гузэвэгъуэ хэхуэн
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
гузэвэгъуэ
Гуныкъуэгъуэ, гухэщӀ, нэщхъеягъуэ.
«Лъэпкъ цӀыкӀухэр хэкум ираш» жаӀэу арат хъыбарри, цӀыхум я щхьэр здахьынур ямыщӀэу, гузэвэгъуэм имыгъэжеижу къэнат— Лъапсэ, 83
+2 örnek
Зи бын зауэм мыкӀуа щыӀэкъыми, цӀыхум я щхьэм бжьэ еуа хуэдэу гузэвэгъуэм хэт защӀэу мэпсэу— Къалэн, 431
Полковникым къыгурыӀуэрт дивизэ хьэзыр мыхъуар, Ӏэщэ-фащэкӀэ нэгъэса мыхъуар фронтым щашэкӀэ ар гузэвэгъуэм къызэрыхэкӀыр— Щынэхужьыкъуэ, 47
Deyimler (13)
[и] гузэвэгъуэ дэгъэкӀын
Зыгуэрым дэӀэпыкъун, зыщӀэгъэкъуэн, гугъуехьым къыхэшын.
…ХьэщӀэ къыпхуэкӀуэну угузавэмэ, мэзхъумэм уи гузэвэгъуэ дигъэкӀыфынущ.— Лъапсэ, 71
гузэвэгъуэ ихуэн
Гугъуехь, бэлыхь хэхуэн, хэтын.
Зэгуэр гузэвэгъуэ ихуат: жыжьэ къикӀыу хьэщӀэшхуэ Нартыхум къригъэблэгъати, щакӀуи ишащ, кхъуэпӀащэрэ мэз бжэнрэ къригъэукӀащ, ХъынцӀэл а и щӀыкӀэжьым ещхьу иригъэщӀри.— Лъапсэ, 79
+2 örnek
Къыдырым и фӀэщ дыдэт: – Мыщэм тэмэму гу лъитащ: дэ гузэвэгъуэ дыщихуэр сытым деж – щӀамахуэм дежщ— Кхъухь пхэнж, 503
Гузэвэгъуэ ихуэпами, НыбжьэгъуфӀым уегъэпэж.— Сыт къохъулӀэу угуфӀами… Вагъуэ махуэ, 321
гузэвэгъуэ иӀэн
ГухэщӀ, гуныкъуэгъуэ, нэщхъеягъуэ лъагъун, хэтын.
Ди жэщи махуи тӀуми зыуэ, Зы гузэвэгъуэщ дэ диӀар.— Кулиев Къайсын. «Мывэ хуабэ», 113
гузэвэгъуэ къылъэӀэсын
ЯмыщӀэххэу гузэвэгъуэ къалъэӀэсащ, лэжьакӀуэм и нэхъыбэр мэзым щӀэту.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515
Еплъ: гузэвэгъуэ хэтын
гузэвэгъуэ къылъысын
Апчарэ и хъуржыным илъа тӀэкӀур яуха иужь гузэвэгъуэ къалъысащ, шхын къыздрахынур ямыщӀэу— Нал къута, 268
+2 örnek
Гуэдзым щхьэмыж къищӀу щыхуежьэм, гузэвэгъуэшхуэ цӀыхум къалъысри, фоч зиӀам и фочыр, сэшхуэ зиӀам и сэшхуэр, и къамэ, нэгъуэщӀ Ӏэщэ-фащэ щыӀэми – щхьэж игъуэтыр къищтэри, гъэрэ щӀырэ зэрызэхэкӀым ещхьу, зэхэкӀри – хэт бэлшэвычу ежьэжащ, хэти кӀэдет хъуащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 268
ЦӀыхум я щхьэ бжьэ еуа хуэдэу, гузэвэгъуэ къалъысат, я тхьэусыхафэр зыхуахьынур ямыщӀэу.— Лъапсэ, 84
Еплъ: гузэвэгъуэ ихуэн
гузэвэгъуэ къыхуихуэн
Бэлыхь, гугъуехь хэхуэн.
ТӀощӀ фӀэкӀ зи ныбжьыр нэмысауэ Сэ гузэвэгъуэ къысхуихуащ.— Синдур. «Батырыбжьэ», 83
гузэвэгъуэ телъын
Бэлыхь, гуныкъуэгъуэ, гухэщӀ, нэщхъеягъуэ хэтын.
Гузэвэгъуэр телъщ, И гум щӀылъэр къыдогызыр [Хьэкурынэ].— Тисей, 485
+1 örnek
Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ щыжаӀа махуэр Щхьэлмывэкъуэ къахуэкӀуауэ гузэвэгъуэр ятелът— Хъуэпсэгъуэ нур, 287
гузэвэгъуэ хэдзэн
Зыгуэрым бэлыхь, гугъуехь, бэмпӀэгъуэ телъхьэн.
Щыуамэ, щыуар езыращи [дадэр], зэригъэзэхуэжын хуейщ и къуэри гузэвэгъуэ химыдзэу.— КӀапсэ кӀапэ, 16
гуэзэвэгъуэ хэтын
Махуэм зиужьащ, Хьэбибэ сымэ гузэвэгъуэм хэту— Нал къута, 285
+2 örnek
Къазджэрий зэгупсысыр Лу къыхуэщӀакъым, ауэ гузэвэгъуэ гуэр зэрыхэтыр ӀупщӀт— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 624
Алыхьым и нэфӀ зыщихуари гузэвэгъуэм хэтщ, зыми и псалъэ уи фӀэщ пщӀы хъунукъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 187
Еплъ: гузэвэгъуэ телъын
гузэвэгъуэ хэхуэн
Пэжу, цӀыхухъухэр гузэвэгъуэ щыхэхуэ къохъур, уеблэмэ суд Ӏуэхуми хохуэ.— Лъапсэ, 13
+1 örnek
Мэмэт-ЩӀакъуи къотэдж хъуэхъуэну: – ИӀэт, ивгъахъуэт, – жиӀэу къыщӀидза къудейуэ, Раисэ Муратовнэ, гузэвэгъуэ гуэр зэрыхэхуар нэрылъагъуу, Нартыхум щэхуу зыгуэр къыжреӀэри псынщӀэу щӀокӀыж, абы и ужьым иту Казбек Машевичи зыми псалъэ жримыӀэу щӀоущыкӀ…— Лъапсэ, 93
Еплъ: гузэвэгъуэ ихуэн
гузэвэгъуэ хуэзэн
[Локотош] Гузэвэгъуэ хуэза отрядыр гъуэгу пхэнж тезышари сэращ.— Нал къута, 295
Еплъ: гузэвэгъуэ ихуэн
гузэвэгъуэм зэрихуэн
Гугъуехь, бэлыхь, бампӀэгъуэ с.ху. хэтын.
[Дэфэрэдж:] – Гузэвэгъуэм узэрихуэмэ, Ӏэмалыншэкъэ?— Лъапсэ, 58
+2 örnek
Хъыджэбзри гузэвэгъуэм зэрехуэри къыщхьэщыжын гуэр къилъыхъуэу гъунэгъу дыдэ зыкъещӀ.— Лъапсэ, 33
Гузэвэгъуэу узезыхуэр Си фэм дэкӀыу си гур хощӀ, Къурш уэс щыблэу къуэм къыдэуэм Сыкъилъхуауи зэм къысфӀощӀ.— Си щӀыналъэ. «Батырыбжьэ», 59
гузэвэгъуэр къыкӀэлъысын
Махуэ енкӀэ шур къэжауэ, Фызыжь пщыӀэм къэсыжауэ, Гузэвэгъуэр къалъоӀэсыр, А иныжьыр псынщӀэу къосыр, НэпӀэзыпӀэу къохъу телъыджэ, КъыхыфӀедзэр щӀалэм гъуджэр, Шум и ужьыр мэхъу мылыджэ.— Елбэздыкъуэ, 19
Еплъ: гузэвэгъуэ къылъэӀэсын
Kitapta geçtiği hali
ГУЗЭВЭГЪУЭ (39). Гуныкъуэгъуэ, гухэщӀ, нэщхъеягъуэ. «Лъэпкъ цӀыкӀухэр хэкум ираш» жаӀэу арат хъыбарри, цӀыхум я щхьэр здахьынур ямыщӀэу, гузэвэгъуэм имыгъэжеижу къэнат. Лъапсэ, 83. Зи бын зауэм мыкӀуа щыӀэкъыми, цӀыхум я щхьэм бжьэ еуа хуэдэу гузэвэгъуэм хэт защӀэу мэпсэу. Къалэн, 431. Полковникым къыгурыӀуэрт дивизэ хьэзыр мыхъуар, Ӏэщэ-фащэкӀэ нэгъэса мыхъуар фронтым щашэкӀэ ар гузэвэгъуэм къызэрыхэкӀыр. Щынэхужьыкъуэ, 47. ◊ [И] гузэвэгъуэ дэгъэкӀын (1). Зыгуэрым дэӀэпыкъун, зыщӀэгъэкъуэн, гугъуехьым къыхэшын. …ХьэщӀэ къыпхуэкӀуэну угузавэмэ, мэзхъумэм уи гузэвэгъуэ дигъэкӀыфынущ. Лъапсэ, 71. Гузэвэгъуэ ихуэн (5). Гугъуехь, бэлыхь хэхуэн, хэтын. Зэгуэр гузэвэгъуэ ихуат: жыжьэ къикӀыу хьэщӀэшхуэ Нартыхум къригъэблэгъати, щакӀуи ишащ, кхъуэпӀащэрэ мэз бжэнрэ къригъэукӀащ, ХъынцӀэл а и щӀыкӀэжьым ещхьу иригъэщӀри. Лъапсэ, 79. Къыдырым и фӀэщ дыдэт: – Мыщэм тэмэму гу лъитащ: дэ гузэвэгъуэ дыщихуэр сытым деж – щӀамахуэм дежщ. Кхъухь пхэнж, 503. Гузэвэгъуэ ихуэпами, НыбжьэгъуфӀым уегъэпэж. Сыт къохъулӀэу угуфӀами… «Вагъуэ махуэ», 321. Гузэвэгъуэ иӀэн (1). ГухэщӀ, гуныкъуэгъуэ, нэщхъеягъуэ лъагъун, хэтын. Ди жэщи махуи тӀуми зыуэ, Зы гузэвэгъуэщ дэ диӀар. Кулиев Къайсын. «Мывэ хуабэ», 113. Гузэвэгъуэ къылъэӀэсын (1). Еплъ гузэвэгъуэ хэтын. ЯмыщӀэххэу гузэвэгъуэ къалъэӀэсащ, лэжьакӀуэм и нэхъыбэр мэзым щӀэту. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515. Гузэвэгъуэ къылъысын (3). Еплъ гузэвэгъуэ ихуэн. Апчарэ и хъуржыным илъа тӀэкӀур яуха иужь гузэвэгъуэ къалъысащ, шхын къыздрахынур ямыщӀэу. Нал къута, 268. Гуэдзым щхьэмыж къищӀу щыхуежьэм, гузэвэгъуэшхуэ цӀыхум къалъысри, фоч зиӀам и фочыр, сэшхуэ зиӀам и сэшхуэр, и къамэ, нэгъуэщӀ Ӏэщэ-фащэ щыӀэми – щхьэж игъуэтыр къищтэри, гъэрэ щӀырэ зэрызэхэкӀым ещхьу, зэхэкӀри – хэт бэлшэвычу ежьэжащ, хэти кӀэдет хъуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 268. ЦӀыхум я щхьэ бжьэ еуа хуэдэу, гузэвэгъуэ къалъысат, я тхьэусыхафэр зыхуахьынур ямыщӀэу. Лъапсэ, 84. Гузэвэгъуэ къыхуихуэн (1). Бэлыхь, гугъуехь хэхуэн. ТӀощӀ фӀэкӀ зи ныбжьыр нэмысауэ Сэ гузэвэгъуэ къысхуихуащ. Синдур. «Батырыбжьэ», 83. Гузэвэгъуэ телъын (2). Бэлыхь, гуныкъуэгъуэ, гухэщӀ, нэщхъеягъуэ хэтын. Гузэвэгъуэр телъщ, И гум щӀылъэр къыдогызыр [Хьэкурынэ]. «Тисей», 485. Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ щыжаӀа махуэр Щхьэлмывэкъуэ къахуэкӀуауэ гузэвэгъуэр ятелът. Хъуэпсэгъуэ нур, 287. Гузэвэгъуэ хэдзэн (1). Зыгуэрым бэлыхь, гугъуехь, бэмпӀэгъуэ телъхьэн. Щыуамэ, щыуар езыращи [дадэр], зэригъэзэхуэжын хуейщ и къуэри гузэвэгъуэ химыдзэу. КӀапсэ кӀапэ, 16. Гуэзэвэгъуэ хэтын (5). Еплъ гузэвэгъуэ телъын. Махуэм зиужьащ, Хьэбибэ сымэ гузэвэгъуэм хэту. Нал къута, 285. Къазджэрий зэгупсысыр Лу къыхуэщӀакъым, ауэ гузэвэгъуэ гуэр зэрыхэтыр ӀупщӀт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 624. Алыхьым и нэфӀ зыщихуари гузэвэгъуэм хэтщ, зыми и псалъэ уи фӀэщ пщӀы хъунукъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 187. Гузэвэгъуэ хэхуэн (2). Еплъ гузэвэгъуэ ихуэн. Пэжу, цӀыхухъухэр гузэвэгъуэ щыхэхуэ къохъур, уеблэмэ суд Ӏуэхуми хохуэ. Лъапсэ, 13. Мэмэт-ЩӀакъуи къотэдж хъуэхъуэну: – ИӀэт, ивгъахъуэт, – жиӀэу къыщӀидза къудейуэ, Раисэ Муратовнэ, гузэвэгъуэ гуэр зэрыхэхуар нэрылъагъуу, Нартыхум щэхуу зыгуэр къыжреӀэри псынщӀэу щӀокӀыж, абы и ужьым иту Казбек Машевичи зыми псалъэ жримыӀэу щӀоущыкӀ… Лъапсэ, 93. Гузэвэгъуэ хуэзэн (1). Еплъ гузэвэгъуэ ихуэн. [Локотош] Гузэвэгъуэ хуэза отрядыр гъуэгу пхэнж тезышари сэращ. Нал къута, 295. Гузэвэгъуэм зэрихуэн (3). Гугъуехь, бэлыхь, бампӀэгъуэ с.ху. хэтын. [Дэфэрэдж:] – Гузэвэгъуэм узэрихуэмэ, Ӏэмалыншэкъэ? Лъапсэ, 58. Хъыджэбзри гузэвэгъуэм зэрехуэри къыщхьэщыжын гуэр къилъыхъуэу гъунэгъу дыдэ зыкъещӀ. Лъапсэ, 33. Гузэвэгъуэу узезыхуэр Си фэм дэкӀыу си гур хощӀ, Къурш уэс щыблэу къуэм къыдэуэм Сыкъилъхуауи зэм къысфӀощӀ. Си щӀыналъэ. «Батырыбжьэ», 59. Гузэвэгъуэр къыкӀэлъысын (1). Еплъ гузэвэгъуэ къылъэӀэсын. Махуэ енкӀэ шур къэжауэ, Фызыжь пщыӀэм къэсыжауэ, Гузэвэгъуэр къалъоӀэсыр, А иныжьыр псынщӀэу къосыр, НэпӀэзыпӀэу къохъу телъыджэ, КъыхыфӀедзэр щӀалэм гъуджэр, Шум и ужьыр мэхъу мылыджэ. «Елбэздыкъуэ», 19.