джатэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
сэшхо/сэшхуэ (шапс.сэфо; арап: сейф); чатэ/джатэ, (Абз. ГАТЭ); KILIÇ, (seyf)
джатэ/чатэ, сэшхо(шпс. сэфо)/сэшхуэ; SEYF, KILIÇ
чатэ/джатэ, сэшхо(сэфо)/сэшхуэ; SEYF, KILIÇ
сэшхуэ/сэшхо(сэфо), чатэ/джатэ; SEYF, (kılıç)
Bu sonuç kitaptaki 4 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
И лъэныкъуитӀри жану зэрызауэ сэшхуэщ.
румеч
Андемыркъан ди хахуэр Беслъэну пцӀапцӀэмкӀэ дэӀуакъым, Лъэпщ джатэ хуищӀари Пэжым хуэмыбзэу щытакъым.— ПащӀэ Бэчмырзэ
+1 örnek
Джатэм и щӀагъи пэжыр жыӀэ.— Псалъэжьхэр
Джэш лъэпкъым хыхьэ къэкӀыгъэ лъэпкъыгъуэщ, лӀэужьыгъуэ зыбжанэу еугуэш, адыгэм шхыныгъуэхэм халъхьэ.
рупажитник (Trigonella)
Bu maddedeki ifadeler (3)
джатэм хуекӀуэн
рудело дошло до меча.
Къэбэрдейхэр джатэм хуекӀуэри бийм кӀэ иратащ.— Нэгумэ Шорэ
джатэр тегъэбзэн
рупорубить кого-л. (врагов).
ЗыкъэфӀэти фи джатэ жанхэр Дзэ фӀыцӀаем, уей, нытевгъабзэ.— Советскэ Къэбэрдейм и ӀуэрыӀуатэхэр
{зи} жьэр джатэ
Еплъ: жьэ 2
Kitapta geçtiği hali
джатэ I устар. меч / И лъэныкъуитӀри жану зэрызауэ сэшхуэщ. * Андемыркъан ди хахуэр Беслъэну пцӀапцӀэмкӀэ дэӀуакъым, Лъэпщ джатэ хуищӀари Пэжым хуэмыбзэу щытакъым. П. Б. Джатэм и щӀагъи пэжыр жыӀэ. (погов.) Джатэм хуекӀуэн дело дошло до меча. * Къэбэрдейхэр джатэм хуекӀуэри бийм кӀэ иратащ. Н. Ш. Джатэр тегъэбзэн порубить кого-л. (врагов). * ЗыкъэфӀэти фи джатэ жанхэр Дзэ фӀыцӀаем, уей, нытевгъабзэ. Сов. Къэб. ифольк. {Зи} жьэр джатэ см. жьэ 2. II бот. пажитник (Trigonella) / Джэш лъэпкъым хыхьэ къэкӀыгъэ лъэпкъыгъуэщ, лӀэужьыгъуэ зыбжанэу еугуэш, адыгэм шхыныгъуэхэм халъхьэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
И лъэныкъуитӀри жану зэрызауэ сэшхуэ.
Ем а махуэр и къежьэгъуэт – Дэ а махуэм дыпэплъати ЛӀыфӀ и Ӏэщэу диӀэ джатэр БгъуитӀкӀэ жану ар щӀэтлъари— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 409
+2 örnek
[Матренэ] Милиционерыр щилъагъум къэгузэвами, иджы аргуэру и джатэр кърихауэ шхыдэрт: – Ы-ы, сыфхурикъункъэ, иджы, – жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 558
Хьэкурынэ имыщӀыф щыӀэкъым: пэрыӀэбэ, дзасэ, шыуан тегъэувапӀэ, джатэ, сэшхуэ, къамэ, шы лъэрыгъ – сыт ухуейми укъигъэщӀэхъунукъым, псом нэхърэ нэхъ зэлӀалӀэр сыт жыпӀэмэ – фоч, фокӀэщӀ къутар ещӀыжыф.— Лъапсэ, 100
Deyimler (2)
[уи] джатэр къихын
Зыкъызэкъуэхын, егъэлеяуэ гужьгъэжьгъым къыхэкӀыу хуабжьу губжьын, къэлыбын.
И джатэр къихауэ лӀыжьым ӀущӀэн и гугъа щхьэкӀэ, Дзэшу а махуэм къигъэзэжакъым, щӀалэ цӀыкӀу къигъакӀуэри фызыжьым къыхуиӀуэхуащ: – ЩӀэх къэзгъэзэжыну уи гугъэу укъэмыплъэ.— КӀапсэ кӀапэ, 18
джатэ къихам хуэдэу
Джатэ пцӀанэ ягъэдалъэм ещхьу.
Дисэ бжыхь гъуанэм къипща нэужь, унэмкӀэ иунэтӀауэ ежьащ, дзасэр джатэ къихам хуэдэу иӀыгъыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 137
Kitapta geçtiği hali
ДЖАТЭ (31). И лъэныкъуитӀри жану зэрызауэ сэшхуэ. Ем а махуэр и къежьэгъуэт – Дэ а махуэм дыпэплъати ЛӀыфӀ и Ӏэщэу диӀэ джатэр БгъуитӀкӀэ жану ар щӀэтлъари. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 409. [Матренэ] Милиционерыр щилъагъум къэгузэвами, иджы аргуэру и джатэр кърихауэ шхыдэрт: – Ы-ы, сыфхурикъункъэ, иджы, – жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 558. Хьэкурынэ имыщӀыф щыӀэкъым: пэрыӀэбэ, дзасэ, шыуан тегъэувапӀэ, джатэ, сэшхуэ, къамэ, шы лъэрыгъ – сыт ухуейми укъигъэщӀэхъунукъым, псом нэхърэ нэхъ зэлӀалӀэр сыт жыпӀэмэ – фоч, фокӀэщӀ къутар ещӀыжыф. Лъапсэ, 100. ◊ [Уи] джатэр къихын (1). Зыкъызэкъуэхын, егъэлеяуэ гужьгъэжьгъым къыхэкӀыу хуабжьу губжьын, къэлыбын. И джатэр къихауэ лӀыжьым ӀущӀэн и гугъа щхьэкӀэ, Дзэшу а махуэм къигъэзэжакъым, щӀалэ цӀыкӀу къигъакӀуэри фызыжьым къыхуиӀуэхуащ: – ЩӀэх къэзгъэзэжыну уи гугъэу укъэмыплъэ. КӀапсэ кӀапэ, 18. Джатэ къихам хуэдэу (1). Джатэ пцӀанэ ягъэдалъэм ещхьу. Дисэ бжыхь гъуанэм къипща нэужь, унэмкӀэ иунэтӀауэ ежьащ, дзасэр джатэ къихам хуэдэу иӀыгъыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 137.