вагъэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Гъавэ трасэн папщӀэ, къызэрагъэдзэкӀа щӀы.
рупашня
ЩӀакӀуэ фӀыцӀэ убгъуа хуэдэ, вагъэр ди пащхьэм щигъуэлъыкӀат.— Ӏуащхьэмахуэ
+1 örnek
Къуалэжьхэр гуп Ӏуву зэхэту вагъэм и ужьым щызэрызохьэ.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм
Kitapta geçtiği hali
вагъэ пашня / Гъавэ трасэн папщӀэ, къызэрагъэдзэкӀа щӀы. * ЩӀакӀуэ фӀыцӀэ убгъуа хуэдэ, вагъэр ди пащхьэм щигъуэлъыкӀат. Ӏуащхь. Къуалэжьхэр гуп Ӏуву зэхэту вагъэм и ужьым щызэрызохьэ. Щ. Ӏ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Гъавэ трасэн папщӀэ ява щӀы.
Абы я гум уеплъмэ, уэшх зытешхэу дыгъэ зытепсэжа вагъэм хуэдэт, жылэфӀ тепсэр занщӀэу къытрипхъэну.— Хъуэпсэгъуэ нур, 178
+2 örnek
Зив кӀуэдар [Дуду], «сархъ» жиӀэу, къызэфӀэтӀысхьэри цӀыхубзым жриӀэну и гугъар цӀыхухъум жриӀащ, тӀэкӀуи къыщӀигъури: – Нэху зэрыщу сытэджынурэ сежьэжынущ, си витӀыр къэзмыгъуэтыжыну Ӏэмал иӀэкъым, вэныр пщэдей сыухынурэ жылэр ссэнущ вагъэр мыгъуж щӀыкӀэ, – жиӀэу.— ВитӀ, 415
Купсэу пхрокӀыр мэз щхъуантӀэр Нэпкъым и гъуэгур щӀиӀуантӀэу, Бзу къэмыувыӀэу есахэр А мэз Ӏэрысэм хуоусэ, Вагъэм щыщыпэу тесахэр Дяпэ а мэзым и гъусэщ.— Губгъуэм. «Партыр ди пашэу», 22
Kitapta geçtiği hali
ВАГЪЭ (8). Гъавэ трасэн папщӀэ ява щӀы. Абы я гум уеплъмэ, уэшх зытешхэу дыгъэ зытепсэжа вагъэм хуэдэт, жылэфӀ тепсэр занщӀэу къытрипхъэну. Хъуэпсэгъуэ нур, 178. Зив кӀуэдар [Дуду], «сархъ» жиӀэу, къызэфӀэтӀысхьэри цӀыхубзым жриӀэну и гугъар цӀыхухъум жриӀащ, тӀэкӀуи къыщӀигъури: – Нэху зэрыщу сытэджынурэ сежьэжынущ, си витӀыр къэзмыгъуэтыжыну Ӏэмал иӀэкъым, вэныр пщэдей сыухынурэ жылэр ссэнущ вагъэр мыгъуж щӀыкӀэ, – жиӀэу. ВитӀ, 415. Купсэу пхрокӀыр мэз щхъуантӀэр Нэпкъым и гъуэгур щӀиӀуантӀэу, Бзу къэмыувыӀэу есахэр А мэз Ӏэрысэм хуоусэ, Вагъэм щыщыпэу тесахэр Дяпэ а мэзым и гъусэщ.. Губгъуэм. «Партыр ди пашэу», 22.