гъэтӀылъын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(егъэтӀылъ)

1. ЗыщӀыпӀэ зыгуэр телъхьэн.

руположить что-л.

Ущыджэлэну щӀыпӀэр пщӀэтэмэ, упщӀэ бгъэтӀылъынт.— Псалъэжьхэр

+1 örnek

Псы Ӏуфэм нэсри Темырболэтым и щыгъыныр удзыпцӀэм деж игъэтӀылъащ.— ӀуэрыӀуатэ

2. Къыпхуэсэбэпыжын гуэр дэдзыхын.

рузапастись чем-л., отложить, приберечь что-л.

Гъавэ гъэтӀылъын. Пхъэ щхьэмыщхьэ гъэтӀылъын. Ахъшэ гъэтӀылъын.

Kitapta geçtiği hali

гъэтӀылъын (егъэтӀылъ) перех. гл. 1. положить что-л. / ЗыщӀыпӀэ зыгуэр телъхьэн. * Ущыджэлэну щӀыпӀэр пщӀэтэмэ, упщӀэ бгъэтӀылъынт. (погов.) Псы Ӏуфэм нэсри Темырболэтым и щыгъыныр удзыпцӀэм деж игъэтӀылъащ. фольк. 2. запастись чем-л., отложить, приберечь что-л. / Къыпхуэсэбэпыжын гуэр дэдзыхын. Гъавэ гъэтӀылъын. Пхъэ щхьэмыщхьэ гъэтӀылъын. Ахъшэ гъэтӀылъын.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(егъэтӀылъ)

1. Зыгуэр зыщӀыпӀэ телъхьэн.

Тхьэмадэм блэгъур игъэтӀылъри, Бзукъан къуажэу кхъузанэм текӀуэдам и хъыбарым щӀидзат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 60

+2 örnek

ЖыӀэ зыгуэр, си псэр зышхын, жиӀэурэ Апчарэ едэхащӀэрт псы Ӏуфэм деж [псым къыхихыжа и ныбжьэгъур] игъэтӀылъауэ.— Щынэхужьыкъуэ, 55

ДжэдыкӀэм джэдыкӀэпсыр кърагъэжырт, джэдыкӀафэр ягъэтӀылъти, шым утесу жэрыжэм утету джэдыкӀэм тебгъэхуэн хуейт, ар зыхузэфӀэкӀыр Къэрэжь хуэдэ зырызт.— Лъапсэ, 103

2. Къыпхуэсэбэпыжын гуэр дэдзыхын, пхъумэн.

ЦӀыхур гуитӀщхьитӀ хъуауэ, хэт жиӀэри я фӀэщ хъууэ хуежьащи, зэрызохьэ, зэхуогузавэ, хьэдагъэ зэхуокӀуэ, кхъэм макӀуэри, лӀа зимыӀэ щыӀэ, я мащэм щыщ ятӀэ тӀэкӀу хъуржын сытхэм икӀутауэ ягъэтӀылъ, щрашкӀэ здашэну.— Лъапсэ, 84

+1 örnek

Гъавэ сыт щыбгъэтӀылъ хъуну къуэгъэнапӀэ Ӏэджи иӀэщ [бгъуэнщагъым].— Нал къута, 294

3. Ӏуэху гуэр пӀалъэкӀэ гъэӀэпхъуэн.

Щхьэж зи ужь ита Ӏуэхур игъэтӀылъри фызышэ къэкӀуам еплъыну уващ.

Deyimler (1)

Ӏэщэр гъэтӀылъын

Еплъ: Ӏэщэ

Kitapta geçtiği hali

ГЪЭТӀЫЛЪЫН (егъэтӀылъ) лъэӀ. (39). 1. (33). Зыгуэр зыщӀыпӀэ телъхьэн. Тхьэмадэм блэгъур игъэтӀылъри, Бзукъан къуажэу кхъузанэм текӀуэдам и хъыбарым щӀидзат. Хъуэпсэгъуэ нур, 60. ЖыӀэ зыгуэр, си псэр зышхын, жиӀэурэ Апчарэ едэхащӀэрт псы Ӏуфэм деж [псым къыхихыжа и ныбжьэгъур] игъэтӀылъауэ. Щынэхужьыкъуэ, 55. ДжэдыкӀэм джэдыкӀэпсыр кърагъэжырт, джэдыкӀафэр ягъэтӀылъти, шым утесу жэрыжэм утету джэдыкӀэм тебгъэхуэн хуейт, ар зыхузэфӀэкӀыр Къэрэжь хуэдэ зырызт. Лъапсэ, 103. 2. (5). Къыпхуэсэбэпыжын гуэр дэдзыхын, пхъумэн. ЦӀыхур гуитӀщхьитӀ хъуауэ, хэт жиӀэри я фӀэщ хъууэ хуежьащи, зэрызохьэ, зэхуогузавэ, хьэдагъэ зэхуокӀуэ, кхъэм макӀуэри, лӀа зимыӀэ щыӀэ, я мащэм щыщ ятӀэ тӀэкӀу хъуржын сытхэм икӀутауэ ягъэтӀылъ, щрашкӀэ здашэну. Лъапсэ, 84. Гъавэ сыт щыбгъэтӀылъ хъуну къуэгъэнапӀэ Ӏэджи иӀэщ [бгъуэнщагъым]. Нал къута, 294. 3. (1). Ӏуэху гуэр пӀалъэкӀэ гъэӀэпхъуэн. Щхьэж зи ужь ита Ӏуэхур игъэтӀылъри фызышэ къэкӀуам еплъыну уващ. ◊ Ӏэщэр гъэтӀылъын (1). Еплъ Ӏэщэ.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

bırakmak koymak tasfiye

Düzeltme Öner

гъэтӀылъын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.