быдэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
пытэ/быдэ, КЪИН, ГУГЪУ, пэлъэшыгъуай/пэлъэщыгъуей; ÇETİN
бэщэч/бэшэч, пытэ/быдэ, бэгъашӀ(э)/ бэгъащӀэ; кӀочӀашӀу(э)/гуащӀафӀэ, кӀочӀэшху/гуащӀэшхуэ; DAYANIKLI
быдэ/пытэ, пкъые; KATI
пкъые, пытэ/быдэ; KATI
пытэ/быдэ; SAĞLAM, SERT
быдэ/пытэ, ПСЭУ; SAĞLAM (pek, dayanıklı)
быдэ/пытэ, ПСЭУ; SAĞLAM (sert)
ПСЭУ, пытэ/быдэ; SAĞLAM (sert, dayanıklı)
быдэ/пытэ, ПХЪАШЭ, пкъые, ткӀий; SERT
пытэ/быдэ, ПХЪАШЭ, пкъые, ткӀий; SERT, KATI
пкъые, пытэ/быдэ, ПХЪАШЭ, ткӀий; SERT
ПХЪАШЭ, пытэ/быдэ, пкъые, ткӀий; SERT
ткӀий, пытэ/быдэ, ПХЪАШЭ, пкъые; SERT
быдэ/пытэ; SIKI
пытэ/быдэ, (Абз. БГЪА); SIKI
быдэ → пытэ; ÇETİN
быдэ/пытэ → бэщэч; DAYANIKLI (sağlam)
пытэ/быдэ → бэщэч; DAYANIKLI (sağlam)
Bu sonuç kitaptaki 18 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Къутэгъуей, мыщабэ, зэпычыгъуей, зэфӀэтхъыгъуей.
рукрепкий, твёрдый, прочный
Хышхуэр шынакъкӀэ мащӀэ пхуэщӀынкъым, Къурш мывэ быдэм хэт езэгъынур?— ПащӀэ Бэчмырзэ
2. Хьэл ткӀий зыхэлъ, къыпхуимыкӀуэтын; лъэщ.
рувыносливый, стойкость
Абыхэм ныбжьэгъугъэ быдэ яхэлъу, псалъэ жаӀам тебгъуэтэжу щытщ.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
3. Нэпсей, зи гумрэ зи псэмрэ хуимыт, къэзэр.
рускупой, жадный
Kitapta geçtiği hali
быдэ 1. крепкий, твёрдый, прочный / Къутэгъуей, мыщабэ, зэпычыгъуей, зэфӀэтхъыгъуей. * Хышхуэр шынакъкӀэ мащӀэ пхуэщӀынкъым, Къурш мывэ быдэм хэт езэгъынур? П. Б. 2. выносливый, стойкость / Хьэл ткӀий зыхэлъ, къыпхуимыкӀуэтын; лъэщ. * Абыхэм ныбжьэгъугъэ быдэ яхэлъу, псалъэ жаӀам тебгъуэтэжу щытщ. Хь. Хь. 3. скупой, жадный / Нэпсей, зи гумрэ зи псэмрэ хуимыт, къэзэр.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Къутэгъуей, зэпычыгъуей, зэфӀэтхъыгъуей.
Ди хэку гъунэ Быдэщ бийхэр къемызэгъыу, ЩӀоуэ ди щӀыр я нэм бжэгъуу.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 52
+2 örnek
Мылъку уиӀэмэ, гъэпщкӀу пхуэгъэпщкӀур, ӀункӀыбзэ быдэкӀэ умыбэлэрыгъ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 188
Карабахышым хуэдэу бэшэчт, лъэрызехьэт, тыркушым и фӀалъэм хуэдэу Щэулэхъу и фӀалъэри быдэт – мывэ къурш хуэзакӀэ къигъэзэнутэкъым.— Нал къута, 265
2. Лъэщ, бэшэч.
Уеблэм чыцӀу щӀоф бжэн дыдэм, Арщ а щӀалэр щӀэхъур быдэ. «— Тисей, 490
+2 örnek
[Дисэ:] Си лъэр къыщӀэмыувэ мыгъуэми, сыпсэ быдэщ.— ГущӀэгъу, 426
Зауаем щӀэкъур слъагъу мыхъуну, ЗауэлӀ игу быдэ къысхуэнакъэ!— Ныбжьэгъу. «Партыр ди пашэу», 92
3. Мыщабэ.
А сыхьэтым лӀыжьыр хьэдэу Щхьэнтэ быдэм теджэлащ.— Бдзэжьеящэм ипхъу, 151
4. ТкӀий, фӀэкӀыпӀэншэ; узытекӀ мыхъун.
Бэлацэ щӀалэ цӀыкӀуитӀым унафэ быдэ къахуищӀащ уӀэгъэхэр зыщӀэлъ унэм псэ зыӀут щӀамыгъэхьэну.— Хъуэпсэгъуэ нур, 277
+2 örnek
Зэ жиӀамэ емыпцӀыжу, Псалъэ итыр жыру быдэщ.— Сингх жыхуаӀэр. «Батырыбжьэ», 91
ТенджызыщӀэм пшэ къыхэкӀыр, Пшэ адрейхэм хуэдэ дыдэу, Дыхуэзэшу, ди гум къэкӀыу, ДгъэлъэпӀэныр псалъэ быдэщ.— Бгы лъапэхэм деж. «Партыр ди пашэу», 84
Atasözleri (1)
быдэ и анэ гъыркъым
Убэлэрыгъ хъунукъым, сытми ухуэхьэзыру щытыпхъэщ, жихуиӀэщ.
– Тхьэм уи акъыл хигъахъуэ, – жиӀэри Бекъани еувэлӀащ [ТӀалиб и псалъэм], – быдэ и анэ гъыркъым.— Щынэхужьыкъуэ, 15
Kitapta geçtiği hali
БЫДЭ (16). плъыф. 1. (11). Къутэгъуей, зэпычыгъуей, зэфӀэтхъыгъуей. Ди хэку гъунэ Быдэщ бийхэр къемызэгъыу, ЩӀоуэ ди щӀыр я нэм бжэгъуу. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 52. Мылъку уиӀэмэ, гъэпщкӀу пхуэгъэпщкӀур, ӀункӀыбзэ быдэкӀэ умыбэлэрыгъ. Хъуэпсэгъуэ нур, 188. Карабахышым хуэдэу бэшэчт, лъэрызехьэт, тыркушым и фӀалъэм хуэдэу Щэулэхъу и фӀалъэри быдэт – мывэ къурш хуэзакӀэ къигъэзэнутэкъым. Нал къута, 265. 2. (4). Лъэщ, бэшэч. Уеблэм чыцӀу щӀоф бжэн дыдэм, Арщ а щӀалэр щӀэхъур быдэ. «Тисей», 490. [Дисэ:] Си лъэр къыщӀэмыувэ мыгъуэми, сыпсэ быдэщ. ГущӀэгъу, 426. Зауаем щӀэкъур слъагъу мыхъуну, ЗауэлӀ игу быдэ къысхуэнакъэ! Ныбжьэгъу. «Партыр ди пашэу», 92. 3. (2). Мыщабэ. А сыхьэтым лӀыжьыр хьэдэу Щхьэнтэ быдэм теджэлащ. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 151. 4. (8). ТкӀий, фӀэкӀыпӀэншэ; узытекӀ мыхъун. Бэлацэ щӀалэ цӀыкӀуитӀым унафэ быдэ къахуищӀащ уӀэгъэхэр зыщӀэлъ унэм псэ зыӀут щӀамыгъэхьэну. Хъуэпсэгъуэ нур, 277. Зэ жиӀамэ емыпцӀыжу, Псалъэ итыр жыру быдэщ. Сингх жыхуаӀэр. «Батырыбжьэ», 91. ТенджызыщӀэм пшэ къыхэкӀыр, Пшэ адрейхэм хуэдэ дыдэу, Дыхуэзэшу, ди гум къэкӀыу, ДгъэлъэпӀэныр псалъэ быдэщ. Бгы лъапэхэм деж. «Партыр ди пашэу», 84. ☐ Быдэ и анэ гъыркъым (2). Убэлэрыгъ хъунукъым, сытми ухуэхьэзыру щытыпхъэщ, жихуиӀэщ. – Тхьэм уи акъыл хигъахъуэ, – жиӀэри Бекъани еувэлӀащ [ТӀалиб и псалъэм], – быдэ и анэ гъыркъым. Щынэхужьыкъуэ, 15.