гъэшын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(егъэш)
Зы захуэ гуэр нэгъуэщӀ щӀыпӀэкӀэ шэн.
русогнуть что-л.
ГъущӀыр гъэшын.
+1 örnek
Чы щӀыкӀэ умыгъэшыр бжэгъу хъумэ, пхуэгъэшыжынкъым.— Псалъэжьхэр
(егъэш)
ЛъэныкъуэкӀэ унэтӀын, дэдзыхын, теӀуэнтӀыкӀын.
руповорачивать, сворачивать в сторону (от дороги, от основного направления)
ХьэмкӀэшыгум уэрам зэв цӀыкӀумкӀэ игъэша иужь, БетӀал къилъэгъуащ Хьэдис и адэр.— Шортэн Аскэрбий
(егъэш)
Зыгуэр ину Ӏуэтэн.
ругромко произносить, петь что-л.
Пхуэмыдэм уи уэрэд егъэш.— Псалъэжьхэр
+1 örnek
ГуӀэ гъыбзэр къуэм щагъэшу Псыхъуэ кӀыхьым бэр щопэкӀу.— ЛъэбакъуэщӀэхэр
Bu maddedeki ifadeler (1)
батэ гъэшын
Еплъ: батэ
Kitapta geçtiği hali
гъэшын I (егъэш) перех. гл. согнуть что-л. / Зы захуэ гуэр нэгъуэщӀ щӀыпӀэкӀэ шэн. ГъущӀыр гъэшын. * Чы щӀыкӀэ умыгъэшыр бжэгъу хъумэ, пхуэгъэшыжынкъым. (погов.) II (егъэш) неперех. гл. поворачивать, сворачивать в сторону (от дороги, от основного направления) / ЛъэныкъуэкӀэ унэтӀын, дэдзыхын, теӀуэнтӀыкӀын. * ХьэмкӀэшыгум уэрам зэв цӀыкӀумкӀэ игъэша иужь, БетӀал къилъэгъуащ Хьэдис и адэр. Ш. А. III (егъэш) перех. гл. громко произносить, петь что-л. / Зыгуэр ину Ӏуэтэн. * Пхуэмыдэм уи уэрэд егъэш. (погов.) ГуӀэ гъыбзэр къуэм щагъэшу Псыхъуэ кӀыхьым бэр щопэкӀу. Лъэб. Батэ гъэшын см. батэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(егъэш)
Зы захуэ гуэр нэгъуэщӀ щӀыпӀэкӀэ шэн.
Нал согъэшыр, Шым шэс слъэгъуамэ, сигу къолъэтыр.— Жьы хъуар. «Дамыгъэ», 119
(егъэш)
ЛъэныкъуэкӀэ унэтӀын, дэдзыхын, теӀуэнтӀыкӀын.
Сымэхакъэ, жысӀа хуэдэу, Лъагъуэ гуэркӀэ нызогъэш.— ПщӀыхьэпӀэ. «Батырыбжьэ», 72
+1 örnek
Машинэм игъэшри къэувыӀащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 536
(егъэш)
Зыгуэр ину жыӀэн, Ӏуэтэн.
Гъыбзэ уэрэду сусахэр Ди къуалэбзуми ягъэш.— Сыщыгъупщакъым сэ мэзым… Щхьэлыкъуэ, 405
+2 örnek
Е насыпхэр уэ уи пщӀыхьу Сыт уэрэдхэр уэ бгъэшын?— Бдзэжьеящэм ипхъу, 150
Гузэвэгъуэр зэм согъэш – Арщ уэрэдыр щӀэсщӀыр къуэш.— Мэз гъыбзэ. «Щхьэлыкъуэ», 376
Kitapta geçtiği hali
ГЪЭШЫН I (егъэш) лъэӀ. (9). Зы захуэ гуэр нэгъуэщӀ щӀыпӀэкӀэ шэн. Нал согъэшыр, Шым шэс слъэгъуамэ, сигу къолъэтыр. Жьы хъуар. «Дамыгъэ», 119.
ГЪЭШЫН II (егъэш) лъэӀ. (5). ЛъэныкъуэкӀэ унэтӀын, дэдзыхын, теӀуэнтӀыкӀын. Сымэхакъэ, жысӀа хуэдэу, Лъагъуэ гуэркӀэ нызогъэш. ПщӀыхьэпӀэ. «Батырыбжьэ», 72. Машинэм игъэшри къэувыӀащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 536.
ГЪЭШЫН III (егъэш) лъэӀ. (6). Зыгуэр ину жыӀэн, Ӏуэтэн. Гъыбзэ уэрэду сусахэр Ди къуалэбзуми ягъэш. Сыщыгъупщакъым сэ мэзым… «Щхьэлыкъуэ», 405. Е насыпхэр уэ уи пщӀыхьу Сыт уэрэдхэр уэ бгъэшын? «Бдзэжьеящэм ипхъу», 150. Гузэвэгъуэр зэм согъэш – Арщ уэрэдыр щӀэсщӀыр къуэш. Мэз гъыбзэ. «Щхьэлыкъуэ», 376. ◊ Батэ гъэшын (2). Еплъ батэ II. Батэкъутэ гъэшын (3). Еплъ батэкъутэ.