бжыгъэ имыӀэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
бжыгъэ
1. Зыгуэрыр куэдагъ-мащӀагъкӀэ зыхуэдизыр къызэрагъэлъагъуэ, къызэралъытэ.
ручисло, счёт, цифра
Уэ къуэшу уиӀэм бжыгъэ имыӀэ, уэ шыпхъуу уиӀэм хуэдиз щымыӀэ. П. Б. Амыщ и мэл бжыгъэр ищӀэжу щытакъым.— Адыгэ ӀуэрыӀуатэхэр
2. Зыгуэрхэр къыщабж, щызэхалъхьэ, щызэхах сытхэм деж зэрыхъур, къыщӀэкӀыр.
русумма
Ахъшэ псори щызэхалъхьэм бжыгъэшхуэ къыщӀэкӀащ.
Bu maddedeki ifadeler (5)
бжыгъэ имыӀэн
руне иметь счета, предела.
бжыгъэр мыщӀэжын
рупотерять счет кому-чему-л.
бжыгъэ къута
Зы псо иримыкъу къэзыгъэлъагъуэ бжыгъэ.
рудробное число
бжыгъэ къутахуэ
Зы псом и Ӏыхьэ бжыгъэ.
рудробь
бжыгъэ псо
Бжыгъэ мыкъута.
руцелое число
Kitapta geçtiği hali
бжыгъэ 1. число, счёт, цифра / Зыгуэрыр куэдагъ-мащӀагъкӀэ зыхуэдизыр къызэрагъэлъагъуэ, къызэралъытэ. * Уэ къуэшу уиӀэм бжыгъэ имыӀэ, уэ шыпхъуу уиӀэм хуэдиз щымыӀэ. П. Б. Амыщ и мэл бжыгъэр ищӀэжу щытакъым. Ад. фольк. 2. сумма / Зыгуэрхэр къыщабж, щызэхалъхьэ, щызэхах сытхэм деж зэрыхъур, къыщӀэкӀыр. Ахъшэ псори щызэхалъхьэм бжыгъэшхуэ къыщӀэкӀащ. Бжыгъэ имыӀэн не иметь счета, предела. Бжыгъэр мыщӀэжын потерять счет кому-чему-л. бжыгъэ къута дробное число / Зы псо иримыкъу къэзыгъэлъагъуэ бжыгъэ. бжыгъэ къутахуэ дробь / Зы псом и Ӏыхьэ бжыгъэ. бжыгъэ псо целое число / Бжыгъэ мыкъута.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
бжыгъэ
1. Цифрэ.
[Мэсхьуд:] Нолыр бжыгъэщ, хьэрфкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ 507. [Ӏэдэм:] Сыт атӀэ емынэм сызэрихуэу си жьыщхьэм хьэрфри бжыгъэри щӀызэзгъэщӀар, щхьэлыр стефхыу губгъуэм сифхуэжынумэ?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 651
2. Зыгуэр куэдагъмащӀагъкӀэ зыхуэдизыр, зэрыхъур.
Мэзхъумэм ихъумэн хуейт хьэкӀэкхъуэкӀэхэм я бжыгъэр зыщӀэ дунейм теттэкъым езым фӀэкӀа, ари хуигъэфащэу.— Лъапсэ, 95
+2 örnek
Къуршым уихьэмэ, дэтхэнэ джабэри къащтэ – фэрэкӀнапэм ещхьу гъуанэпщӀанэщ, бгъуэнщӀагъыу иӀэр мин бжыгъэкӀэ ябж.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 403
Командирхэр жыхуаӀа сыхьэт бжыгъэм деж къызэхуэсащ.— Нал къута, 303
Atasözleri (2)
бжыгъэ имыӀэн
Куэд дыдэ хъун.
Щхьэлмывэкъуэ и хъуреягъкӀэ Ӏуащхьэу щыӀэм бжыгъэ иӀэтэкъым, Ӏуащхьэ къэси хъыбар гъэщӀэгъуэнхэр иӀэу жаӀэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 297
+2 örnek
Аузым Ӏэщу дэт жыхуэпӀэм бжыгъэ иӀэкъым, а къомыр хъумэн хуейщ.— Нал къута, 249
А жэщым Урарэ и унэм щызэхэзекӀуа цӀыхум бжыгъэ иӀэтэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 587
[и] бжыгъэр мыщӀэжын
Щэрданхэ нэхъ бей Щхьэлмывэкъуэ дэс пэтми, уэлэхьи, абы шыуэ иӀэм и бжыгъэр езы Берд имыщӀэж.— Хъуэпсэгъуэ нур, 262
Еплъ: бжыгъэ имыӀэн
Kitapta geçtiği hali
БЖЫГЪЭ (40).1. (4). Цифрэ. [Мэсхьуд:] Нолыр бжыгъэщ, хьэрфкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ 507. [Ӏэдэм:] Сыт атӀэ емынэм сызэрихуэу си жьыщхьэм хьэрфри бжыгъэри щӀызэзгъэщӀар, щхьэлыр стефхыу губгъуэм сифхуэжынумэ? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 651. 2. (36). Зыгуэр куэдагъмащӀагъкӀэ зыхуэдизыр, зэрыхъур. Мэзхъумэм ихъумэн хуейт хьэкӀэкхъуэкӀэхэм я бжыгъэр зыщӀэ дунейм теттэкъым езым фӀэкӀа, ари хуигъэфащэу. Лъапсэ, 95. Къуршым уихьэмэ, дэтхэнэ джабэри къащтэ – фэрэкӀнапэм ещхьу гъуанэпщӀанэщ, бгъуэнщӀагъыу иӀэр мин бжыгъэкӀэ ябж. ХьэщӀэ лъапӀэ, 403. Командирхэр жыхуаӀа сыхьэт бжыгъэм деж къызэхуэсащ. Нал къута, 303. ☐ Бжыгъэ имыӀэн (4). Куэд дыдэ хъун. Щхьэлмывэкъуэ и хъуреягъкӀэ Ӏуащхьэу щыӀэм бжыгъэ иӀэтэкъым, Ӏуащхьэ къэси хъыбар гъэщӀэгъуэнхэр иӀэу жаӀэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 297. Аузым Ӏэщу дэт жыхуэпӀэм бжыгъэ иӀэкъым, а къомыр хъумэн хуейщ. Нал къута, 249. А жэщым Урарэ и унэм щызэхэзекӀуа цӀыхум бжыгъэ иӀэтэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 587. [И] бжыгъэр мыщӀэжын (1). Еплъ бжыгъэ имыӀэн. Щэрданхэ нэхъ бей Щхьэлмывэкъуэ дэс пэтми, уэлэхьи, абы шыуэ иӀэм и бжыгъэр езы Берд имыщӀэж. Хъуэпсэгъуэ нур, 262.