бэлыхьлажьэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Гуауэшхуэ, нэщхъеягъуэшхуэ.

рубольшая беда, большое горе

Бэлыхьлажьэ къэхъун.

ФӀагъ ин дыдэ зиӀэ.

рунеобыкновенный, чудесный, прекрасный

Вакъэ бэлыхьлажьэ.

Kitapta geçtiği hali

бэлыхьлажьэ I большая беда, большое горе / Гуауэшхуэ, нэщхъеягъуэшхуэ. Бэлыхьлажьэ къэхъун. II необыкновенный, чудесный, прекрасный / ФӀагъ ин дыдэ зиӀэ. Вакъэ бэлыхьлажьэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Гуауэшхуэ, нэщхъеягъэшхуэ, гугъуехьышхуэ.

Бэкхъым жэм къамышар щӀэтщи, зэщӀобууэ, я шкӀэм бэлыхьлажьэ къазэрыщыщӀар псэкӀэ къащӀауэ.— Щынэхужьыкъуэ, 54

+2 örnek

Си щхьэм сыхузэгуопыж: бэлыхьлажьэ щхьэ зытеслъхьэжа, жызоӀэри.— МелыӀыч, 439

Жэщ хьэщӀэм и нэгу ущӀэплъэмэ, къапщӀэрт зэрыцӀыху дыджыр, бэлыхьлажьэр ӀэщӀэщӀыхьыну зэрыщытыр, арщхьэкӀэ сыщышынэу зыкъезгъэщӀэнутэкъым.— Лъапсэ, 93

Deyimler (2)

бэлыхьлажьэ телъын

Апчарэ илъагъуркъэ и анэм бэлыхьлажьэу телъыр.— Щынэхужьыкъуэ, 19

Еплъ: бэлыхь телъын

бэлыхьлажьэ хэхуэн

Абы и къуэм ӀэщӀэщӀыхьар иджы дэ зэдгъэзэхуэжын хуей хъуащ, езыр тхьэм йолъэӀур: «Ялыхь, а стӀолым телъ хъыджэбзыр тӀэщӀэлӀыхьмэ, езыр хейуэ хэкӀыу дэ бэлыхьлажьэм дыхэхуэну.— Лъапсэ, 20

Еплъ: бэлыхь хэхуэн

1. Ӏей дыдэ, мыхъумыщӀэ дыдэ.

НтӀэ, уз бэлыхьлажьэ гуэр къыдэуэлӀащ, жаӀэу, ерагъкӀэ нэмэз тӀэкӀур зэфӀагъэкӀри щхьэж и унэ бжэн лъакъуэ – зэбгрыкӀыжащ.— Лъапсэ, 116

+1 örnek

ЦӀыхум я щхьэфэцыр игъэтэджу, хъыбар бэлыхьлажьэхэр къэӀури, жылэр зэрыжылэу зэрыгъэгужьеяуэ, ящӀэнур ямыщӀэу, зэрызехьэрт…— Лъапсэ, 83

2. Егъэлея.

Нэмэз зыщӀыну къакӀуэу андез зыщтэм абы гу лъамытэу, шыбжий зыхэлъ псымкӀэ андез ящтати, нэмэз ящӀу здытетым псчэ бэлыхьлажьэр къащыхьэри, къэхъуа-къэщӀар къахуэмыщӀэу, молэри мапсчэ, и нэпсыр къыщӀож, нэмэзыбзэр дахэ-дахэу хужыӀэркъым.— Лъапсэ, 116

+1 örnek

БетӀал ЦИК-м я дежи телеграммэ ирегъэхь: иджы къыщӀэщащ Ӏуэху бэлыхьлажьи, дыволъэӀу хабзэм къигъэлъагъуэ пӀалъэм къыщӀевгъэгъуну, жеӀэри.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 526

3. ФӀагъ ин дыдэ зиӀэ.

Дэфэрэджу плъагъуми къегъэзэжри, нысащӀэм хуэдэу и блыпкъыр фызхэм яӀыгъыу, унэм щӀашэжри, шэнт бэлыхьлажьэм трагъэтӀысхьэжри хъури бзыри йохъуэхъу: – Тхьэм шэнт угъурлы ищӀ.

Kitapta geçtiği hali

БЭЛЫХЬЛАЖЬЭ I (25). Гуауэшхуэ, нэщхъеягъэшхуэ, гугъуехьышхуэ. Бэкхъым жэм къамышар щӀэтщи, зэщӀобууэ, я шкӀэм бэлыхьлажьэ къазэрыщыщӀар псэкӀэ къащӀауэ. Щынэхужьыкъуэ, 54. Си щхьэм сыхузэгуопыж: бэлыхьлажьэ щхьэ зытеслъхьэжа, жызоӀэри. МелыӀыч, 439. Жэщ хьэщӀэм и нэгу ущӀэплъэмэ, къапщӀэрт зэрыцӀыху дыджыр, бэлыхьлажьэр ӀэщӀэщӀыхьыну зэрыщытыр, арщхьэкӀэ сыщышынэу зыкъезгъэщӀэнутэкъым. Лъапсэ, 93. ◊ Бэлыхьлажьэ телъын (1). Еплъ бэлыхь телъын. Апчарэ илъагъуркъэ и анэм бэлыхьлажьэу телъыр. Щынэхужьыкъуэ, 19. Бэлыхьлажьэ хэхуэн (1). Еплъ бэлыхь хэхуэн. Абы и къуэм ӀэщӀэщӀыхьар иджы дэ зэдгъэзэхуэжын хуей хъуащ, езыр тхьэм йолъэӀур: «Ялыхь, а стӀолым телъ хъыджэбзыр тӀэщӀэлӀыхьмэ, езыр хейуэ хэкӀыу дэ бэлыхьлажьэм дыхэхуэну. Лъапсэ, 20.

БЭЛЫХЬЛАЖЬЭ II (6). плъыф. 1. (2). Ӏей дыдэ, мыхъумыщӀэ дыдэ. НтӀэ, уз бэлыхьлажьэ гуэр къыдэуэлӀащ, жаӀэу, ерагъкӀэ нэмэз тӀэкӀур зэфӀагъэкӀри щхьэж и унэ бжэн лъакъуэ – зэбгрыкӀыжащ. Лъапсэ, 116. ЦӀыхум я щхьэфэцыр игъэтэджу, хъыбар бэлыхьлажьэхэр къэӀури, жылэр зэрыжылэу зэрыгъэгужьеяуэ, ящӀэнур ямыщӀэу, зэрызехьэрт… Лъапсэ, 83. 2. (2). Егъэлея. Нэмэз зыщӀыну къакӀуэу андез зыщтэм абы гу лъамытэу, шыбжий зыхэлъ псымкӀэ андез ящтати, нэмэз ящӀу здытетым псчэ бэлыхьлажьэр къащыхьэри, къэхъуа-къэщӀар къахуэмыщӀэу, молэри мапсчэ, и нэпсыр къыщӀож, нэмэзыбзэр дахэ-дахэу хужыӀэркъым. Лъапсэ, 116. БетӀал ЦИК-м я дежи телеграммэ ирегъэхь: иджы къыщӀэщащ Ӏуэху бэлыхьлажьи, дыволъэӀу хабзэм къигъэлъагъуэ пӀалъэм къыщӀевгъэгъуну, жеӀэри. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 526. 3. (2). ФӀагъ ин дыдэ зиӀэ. Дэфэрэджу плъагъуми къегъэзэжри, нысащӀэм хуэдэу и блыпкъыр фызхэм яӀыгъыу, унэм щӀашэжри, шэнт бэлыхьлажьэм трагъэтӀысхьэжри хъури бзыри йохъуэхъу: – Тхьэм шэнт угъурлы ищӀ.

Düzeltme Öner

бэлыхьлажьэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.