деж
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Зыгуэрым и гъунэгъуу (и Ӏэгъуэблагъэу) Ӏуэхур къыщыхъуныгъэ къегъэлъагъуэ.
руу, около, вблизи, возле кого-чего-л.
БжэӀупэм деж удз гъэгъа къыщокӀ. Тыкуэным деж цӀыху гуп щызэхэтщ.
2. ЗыщӀыпӀэ (щыӀэн, щыпсэун, н. къ.).
руу кого-л. (быть, жить и т. п.)
Ди благъэхэм я деж сыщыӀащ.
3. Ӏуэхугъуэр зыгуэрым зэрекӀуэлӀэр, зэрыбгъэдыхьэр къегъэлъагъуэ.
рук кому-л. (идти, ехать и т. п.)
Жэщыр зэхуэдитӀ щыхъум, МытӀыр къэкӀуат и ныбжьэгъужьым деж.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
4. Ӏуэху гуэр зыгуэрым къызэрыбгъэдэкӀыр къегъэлъагъуэ.
руот кого-л. (уйти, уехать и т. п.)
Си шыпхъум деж сыкъокӀуэж.
Kitapta geçtiği hali
деж послелог. 1. у, около, вблизи, возле кого-чего-л. / Зыгуэрым и гъунэгъуу (и Ӏэгъуэблагъэу) Ӏуэхур къыщыхъуныгъэ къегъэлъагъуэ. БжэӀупэм деж удз гъэгъа къыщокӀ. Тыкуэным деж цӀыху гуп щызэхэтщ. 2. у кого-л. (быть, жить и т. п.) / ЗыщӀыпӀэ (щыӀэн, щыпсэун, н. къ.). Ди благъэхэм я деж сыщыӀащ. 3. к кому-л. (идти, ехать и т. п.) / Ӏуэхугъуэр зыгуэрым зэрекӀуэлӀэр, зэрыбгъэдыхьэр къегъэлъагъуэ. * Жэщыр зэхуэдитӀ щыхъум, МытӀыр къэкӀуат и ныбжьэгъужьым деж. Къ. Хь. 4. от кого-л. (уйти, уехать и т. п.) / Ӏуэху гуэр зыгуэрым къызэрыбгъэдэкӀыр къегъэлъагъуэ. Си шыпхъум деж сыкъокӀуэж. Дэнэ деж см. дэнэ. Дэнэ дежи см. дэнэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зыгуэрым и гъунэгъуу (и Ӏэгъуэблагъэу) Ӏуэхур къыщыхъуныгъэ къегъэлъагъуэ.
Лу куэбжэм деж щытт, Степан Ильич къакӀуэу щыхуэзам.— Хъуэпсэгъуэ нур, 200
+2 örnek
Апчарэ занщӀэу зыкъызэкъуихащ: – НэхъыфӀыр нэхъыфӀым я деж ягъэкӀуащ, дэ фи деж дыкъэкӀуащ, – жиӀэри.— Нал къута, 269
[Алыджыкъуэ:] Щхьэлым деж Ӏусу куэзыр джэгуакӀуэхэм я деж согъазэри цӀыхур нэхъыбэж хъуауэ зэрогъэхьэкъувыкъу.— МелыӀыч, 452
Kitapta geçtiği hali
ДЕЖ (731). послелог. Зыгуэрым и гъунэгъуу (и Ӏэгъуэблагъэу) Ӏуэхур къыщыхъуныгъэ къегъэлъагъуэ. Лу куэбжэм деж щытт, Степан Ильич къакӀуэу щыхуэзам. Хъуэпсэгъуэ нур, 200. Апчарэ занщӀэу зыкъызэкъуихащ: – НэхъыфӀыр нэхъыфӀым я деж ягъэкӀуащ, дэ фи деж дыкъэкӀуащ, – жиӀэри. Нал къута, 269. [Алыджыкъуэ:] Щхьэлым деж Ӏусу куэзыр джэгуакӀуэхэм я деж согъазэри цӀыхур нэхъыбэж хъуауэ зэрогъэхьэкъувыкъу. МелыӀыч, 452.