гугъуехь шэчын

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

гугъуехь

Лэжьыгъуейуэ щыт, хьэзаб зыпылъ.

ДищӀакъым гухэ дэ гугъуехьым, Дыщымыгугъыуи тпэщылъ фӀыгъуэм Щытчакъым лъапэ ди гъуэгу кӀыхьым, Ди пщӀантӀэм шууэ щепсыхауэ ТекӀуэныгъэшхуэм дрогуфӀэр – Ар хьэщӀэу икӀи дымыцӀыхуу, Дэ дыпэмыплъэу къытхуэкӀуакъым— ТекӀуэныгъэ. «Шум и гъуэгу», 5

+1 örnek

Анэм ещӀэ къуэр жыӀэщӀэм зыдынэсыр иӀэ фӀыщӀэр, Адэм ещӀэ къуэм гухэлъу И щӀалэгъуэм зыхуэпӀащӀэр, Ауэ щӀалэм лӀыгъэу хэлъыр ГугъуехьыпӀэрщ къозыгъащӀэр.— Ущие. «Партыр ди пашэу», 89

Deyimler (8)

гугъуехь гъэткӀун

Лэжьыгъуейуэ щыт, хьэзаб зыпылъ гуэр и нэгу щӀэкӀын, и фэм дэкӀын.

Дэ а гъуэгур псынщӀэу ткӀунущ, Зауэм Ӏутым зыхуэдгъадэу Сыт гугъуехьи тхуэгъэткӀунущ, Лэжьыгъэшхуэхэр дгъэкӀуатэу.— Ди гъуэгу. «Партыр ди пашэу», 21

гугъуехь зэпычын

Гугъуехь шэчын, фэм дэгъэхуэн.

– Хэт а гъуэгу кӀыхьыр зыцӀыхур, Гугъуехь фыхуэзэм зэпыфчу, Къарууэ фиӀэр зы фщӀауэ, Лъэбакъуэ леикӀ фымычу, Фыкъихуэу пӀалъэм фэ япэ Фыкъэзышахэр? КъыджаӀэм, ИрещӀэ псоми жэуапыр: «Партыр ди пашэу», – жытӀэнущ— Партыр ди пашэу. «Партыр ди пашэу», 5

гугъуехь къылъысын

Бэлыхь, хьэзаб зыпылъ гуэр къылъэӀэсын, къытехуэн, иӀэ хъун.

Гугъуехь Ӏэджэ къылъысами, И щӀалэгъуэщ, тӀэкӀу къекӀухь [пщащэм], Псори куэдрэ илъэгъуами Губгъуэр, хадэр зэпеплъыхь.— Бдзэжьеящэм ипхъу, 152

гугъуехь телъын

Гугъуехь, хьэзаб с.ху. хэтын, шэчын.

Сыт гугъуехьыр телъми пщащэм, Махуэр кӀыхьу жэщыр кӀэщӀми, Нэпсыр цӀыкӀум зэм илъэщӀми, ИӀэщ дахэм зы гуращэ, Дихьэхыжу гурыфӀыгъуэм, ХуэзэхункӀи и щӀэщыгъуэу. «— Тисей, 500

гугъуехь хуэзэн

Гугъуехь, хьэзаб зыпылъ къылъэӀэсын.

Гугъуехь е гуауэ сыхуэзами, Нэпс ткӀуэпс си гъащӀэм сфӀэкӀуэдакъым, Мыбдеж, сигу дауэ згъэбыдами, СшыӀэн си нэпсыр сэ слъэкӀакъым.— Сабий. «Шум и гъуэгу», 20

гугъуехь хьын

Дыкъащтэу тщӀакъым зыми кӀэбгъуи, Гугъуехь тхуэфащэр тӀуми тхьащ.— Кулиев Къайсын. «Мывэ хуабэ», 113

Еплъ: гугъуехь шэчын

гугъуехь шэчын

Лэжьыгъуейуэ щыт, хьэзаб зыпылъ гъэвын, гъэунэхун.

Мэжей сэлэтхэр езэшауэ, Гугъуехь я гъуэгум щашэчащ.— Сэлэт лъэужь. «Мывэ хуабэ», 129

+1 örnek

Уи лъэрыгъыпсыр сэ сӀыгъыу, Шым сыдэжэни слъэкӀынт, Уэ усхъумэныр нэрыгъыу, Сыт и гугъуехьи сшэчынт.— Усэ къарукӀэ бийр бгъэсу. «Шум и гъуэгу», 25

гугъуехь щымыщӀэн

Гугъуехь, хьэзаб зыпылъ гуэрхэм хэтын.

Сэ бгым сахуэдэу хьэлъэ стелъщи, Гугъуехь сэ си псэр щымыщӀэн.— Сэ бгым сахуэдэу хьэлъэ стелъщи… Батырыбжьэ, 41

Kitapta geçtiği hali

ГУГЪУЕХЬ (2). Лэжьыгъуейуэ щыт, хьэзаб зыпылъ. ДищӀакъым гухэ дэ гугъуехьым, Дыщымыгугъыуи тпэщылъ фӀыгъуэм Щытчакъым лъапэ ди гъуэгу кӀыхьым, Ди пщӀантӀэм шууэ щепсыхауэ ТекӀуэныгъэшхуэм дрогуфӀэр – Ар хьэщӀэу икӀи дымыцӀыхуу, Дэ дыпэмыплъэу къытхуэкӀуакъым. ТекӀуэныгъэ. «Шум и гъуэгу», 5. Анэм ещӀэ къуэр жыӀэщӀэм зыдынэсыр иӀэ фӀыщӀэр, Адэм ещӀэ къуэм гухэлъу И щӀалэгъуэм зыхуэпӀащӀэр, Ауэ щӀалэм лӀыгъэу хэлъыр ГугъуехьыпӀэрщ къозыгъащӀэр. Ущие. «Партыр ди пашэу», 89. ◊ Гугъуехь гъэткӀун (1). Лэжьыгъуейуэ щыт, хьэзаб зыпылъ гуэр и нэгу щӀэкӀын, и фэм дэкӀын. Дэ а гъуэгур псынщӀэу ткӀунущ, Зауэм Ӏутым зыхуэдгъадэу Сыт гугъуехьи тхуэгъэткӀунущ, Лэжьыгъэшхуэхэр дгъэкӀуатэу. Ди гъуэгу. «Партыр ди пашэу», 21. Гугъуехь зэпычын (1). Гугъуехь шэчын, фэм дэгъэхуэн. – Хэт а гъуэгу кӀыхьыр зыцӀыхур, Гугъуехь фыхуэзэм зэпыфчу, Къарууэ фиӀэр зы фщӀауэ, Лъэбакъуэ леикӀ фымычу, Фыкъихуэу пӀалъэм фэ япэ Фыкъэзышахэр? КъыджаӀэм, ИрещӀэ псоми жэуапыр: «Партыр ди пашэу», – жытӀэнущ. Партыр ди пашэу. «Партыр ди пашэу», 5. Гугъуехь къылъысын (1). Бэлыхь, хьэзаб зыпылъ гуэр къылъэӀэсын, къытехуэн, иӀэ хъун. Гугъуехь Ӏэджэ къылъысами, И щӀалэгъуэщ, тӀэкӀу къекӀухь [пщащэм], Псори куэдрэ илъэгъуами Губгъуэр, хадэр зэпеплъыхь. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 152. Гугъуехь телъын (1). Гугъуехь, хьэзаб с.ху. хэтын, шэчын. Сыт гугъуехьыр телъми пщащэм, Махуэр кӀыхьу жэщыр кӀэщӀми, Нэпсыр цӀыкӀум зэм илъэщӀми, ИӀэщ дахэм зы гуращэ, Дихьэхыжу гурыфӀыгъуэм, ХуэзэхункӀи и щӀэщыгъуэу. «Тисей», 500. Гугъуехь хуэзэн (2). Гугъуехь, хьэзаб зыпылъ къылъэӀэсын. Гугъуехь е гуауэ сыхуэзами, Нэпс ткӀуэпс си гъащӀэм сфӀэкӀуэдакъым, Мыбдеж, сигу дауэ згъэбыдами, СшыӀэн си нэпсыр сэ слъэкӀакъым. Сабий. «Шум и гъуэгу», 20. Гугъуехь хьын (1). Еплъ гугъуехь шэчын. Дыкъащтэу тщӀакъым зыми кӀэбгъуи, Гугъуехь тхуэфащэр тӀуми тхьащ. Кулиев Къайсын. «Мывэ хуабэ», 113. Гугъуехь шэчын (2). Лэжьыгъуейуэ щыт, хьэзаб зыпылъ гъэвын, гъэунэхун. Мэжей сэлэтхэр езэшауэ, Гугъуехь я гъуэгум щашэчащ. Сэлэт лъэужь. «Мывэ хуабэ», 129. Уи лъэрыгъыпсыр сэ сӀыгъыу, Шым сыдэжэни слъэкӀынт, Уэ усхъумэныр нэрыгъыу, Сыт и гугъуехьи сшэчынт. Усэ къарукӀэ бийр бгъэсу. «Шум и гъуэгу», 25. Гугъуехь щымыщӀэн (1). Гугъуехь, хьэзаб зыпылъ гуэрхэм хэтын. Сэ бгым сахуэдэу хьэлъэ стелъщи, Гугъуехь сэ си псэр щымыщӀэн. Сэ бгым сахуэдэу хьэлъэ стелъщи… «Батырыбжьэ», 41.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

azap

Düzeltme Öner

гугъуехь шэчын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.