гъэкӀуэжын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
КӀуэжын псалъэм и каузатив.
рукаузатив к кӀуэжын
Унэм гъэкӀуэжын. Я деж гъэкӀуэжын. КъыздикӀам гъэкӀуэжын.
Kitapta geçtiği hali
гъэкӀуэжын каузатив к кӀуэжын / КӀуэжын псалъэм и каузатив. Унэм гъэкӀуэжын. Я деж гъэкӀуэжын. КъыздикӀам гъэкӀуэжын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(егъэкӀуэж)
Зыгуэрым зыщӀыпӀэ егъэгъэзэжын, егъэунэтӀыжын.
[БэзэракӀуэ фызым:] КхъыӀэ, ӀэлъэщӀыр фщэхуи сывгъэкӀуэж.— Гъуэгуанэ, 124
+2 örnek
Иджыри къэс цӀыхум ящыгъупщакъым Къетау и нысэр игъэӀущу и дыщым игъэкӀуэжауэ зэрыщытар: «Уи щӀалэ цӀыкӀум сыт естын?».— Лъапсэ, 62
«Тутнакъым ис фызхэр Я унэ вгъэкӀуэж!».— ЦӀыху мурадым и бзу хужь. «Вагъуэ махуэ», 349
Kitapta geçtiği hali
ГЪЭКӀУЭЖЫН (егъэкӀуэж) лъэӀ. (8). Зыгуэрым зыщӀыпӀэ егъэгъэзэжын, егъэунэтӀыжын. [БэзэракӀуэ фызым:] КхъыӀэ, ӀэлъэщӀыр фщэхуи сывгъэкӀуэж. Гъуэгуанэ, 124. Иджыри къэс цӀыхум ящыгъупщакъым Къетау и нысэр игъэӀущу и дыщым игъэкӀуэжауэ зэрыщытар: «Уи щӀалэ цӀыкӀум сыт естын?». Лъапсэ, 62. «Тутнакъым ис фызхэр Я унэ вгъэкӀуэж!». ЦӀыху мурадым и бзу хужь. «Вагъуэ махуэ», 349.