гугъуехь
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
къинихьэгъу/гугъуехь; ÇİLE
гугъуехь, къинихьагъу, КЪИНЫГЪУ(Э); GÜÇLÜK, ZORLUK, ÇİLE
къинихьагъу, гугъуехь, КЪИНЫГЪУ(Э); GÜÇLÜK
КЪИНЫГЪУ(Э), къинихьагъу, гугъуехь; GÜÇLÜK
КЪИН, къин ихьагъу, гугъу, гугъуехь; ZAHMET
КЪИНЫГЪУ(Э), КЪИН ихьагъу/ гугъуехь; ZORLUK
Bu sonuç kitaptaki 6 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Лэжьыгъуейуэ щыт, хьэзаб зыпылъ гуэр.
рутрудности, тягости
Гугъуехь зымылъэгъуам тыншыгъуэ ищӀэркъым.— Псалъэжьхэр
+1 örnek
Гугъуехьым ипсыхьа псэ узыншэр гужьеигъуэм пэлъэщащ.— КӀэрашэ Тембот
Bu maddedeki ifadeler (3)
гугъуехь гъэвын
рупережить большие трудности.
гугъуехь дэшэчын
ру1) разделять с кем-л. трудности, лишения 2) испытывать трудности из-за кого-л.
гугъуехь тегъэлъын
ру1) ввергнуть кого-л. в трудности 2) мучить кого-л.
Kitapta geçtiği hali
гугъуехь трудности, тягости / Лэжьыгъуейуэ щыт, хьэзаб зыпылъ гуэр. * Гугъуехь зымылъэгъуам тыншыгъуэ ищӀэркъым. (погов.) Гугъуехьым ипсыхьа псэ узыншэр гужьеигъуэм пэлъэщащ. КӀ. Т. Гугъуехь гъэвын пережить большие трудности. Гугъуехь дэшэчын 1) разделять с кем-л. трудности, лишения 2) испытывать трудности из-за кого-л. Гугъуехь тегъэлъын 1) ввергнуть кого-л. в трудности 2) мучить кого-л.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Лэжьыгъуейуэ щыт, хьэзаб зыпылъ.
ДищӀакъым гухэ дэ гугъуехьым, Дыщымыгугъыуи тпэщылъ фӀыгъуэм Щытчакъым лъапэ ди гъуэгу кӀыхьым, Ди пщӀантӀэм шууэ щепсыхауэ ТекӀуэныгъэшхуэм дрогуфӀэр – Ар хьэщӀэу икӀи дымыцӀыхуу, Дэ дыпэмыплъэу къытхуэкӀуакъым— ТекӀуэныгъэ. «Шум и гъуэгу», 5
+1 örnek
Анэм ещӀэ къуэр жыӀэщӀэм зыдынэсыр иӀэ фӀыщӀэр, Адэм ещӀэ къуэм гухэлъу И щӀалэгъуэм зыхуэпӀащӀэр, Ауэ щӀалэм лӀыгъэу хэлъыр ГугъуехьыпӀэрщ къозыгъащӀэр.— Ущие. «Партыр ди пашэу», 89
Deyimler (8)
гугъуехь гъэткӀун
Лэжьыгъуейуэ щыт, хьэзаб зыпылъ гуэр и нэгу щӀэкӀын, и фэм дэкӀын.
Дэ а гъуэгур псынщӀэу ткӀунущ, Зауэм Ӏутым зыхуэдгъадэу Сыт гугъуехьи тхуэгъэткӀунущ, Лэжьыгъэшхуэхэр дгъэкӀуатэу.— Ди гъуэгу. «Партыр ди пашэу», 21
гугъуехь зэпычын
Гугъуехь шэчын, фэм дэгъэхуэн.
– Хэт а гъуэгу кӀыхьыр зыцӀыхур, Гугъуехь фыхуэзэм зэпыфчу, Къарууэ фиӀэр зы фщӀауэ, Лъэбакъуэ леикӀ фымычу, Фыкъихуэу пӀалъэм фэ япэ Фыкъэзышахэр? КъыджаӀэм, ИрещӀэ псоми жэуапыр: «Партыр ди пашэу», – жытӀэнущ— Партыр ди пашэу. «Партыр ди пашэу», 5
гугъуехь къылъысын
Бэлыхь, хьэзаб зыпылъ гуэр къылъэӀэсын, къытехуэн, иӀэ хъун.
Гугъуехь Ӏэджэ къылъысами, И щӀалэгъуэщ, тӀэкӀу къекӀухь [пщащэм], Псори куэдрэ илъэгъуами Губгъуэр, хадэр зэпеплъыхь.— Бдзэжьеящэм ипхъу, 152
гугъуехь телъын
Гугъуехь, хьэзаб с.ху. хэтын, шэчын.
Сыт гугъуехьыр телъми пщащэм, Махуэр кӀыхьу жэщыр кӀэщӀми, Нэпсыр цӀыкӀум зэм илъэщӀми, ИӀэщ дахэм зы гуращэ, Дихьэхыжу гурыфӀыгъуэм, ХуэзэхункӀи и щӀэщыгъуэу. «— Тисей, 500
4 deyim daha
гугъуехь хуэзэн
Гугъуехь, хьэзаб зыпылъ къылъэӀэсын.
Гугъуехь е гуауэ сыхуэзами, Нэпс ткӀуэпс си гъащӀэм сфӀэкӀуэдакъым, Мыбдеж, сигу дауэ згъэбыдами, СшыӀэн си нэпсыр сэ слъэкӀакъым.— Сабий. «Шум и гъуэгу», 20
гугъуехь хьын
Дыкъащтэу тщӀакъым зыми кӀэбгъуи, Гугъуехь тхуэфащэр тӀуми тхьащ.— Кулиев Къайсын. «Мывэ хуабэ», 113
Еплъ: гугъуехь шэчын
гугъуехь шэчын
Лэжьыгъуейуэ щыт, хьэзаб зыпылъ гъэвын, гъэунэхун.
Мэжей сэлэтхэр езэшауэ, Гугъуехь я гъуэгум щашэчащ.— Сэлэт лъэужь. «Мывэ хуабэ», 129
+1 örnek
Уи лъэрыгъыпсыр сэ сӀыгъыу, Шым сыдэжэни слъэкӀынт, Уэ усхъумэныр нэрыгъыу, Сыт и гугъуехьи сшэчынт.— Усэ къарукӀэ бийр бгъэсу. «Шум и гъуэгу», 25
гугъуехь щымыщӀэн
Гугъуехь, хьэзаб зыпылъ гуэрхэм хэтын.
Сэ бгым сахуэдэу хьэлъэ стелъщи, Гугъуехь сэ си псэр щымыщӀэн.— Сэ бгым сахуэдэу хьэлъэ стелъщи… Батырыбжьэ, 41
Kitapta geçtiği hali
ГУГЪУЕХЬ (2). Лэжьыгъуейуэ щыт, хьэзаб зыпылъ. ДищӀакъым гухэ дэ гугъуехьым, Дыщымыгугъыуи тпэщылъ фӀыгъуэм Щытчакъым лъапэ ди гъуэгу кӀыхьым, Ди пщӀантӀэм шууэ щепсыхауэ ТекӀуэныгъэшхуэм дрогуфӀэр – Ар хьэщӀэу икӀи дымыцӀыхуу, Дэ дыпэмыплъэу къытхуэкӀуакъым. ТекӀуэныгъэ. «Шум и гъуэгу», 5. Анэм ещӀэ къуэр жыӀэщӀэм зыдынэсыр иӀэ фӀыщӀэр, Адэм ещӀэ къуэм гухэлъу И щӀалэгъуэм зыхуэпӀащӀэр, Ауэ щӀалэм лӀыгъэу хэлъыр ГугъуехьыпӀэрщ къозыгъащӀэр. Ущие. «Партыр ди пашэу», 89. ◊ Гугъуехь гъэткӀун (1). Лэжьыгъуейуэ щыт, хьэзаб зыпылъ гуэр и нэгу щӀэкӀын, и фэм дэкӀын. Дэ а гъуэгур псынщӀэу ткӀунущ, Зауэм Ӏутым зыхуэдгъадэу Сыт гугъуехьи тхуэгъэткӀунущ, Лэжьыгъэшхуэхэр дгъэкӀуатэу. Ди гъуэгу. «Партыр ди пашэу», 21. Гугъуехь зэпычын (1). Гугъуехь шэчын, фэм дэгъэхуэн. – Хэт а гъуэгу кӀыхьыр зыцӀыхур, Гугъуехь фыхуэзэм зэпыфчу, Къарууэ фиӀэр зы фщӀауэ, Лъэбакъуэ леикӀ фымычу, Фыкъихуэу пӀалъэм фэ япэ Фыкъэзышахэр? КъыджаӀэм, ИрещӀэ псоми жэуапыр: «Партыр ди пашэу», – жытӀэнущ. Партыр ди пашэу. «Партыр ди пашэу», 5. Гугъуехь къылъысын (1). Бэлыхь, хьэзаб зыпылъ гуэр къылъэӀэсын, къытехуэн, иӀэ хъун. Гугъуехь Ӏэджэ къылъысами, И щӀалэгъуэщ, тӀэкӀу къекӀухь [пщащэм], Псори куэдрэ илъэгъуами Губгъуэр, хадэр зэпеплъыхь. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 152. Гугъуехь телъын (1). Гугъуехь, хьэзаб с.ху. хэтын, шэчын. Сыт гугъуехьыр телъми пщащэм, Махуэр кӀыхьу жэщыр кӀэщӀми, Нэпсыр цӀыкӀум зэм илъэщӀми, ИӀэщ дахэм зы гуращэ, Дихьэхыжу гурыфӀыгъуэм, ХуэзэхункӀи и щӀэщыгъуэу. «Тисей», 500. Гугъуехь хуэзэн (2). Гугъуехь, хьэзаб зыпылъ къылъэӀэсын. Гугъуехь е гуауэ сыхуэзами, Нэпс ткӀуэпс си гъащӀэм сфӀэкӀуэдакъым, Мыбдеж, сигу дауэ згъэбыдами, СшыӀэн си нэпсыр сэ слъэкӀакъым. Сабий. «Шум и гъуэгу», 20. Гугъуехь хьын (1). Еплъ гугъуехь шэчын. Дыкъащтэу тщӀакъым зыми кӀэбгъуи, Гугъуехь тхуэфащэр тӀуми тхьащ. Кулиев Къайсын. «Мывэ хуабэ», 113. Гугъуехь шэчын (2). Лэжьыгъуейуэ щыт, хьэзаб зыпылъ гъэвын, гъэунэхун. Мэжей сэлэтхэр езэшауэ, Гугъуехь я гъуэгум щашэчащ. Сэлэт лъэужь. «Мывэ хуабэ», 129. Уи лъэрыгъыпсыр сэ сӀыгъыу, Шым сыдэжэни слъэкӀынт, Уэ усхъумэныр нэрыгъыу, Сыт и гугъуехьи сшэчынт. Усэ къарукӀэ бийр бгъэсу. «Шум и гъуэгу», 25. Гугъуехь щымыщӀэн (1). Гугъуехь, хьэзаб зыпылъ гуэрхэм хэтын. Сэ бгым сахуэдэу хьэлъэ стелъщи, Гугъуехь сэ си псэр щымыщӀэн. Сэ бгым сахуэдэу хьэлъэ стелъщи… «Батырыбжьэ», 41.