гъэувыӀэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
гъэуцун/гъэувыӀэн (егъэуцу/егъэувыӀэ); къэгъэуцун/къэгъэувыӀэн (къегъэуцу/къегъэувыӀэ); зэтегъэуцон/зэтегъэувыӀэн → Ӏэжэн; DURDURMAK, ÖNLEMEK
Ӏэжэн/Ӏэжьэн (еӀэжэ/еӀэжьэ); зэтеӀэжэн/зэтеӀэжьэн (зэтыреӀэжэ/зэтреӀэжьэ), гъэуцун/гъэувыӀэн (егъэуцу/егъэувыӀэ), зэтегъэуцон/зэтегъэувыӀэн (зэтырегъэуцо/зэтрегъэувыӀэ), пэрыон/пэрыуэн (пэрэо/пэроуэ), пэуцун/пэувын (пэуцу/поув), КЪЭМЫГЪЭХЪУН (къыгъэхъурэп/къигъэхъуркъым); ÖNLEMEK
гъэувыӀэн/гъэуцун → Ӏэжэн; ÖNLEMEK, DURDURMAK
Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: Ӏэжэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. УвыӀэн псалъэм и каузатив.
рукаузатив к увыӀэн
Машинэр гъэувыӀэн. Сыхьэтыр гъэувыӀэн.
+1 örnek
Гур бэзэрыкум щигъэувыӀэри Хъуэжэ кӀиящ.— ӀуэрыӀуатэ
2. Зы Ӏуэху гуэр зэпыгъэун, зыгуэр гъэбэяун, гъэсабырын, зэтегъэувыӀэн; Ӏуэхугъуэ гуэр зыпыгъэун, щыгъэтын.
рупрекратить, остановить (работу, действие, развитие, процесс и т. п.); перестать делать что-л.
Зауэр гъэувыӀэн. Джэгуныр гъэувыӀэн. Тхэныр гъэувыӀэн. Псэлъэныр гъэувыӀэн. Узыр гъэувыӀэн.
3. Зыгуэрым и къарур егъэухын, зыгуэр егъэлеяуэ гугъу егъэхьын (п. п. щӀащӀэ е зытес шыр, Ӏэщыр).
рузагнать, замучить, изнурить кого-л. чем-л.
Шыр гъэувыӀэн. Выр гъэувыӀэн.
Kitapta geçtiği hali
гъэувыӀэн 1. каузатив к увыӀэн / УвыӀэн псалъэм и каузатив. Машинэр гъэувыӀэн. Сыхьэтыр гъэувыӀэн. * Гур бэзэрыкум щигъэувыӀэри Хъуэжэ кӀиящ. фольк. 2. прекратить, остановить (работу, действие, развитие, процесс и т. п.); перестать делать что-л. / Зы Ӏуэху гуэр зэпыгъэун, зыгуэр гъэбэяун, гъэсабырын, зэтегъэувыӀэн; Ӏуэхугъуэ гуэр зыпыгъэун, щыгъэтын. Зауэр гъэувыӀэн. Джэгуныр гъэувыӀэн. Тхэныр гъэувыӀэн. Псэлъэныр гъэувыӀэн. Узыр гъэувыӀэн. 3. загнать, замучить, изнурить кого-л. чем-л. / Зыгуэрым и къарур егъэухын, зыгуэр егъэлеяуэ гугъу егъэхьын (п. п. щӀащӀэ е зытес шыр, Ӏэщыр). Шыр гъэувыӀэн. Выр гъэувыӀэн.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(егъэувыӀэ)
1. Зыгуэр кӀуэныр, хъеиныр, лэжьэныр (п.п. сыхьэт, машинэ, н.къ.) щигъэтын.
– Зэпэщауэ узэуакӀуэщ, Уи алъпышри ӀэкӀуэлъакӀуэщ, Пэжщ, и ныбжькӀэ ар къунанщ БгъэувыӀэм хъунщ зэран, Уэ сыноплъми, ущӀалащэщ – КъоухъулӀэ уи гуращэр. «— Елбэздыкъуэ, 9
2. Зы Ӏуэху гуэр зэпыгъэун, зыгуэр гъэбэяун, гъэсабырын, зэтегъэувыӀэн; Ӏуэхугъуэ гуэр зэпыгъэун, щыгъэтын.
Джэгур ягъэувыӀэн щӀимыдэр езыми ищӀэжырт: хэкум ираш шэшэнхэм, мышкъышхэм я гъы макъ, кӀий-гуо макъ, узэщӀэдэӀукӀмэ, зэхэпхырт.— Лъапсэ, 89
+1 örnek
Фызищыр зэкӀэлъхьэужьу а лӀитӀым я ужь итт, я жьэр ямыгъэувыӀэу псалъэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 76
3. Зыгуэрым и къарур егъэухын, егъэлеяуэ гугъу егъэхьын (п.п. шыр, Ӏэщыр).
Ерулыжь мыгъуэри гузавэу Долэт къыкӀэлъижыхьырт: – Уа, си алащэжь мыгъуэр бгъэувыӀащ, къепсых, – жиӀэрти.— Хъуэпсэгъуэ нур, 270
+1 örnek
– ЯгъэувыӀэнщ хакӀуэр, – жиӀащ Бекъан зэрымыарэзым гу лъыптэу.— Нал къута, 264
Kitapta geçtiği hali
ГЪЭУВЫӀЭН (егъэувыӀэ) лъэӀ. (9). 1. (1). Зыгуэр кӀуэныр, хъеиныр, лэжьэныр (п.п. сыхьэт, машинэ, н.къ.) щигъэтын. – Зэпэщауэ узэуакӀуэщ, Уи алъпышри ӀэкӀуэлъакӀуэщ, Пэжщ, и ныбжькӀэ ар къунанщ БгъэувыӀэм хъунщ зэран, Уэ сыноплъми, ущӀалащэщ – КъоухъулӀэ уи гуращэр. «Елбэздыкъуэ», 9. 2. (4). Зы Ӏуэху гуэр зэпыгъэун, зыгуэр гъэбэяун, гъэсабырын, зэтегъэувыӀэн; Ӏуэхугъуэ гуэр зэпыгъэун, щыгъэтын. Джэгур ягъэувыӀэн щӀимыдэр езыми ищӀэжырт: хэкум ираш шэшэнхэм, мышкъышхэм я гъы макъ, кӀий-гуо макъ, узэщӀэдэӀукӀмэ, зэхэпхырт. Лъапсэ, 89. Фызищыр зэкӀэлъхьэужьу а лӀитӀым я ужь итт, я жьэр ямыгъэувыӀэу псалъэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 76. 3. (4). Зыгуэрым и къарур егъэухын, егъэлеяуэ гугъу егъэхьын (п.п. шыр, Ӏэщыр). Ерулыжь мыгъуэри гузавэу Долэт къыкӀэлъижыхьырт: – Уа, си алащэжь мыгъуэр бгъэувыӀащ, къепсых, – жиӀэрти. Хъуэпсэгъуэ нур, 270. – ЯгъэувыӀэнщ хакӀуэр, – жиӀащ Бекъан зэрымыарэзым гу лъыптэу. Нал къута, 264.