бжаблэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Бжэр хэлъыну блыным хуащӀ гъуанэ, абы и къэухь, бжэӀу.
рудверной проём
Шэр фиижу шордакъ бжаблэм нэсри зыхисащ.— Жаным Борис
+1 örnek
Дыщэр зи бжаблэ и лейм йобэкӀ.— Псалъэжьхэр
Bu maddedeki ifadeler (1)
пащтыхьым и бжаблэ итын
Еплъ: пащтыхь
Kitapta geçtiği hali
бжаблэ дверной проём / Бжэр хэлъыну блыным хуащӀ гъуанэ, абы и къэухь, бжэӀу. * Шэр фиижу шордакъ бжаблэм нэсри зыхисащ. Ж. Б. Дыщэр зи бжаблэ и лейм йобэкӀ. (погов.) Пащтыхьым и бжаблэ итын см. пащтыхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Бжэ хэлъыпӀэу блыным иӀэ гъуанэ, бжэӀу.
Бжэ щӀыхьэпӀэм деж бжаблэм тетхат «Коммерческое училище» жиӀэу, арщхьэкӀэ Астемыр къеджэфакъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 183
+1 örnek
НапӀэзыпӀэм сэшхуэ пцӀанэр вууэ мывэм къытридзащ, ар къэсщтэжыху, сэшхуапӀэри и къарум къызэрихькӀэ бжаблэм еуэри хьэлэчу зэхигъэлъалъэри къысхуидзыжащ.— МелыӀыч, 445
Kitapta geçtiği hali
БЖАБЛЭ (3). Бжэ хэлъыпӀэу блыным иӀэ гъуанэ, бжэӀу. Бжэ щӀыхьэпӀэм деж бжаблэм тетхат «Коммерческое училище» жиӀэу, арщхьэкӀэ Астемыр къеджэфакъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 183. НапӀэзыпӀэм сэшхуэ пцӀанэр вууэ мывэм къытридзащ, ар къэсщтэжыху, сэшхуапӀэри и къарум къызэрихькӀэ бжаблэм еуэри хьэлэчу зэхигъэлъалъэри къысхуидзыжащ. МелыӀыч, 445.