джэшым къикӀын

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

джэш

ХадэхэкӀ къэкӀыгъэхэм ящыщ.

Гуащэм и Ӏыхьлым Ӏэджэрэ къыхурагъэшат лы гъэгъуа, джэш, гуэдз хьэжыгъэ сытхэр— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 629

+2 örnek

Тембот хуигъэфэща джэшым и нэр къыдэгъэзеяти ари игу ирихьакъым [Думэсарэ].— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 565

Албиян и шыпхъум бгъэдыхьауэ джэшым йоплъ.— Щынэхужьыкъуэ, 32

Deyimler (7)

джэш дзын

Джэш упхъыурэ къэхъуну-къэщӀэнур абыкӀэ къэпщӀэну пылъын.

Хьэбибэ [Данизэт] и деж щӀэупщӀакӀуэ макӀуэри джэш хуедз.— Нал къута, 275

+2 örnek

Темыркъан зэрызэхихыу Хьэбибэ джэш дзыныр щыгъупщэжащ.— Щынэхужьыкъуэ, 61

Лу мащӀэрэ илъэгъуа Думэсарэ джэш идзу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 609

джэш техуэн

Джэш щадзкӀэ къигъэлъэгъуэн.

И къуэ нэхъыщӀэм хуигъэфэща джэш хьэдзэр зытехуэр Думэсарэ игу иримыхьу аргуэру зэ трипхъэжащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 565

джэшкӀэ къэщӀэн

Джэш бдзыурэ плъэн.

[Апчарэ Албиян жриӀэу:] Ди анэм джэшкӀэ къещӀэ псори.— Щынэхужьыкъуэ, 33

джэшу нэпсыр къелъэлъэхын

И фӀэщу гъын, пыхьэн.

Къолъэлъэхыр джэшу нэпсыр, Ар нэӀу гъурым къытелъадэу.— Тисей, 492

джэшым къикӀын

Джэшым тебдзэ, уеплъ хуэдэурэ зыгуэр къихын.

Дадий и джэшым къикӀари, ПщӀыхьэпӀэу и къуэм теплъами Къепсэлъыр псори мызагъэу, Зэм щэхуу гъыу, зэм гуфӀэу.— Адэ, 131

+1 örnek

[Хьэбибэ:] Ар джэшым къикӀрэ, Алыхьым и нэфӀ зыщыхуэн.— Щынэхужьыкъуэ, 8

джэшым жиӀэн

Джэшым Чокэ къигъэзэжыну аращ жиӀэр.— Нал къута, 275

Еплъ: джэшым къикӀын

тхьэкӀумэм джэш иралъхьа хуэдэу

Еплъ: тхьэкӀумэ

Kitapta geçtiği hali

ДЖЭШ (8). ХадэхэкӀ къэкӀыгъэхэм ящыщ. Гуащэм и Ӏыхьлым Ӏэджэрэ къыхурагъэшат лы гъэгъуа, джэш, гуэдз хьэжыгъэ сытхэр. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 629. Тембот хуигъэфэща джэшым и нэр къыдэгъэзеяти ари игу ирихьакъым [Думэсарэ]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 565. Албиян и шыпхъум бгъэдыхьауэ джэшым йоплъ. Щынэхужьыкъуэ, 32. ◊ Джэш дзын (13). Джэш упхъыурэ къэхъуну-къэщӀэнур абыкӀэ къэпщӀэну пылъын. Хьэбибэ [Данизэт] и деж щӀэупщӀакӀуэ макӀуэри джэш хуедз. Нал къута, 275. Темыркъан зэрызэхихыу Хьэбибэ джэш дзыныр щыгъупщэжащ. Щынэхужьыкъуэ, 61. Лу мащӀэрэ илъэгъуа Думэсарэ джэш идзу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 609. Джэш техуэн (1). Джэш щадзкӀэ къигъэлъэгъуэн. И къуэ нэхъыщӀэм хуигъэфэща джэш хьэдзэр зытехуэр Думэсарэ игу иримыхьу аргуэру зэ трипхъэжащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 565. ДжэшкӀэ къэщӀэн (1). Джэш бдзыурэ плъэн. [Апчарэ Албиян жриӀэу:] Ди анэм джэшкӀэ къещӀэ псори. Щынэхужьыкъуэ, 33. Джэшу нэпсыр къелъэлъэхын (1). И фӀэщу гъын, пыхьэн. Къолъэлъэхыр джэшу нэпсыр, Ар нэӀу гъурым къытелъадэу. «Тисей», 492. Джэшым къикӀын (2). Джэшым тебдзэ, уеплъ хуэдэурэ зыгуэр къихын. Дадий и джэшым къикӀари, ПщӀыхьэпӀэу и къуэм теплъами Къепсэлъыр псори мызагъэу, Зэм щэхуу гъыу, зэм гуфӀэу. «Адэ», 131. [Хьэбибэ:] Ар джэшым къикӀрэ, Алыхьым и нэфӀ зыщыхуэн. Щынэхужьыкъуэ, 8. Джэшым жиӀэн (1). Еплъ джэшым къикӀын. Джэшым Чокэ къигъэзэжыну аращ жиӀэр. Нал къута, 275. ТхьэкӀумэм джэш иралъхьа хуэдэу (1). Еплъ тхьэкӀумэ.

Düzeltme Öner

джэшым къикӀын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.