бжьыпэр убыдын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
бжьыпэ
ЗыгуэркӀэ адрейхэм я пэ итыныгъэ, ефӀэкӀыныгъэ, пашэныгъэ.
ЕтӀуанэ махуэм Астемыр, Елдар, Бот сымэ шу гупыфӀ – зытӀощӀырыпщӀым щӀигъуу – зэрагъэпэщщ, къуажэм бжьыпэр Исхьэкъ лӀыжьым къыхуагъанэри – макӀуэ-мэлъей, здэкӀуари здэжари ямыщӀэу къуажэм дэкӀащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 269
Deyimler (6)
бжьыпэр зэпэубыдын
Абы елъытауэ бжьыпэр зэпаубыду губгъуэрысымрэ къалэдэсымрэ зызэраупсеиныр сытым ещхь?— Кхъэлэгъунэ, 379
бжьыпэр убыдын
Къулыкъу, ӀэнатӀэ, тепщэныгъэ с. ху. зыӀэщӀэгъэхьэн.
Зыкъом щӀауэ Нартыху Къазбэч бжьыпэр иубыдауэ пашэу уващи, лъэкӀыныгъэшхуэ иӀэщ…— Лъапсэ, 73
+2 örnek
Локотош бжьыпэр иубыдыну иремыгугъэ, бжьыпэр зыӀыгъыр Якъубщи, зэрыхуейуэ ищӀынщ, хэт зыкъыпэщӀисэми и джабэр хущӀиуду.— Нал къута, 255
Вэрокъуэ Нахъуэ аргуэру бжьыпэр иубыдыжащ, зэӀущӀэм Ӏэ яригъэӀэтын и хьисэпу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 652
бжьыпэр яхузэрымыгъэгъуэтын
ЛӀыфӀыпӀэ зэримыгъэхуэн, зэрытемыгъэкӀуэн, къулыкъу, пашэныгъэ с. ху. зэпаубыду зэныкъуэкъун.
Зы зэман гуэр Къазджэрийрэ Иналрэ зызэраупсеяуэ щытащ, бжьыпэр яхузэрымыгъэгъуэту.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 516
бжьыпэр Ӏэрыхьэн
ЛъэпкъыщӀэ къыкӀэрыхуаи лъэпкъыжь зызыужьаи щыӀэкъым, бжьыпэр зыӀэрыхьам и татуугъуэщи, зэгуэр къемыпсыхыну Ӏэмал зимыӀэщ.— Кхъэлэгъунэ, 378
Еплъ: бжьыпэр убыдын
бжьыпэр ӀэщӀыхьэн
Япэм Къазджэрий Алыхьталэм и лӀыкӀуэм хуэдэу къызыфӀэщӀа Ӏэджэм гу лъатат ар пашэ зэрымыхъунум, арщхьэкӀэ «пщы зи щыпэлъагъум тхьэ къыфӀощӀ» жыхуаӀэм хуэдэу, Мэтхъэным бжьыпэр ӀэщӀыхьамэ, зи гуапэ иджыри куэдт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 319
Еплъ: бжьыпэр убыдын
бжьыпэр Ӏыгъын
Пашэу, унафэщӀу щытын.
Бжьыпэ Ӏыгъыныр хуабжьу фӀэфӀщ[Инал].— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 571
+1 örnek
Унэр зезыхьэр Мэмэт-ЩӀакъуэми, бжьыпэр зыӀыгъыр Раисэ Муратовнэ жыхуаӀэу «фызым пэӀэщӀэ» ресторанным и тетыр аращ.— Лъапсэ, 78
Kitapta geçtiği hali
БЖЬЫПЭ (20). ЗыгуэркӀэ адрейхэм я пэ итыныгъэ, ефӀэкӀыныгъэ, пашэныгъэ. ЕтӀуанэ махуэм Астемыр, Елдар, Бот сымэ шу гупыфӀ – зытӀощӀырыпщӀым щӀигъуу – зэрагъэпэщщ, къуажэм бжьыпэр Исхьэкъ лӀыжьым къыхуагъанэри – макӀуэ-мэлъей, здэкӀуари здэжари ямыщӀэу къуажэм дэкӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 269. ◊ Бжьыпэр зэпэубыдын (1). Еплъ бжьыпэр яхузэрымыгъэгъуэтын. Абы елъытауэ бжьыпэр зэпаубыду губгъуэрысымрэ къалэдэсымрэ зызэраупсеиныр сытым ещхь? Кхъэлэгъунэ, 379. Бжьыпэр убыдын (8). Къулыкъу, ӀэнатӀэ, тепщэныгъэ с. ху. зыӀэщӀэгъэхьэн. Зыкъом щӀауэ Нартыху Къазбэч бжьыпэр иубыдауэ пашэу уващи, лъэкӀыныгъэшхуэ иӀэщ… Лъапсэ, 73. Локотош бжьыпэр иубыдыну иремыгугъэ, бжьыпэр зыӀыгъыр Якъубщи, зэрыхуейуэ ищӀынщ, хэт зыкъыпэщӀисэми и джабэр хущӀиуду. Нал къута, 255. Вэрокъуэ Нахъуэ аргуэру бжьыпэр иубыдыжащ, зэӀущӀэм Ӏэ яригъэӀэтын и хьисэпу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 652. Бжьыпэр яхузэрымыгъэгъуэтын (1). ЛӀыфӀыпӀэ зэримыгъэхуэн, зэрытемыгъэкӀуэн, къулыкъу, пашэныгъэ с. ху. зэпаубыду зэныкъуэкъун. Зы зэман гуэр Къазджэрийрэ Иналрэ зызэраупсеяуэ щытащ, бжьыпэр яхузэрымыгъэгъуэту. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 516. Бжьыпэр Ӏэрыхьэн (1). Еплъ бжьыпэр убыдын. ЛъэпкъыщӀэ къыкӀэрыхуаи лъэпкъыжь зызыужьаи щыӀэкъым, бжьыпэр зыӀэрыхьам и татуугъуэщи, зэгуэр къемыпсыхыну Ӏэмал зимыӀэщ. Кхъэлэгъунэ, 378. Бжьыпэр ӀэщӀыхьэн (2). Еплъ бжьыпэр убыдын. Япэм Къазджэрий Алыхьталэм и лӀыкӀуэм хуэдэу къызыфӀэщӀа Ӏэджэм гу лъатат ар пашэ зэрымыхъунум, арщхьэкӀэ «пщы зи щыпэлъагъум тхьэ къыфӀощӀ» жыхуаӀэм хуэдэу, Мэтхъэным бжьыпэр ӀэщӀыхьамэ, зи гуапэ иджыри куэдт. Хъуэпсэгъуэ нур, 319. Бжьыпэр Ӏыгъын (6). Пашэу, унафэщӀу щытын. Бжьыпэ Ӏыгъыныр хуабжьу фӀэфӀщ[Инал]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 571. Унэр зезыхьэр Мэмэт-ЩӀакъуэми, бжьыпэр зыӀыгъыр Раисэ Муратовнэ жыхуаӀэу «фызым пэӀэщӀэ» ресторанным и тетыр аращ. Лъапсэ, 78.