гуапагъэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Гуапэ псалъэм къытекӀа щыӀэцӀэ.
рутеплота, сердечность, ласка
Гуапагъэ хэлъу Джырандыкъуэ къызэрызэплъам сыкъызэригъэгъуэтыжри Ӏуэхум нэхъ сытегушхуащ.— Теунэ Хьэчим
+1 örnek
{Сурэ} нэфӀэгуфӀагъи, гуапагъи, гу хуабагъи хэлъыжтэкъым.— КӀэрашэ Тембот
Kitapta geçtiği hali
гуапагъ(э) теплота, сердечность, ласка / Гуапэ псалъэм къытекӀа щыӀэцӀэ. * Гуапагъэ хэлъу Джырандыкъуэ къызэрызэплъам сыкъызэригъэгъуэтыжри Ӏуэхум нэхъ сытегушхуащ. Т. Хь. {Сурэ} нэфӀэгуфӀагъи, гуапагъи, гу хуабагъи хэлъыжтэкъым. КӀ. Т.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Гур ин, дахэ, арэзы зыщӀ, зыгъэгуфӀэ. -109.
Сэлимэ шхыӀэным къыщӀэӀэбыкӀри си Ӏэр къиубыдащ, гуащэ иӀыгъ хуэдэ бгъэгум ирикъузылӀащ, сэр щхьэкӀэ и гум ӀэфӀагърэ гуапагъэрэ зэрилъым гу лъызигъатэу, сэри сыщыгуфӀыкӀырт зыкъызэрищӀэжым щхьэкӀэ, си тхьэкӀумэми къицырхъащ: – Дэфэрэдж, – жиӀэу ерагъыу и жьэм къыжьэдэкӀащ.— Лъапсэ, 28
+2 örnek
Дэфэрэдж и гур къызэфӀэна пэтрэ, и къуэм зыкъримыгъащӀэу, гуапагъэ, ӀэфӀыгъэ хэлъу къыпищащ: – НтӀэ, къурмэн сызыхуащӀыжын, сызрашэкӀыжын, си къарум хэщӀ фӀэкӀа хэхъуэркъым, жьы сохъу.— Лъапсэ, 108
ДыгъужьыгукӀэ ягъэшхакъэ, ЖыпӀэу мэхъур Ӏейр и жагъуэ, Мыр тхьэрыкъуэм къадэхъуакъэ, ЖаӀэу зэми ягъэщӀагъуэ Ӏэдэбыгъэу щӀалэм хэлъыр, И гуапагъэу и гум илъыр— Тисей, 501
Kitapta geçtiği hali
ГУАПАГЪЭ (3). Гур ин, дахэ, арэзы зыщӀ, зыгъэгуфӀэ. Сэлимэ шхыӀэным къыщӀэӀэбыкӀри си Ӏэр къиубыдащ, гуащэ иӀыгъ хуэдэ бгъэгум ирикъузылӀащ, сэр щхьэкӀэ и гум ӀэфӀагърэ гуапагъэрэ зэрилъым гу лъызигъатэу, сэри сыщыгуфӀыкӀырт зыкъызэрищӀэжым щхьэкӀэ, си тхьэкӀумэми къицырхъащ: – Дэфэрэдж, – жиӀэу ерагъыу и жьэм къыжьэдэкӀащ. Лъапсэ, 28. Дэфэрэдж и гур къызэфӀэна пэтрэ, и къуэм зыкъримыгъащӀэу, гуапагъэ, ӀэфӀыгъэ хэлъу къыпищащ: – НтӀэ, къурмэн сызыхуащӀыжын, сызрашэкӀыжын, си къарум хэщӀ фӀэкӀа хэхъуэркъым, жьы сохъу. Лъапсэ, 108-109. ДыгъужьыгукӀэ ягъэшхакъэ, ЖыпӀэу мэхъур Ӏейр и жагъуэ, Мыр тхьэрыкъуэм къадэхъуакъэ, ЖаӀэу зэми ягъэщӀагъуэ Ӏэдэбыгъэу щӀалэм хэлъыр, И гуапагъэу и гум илъыр. «Тисей», 501.