бжьакъуэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
бжъэ/бжьэ, бжъакъо/бжьакъуэ; BOYNUZ
бжъакъо/бжьакъуэ → бжъэ; BOYNUZ
бжьакъуэ/бжъакъо → бжъэ; BOYNUZ
Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: бжъэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Языныкъуэ Ӏэщхэм я щхьэм къыхэкӀ къупщхьэ папцӀэ.
рурог, рога
Ажэ бжьакъуэ. Вы бжьакъуэ.
+1 örnek
Ер вы бжьакъуэм къокӀ.— Псалъэжьхэр
Bu maddedeki ifadeler (1)
бжьакъуэр хутеудын
русбить спесь (букв. пообломать рога кому-л.)
Kitapta geçtiği hali
бжьакъуэ рог, рога / Языныкъуэ Ӏэщхэм я щхьэм къыхэкӀ къупщхьэ папцӀэ. Ажэ бжьакъуэ. Вы бжьакъуэ. * Ер вы бжьакъуэм къокӀ. (погов.) Бжьакъуэр хутеудын сбить спесь (букв. пообломать рога кому-л.)
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Языныкъуэ псэущхьэхэм (жэм, мэл, бжэн, с. ху.) я щхьэм къыхэкӀ къупщхьэ папцӀэ.
ЛӀитӀым зы жэм зэпаубыдауэ зэныкъуэкъурт, жэм бжьакъуэ зырызыр яӀыгъыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 257
+2 örnek
Бэкъан тӀы бжьакъуэм ещхьу утӀэрэза и пащӀагъуэшхуитӀыр дэгъэтӀеят, лӀым щӀыхуэ зэрытемылъыр къагъэлъагъуэу.— Къалэн, 426
Пщыхьэщхьэ дыгъэр жэмхэм бжьакъуэм Нур ӀэплӀэу фӀэлъу къагъэзэж.— Мывалъэ щӀыпӀэу дапщэ щыӀэ. «Вагъуэ махуэ», 354
2. Фадэ зэрефэ бжьэ.
Лу, музыкэм зэреуэм хуэдэу, и нитӀыр Инал тенауэ еплъырт, бжьакъуэшхуэкӀэ фадэ ирафу нобэ и щыпэлъагъути.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 586
Deyimler (1)
бжьакъуэ зэрына хузэрымыгъэкӀын
Я нэхъ Ӏуэху мыхьэнэншэри хузэфӀэмыгъэкӀын.
Ари, [унафэщӀыр] ущыхуейм деж бгъуэтыркъым, тхьэм ещӀэ: фэр-фэру зэфӀэвгъэкӀ, жиӀэу и кабинетым щӀэс, зэфӀумыгъэкӀмэ: бжьакъуэ зэрына фхузэрыгъэкӀыркъым, жиӀэнщ, ХьэфӀыцӀэ и къыдыру уигъэлъэнщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 654
Atasözleri (1)
ер вы бжьакъуэм къокӀ
Еплъ: е
Kitapta geçtiği hali
БЖЬАКЪУЭ (28). 1. (25). Языныкъуэ псэущхьэхэм (жэм, мэл, бжэн, с. ху.) я щхьэм къыхэкӀ къупщхьэ папцӀэ. ЛӀитӀым зы жэм зэпаубыдауэ зэныкъуэкъурт, жэм бжьакъуэ зырызыр яӀыгъыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 257. Бэкъан тӀы бжьакъуэм ещхьу утӀэрэза и пащӀагъуэшхуитӀыр дэгъэтӀеят, лӀым щӀыхуэ зэрытемылъыр къагъэлъагъуэу. Къалэн, 426. Пщыхьэщхьэ дыгъэр жэмхэм бжьакъуэм Нур ӀэплӀэу фӀэлъу къагъэзэж. Мывалъэ щӀыпӀэу дапщэ щыӀэ. «Вагъуэ махуэ», 354. 2. (3). Фадэ зэрефэ бжьэ. Лу, музыкэм зэреуэм хуэдэу, и нитӀыр Инал тенауэ еплъырт, бжьакъуэшхуэкӀэ фадэ ирафу нобэ и щыпэлъагъути. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 586. ◊ Бжьакъуэ зэрына хузэрымыгъэкӀын (1). Я нэхъ Ӏуэху мыхьэнэншэри хузэфӀэмыгъэкӀын. Ари, [унафэщӀыр] ущыхуейм деж бгъуэтыркъым, тхьэм ещӀэ: фэр-фэру зэфӀэвгъэкӀ, жиӀэу и кабинетым щӀэс, зэфӀумыгъэкӀмэ: бжьакъуэ зэрына фхузэрыгъэкӀыркъым, жиӀэнщ, ХьэфӀыцӀэ и къыдыру уигъэлъэнщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 654. ☐ Ер вы бжьакъуэм къокӀ (2). Еплъ е I.