бдзэжьей
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
пцэ, пцэжъый/бдзэжьей, (Абз. ПСЫЗ/ПСЫЛЭУВ); BALIK
бдзэжьей/пцэжъый → пцэ; BALIK
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: пцэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Псым хэс, тхы къупщхьэ зиӀэ псэущхьэ, и кӀэмажьэмрэ и бгъуитӀым иӀэ мажьэхэмкӀэ есу.
рурыба
Бдзэжьей ещэным сыдихьэхауэ къэскӀухьурэ, къуэлэн хэзу зыхэс псыщхьэхэм мы зэм сымыкӀуэу, нэхъ гъуэгуанэ кӀыхь зэпысчри Лабэ ЦӀыкӀу сыкъыщыхутащ.— КӀэрашэ Тембот
Bu maddedeki ifadeler (3)
бдзэжьей къуэлэн
Еплъ: къуэлэн
бдзэжьей плъыжь
Зи кӀэмажьэ, бдзэмажьэхэр плъыжьу щыт бдзэжьей лъэпкъ.
рукраснопёрка
бдзэжьей хугу
Бдзэжьейм ипхъ хугу, бдзэжьей шэжыгъэкӀэ.
руикра (рыбья)
Kitapta geçtiği hali
бдзэжьей рыба / Псым хэс, тхы къупщхьэ зиӀэ псэущхьэ, и кӀэмажьэмрэ и бгъуитӀым иӀэ мажьэхэмкӀэ есу. * Бдзэжьей ещэным сыдихьэхауэ къэскӀухьурэ, къуэлэн хэзу зыхэс псыщхьэхэм мы зэм сымыкӀуэу, нэхъ гъуэгуанэ кӀыхь зэпысчри Лабэ ЦӀыкӀу сыкъыщыхутащ. КӀ. Т. бдзэжьей къуэлэн см. къуэлэн II. бдзэжьей плъыжь краснопёрка / Зи кӀэмажьэ, бдзэмажьэхэр плъыжьу щыт бдзэжьей лъэпкъ. бдзэжьей хугу икра (рыбья) / Бдзэжьейм ипхъ хугу, бдзэжьей шэжыгъэкӀэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Псым хэс псэущхьэ, кӀэмажьэрэ и бгъуитӀым тет мажьэхэмкӀэ есу.
Куэд дэмыкӀыу ипхъу дахэр ГуфӀэу, джэгуу къэсыжащ: – Дадэ дыщэ, бдзэжьей схьахэр ЛъапӀэу, псынщӀэу нобэ сщащ. «— Бдзэжьеящэм ипхъу, 149
+2 örnek
Псыр къимыумэ, сабий цӀыкӀухэр псыхъуэм дэзу дэтт, бдзэжьей ещэу, е адэкӀэ-мыдэкӀэ дагъэуэхрэ псы щхьэл цӀыкӀу трагъэувэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 49
БдзэкъунтхкӀэ къаубыда бдзэжьейм ещхьу уиӀыгъынущ [Бахъуэм], псым укъыхимыдзми.
Kitapta geçtiği hali
БДЗЭЖЬЕЙ (13). Псым хэс псэущхьэ, кӀэмажьэрэ и бгъуитӀым тет мажьэхэмкӀэ есу. Куэд дэмыкӀыу ипхъу дахэр ГуфӀэу, джэгуу къэсыжащ: – Дадэ дыщэ, бдзэжьей схьахэр ЛъапӀэу, псынщӀэу нобэ сщащ. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 149. Псыр къимыумэ, сабий цӀыкӀухэр псыхъуэм дэзу дэтт, бдзэжьей ещэу, е адэкӀэ-мыдэкӀэ дагъэуэхрэ псы щхьэл цӀыкӀу трагъэувэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 49. БдзэкъунтхкӀэ къаубыда бдзэжьейм ещхьу уиӀыгъынущ [Бахъуэм], псым укъыхимыдзми.