхь зэбгъэзым ящыщу зыплӀытху хуэдиз, я нэкӀур пхауэ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 405

Нэхъ дзыхь зрагъэзхэр зэхуашэсри къаущий: – ныщхьэбэ жэщыр зэхудипӀалъэщ.— Лъапсэ, 85

дзыхь зэхуэщӀын

Зыр адреймкӀэ шэчыншэу щытын.

[Инал:] Агрогородым тщӀымэ коммунэр дэдгъэтӀысхьэнущ, я унэм ӀункӀыбзэ емытауэ, цӀыхум дзыхь зэхуащӀу, зэдэлажьэу, зэдэшхэжу псэун хуэдэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 531

дзыхь къегъэзын

[Дэфэрэдж:] Дохутырым и цӀэр Варварэ Романовнэт, гурыхуэ дыдэт, псалъэ жумыӀэми узыхуейр псэкӀэ ищӀэрт уи жьэ псалъэ къыжьэдимыгъэкӀыу, арщхьэкӀэ иджыпсту ар къыщӀедджам гу лъимытауэ, сыт си унафэу пӀэрэ жиӀэу къыдэплъырт, теплъхьэ и хьэлъэу есат езыри, Ӏуэху гугъу хуэзакӀэ къикӀуэтынутэкъым, и дзыхь къызигъэзт, куэд схузэфӀэкӀыу къилъытэрти, фӀыкӀэ си цӀэ зыгъэӀум ящыщт.— Лъапсэ, 13

+1 örnek

Сыт ищӀыс лъэныкъуэкӀи Степан Ильич я дзыхь кърагъэзауэ, «фщӀэ» жыхуиӀэр ящӀэнут [цӀыхухэм].— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 587

Еплъ: дзыхь егъэзын

дзыхь къыхуэщӀын

Лу къыздихьа справкэр зэӀэпахыу еплъырт, псоми хьэкъыу япхыкӀат Лу дзыхьышхуэ къызэрыхуащӀыр, итӀани крушкӀэшхуэри крушкӀэ цӀыкӀухэри щӀызэныкъуэкъу щыӀэт: иныкъуэм жаӀэрт Инал и машинэм, шыфӀ утесмэ, улъэщӀыхьэну е трактор зепхуэныр ӀэджэкӀэ нэхъ гугъуу машинэм нэхърэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 546

+2 örnek

СхузэфӀэкӀынукъым жысӀэу хуэстхыжмэ, мынэхъыфӀу пӀэрэ, жиӀэу, арщхьэкӀэ апхуэдизу дзыхь къыпхуэзыщӀыр дауэ бгъэщӀэхъун – жиӀэу арат зэми тригъакӀуэр [Астемыр].— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 568

ШейтӀаным и чэнджэщэгъущ Бекъан, и гум илъыр дзыхь къыпхуищӀу къыбжиӀэнукъым.— Нал къута, 228

Еплъ: дзыхь хуэщӀын

дзыхь мыщӀыжын

Къэрэжь и зэманыгъуэм гъэру къиубыдахэр ищэу Истамбыл, Мысыр, Щам, Джэну нэс кӀуэфу щытащ, иджы псы икӀыну дзыхь ищӀыжыркъым.— Лъапсэ, 105

+2 örnek

Иджы [Нурхьэлий] абы унэм къыщӀэкӀын дзыхь ищӀыжыркъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 149

Езыри [Ахъсар] Ӏэпэлъапэсысу ерагъыу зэфӀэт къудейщ, здэкӀуэну и мурадым кӀуэн дзыхь имыщӀыжу.— МелыӀыч, 445

Еплъ: дзыхь мыщӀын

дзыхь мыщӀын

Зыгуэрым темыгушхуэн гурыщхъуэм къыхэкӀкӀэ.

Алии дытегузэвыхьырт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Кърым кӀуэри мыдрисэм щеджат, Истамбыл щыӀат, мусаватистхэм я зэманым Баку щылэжьащ, иджы и щхьэм зэрытегузэвыхьым гу лъумытэну Ӏэмал зимыӀэт, дэ нэхърэ нэхъ гъурыж хъуауэ, зэщӀэуфӀыцӀауэ, и нэщӀащэр иуэжауэ школым къакӀуэмэ, унэм игъэзэжын дзыхь имыщӀу къытхэтт, пщыхьэщхьэ хъухукӀэ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 519

+2 örnek

Зэгуэр джэдэщым бажэ къеуасэри и джабэ хущӀауэдати, зыкъомрэ къэкӀуэн дзыхь имыщӀу зиӀэжьащ, иджы плъагъурэ – узэсэ сэгъейщ, жыхуаӀэрауэ аргуэру къэкӀуащ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484

[Абу- Деруиш и щхьэгъусэ нэху къыжреӀэ:] Къалэр илъэс мин ӀэджэкӀэ хэкужьу щытауэ жаӀэ, цӀыху къихьэн дзыхь ямыщӀу, уэ псэ хэплъхьэжыну и ужь уитщ.— Кхъэлэгъунэ, 374

дзыхь хуэмыщӀыжын

Астемыррэ Степан Ильичрэ къагъэна Ӏэщэр згъэкӀуэдмэ, дзыхь къысхуащӀыжынкъым, жиӀэри Нурхьэлийхэ дежкӀэ жэурэ плъэрт [Тембот].— Хъуэпсэгъуэ нур, 305

+1 örnek

ЛӀыжь зэхэтхэр зэплъыжащ, мыр дауэ. Дэ къэтлъхуа, дэ тпӀа лӀыр къытхыхьэжмэ, дэр дыдэм дзыхь къытхуимыщӀыжу, и щхьэр зыхъумэн и гъусэн хуей?— Лъапсэ, 75

Еплъ: дзыхь хуэмыщӀын

дзыхь хуэмыщӀын

Зыгуэрым темыгушхуэн, гурылъ, мурад, Ӏуэху н.къ. зыгуэрым епхьэлӀэ хъуну къэмылъытэн.

А лъэхъэнэм Мысыр къэралым пащтыхьу тетыр Мустафэт, и ныбжьыр хэкӀуэта пэтми, зигъэткӀийт, фӀыкӀэ къыпыпхын щымыӀэу, и фызыр щӀалэти, дзыхь щӀагъуэ хуимыщӀу кӀэлъыплът.— Лъапсэ, 100

+1 örnek

– КӀэпхъыр бжей жыгышхуэм къемыхыу къудамэм тесу къеупщӀащ, къыдырым и пӀалъэ ищӀэрти, дзыхь щӀагъуэ къыхуимыщӀу.— Кхъухь пхэнж, 497

дзыхь хуэщӀын

Зыгуэрым фӀэщхъуныгъэ хуиӀэн, зыгуэрым гурылъ, Ӏуэху, мурад, н.къ. епхьэлӀэ хъуну лъытэн.

[Мусэ мэгупсысэ:] Сыкъулейщ жыпӀэу утыку укъимылъадэ, лӀыщӀэ дзыхь зыхуэпщӀ уиӀэмэ, уи Ӏуэху зэребгъэхьэу уэ лъэныкъуэегъэз зыпщӀым нэхъыфӀщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 188

+2 örnek

Саният и дэлъху цӀыкӀум сыт ищӀыс лъэныкъуэкӀи дзыхь хуищӀырт, и щэху иригъэзырт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 666

Зэгуэр уи адэм пщыхьэщхьэу Дзыхь зыхуищӀ щӀалэ къеупщӀри Си Дей жэщ ныкъуэм къегъакӀуэ, Ар зыдэщыӀэм къимыкӀыу, Мыр къысхуеӀуэхур лӀыжь ябгэм: «Бгъэм я тӀысыпӀэу бгы тӀуащӀэр ХэщӀапӀэ сщӀауэ сопсэур». «— Адэ, 138

дзыхь щӀын

Зыгуэрым тегушхуэн, таучэл щӀын.

Куэд дэмыкӀыу Саният и гум илъ щэхур дзыхь ищӀри Зураб жриӀащ, хъыджэбзыр зэрыщыгугъауи и дэлъхур къыщӀэкӀа къудейкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667

+2 örnek

Кулисум зи гугъу къыхуащӀам [Къэрэлъашэ и деж кӀуэну] трагъэгушхуат, армыхъуамэ езым дзыхь ищӀу кӀуэфынутэкъым.— Нэгъуху, 34

Аслъэныр я гъусэу къащӀэмэ, зы хьэкӀэкхъуэкӀи кхъухьым пхуитӀысхьэнукъым, езы кхъухьыпщ дыдэми дзыхь ищӀу аслъэныр гъусэ ищӀынукъым.— Кхъухь пхэнж, 500

Kitapta geçtiği hali

ДЗЫХЬ: ◊ дзыхь егъэзын (6). Зыгуэрым гурылъ, Ӏуэху, мурад с.ху. ехьэлӀэн шэч зэрыхуомыщӀым къыхэкӀкӀэ. Валерэ лӀы зэпӀэзэрыт къыхэкӀащ, и ныбжьэгъухэм къахэжэпхъыкӀа къудейкъым, къыпэрыуэм ятокӀуэ, напэ иӀэщ, нэмыси хэлъщ, къимылэжьа енэцӀыркъым, уи дзыхь ебгъэзмэ укъегъэпэж – и адэм ещхь хъуащ. КӀапсэ кӀапэ, 7. [Фэуаз:] Фи цӀыхум хьэргъэшыргъэ къаӀэту, зэрыгъэкӀий сыту зэхэтыху, сэ гъусэ къысхуэщӀ нэхъ уи дзыхь зэбгъэзым ящыщу зыплӀытху хуэдиз, я нэкӀур пхауэ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 405. Нэхъ дзыхь зрагъэзхэр зэхуашэсри къаущий: – ныщхьэбэ жэщыр зэхудипӀалъэщ. Лъапсэ, 85. Дзыхь зэхуэщӀын (1). Зыр адреймкӀэ шэчыншэу щытын. [Инал:] Агрогородым тщӀымэ коммунэр дэдгъэтӀысхьэнущ, я унэм ӀункӀыбзэ емытауэ, цӀыхум дзыхь зэхуащӀу, зэдэлажьэу, зэдэшхэжу псэун хуэдэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 531. Дзыхь къегъэзын (2). Еплъ дзыхь егъэзын. [Дэфэрэдж:] Дохутырым и цӀэр Варварэ Романовнэт, гурыхуэ дыдэт, псалъэ жумыӀэми узыхуейр псэкӀэ ищӀэрт уи жьэ псалъэ къыжьэдимыгъэкӀыу, арщхьэкӀэ иджыпсту ар къыщӀедджам гу лъимытауэ, сыт си унафэу пӀэрэ жиӀэу къыдэплъырт, теплъхьэ и хьэлъэу есат езыри, Ӏуэху гугъу хуэзакӀэ къикӀуэтынутэкъым, и дзыхь къызигъэзт, куэд схузэфӀэкӀыу къилъытэрти, фӀыкӀэ си цӀэ зыгъэӀум ящыщт. Лъапсэ, 13. Сыт ищӀыс лъэныкъуэкӀи Степан Ильич я дзыхь кърагъэзауэ, «фщӀэ» жыхуиӀэр ящӀэнут [цӀыхухэм]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 587. Дзыхь къыхуэщӀын (8). Еплъ дзыхь хуэщӀын. Лу къыздихьа справкэр зэӀэпахыу еплъырт, псоми хьэкъыу япхыкӀат Лу дзыхьышхуэ къызэрыхуащӀыр, итӀани крушкӀэшхуэри крушкӀэ цӀыкӀухэри щӀызэныкъуэкъу щыӀэт: иныкъуэм жаӀэрт Инал и машинэм, шыфӀ утесмэ, улъэщӀыхьэну е трактор зепхуэныр ӀэджэкӀэ нэхъ гугъуу машинэм нэхърэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 546–547. СхузэфӀэкӀынукъым жысӀэу хуэстхыжмэ, мынэхъыфӀу пӀэрэ, жиӀэу, арщхьэкӀэ апхуэдизу дзыхь къыпхуэзыщӀыр дауэ бгъэщӀэхъун – жиӀэу арат зэми тригъакӀуэр [Астемыр]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 568. ШейтӀаным и чэнджэщэгъущ Бекъан, и гум илъыр дзыхь къыпхуищӀу къыбжиӀэнукъым. Нал къута, 228. Дзыхь мыщӀыжын (3). Еплъ дзыхь мыщӀын. Къэрэжь и зэманыгъуэм гъэру къиубыдахэр ищэу Истамбыл, Мысыр, Щам, Джэну нэс кӀуэфу щытащ, иджы псы икӀыну дзыхь ищӀыжыркъым. Лъапсэ, 105. Иджы [Нурхьэлий] абы унэм къыщӀэкӀын дзыхь ищӀыжыркъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 149. Езыри [Ахъсар] Ӏэпэлъапэсысу ерагъыу зэфӀэт къудейщ, здэкӀуэну и мурадым кӀуэн дзыхь имыщӀыжу. МелыӀыч, 445. Дзыхь мыщӀын (34). Зыгуэрым темыгушхуэн гурыщхъуэм къыхэкӀкӀэ. Алии дытегузэвыхьырт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Кърым кӀуэри мыдрисэм щеджат, Истамбыл щыӀат, мусаватистхэм я зэманым Баку щылэжьащ, иджы и щхьэм зэрытегузэвыхьым гу лъумытэну Ӏэмал зимыӀэт, дэ нэхърэ нэхъ гъурыж хъуауэ, зэщӀэуфӀыцӀауэ, и нэщӀащэр иуэжауэ школым къакӀуэмэ, унэм игъэзэжын дзыхь имыщӀу къытхэтт, пщыхьэщхьэ хъухукӀэ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 519. Зэгуэр джэдэщым бажэ къеуасэри и джабэ хущӀауэдати, зыкъомрэ къэкӀуэн дзыхь имыщӀу зиӀэжьащ, иджы плъагъурэ – узэсэ сэгъейщ, жыхуаӀэрауэ аргуэру къэкӀуащ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484. [Абу- Деруиш и щхьэгъусэ нэху къыжреӀэ:] Къалэр илъэс мин ӀэджэкӀэ хэкужьу щытауэ жаӀэ, цӀыху къихьэн дзыхь ямыщӀу, уэ псэ хэплъхьэжыну и ужь уитщ. Кхъэлэгъунэ, 374. Дзыхь хуэмыщӀыжын (2). Еплъ дзыхь хуэмыщӀын. Астемыррэ Степан Ильичрэ къагъэна Ӏэщэр згъэкӀуэдмэ, дзыхь къысхуащӀыжынкъым, жиӀэри Нурхьэлийхэ дежкӀэ жэурэ плъэрт [Тембот]. Хъуэпсэгъуэ нур, 305. ЛӀыжь зэхэтхэр зэплъыжащ, мыр дауэ. Дэ къэтлъхуа, дэ тпӀа лӀыр къытхыхьэжмэ, дэр дыдэм дзыхь къытхуимыщӀыжу, и щхьэр зыхъумэн и гъусэн хуей? Лъапсэ, 75. Дзыхь хуэмыщӀын (4). Зыгуэрым темыгушхуэн, гурылъ, мурад, Ӏуэху н.къ. зыгуэрым епхьэлӀэ хъуну къэмылъытэн. А лъэхъэнэм Мысыр къэралым пащтыхьу тетыр Мустафэт, и ныбжьыр хэкӀуэта пэтми, зигъэткӀийт, фӀыкӀэ къыпыпхын щымыӀэу, и фызыр щӀалэти, дзыхь щӀагъуэ хуимыщӀу кӀэлъыплът. Лъапсэ, 100. – КӀэпхъыр бжей жыгышхуэм къемыхыу къудамэм тесу къеупщӀащ, къыдырым и пӀалъэ ищӀэрти, дзыхь щӀагъуэ къыхуимыщӀу. Кхъухь пхэнж, 497. Дзыхь хуэщӀын (10). Зыгуэрым фӀэщхъуныгъэ хуиӀэн, зыгуэрым гурылъ, Ӏуэху, мурад, н.къ. епхьэлӀэ хъуну лъытэн. [Мусэ мэгупсысэ:] Сыкъулейщ жыпӀэу утыку укъимылъадэ, лӀыщӀэ дзыхь зыхуэпщӀ уиӀэмэ, уи Ӏуэху зэребгъэхьэу уэ лъэныкъуэегъэз зыпщӀым нэхъыфӀщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 188. Саният и дэлъху цӀыкӀум сыт ищӀыс лъэныкъуэкӀи дзыхь хуищӀырт, и щэху иригъэзырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 666. Зэгуэр уи адэм пщыхьэщхьэу Дзыхь зыхуищӀ щӀалэ къеупщӀри Си Дей жэщ ныкъуэм къегъакӀуэ, Ар зыдэщыӀэм къимыкӀыу, Мыр къысхуеӀуэхур лӀыжь ябгэм: «Бгъэм я тӀысыпӀэу бгы тӀуащӀэр ХэщӀапӀэ сщӀауэ сопсэур». «Адэ», 138. Дзыхь щӀын (8). Зыгуэрым тегушхуэн, таучэл щӀын. Куэд дэмыкӀыу Саният и гум илъ щэхур дзыхь ищӀри Зураб жриӀащ, хъыджэбзыр зэрыщыгугъауи и дэлъхур къыщӀэкӀа къудейкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667. Кулисум зи гугъу къыхуащӀам [Къэрэлъашэ и деж кӀуэну] трагъэгушхуат, армыхъуамэ езым дзыхь ищӀу кӀуэфынутэкъым. Нэгъуху, 34. Аслъэныр я гъусэу къащӀэмэ, зы хьэкӀэкхъуэкӀи кхъухьым пхуитӀысхьэнукъым, езы кхъухьыпщ дыдэми дзыхь ищӀу аслъэныр гъусэ ищӀынукъым. Кхъухь пхэнж, 500.

Düzeltme Öner

дзыхь хуэмыщӀын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.