гъэлъэлъэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
2. Бла гуэр зэрыутӀыпщыкӀын.
рурассыпать что-л. (напр. бусы)
Щыгъэр гъэлъэлъэн.
3. Ухуэна, зэрыхъа гуэрхэр зэрыгъэутӀыпщын.
рураспустить, расплести что-л.
Цыджанэр гъэлъэлъэн.
4. Хьэдзэхэр къытегъэлъэлын (п. п. нартыхум), жылэхэр къигъэлъэлъын (п. п. джэшым).
рурушить (напр. кукурузу)
Нартыху гъэлъэлъэн. Джэш гъэлъэлъэн.
Kitapta geçtiği hali
гъэлъэлъэн 1. каузатив к лъэлъэн / Лъэлъэн псалъэм и каузатив. Абджынэр гъэлъэлъэн. 2. рассыпать что-л. (напр. бусы) / Бла гуэр зэрыутӀыпщыкӀын. Щыгъэр гъэлъэлъэн. 3. распустить, расплести что-л. / Ухуэна, зэрыхъа гуэрхэр зэрыгъэутӀыпщын. Цыджанэр гъэлъэлъэн. 4. рушить (напр. кукурузу) / Хьэдзэхэр къытегъэлъэлын (п. п. нартыхум), жылэхэр къигъэлъэлъын (п. п. джэшым). Нартыху гъэлъэлъэн. Джэш гъэлъэлъэн.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(егъэлъалъэ)
1. ЦӀыкӀу-цӀыкӀуу зэпкърыгъэхун, зэхэкъутэн, зэхэгъэщэщэн.
Зэрыхъуу хъунщ, Сосрыкъуэ сиубэрэжьми среубэрэжь, сщӀэр жысӀэнщ, пцӀы лъэпкъ хэмылъу, жиӀэу и жьэр зэтриха къудейуэ, зыгуэр укъигъащтэу къэуащ, щхьэгъубжэ абджыр игъэлъалъэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 624
2. КӀэщӀ-кӀэщӀурэ зэпуурэ, къытезыгъэзэж Ӏэуэлъауэ, макъ гъэӀун.
Мис абдежым радист щӀалэм Рацэ кӀапсэр игъэлъалъэу Астемырым ирегъащӀэ ХъыбарыфӀхэр яхуэпӀащӀэу.— Радиосправкэ. «Партыр ди пашэу», 75
3. Хьэдзэхэр къытегъэлъэлъын (п.п. нартыхум).
Шхын щхьэкӀэ лӀэуэ нобэ Локотош гуэдз щхьэмыж игъэлъалъэри гуэдз Ӏэбжьыб ишхати, къыщӀэкӀуакъым – и ныбэр къеныкъуэкъу хъуащ, гъущӀ Ӏунэ ишха хуэдэу мэуз.— Нал къута, 242
Kitapta geçtiği hali
ГЪЭЛЪЭЛЪЭН (егъэлъалъэ) лъэӀ. (3). 1. (1). ЦӀыкӀу-цӀыкӀуу зэпкърыгъэхун, зэхэкъутэн, зэхэгъэщэщэн. Зэрыхъуу хъунщ, Сосрыкъуэ сиубэрэжьми среубэрэжь, сщӀэр жысӀэнщ, пцӀы лъэпкъ хэмылъу, жиӀэу и жьэр зэтриха къудейуэ, зыгуэр укъигъащтэу къэуащ, щхьэгъубжэ абджыр игъэлъалъэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 624. 2. (1). КӀэщӀ-кӀэщӀурэ зэпуурэ, къытезыгъэзэж Ӏэуэлъауэ, макъ гъэӀун. Мис абдежым радист щӀалэм Рацэ кӀапсэр игъэлъалъэу Астемырым ирегъащӀэ ХъыбарыфӀхэр яхуэпӀащӀэу. Радиосправкэ. «Партыр ди пашэу», 75. 3. (1). Хьэдзэхэр къытегъэлъэлъын (п.п. нартыхум). Шхын щхьэкӀэ лӀэуэ нобэ Локотош гуэдз щхьэмыж игъэлъалъэри гуэдз Ӏэбжьыб ишхати, къыщӀэкӀуакъым – и ныбэр къеныкъуэкъу хъуащ, гъущӀ Ӏунэ ишха хуэдэу мэуз. Нал къута, 242.