бжыхь

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

ЩӀапӀэ, хадэ с. ху. кърагъэбыдэкӀын щхьэкӀэ бжэгъум чы, банэ дадзурэ яхур.

руплетень, изгородь, ограда

Чы бжыхь. Банэ бжыхь.

+3 örnek

Хадэм и хъуреягъыр къуацэ бжыхькӀэ къехуэкӀат.— КӀэрашэ Тембот

Уи ажэ си бжыхь къыумыпх.— Псалъэжьхэр

И кӀэр бжыхьым дихуэжащ.— Псалъэжьхэр

Bu maddedeki ifadeler (2)

бжыхь хун

руплести плетень, городить.

ЛӀым бжыхь еху.

бжыхь лъапэрисэ

Чыхэр зэпэбыхъуу зыдэлъэфа бжыхь.

руажурный плетень

Kitapta geçtiği hali

бжыхь плетень, изгородь, ограда / ЩӀапӀэ, хадэ с. ху. кърагъэбыдэкӀын щхьэкӀэ бжэгъум чы, банэ дадзурэ яхур. Чы бжыхь. Банэ бжыхь. * Хадэм и хъуреягъыр къуацэ бжыхькӀэ къехуэкӀат. КӀ. Т. Уи ажэ си бжыхь къыумыпх. (погов.) И кӀэр бжыхьым дихуэжащ. (погов.) Бжыхь хун плести плетень, городить. ЛӀым бжыхь еху. бжыхь лъапэрисэ ажурный плетень / Чыхэр зэпэбыхъуу зыдэлъэфа бжыхь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. Бжэгъу хэсахэм чы, банэ дадзурэ пщӀантӀэ, хадэ, с. ху. къызэрахухь.

Абдул къызэрилъытэмкӀэ, бжыхьыр Ӏуптхърэ пщӀантӀэ дыдэм удыхьэмэ нэхъыфӀт, арщхьэкӀэ ар Дисэ идакъым, зи гугъу ящӀ бжыхьыр цӀырхъ дыдэу щыт пэтми.— Хъуэпсэгъуэ нур, 143

+2 örnek

ПщӀантӀэшхуэм ихъуреягъкӀэ шы-уанэ зэтелъхэр бжыхьым епхауэ щытт.— Лъапсэ, 111

Джэлил [адакъэр] бжыхьым е жыгым дэлъейрэ зиплъыхьу тетмэ, ар яфӀэмыӀуэху хуэдэу джэдхэм защӀ щхьэкӀэ, я нэӀэ адакъэ дахэжьым тет защӀэт.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 480

2. Бжыхьым епха, ехьэлӀа, теухуа, щыщ.

Лу бжыхь гъуанэмкӀэ дэпщри зыгуэрым я хадэм илъэдауэ цӀыху зэрызехьэ къомым къеплъырт, Астемыр яхимыгъэгъуащэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 255

+1 örnek

Шы къомри зэбгъурыту бжыхь джабэм кӀэрытщ мэпырхъри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 596

Deyimler (1)

кӀэр бжыхьым дэхуэжын

Еплъ: кӀэ

Kitapta geçtiği hali

БЖЫХЬ (54). 1. (42). Бжэгъу хэсахэм чы, банэ дадзурэ пщӀантӀэ, хадэ, с. ху. къызэрахухь. Абдул къызэрилъытэмкӀэ, бжыхьыр Ӏуптхърэ пщӀантӀэ дыдэм удыхьэмэ нэхъыфӀт, арщхьэкӀэ ар Дисэ идакъым, зи гугъу ящӀ бжыхьыр цӀырхъ дыдэу щыт пэтми. Хъуэпсэгъуэ нур, 143. ПщӀантӀэшхуэм ихъуреягъкӀэ шы-уанэ зэтелъхэр бжыхьым епхауэ щытт. Лъапсэ, 111. Джэлил [адакъэр] бжыхьым е жыгым дэлъейрэ зиплъыхьу тетмэ, ар яфӀэмыӀуэху хуэдэу джэдхэм защӀ щхьэкӀэ, я нэӀэ адакъэ дахэжьым тет защӀэт. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 480. 2. (12). Бжыхьым епха, ехьэлӀа, теухуа, щыщ. Лу бжыхь гъуанэмкӀэ дэпщри зыгуэрым я хадэм илъэдауэ цӀыху зэрызехьэ къомым къеплъырт, Астемыр яхимыгъэгъуащэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 255. Шы къомри зэбгъурыту бжыхь джабэм кӀэрытщ мэпырхъри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 596. ◊ КӀэр бжыхьым дэхуэжын (1). Еплъ кӀэ III.

Düzeltme Öner

бжыхь
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.