дахэкӀэ блэр гъуэмбым къраш

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

блэ

Хьэпщхупщ лъэпкъ, зепщыпщэу.

Пшахъуэр, мывэр блэ тӀысыпӀэщ, ШейтӀан уджыр и щӀасэгъущ… «— Индийскэ поэмэ, 362

+2 örnek

Блэ фӀыцӀэ бзаджэр пӀыщӀами, ГуфӀакӀэм дэплъхьэм, къоуэнщ.— Куэд щӀауэ и гур мызэгъэж. «Бгы лъапэхэм деж», 47

И щхьэц фӀыцӀэр ухуэнауэ Блэ фӀыцӀиту едзыхащ, А щӀалищым я гур, я псэр Хъыджэбз гуакӀуэм ихьэхуащ.— Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 39

Atasözleri (4)

блэ пӀыщӀар гуфӀакӀэм дэплъхьэм, къоуэнщ

Уи бийм уи дзыхь йомыгъэз, жыхуиӀэщ.

Блэ фӀыцӀэ бзаджэр пӀыщӀами, ГуфӀакӀэм дэплъхьэм, къоуэнщ, Дыгъужьыр Ӏэсэ уэ пщӀами, Мэзым сыт щыгъуи ар плъэнщ.— Куэд щӀауэ, и гур мызагъэж. «Бгы лъапэхэм деж», 47

дахэкӀэ блэр гъуэмбым къраш

Еплъ: дахэкӀэ

Ӏуэху ямыублэм блэ хэсщ

Еплъ: Ӏуэху

блэр дахэкӀэ гъуэмбым къраш

[Дэфэрэдж Аннэ Павловнэ жреӀэ:] Ущыхуейм и деж Блэр дахэкӀэ и гъуэм къыбош. ЖыӀэ узыхуейр.— Лъапсэ, 7

Еплъ: дахэкӀэ блэр гъуэмбым къраш

дахэкӀэ

ФӀыкӀэ, хэгъэзыхь хэмылъу.

ЦӀыхур колхоз пщӀынумэ, дахэкӀэ щӀы, ягурыӀуэ, къагурымыӀуэр къагурыгъаӀуэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 653

+2 örnek

ЖыпӀэ делагъэр дахэкӀэ щыгъэт.— Лъапсэ, 48

ДахэкӀэ епсэлъауэ ди лъэныкъуэ щӀын хуейщ, армырмэ, шы емылыджым ещхьу, нэхъри щӀихьэнущ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 652

Atasözleri (1)

дахэкӀэ блэр гъуэмбым къраш

Псалъэ дахэкӀэ, гуапагъэкӀэ узыхэмызэгъэн щыӀэкъым, жыхуиӀэщ.

ДахэкӀэ блэр гъуэмбым къраш, жаӀэу жезыгъэӀар Нахъуэ хуэдэ сытми – жиӀэу арат Чачэ и гум илъыр.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 512

+1 örnek

[Дэфэрэдж Аннэ Павловнэ жреӀэ:] Ущыхуейм деж блэр дахэкӀэ и гъуэм къыбош.— Лъапсэ, 7

Kitapta geçtiği hali

БЛЭ I (15). Хьэпщхупщ лъэпкъ, зепщыпщэу. Пшахъуэр, мывэр блэ тӀысыпӀэщ, ШейтӀан уджыр и щӀасэгъущ… «Индийскэ поэмэ», 362. Блэ фӀыцӀэ бзаджэр пӀыщӀами, ГуфӀакӀэм дэплъхьэм, къоуэнщ. Куэд щӀауэ и гур мызэгъэж. «Бгы лъапэхэм деж», 47. И щхьэц фӀыцӀэр ухуэнауэ Блэ фӀыцӀиту едзыхащ, А щӀалищым я гур, я псэр Хъыджэбз гуакӀуэм ихьэхуащ. Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 39. ☐ Блэ пӀыщӀар гуфӀакӀэм дэплъхьэм, къоуэнщ (1). Уи бийм уи дзыхь йомыгъэз, жыхуиӀэщ. Блэ фӀыцӀэ бзаджэр пӀыщӀами, ГуфӀакӀэм дэплъхьэм, къоуэнщ, Дыгъужьыр Ӏэсэ уэ пщӀами, Мэзым сыт щыгъуи ар плъэнщ. Куэд щӀауэ, и гур мызагъэж. «Бгы лъапэхэм деж», 47. ДахэкӀэ блэр гъуэмбым къраш (2). Еплъ дахэкӀэ. Ӏуэху ямыублэм блэ хэсщ (1). Еплъ Ӏуэху. Блэр дахэкӀэ гъуэмбым къраш (2). Еплъ ДахэкӀэ блэр гъуэмбым къраш. [Дэфэрэдж Аннэ Павловнэ жреӀэ:] Ущыхуейм и деж Блэр дахэкӀэ и гъуэм къыбош. ЖыӀэ узыхуейр. Лъапсэ, 7.

ДАХЭКӀЭ (16). нареч. ФӀыкӀэ, хэгъэзыхь хэмылъу. ЦӀыхур колхоз пщӀынумэ, дахэкӀэ щӀы, ягурыӀуэ, къагурымыӀуэр къагурыгъаӀуэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 653. ЖыпӀэ делагъэр дахэкӀэ щыгъэт. Лъапсэ, 48. ДахэкӀэ епсэлъауэ ди лъэныкъуэ щӀын хуейщ, армырмэ, шы емылыджым ещхьу, нэхъри щӀихьэнущ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 652. ☐ ДахэкӀэ блэр гъуэмбым къраш (2). Псалъэ дахэкӀэ, гуапагъэкӀэ узыхэмызэгъэн щыӀэкъым, жыхуиӀэщ. ДахэкӀэ блэр гъуэмбым къраш, жаӀэу жезыгъэӀар Нахъуэ хуэдэ сытми – жиӀэу арат Чачэ и гум илъыр. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 512. [Дэфэрэдж Аннэ Павловнэ жреӀэ:] Ущыхуейм деж блэр дахэкӀэ и гъуэм къыбош. Лъапсэ, 7.

Düzeltme Öner

дахэкӀэ блэр гъуэмбым къраш
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.