гугъэр хэхыжын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

гугъэ

1. ХъуэпсапӀэ; гуращэ.

рунадежда; мечта

Дауэ щытми, ди щӀалэгъуэр гугъэ дахэм хэвмыгъэкӀ.— Ӏуащхьэмахуэ

+2 örnek

Гугъэ здэщымыӀэм гъащӀи щыӀэкъым.— Псалъэжьхэр

Гугъэмрэ жеймрэ адэ щӀэиныфӀщ.— Псалъэжьхэр

2. Мурад.

рунамерение

Bu maddedeki ifadeler (10)

гугъэ егъэщӀын

руподать надежду кому-л.

гугъэ иӀэн

рунадеяться на что-л., питать надежду.

гугъэ щӀын

рунамериваться, нацелиться.

гугъэкӀэ псэун

ружить надеждой, жить в надежде на что-л.

гугъэм хэмыкӀын

рупостоянно, вечно надеяться на что-л.

и гугъэм и Ӏэр техуэн

рудостигнуть своей цели.

{Бэдынокъуэ и анэм:} - Нобэ хуэдэ зы махуает зыхуэспӀари си гугъэм си Ӏэр техуащ.— Нартхэр

гугъэр хэмыхыжын

руне потерять надежды на что-л.

гугъэр хэхыжын (хэхын)

рупотерять надежду на что-л.

Хъалил и гугъэр хихыжри ешыпауэ ар кӀуэжащ.— Гу и у.

+1 örnek

Масирэт и гугъэр хихыжыпауэ пшынэр зэгуепӀэж.— Ӏуащхьэмахуэ

Гугъэ нэпцӀ 1.

КъемыхъулӀэным щыгугъыныгъэ.

рунесбыточная мечта

Гугъэ нэпцӀщ ахэр {зауэщӀэгъэстхэр} зыщӀэкъур, щхьэгъэпцӀэжщ абы я гуращэр.— Ӏуащхьэмахуэ

2. ЩхьэгъэпцӀэж гуращэ.

рунесбыточная надежда

Фыз тхьэмыщкӀэр гугъэ нэпцӀкӀэ пщы бжэӀупэм ныӀуоувэ.— ЩоджэнцӀыкӀу Алий

гугъэ нэпцӀ щӀын

рузря надеяться на что-л.

Kitapta geçtiği hali

гугъэ 1. надежда; мечта / ХъуэпсапӀэ; гуращэ. * Дауэ щытми, ди щӀалэгъуэр гугъэ дахэм хэвмыгъэкӀ. Ӏуащхь. Гугъэ здэщымыӀэм гъащӀи щыӀэкъым. (погов.) Гугъэмрэ жеймрэ адэ щӀэиныфӀщ. (погов.) 2. намерение / Мурад. Гугъэ егъэщӀын подать надежду кому-л. Гугъэ иӀэн надеяться на что-л., питать надежду. Гугъэ щӀын намериваться, нацелиться. ГугъэкӀэ псэун жить надеждой, жить в надежде на что-л. Гугъэм хэмыкӀын постоянно, вечно надеяться на что-л. И гугъэм и Ӏэр техуэн достигнуть своей цели. * {Бэдынокъуэ и анэм:} - Нобэ хуэдэ зы махуает зыхуэспӀари си гугъэм си Ӏэр техуащ. Нарт. Гугъэр хэмыхыжын не потерять надежды на что-л. Гугъэр хэхыжын (хэхын) потерять надежду на что-л. * Хъалил и гугъэр хихыжри ешыпауэ ар кӀуэжащ. Гу и у. Масирэт и гугъэр хихыжыпауэ пшынэр зэгуепӀэж. Ӏуащхь. Гугъэ нэпцӀ 1. несбыточная мечта / КъемыхъулӀэным щыгугъыныгъэ. * Гугъэ нэпцӀщ ахэр {зауэщӀэгъэстхэр} зыщӀэкъур, щхьэгъэпцӀэжщ абы я гуращэр. Ӏуащхь. 2. несбыточная надежда / ЩхьэгъэпцӀэж гуращэ. * Фыз тхьэмыщкӀэр гугъэ нэпцӀкӀэ пщы бжэӀупэм ныӀуоувэ. Щ. А. Гугъэ нэпцӀ щӀын зря надеяться на что-л.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

гугъэ

Мурад, хъуэпсапӀэ. –80.

Гъавэ бэвым дыщогугъыр, уа си хыв, Гугъэ тӀэкӀум фӀэкӀ димыӀэ, уа си хыв.— Хывым и уэрэд. «Батырыбжьэ», 79

Deyimler (3)

гугъэр хэхыжын

Зыгуэрым щымыгугъыжын.

Абы къикӀыжа нэужь, илъэситӀкӀэ хьэжыр гугъэу псэуащ, арщхьэкӀэ къуэ къыхуалъхуу щимылъагъум, и гугъэр хихыжри, ежьэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 67

+1 örnek

Иринэ и гъунэгъуу егъэджакӀуэ лӀыжь гуэри хуэзати, къыжриӀащ: эвакуацэ кӀуэну зи хьисэп командир фыз къомым яхэту Иринэ махуитӀкӀэ военкоматым я пщӀантӀэм дэсати, я гугъэр хахыжауэ вокзалым кӀуащ, жиӀэри.— Нал къута, 216

гугъэр хэхын

Зыгуэрым щымыгугъыжын, гугъэр фӀэкӀуэдын.

Жагъуэгъум гугъэр хырагъэхыу Си лъэпкъыр фӀыкӀэ къыпӀущӀащ.— Лермонтов. «Батырыбжьэ», 49

+2 örnek

ЩӀымахуэ жэщу уэсыр къесырт, Хъужыным гъатхэ хэтхырт гугъэр.— ЩӀымахуэ жэщу уэсыр къесырт. «Вагъуэ махуэ», 19

Инус куэд щӀауэ хихыжат и гугъэр, иджы, зиущэхуауэ, жьэгум илъ яжьэр зэбгрихъуурэ дэп зытӀущ къигъуэтар зэхуихьэсауэ, къуэщӀий гъур цӀыкӀухэр ириупсейрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 68

гугъэ щӀын

Мурад иӀэн.

Хэтми куукъэ и щӀэныгъэр, Ар сэрамэ дауэ хъуну? ЖиӀэу дадэм ещӀыр гугъэ, ФӀэфӀщ ар пэжи игъэхъуну.— Плакат. «Партыр ди пашэу», 35

хэхыжын

Deyimler (3)

мурад хэмыхыжын

Еплъ: мурад

гугъэр хэхыжын

Еплъ: гугъэ

псэр хэхыжын

Еплъ: псэ

Kitapta geçtiği hali

ГУГЪЭ (22). Мурад, хъуэпсапӀэ. Гъавэ бэвым дыщогугъыр, уа си хыв, Гугъэ тӀэкӀум фӀэкӀ димыӀэ, уа си хыв. Хывым и уэрэд. «Батырыбжьэ», 79–80. ◊ Гугъэр хэхыжын (2). Зыгуэрым щымыгугъыжын. Абы къикӀыжа нэужь, илъэситӀкӀэ хьэжыр гугъэу псэуащ, арщхьэкӀэ къуэ къыхуалъхуу щимылъагъум, и гугъэр хихыжри, ежьэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 67. Иринэ и гъунэгъуу егъэджакӀуэ лӀыжь гуэри хуэзати, къыжриӀащ: эвакуацэ кӀуэну зи хьисэп командир фыз къомым яхэту Иринэ махуитӀкӀэ военкоматым я пщӀантӀэм дэсати, я гугъэр хахыжауэ вокзалым кӀуащ, жиӀэри. Нал къута, 216. Гугъэр хэхын (3). Зыгуэрым щымыгугъыжын, гугъэр фӀэкӀуэдын. Жагъуэгъум гугъэр хырагъэхыу Си лъэпкъыр фӀыкӀэ къыпӀущӀащ. Лермонтов. «Батырыбжьэ», 49. ЩӀымахуэ жэщу уэсыр къесырт, Хъужыным гъатхэ хэтхырт гугъэр. ЩӀымахуэ жэщу уэсыр къесырт. «Вагъуэ махуэ», 19. Инус куэд щӀауэ хихыжат и гугъэр, иджы, зиущэхуауэ, жьэгум илъ яжьэр зэбгрихъуурэ дэп зытӀущ къигъуэтар зэхуихьэсауэ, къуэщӀий гъур цӀыкӀухэр ириупсейрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 68. Гугъэ щӀын (1). Мурад иӀэн. Хэтми куукъэ и щӀэныгъэр, Ар сэрамэ дауэ хъуну? ЖиӀэу дадэм ещӀыр гугъэ, ФӀэфӀщ ар пэжи игъэхъуну. Плакат. «Партыр ди пашэу», 35.

ХЭХЫЖЫН II: ◊ мурад хэмыхыжын (1). Еплъ мурад II. Гугъэр хэхыжын (2). Еплъ гугъэ. Псэр хэхыжын (3). Еплъ псэ.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

umut ümit

Düzeltme Öner

гугъэр хэхыжын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.