гъэгуӀэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ГуӀэн псалъэм и каузатив.
рукаузатив к гуӀэн
Kitapta geçtiği hali
гъэгуӀэн каузатив к гуӀэн / ГуӀэн псалъэм и каузатив.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(егъэгуӀэ)
Зыгуэрым гузэвэгъуэшхуэ егъэгъуэтын, егъэгъэвын.
Зи гур гуауэм иуӀари КӀуэрт гъы защӀэу, къэмувыӀэу, Гъусэу иӀэр игъэгуӀэу.— Тисей, 492
+2 örnek
ЦӀыху дэхуэхам сагъэгуӀэм, Пшэ кӀапэм нэпсыр къысхуелъэщӀ.— Си вагъуэр уафэм имызагъэ… Щхьэлыкъуэ, 404
Нэм ар щӀэхуэм уегъэгуӀэ, Гъын-мыгъыным ухегъадэ.— Зы куэнсапӀэм пщӀэ имыӀэ. «Вагъуэ махуэ», 38
Kitapta geçtiği hali
ГЪЭГУӀЭН (егъэгуӀэ) лъэӀ. (4). Зыгуэрым гузэвэгъуэшхуэ егъэгъуэтын, егъэгъэвын. Зи гур гуауэм иуӀари КӀуэрт гъы защӀэу, къэмувыӀэу, Гъусэу иӀэр игъэгуӀэу. «Тисей», 492. ЦӀыху дэхуэхам сагъэгуӀэм, Пшэ кӀапэм нэпсыр къысхуелъэщӀ. Си вагъуэр уафэм имызагъэ… «Щхьэлыкъуэ», 404. Нэм ар щӀэхуэм уегъэгуӀэ, Гъын-мыгъыным ухегъадэ. Зы куэнсапӀэм пщӀэ имыӀэ. «Вагъуэ махуэ», 38.