гуащӀэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
гуащӀэ/хафэ; EKŞİ
хафэ/гуащӀэ; EKŞİ
кӀуачӀэ/гуащӀэ, кӀочӀэдэкӀ/ гуащӀэдэкӀ; EMEK
кӀуачӀэ/гуащӀэ, къарыу/къару, лъэшыгъ/лъэщагъ, ЛЪЭКӀ(ы); GÜÇ, KUVVET; DERMAN, TAKAT, İKTİDAR
ЛЪЭКӀ(ы), кӀуачӀэ/гуащӀэ, лъэшыгъ(э)/лъэщыгъэ, къарыу/къару, (Абз. ЛЪЭКӀ);GÜÇ 1 ~
гуащӀэ, хахуэ/хафэ, пхъэцы, ПХЪАШЭ; HAŞİN
ПХЪАШЭ, пхъэцы, хафэ/хахуэ, гуащӀэ; HAŞİN, SERT, KESKİN
пхъэцы, хафэ/хахуэ, гуащӀэ, ПХЪАШЭ; HAŞİN
хафэ/хахуэ, гуащӀэ, пхъэцы, ПХЪАШЭ; HAŞİN
хахуэ/хафэ, гуащӀэ, пхъэцы, ПХЪАШЭ; HAŞİN
гуащӀэ/кӀуачӀэ; İKTİDAR, KUVVET
къару/къарыу, гуащӀэ/кӀуачӀэ, МОГУШЕСТВО, МОШЬ; İKTİDAR, DERMAN (güç, takat)
къарыу/къару, гуащӀэ/кӀуачӀэ, (Абз. КЪАРУ); İKTİDAR, DERMAN (güç, takat)
ЛЪЭКӀЫНЫГЪ(Э), кӀуачӀэ/гуащӀэ, къарыу/къару, (Абз. КЪАРУ), лъэшыгъ/лъэщыгъэ, лъэщагъ, СИЛА, МОШЬ, МОГУШЕСТВО; İKTİDAR1
кӀуачӀэ/гуащӀэ, пхъэшагъ(э)/ пхъашагъэ, утын/удын, ТЕКЪУЗЭНЫГЪ(Э)/баштекъузэ, лъэшыгъ/лъэщыгъэ, ткӀиигъэ; ŞİDDET
гуащӀэ → кӀуачӀэ; ŞİDDET
гуащӀэ → кӀуачӀэ; EMEK
Bu sonuç kitaptaki 17 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: кӀуачӀэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Пхъэщхьэмыщхьэхэм, гъэшхэкӀ ерыскъыхэм я щытыкӀэ.
рукислый
МыӀэрысэ гуащӀэ. Шху гуащӀэ.
2. Къару, градус зиӀэ.
рукрепкий (о напитках)
Аркъэ гуащӀэ. Махъсымэ гуащӀэ.
3. Пхъашэ, ябгэ; щхьэмыгъазэ, къитыкӀуэт.
русуровый; отважный
ЛӀы гуащӀэ.
4. Быдэ, жырым хуэдэ.
рубулатный (о стали)
Къамэр жыр гуащӀэм къыхэщӀыкӀащ.
5. ЗэщӀэплъа.
ругорячий, ожесточённый
Зауэ гуащӀэм щымыщтэу ди зауэлӀхэм лъагапӀэр къащтащ.— ӀуэрыӀуатэ
Къару, зэфӀэкӀыныгъэ.
руэнергия, сила
Зэманым декӀуу псэуфым кӀуэдыркъым зэикӀ и гуащӀэ. Ӏуащхь.
Bu maddedeki ifadeler (1)
гуащӀэ мащӀэ
руИ гуащӀэкӀэ псэужын жить своим трудом.
Езы дзэри къызыхашауэ щытар зи гуащӀэкӀэ псэуж лэжьакӀуэрт.— ӀуэрыӀуатэ
Kitapta geçtiği hali
гуащӀэ I 1. кислый / Пхъэщхьэмыщхьэхэм, гъэшхэкӀ ерыскъыхэм я щытыкӀэ. МыӀэрысэ гуащӀэ. Шху гуащӀэ. 2. переносное крепкий (о напитках) / Къару, градус зиӀэ. Аркъэ гуащӀэ. Махъсымэ гуащӀэ. 3. переносное суровый; отважный / Пхъашэ, ябгэ; щхьэмыгъазэ, къитыкӀуэт. ЛӀы гуащӀэ. 4. переносное булатный (о стали) / Быдэ, жырым хуэдэ. Къамэр жыр гуащӀэм къыхэщӀыкӀащ. 5. переносное горячий, ожесточённый / ЗэщӀэплъа. * Зауэ гуащӀэм щымыщтэу ди зауэлӀхэм лъагапӀэр къащтащ. фольк. II энергия, сила / Къару, зэфӀэкӀыныгъэ. Зэманым декӀуу псэуфым кӀуэдыркъым зэикӀ и гуащӀэ. Ӏуащхь. ГуащӀэ мащӀэ см. къарууншэ. И гуащӀэкӀэ псэужын жить своим трудом. * Езы дзэри къызыхашауэ щытар зи гуащӀэкӀэ псэуж лэжьакӀуэрт. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Пхъэщхьэмыщхьэм, гъэшхэкӀ ерыскъыхэм я щытыкӀэ.
Дыгъурыгъухэр пӀащӀэ щхьэкӀэ, сабийр пхуэпӀэщӀэнт, шхур гуащӀэӀейти, Ӏубыгъуэ ефэри фалъэр и анэм иритыжащ.— Лъапсэ, 34
2. Къару, градус зиӀэ.
Ефэр зи хабзэу щымытми Хуивгъахъуэт фадэр нэхъ гуащӀэу.— ИлъэсыщӀэм папщӀэ. «Бгы лъапэхэм деж», 120
+1 örnek
Ефэ, ди анэ, уэ ипфащ нэхъ гуащӀэ – Гуауэ Ӏэджэм уи щхьэр хужь ящӀащ, Ефэ уи къуэу къэкӀуэжами папщӀэ, Куэди нэпсу щэхуу уэ плъэщӀар.— Си анэм. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 28
3. Пхъашэ, ябгэ, щхьэмыгъазэ, къимыкӀуэт.
Мис арыххэу щауэ гуащӀэм Джатэр дыгъум трешащӀэ, Щхьиблым щыщи зы полъэтри А иныжьым игу къилъэту КӀэбгъу зищӀауэ ныщӀокӀыжыр, ЩӀыр иреӀэ лъы къыпыжым.— Елбэздыкъуэ, 5
+1 örnek
И шыр хъунущ ӀэкӀуэлъакӀуэу, «Езыр» жыпӀамэ, ар лӀы гуащӀэщ.— Шу пхъашэ. «Щхьэлыкъуэ», 373
4. Ин, къару зиӀэ.
– Жьыбгъэ, жьыбгъэ, жьыбгъэ гуащӀэ, Щхьэ ныщхьэбэ уета?— Борэн. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 23
5. ЗэщӀэплъа.
Зауэшхуэ гуащӀэм дыздыхэту Сэ схуэмыхъумэу хэкӀуэдащ— Шэджэм псыкъелъэ. «Щхьэлыкъуэ», 377
+2 örnek
ИжькӀэ уплъэм ди хэку гъащӀэр ФӀым хуэмызэу ер къегугъурт, Махуэр кӀыфӀу зауэр гуащӀэт, – Лъыпсыр щыжэрт псыхьэлыгъуэу— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 51
Къелакъым псоууэ а унэр, Зауае гуащӀэр къыщыкӀуэм.— Адэ, 132
6. Гуауэ зыпылъ.
Ди щӀыгу нэпс гуащӀэу, гуауэу щигуэшар Иджы сэ штыккӀэ бийм хуэсхьакъэ— Дыгъэр къепсын папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 56
+1 örnek
Гум щӀыхьэу макъыу зэхэтхыр Ар гуауэ гуащӀэм и гъыбзэу Гъэр хъуау ягъэшыр цӀыхубзхэм.— ЩӀым и макъ. «Шум и гъуэгу», 37
7. Егъэлея, хуабжьу къыпщӀихьэ.
Удз гъэгъами яӀэщ татуугъуэ, Асыхьэтым мэ къапихыр гуащӀэу.— Удзымэ. «Мывэ хуабэ», 214
8. ФӀэфӀагъ ин зыхэлъ.
СощӀэжыр щэхуу къызжепӀахэр, Уэрэду си гум ар ехъумэ, Зы ӀэплӀэ закъуэу къысхуэпщӀари, Ба гуащӀэ закъуэми нэгъунэ.— Уи деж сынокӀуэ. «Шум и гъуэгу», 61
+2 örnek
[Псэущхьэм]. Лъагъуныгъэр гуащӀэмэ уимыгъэбгынэн щыӀэ? «— Тепщэч къэзылъэтыхь, 186
Лъыр зыгъэплъу лъагъуныгъэ гуащӀэр, Шэч умыщӀ уэ, быдэу сигу илъынщ.— Линэ. «Бгы лъапэхэм деж», 79
9. УзыӀэпызышэ.
А джэгукӀэр икъукӀэ гуащӀэщ, А джэгукӀэр уэ зэгъащӀэ.— Елбэздыкъуэ, 16
10. Къаруушхуэ зыбгъэдэлъ.
Хошыпсыхьыр ар гын гуащӀэу.— Елбэздыкъуэ, 21
+2 örnek
Хьэкурынэ къедэхащӀэм, Щытхъуу щыӀэм я нэхъ гуащӀи.— Тисей, 501
МыувыӀэу дыгъэр къепсын папщӀэ, ДищӀ илъ сщӀэжыныр къабыл сщӀауэ Изох бий фӀыцӀэм удын гуащӀэ!— Дыгъэр къепсын папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 56
11. Пщтыр.
ЗэщӀонэ мафӀэу жьэгум дэлъыр, МафӀэ бзий гуащӀэр Ӏэбэлъабэу.— Жьэгу. «Батырыбжьэ», 35
+2 örnek
Дэ лэжьыгъэр ди щӀэщыгъуэщ, ИрегуащӀэ уеблэм дыгъэр, Зэкъуэшиблым Ӏэ пщыкӀуплӀкӀэ Къумыр хадэ тщӀын ди гугъэщ.— Индийскэ поэмэ, 363
МафӀэ гуащӀэ къуршым япкърытщи – ЕщӀ плъыжьыбзэ, уеплъмэ, я мыл джабэр.— МафӀэ. «Дамыгъэ», 122
Къару, зэфӀэкӀыныгъэ.
Бийм ди мылъкур зэрипхъуами ТӀэщӀихакъым диӀэ гуащӀэр, Иутами бийм ди хадэр, Дэ жыгыщӀэм доӀэзащӀэр.— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 410
+2 örnek
[Алыджыкъуэ:] Комендантым зыкъыспещӀыж: – «Си гуащӀэкӀэ къэзмылэжьа». Хэт иджы лажьэу шхэжыр?— МелыӀыч, 466
Шабзалъэм къисхым хуэдэу, усэр Къызох сигу иным кӀэм нэмысу, Ди илъэситхум план игъэпсым Хэлъын си гуащӀэ сыщӀохъуэпсыр.— Ленин лъагэу тетщ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 7
Deyimler (2)
[и] гуащӀэ дэкӀын
1). И къарукӀэ, и зэфӀэкӀкӀэ къилэжьын.
И гуащӀэ дэкӀакъым ишхыр— Кхъухь пхэнж, 502
уащӀэрэ гущӀэгъурэ зиӀэ
Алыхьым хуэгъэзауэ къагъэсэбэп.
[Хьэбибэ:] Я гуащӀэрэ гущӀэгъурэ зиӀэ, сыкъыболъагъу, къыстеплъхьэр си хьэлъэу сопсэу.— Щынэхужьыкъуэ, 28
+2 örnek
ЖэщкӀэ Хьэбибэ гъуэлъыжмэ, жейм емызэгъыу куэдрэ хэлът, нэмэзыбзэу ищӀэр къибжырт, Алыхьым елъэӀуу: ялыхьу гуащӀэрэ гущӀэгъумрэ зиӀэ, цӀыхур зэлъэӀуу зыми емылъэӀуж, сынолъэӀу, си нысэ закъуэм фызабэ джанэ щомыгъэтӀагъэну, си щӀалэ псэууэ къысхуэпхьыжыну.— Щынэхужьыкъуэ, 28
– И щысыкӀэр-щэ, молэ, гъукӀэм и щысыкӀэм зыгуэр къикӀыркъэ? – жаӀэу щыщӀэупщӀэм, къажриӀащ: – Лей зесхьакъым, гуащӀэмрэ гущӀэгъумрэ зиӀэ азалыхьым игу зэзгъэбгъакъым, си напэр къабзэу тхьэм и пащхьэ сохьэж жиӀэу аращ и щысыкӀэм къикӀыр.— Лъапсэ, 106
Kitapta geçtiği hali
ГУАЩӀЭ I (34). 1. (1). Пхъэщхьэмыщхьэм, гъэшхэкӀ ерыскъыхэм я щытыкӀэ. Дыгъурыгъухэр пӀащӀэ щхьэкӀэ, сабийр пхуэпӀэщӀэнт, шхур гуащӀэӀейти, Ӏубыгъуэ ефэри фалъэр и анэм иритыжащ. Лъапсэ, 34. 2. (2). Къару, градус зиӀэ. Ефэр зи хабзэу щымытми Хуивгъахъуэт фадэр нэхъ гуащӀэу. ИлъэсыщӀэм папщӀэ. «Бгы лъапэхэм деж», 120. Ефэ, ди анэ, уэ ипфащ нэхъ гуащӀэ – Гуауэ Ӏэджэм уи щхьэр хужь ящӀащ, Ефэ уи къуэу къэкӀуэжами папщӀэ, Куэди нэпсу щэхуу уэ плъэщӀар. Си анэм. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 28. 3. (2). Пхъашэ, ябгэ, щхьэмыгъазэ, къимыкӀуэт. Мис арыххэу щауэ гуащӀэм Джатэр дыгъум трешащӀэ, Щхьиблым щыщи зы полъэтри А иныжьым игу къилъэту КӀэбгъу зищӀауэ ныщӀокӀыжыр, ЩӀыр иреӀэ лъы къыпыжым. «Елбэздыкъуэ», 5. И шыр хъунущ ӀэкӀуэлъакӀуэу, «Езыр» жыпӀамэ, ар лӀы гуащӀэщ. Шу пхъашэ. «Щхьэлыкъуэ», 373. 4. (1). Ин, къару зиӀэ. – Жьыбгъэ, жьыбгъэ, жьыбгъэ гуащӀэ, Щхьэ ныщхьэбэ уета? Борэн. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 23. 5. (9). ЗэщӀэплъа. Зауэшхуэ гуащӀэм дыздыхэту Сэ схуэмыхъумэу хэкӀуэдащ. Шэджэм псыкъелъэ. «Щхьэлыкъуэ», 377. ИжькӀэ уплъэм ди хэку гъащӀэр ФӀым хуэмызэу ер къегугъурт, Махуэр кӀыфӀу зауэр гуащӀэт, – Лъыпсыр щыжэрт псыхьэлыгъуэу. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 51. Къелакъым псоууэ а унэр, Зауае гуащӀэр къыщыкӀуэм. «Адэ», 132. 6. (2). Гуауэ зыпылъ. Ди щӀыгу нэпс гуащӀэу, гуауэу щигуэшар Иджы сэ штыккӀэ бийм хуэсхьакъэ. Дыгъэр къепсын папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 56. Гум щӀыхьэу макъыу зэхэтхыр Ар гуауэ гуащӀэм и гъыбзэу Гъэр хъуау ягъэшыр цӀыхубзхэм. ЩӀым и макъ. «Шум и гъуэгу», 37. 7. (1). Егъэлея, хуабжьу къыпщӀихьэ. Удз гъэгъами яӀэщ татуугъуэ, Асыхьэтым мэ къапихыр гуащӀэу. Удзымэ. «Мывэ хуабэ», 214. 8. (3). ФӀэфӀагъ ин зыхэлъ. СощӀэжыр щэхуу къызжепӀахэр, Уэрэду си гум ар ехъумэ, Зы ӀэплӀэ закъуэу къысхуэпщӀари, Ба гуащӀэ закъуэми нэгъунэ. Уи деж сынокӀуэ. «Шум и гъуэгу», 61. [Псэущхьэм]. Лъагъуныгъэр гуащӀэмэ уимыгъэбгынэн щыӀэ? «Тепщэч къэзылъэтыхь», 186. Лъыр зыгъэплъу лъагъуныгъэ гуащӀэр, Шэч умыщӀ уэ, быдэу сигу илъынщ. Линэ. «Бгы лъапэхэм деж», 79. 9. (1). УзыӀэпызышэ. А джэгукӀэр икъукӀэ гуащӀэщ, А джэгукӀэр уэ зэгъащӀэ. «Елбэздыкъуэ», 16. 10. (2). Къаруушхуэ зыбгъэдэлъ. Хошыпсыхьыр ар гын гуащӀэу. «Елбэздыкъуэ», 21. Хьэкурынэ къедэхащӀэм, Щытхъуу щыӀэм я нэхъ гуащӀи. «Тисей», 501. МыувыӀэу дыгъэр къепсын папщӀэ, ДищӀ илъ сщӀэжыныр къабыл сщӀауэ Изох бий фӀыцӀэм удын гуащӀэ! Дыгъэр къепсын папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 56. 11. (10). Пщтыр. ЗэщӀонэ мафӀэу жьэгум дэлъыр, МафӀэ бзий гуащӀэр Ӏэбэлъабэу. Жьэгу. «Батырыбжьэ», 35. Дэ лэжьыгъэр ди щӀэщыгъуэщ, ИрегуащӀэ уеблэм дыгъэр, Зэкъуэшиблым Ӏэ пщыкӀуплӀкӀэ Къумыр хадэ тщӀын ди гугъэщ. «Индийскэ поэмэ», 363. МафӀэ гуащӀэ къуршым япкърытщи – ЕщӀ плъыжьыбзэ, уеплъмэ, я мыл джабэр. МафӀэ. «Дамыгъэ», 122.
ГУАЩӀЭ II (8). Къару, зэфӀэкӀыныгъэ. Бийм ди мылъкур зэрипхъуами ТӀэщӀихакъым диӀэ гуащӀэр, Иутами бийм ди хадэр, Дэ жыгыщӀэм доӀэзащӀэр. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 410. [Алыджыкъуэ:] Комендантым зыкъыспещӀыж: – «Си гуащӀэкӀэ къэзмылэжьа». Хэт иджы лажьэу шхэжыр? МелыӀыч, 466. Шабзалъэм къисхым хуэдэу, усэр Къызох сигу иным кӀэм нэмысу, Ди илъэситхум план игъэпсым Хэлъын си гуащӀэ сыщӀохъуэпсыр. Ленин лъагэу тетщ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 7. ◊[И] гуащӀэ дэкӀын (1). И къарукӀэ, и зэфӀэкӀкӀэ къилэжьын. И гуащӀэ дэкӀакъым ишхыр. Кхъухь пхэнж, 502. ГуащӀэрэ гущӀэгъурэ зиӀэ (3). Алыхьым хуэгъэзауэ къагъэсэбэп. [Хьэбибэ:] Я гуащӀэрэ гущӀэгъурэ зиӀэ, сыкъыболъагъу, къыстеплъхьэр си хьэлъэу сопсэу. Щынэхужьыкъуэ, 28. ЖэщкӀэ Хьэбибэ гъуэлъыжмэ, жейм емызэгъыу куэдрэ хэлът, нэмэзыбзэу ищӀэр къибжырт, Алыхьым елъэӀуу: ялыхьу гуащӀэрэ гущӀэгъумрэ зиӀэ, цӀыхур зэлъэӀуу зыми емылъэӀуж, сынолъэӀу, си нысэ закъуэм фызабэ джанэ щомыгъэтӀагъэну, си щӀалэ псэууэ къысхуэпхьыжыну. Щынэхужьыкъуэ, 28. – И щысыкӀэр-щэ, молэ, гъукӀэм и щысыкӀэм зыгуэр къикӀыркъэ? – жаӀэу щыщӀэупщӀэм, къажриӀащ: – Лей зесхьакъым, гуащӀэмрэ гущӀэгъумрэ зиӀэ азалыхьым игу зэзгъэбгъакъым, си напэр къабзэу тхьэм и пащхьэ сохьэж жиӀэу аращ и щысыкӀэм къикӀыр. Лъапсэ, 106.