бзаджэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
БЗАДЖЭ; FENA
Е (йэ), Ӏае/Ӏей, дэи/дей, БЗАДЖЭ, ЦӀАПӀЭ, ХЬАЛЭЧ/ХЬЭЛЭЧ; FENA, ÇİRKİN, KÖTÜ, BERBAT
БЗАДЖЭ, хьахэбас(э)/хьэхэбасэ, шъхьэпай, шӀыкӀай/щӀыкӀей; HAYLAZ
БЗАДЖЭ → шэнычъ; HUYSUZ (yaramaz)
ЦӀАПӀЭ, БЗАДЖЭ, гукӀэгъунчъ(э)/ гущӀэгъуншэ, ЖЪАЛЫМ/ЗАЛЫМ; ZALİM
БЗАДЖЭ → ЦӀАПӀЭ; ZALİM
Bu sonuç kitaptaki 6 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: цӀапӀэ, шэнычъ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ШэрыпӀ псэущхьэхэм я ныбэм щӀэжьейр щилъым зыкӀуэцӀылъ, къалъхуа нэужь къакӀэрыху лыджанэ пӀащӀэ.
рупослед
Жэмым бзаджэ къыкӀэрыхуащ.
1. Е зигу илъ, е.
рузлой
Бзаджэм ишхар фӀым хуеӀуатэ.— Псалъэжьхэр
+4 örnek
Бзаджэ пщӀауэ фӀы ущымыгугъ.— Псалъэжьхэр
Бзаджэм ищӀар фӀым трелъхьэ.— Псалъэжьхэр
Псалъэ бзаджэ гу бзаджэщӀщ.— Псалъэжьхэр
Хьэ бзаджэ тӀысыпӀэншэщ.— Псалъэжьхэр
2. ГуащӀэ; хьэлъэ; Ӏей.
ружестокий; суровый
Бийм удын бзаджэ едзын. Уае бзаджэ къэхъун.
+2 örnek
Локъан губжь бзаджэм зэщӀиубыдат.— КӀэрашэ Тембот
Бзаджэр дахэм егъэӀумпӀафӀэ.— Псалъэжьхэр
3. Хьэгъэщагъэ зигу илъ, Ӏэмалшы.
рухитрый
Бзаджэр чэнджэщэгъу умыщӀ.— Псалъэжьхэр
+1 örnek
Гъусэ бзаджэ мысэ уещӀ.— Псалъэжьхэр
Bu maddedeki ifadeler (1)
бзаджэ жеӀэн (кӀуэцӀылъхьэн, тетхъуэн, хущӀэтхъуэн)
рунагрубить кому-л. Нэхъыжьхэм
бзаджэ жраӀэ хабзэкъым.
+1 örnek
Локъан мыбы къызэрыкӀуам щхьэкӀэ щӀегъуэжауэ, уэркъ зыкъызыфӀэщӀыжам бзаджэ хущӀитхъуэрт икӀи зэрыщӀэкӀыжын щхьэусыгъуэ къилъыхъуэрт.— КӀэрашэ Тембот
Kitapta geçtiği hali
бзаджэ I анат. послед / ШэрыпӀ псэущхьэхэм я ныбэм щӀэжьейр щилъым зыкӀуэцӀылъ, къалъхуа нэужь къакӀэрыху лыджанэ пӀащӀэ. Жэмым бзаджэ къыкӀэрыхуащ. II 1. злой / Е зигу илъ, е. * Бзаджэм ишхар фӀым хуеӀуатэ. (погов.) Бзаджэ пщӀауэ фӀы ущымыгугъ. (погов.) Бзаджэм ищӀар фӀым трелъхьэ. (погов.) Псалъэ бзаджэ гу бзаджэщӀщ. (погов.) Хьэ бзаджэ тӀысыпӀэншэщ. (погов.) 2. жестокий; суровый / ГуащӀэ; хьэлъэ; Ӏей. Бийм удын бзаджэ едзын. Уае бзаджэ къэхъун. * Локъан губжь бзаджэм зэщӀиубыдат. КӀ. Т. Бзаджэр дахэм егъэӀумпӀафӀэ. (погов.) 3. хитрый / Хьэгъэщагъэ зигу илъ, Ӏэмалшы. * Бзаджэр чэнджэщэгъу умыщӀ. (погов.) Гъусэ бзаджэ мысэ уещӀ. (погов.) Бзаджэ жеӀэн (кӀуэцӀылъхьэн, тетхъуэн, хущӀэтхъуэн) нагрубить кому-л. Нэхъыжьхэм бзаджэ жраӀэ хабзэкъым. * Локъан мыбы къызэрыкӀуам щхьэкӀэ щӀегъуэжауэ, уэркъ зыкъызыфӀэщӀыжам бзаджэ хущӀитхъуэрт икӀи зэрыщӀэкӀыжын щхьэусыгъуэ къилъыхъуэрт. КӀ. Т.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Е зигу илъ, е.
Зы уэрам нашэкъашэ цӀыкӀу дыдохьэри докӀуэ, адэкӀэ-мыдэкӀэ къыдэжурэ хьэ бзаджэхэр къыдэбэну.— МелыӀыч, 455
+2 örnek
Блэ фӀыцӀэ бзаджэр пӀыщӀами, ГуфӀакӀэм дэплъхьэм, къоуэнщ, Дыгъужьыр Ӏэсэ уэ пщӀами, Мэзым сыт щыгъуи ар плъэнщ.— Куэд щӀауэ и гур мызэгъэж. «Бгы лъапэхэм деж», 47
Адэм и къуэм жреӀэ:] Ди къуажэ мылъкур бий бзаджэм ӀэщӀэплъхьэу уэри пхуэздэнкъым.— Адэ, 140
2. ГуащӀэ; хьэлъэ; Ӏей.
Биишэ бзаджэр техуати, ЗауэлӀыр уэсым хэхуат.— Жыр пыӀэ. «Шум и гъуэгу», 49
+2 örnek
Иужьым уз бзаджэр пкърыкӀыжа хуэдэу хъуами, и лъакъуитӀыр къыщӀэувэртэкъыми, пхъэ лъакъуикӀ къыхуамыщэхуу хъуакъым [Бэкъан].— Къалэн, 430
Дэрщ а ешхуэм пэщӀэувэу КӀэщӀ бий гъащӀэр зыщӀыфари, Ди щӀыналъэм и быныфӀу А е бзаджэм текӀуэдари. «— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 409
3. Хьэгъэщагъэ зигу илъ, Ӏэмалшы.
Цырибон зыщӀу зыщэ фыз бзаджэхэм я Ӏэмэпсымэр ягъэпщкӀурти, старшынэр ирагъэблагъэрт, нэгъуэщӀ къуажэм къыщащэхуауэ жаӀэрти, цырибон кърагъафэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 83
+2 örnek
Бажэ бзаджэм и нэр къож, ХьэкӀэкхъуэкӀэр зэбгрож.— Бажэ пшынэ, 14
Нэхъ бзаджэхэр щӀагъыбзэ хэлъу псалъэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 516
Deyimler (2)
бзаджэ жыӀэн
ГуащӀэу псэлъэн, гум ежэлӀэн псалъэ жыӀэн, шхыдэн.
Бэлацэ зыхэтым къахэкӀри фызхэм къахэуващ, Долэт щхьэкӀэ дунейм бзаджэу тетыр жиӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 255
+1 örnek
Е зэхихыу Паным бзаджэ къыжриӀэм ХощӀыр и гур [хъыджэбзым].— Бдзэжьеящэм ипхъу, 152
бзаджэ тетхъуэн
Ешхыдэн, гуащӀэу, и гуауэ пщӀыуэ епсэлъэн.
Къарэжьи къэгубжьауэ бзаджэр пэщэм третхъуэ, тхьэм ещӀэ, ахъшэ зэмылӀэужьыгъуэ къратар фӀызэхэзэрыхьа.— Лъапсэ, 39
ШэрыпӀ псэущхьэхэм я ныбэм щӀэжьейр щилъым зыкӀуэцӀылъ, къалъхуа нэужь къыкӀэрыху лыджанэ пӀащӀэ.
[Бэкъан Хьэту жреӀэ:] Мы жэмыщӀэм куэд ихьыжынукъым, лъхуэнущ. Фыхуэсакъ. Лъхуэрэ и бзаджэр ишхыжмэ, шэр еубыд.— Къалэн, 429
Егъэлея.
Борис къулыкъущӀэкъу бзаджэти, къыпэувыр хьэдэлъэмыж ищӀырт.— Лъапсэ, 91
+1 örnek
Уэшхышхуэм иужькӀэ ятӀэ бзаджэти, шым лъэбакъуэ ичыху, фӀалъэкӀэ ятӀэр иупцӀырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 63
Kitapta geçtiği hali
БЗАДЖЭ (67). плъыф. 1. (47). Е зигу илъ, е. Зы уэрам нашэкъашэ цӀыкӀу дыдохьэри докӀуэ, адэкӀэ-мыдэкӀэ къыдэжурэ хьэ бзаджэхэр къыдэбэну. МелыӀыч, 455. Блэ фӀыцӀэ бзаджэр пӀыщӀами, ГуфӀакӀэм дэплъхьэм, къоуэнщ, Дыгъужьыр Ӏэсэ уэ пщӀами, Мэзым сыт щыгъуи ар плъэнщ. Куэд щӀауэ и гур мызэгъэж. «Бгы лъапэхэм деж», 47. Адэм и къуэм жреӀэ:] Ди къуажэ мылъкур бий бзаджэм ӀэщӀэплъхьэу уэри пхуэздэнкъым. «Адэ», 140. 2. (5). ГуащӀэ; хьэлъэ; Ӏей. Биишэ бзаджэр техуати, ЗауэлӀыр уэсым хэхуат. Жыр пыӀэ. «Шум и гъуэгу», 49. Иужьым уз бзаджэр пкърыкӀыжа хуэдэу хъуами, и лъакъуитӀыр къыщӀэувэртэкъыми, пхъэ лъакъуикӀ къыхуамыщэхуу хъуакъым [Бэкъан]. Къалэн, 430. Дэрщ а ешхуэм пэщӀэувэу КӀэщӀ бий гъащӀэр зыщӀыфари, Ди щӀыналъэм и быныфӀу А е бзаджэм текӀуэдари. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 409. 3. (12). Хьэгъэщагъэ зигу илъ, Ӏэмалшы. Цырибон зыщӀу зыщэ фыз бзаджэхэм я Ӏэмэпсымэр ягъэпщкӀурти, старшынэр ирагъэблагъэрт, нэгъуэщӀ къуажэм къыщащэхуауэ жаӀэрти, цырибон кърагъафэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 83. Бажэ бзаджэм и нэр къож, ХьэкӀэкхъуэкӀэр зэбгрож. «Бажэ пшынэ», 14. Нэхъ бзаджэхэр щӀагъыбзэ хэлъу псалъэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 516. ◊ Бзаджэ жыӀэн (2). ГуащӀэу псэлъэн, гум ежэлӀэн псалъэ жыӀэн, шхыдэн. Бэлацэ зыхэтым къахэкӀри фызхэм къахэуващ, Долэт щхьэкӀэ дунейм бзаджэу тетыр жиӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 255. Е зэхихыу Паным бзаджэ къыжриӀэм ХощӀыр и гур [хъыджэбзым]. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 152. Бзаджэ тетхъуэн (1). Ешхыдэн, гуащӀэу, и гуауэ пщӀыуэ епсэлъэн. Къарэжьи къэгубжьауэ бзаджэр пэщэм третхъуэ, тхьэм ещӀэ, ахъшэ зэмылӀэужьыгъуэ къратар фӀызэхэзэрыхьа. Лъапсэ, 39.
БЗАДЖЭ II (1). ШэрыпӀ псэущхьэхэм я ныбэм щӀэжьейр щилъым зыкӀуэцӀылъ, къалъхуа нэужь къыкӀэрыху лыджанэ пӀащӀэ. [Бэкъан Хьэту жреӀэ:] Мы жэмыщӀэм куэд ихьыжынукъым, лъхуэнущ. Фыхуэсакъ. Лъхуэрэ и бзаджэр ишхыжмэ, шэр еубыд. Къалэн, 429.
БЗАДЖЭ III (2). плъыф. Егъэлея. Борис къулыкъущӀэкъу бзаджэти, къыпэувыр хьэдэлъэмыж ищӀырт. Лъапсэ, 91. Уэшхышхуэм иужькӀэ ятӀэ бзаджэти, шым лъэбакъуэ ичыху, фӀалъэкӀэ ятӀэр иупцӀырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 63.