къуэлэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
къолэн/къуэлэн, къолэнсэлэн, щхъуэкӀэплъыкӀэ; RENKLİ
къуэлэн/къолэн, къолэнсэлэн, щхъуэкӀэплъыкӀэ; RENKLİ
щхъуэкӀэплъыкӀэ, къолэнсэлэн, къолэн/къуэлэн; RENKLİ, ALABULA
Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Плъыфэ зэмыщхьурэ зэхэт, зэмыфэгъу.
руразноцветный, пестрый
ЩэкӀ къуэлэн. Нэ къуэлэн.
+1 örnek
ЩӀыунэм щӀэту иныжьым зы шы къуэлэн, зы шы къарэ, зы шы пцӀэгъуэплъ иӀэт.— Ӏуащхьэмахуэ
Мэз щӀагъыпс, къуршыпс къабзэхэм хэс бдзэжьей мыин дыдэ, и щӀыфэм ӀэпапӀэ плъыжь хэпхъауэ.
руфорель
Къуэлэн къэубыдын.
Kitapta geçtiği hali
къуэлэн I разноцветный, пестрый / Плъыфэ зэмыщхьурэ зэхэт, зэмыфэгъу. ЩэкӀ къуэлэн. Нэ къуэлэн. * ЩӀыунэм щӀэту иныжьым зы шы къуэлэн, зы шы къарэ, зы шы пцӀэгъуэплъ иӀэт. Ӏуащхь. II форель / Мэз щӀагъыпс, къуршыпс къабзэхэм хэс бдзэжьей мыин дыдэ, и щӀыфэм ӀэпапӀэ плъыжь хэпхъауэ. Къуэлэн къэубыдын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Плъыфэ зэмыщхьурэ зэхэт, зэмыфэгъу
ЩӀамыгъэчэуи джэдыкӀэр Махуэ къэскӀэ къалэм яшэ, Езы Лини нэ къуэлэну И набдзитӀыр фӀыцӀэщ, къуаншэщ— Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 38
+2 örnek
Къадыр лӀы щэджащэжьу джанэ кӀыхьыжьыр и лъэдакъэпэм нэсу, и щхьэм тепхъуа бэлътоку къуэлэныр уэрдыхъум ещхьу къытриӀыгъэу лӀыжьым къыпежьэри, хуэсакъыпэу и блыгур иӀыгъыурэ шыдым къригъэпсыхащ— Аргъуей, 386
[Шурэ Хьэжумар зыхуигъазэу]: СщӀэркъым шкӀэ къуэлэн цӀыкӀум есщӀэнур— Алъхъо, 70
Мэз щӀагъыпс, къуршыпс къабзэхэм хэс бдзэжьей мыин дыдэ, и щӀыфэм ӀэпапӀэ плъыжь хэпхъауэ.
Псым хэс къуэлэну уи Ӏэпкълъэпкъым, Уеплъым бгъэщӀагъуэу, удехьэхыр— Псы узэфэнур къыщӀэжакъым. «Батырыбжьэ», 62
Kitapta geçtiği hali
КЪУЭЛЭН I (10). плъыф. Плъыфэ зэмыщхьурэ зэхэт, зэмыфэгъу. ЩӀамыгъэчэуи джэдыкӀэр Махуэ къэскӀэ къалэм яшэ, Езы Лини нэ къуэлэну И набдзитӀыр фӀыцӀэщ, къуаншэщ. Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 38. Къадыр лӀы щэджащэжьу джанэ кӀыхьыжьыр и лъэдакъэпэм нэсу, и щхьэм тепхъуа бэлътоку къуэлэныр уэрдыхъум ещхьу къытриӀыгъэу лӀыжьым къыпежьэри, хуэсакъыпэу и блыгур иӀыгъыурэ шыдым къригъэпсыхащ. Аргъуей, 386. [Шурэ Хьэжумар зыхуигъазэу]: СщӀэркъым шкӀэ къуэлэн цӀыкӀум есщӀэнур. Алъхъо, 70.
КЪУЭЛЭН II (1). Мэз щӀагъыпс, къуршыпс къабзэхэм хэс бдзэжьей мыин дыдэ, и щӀыфэм ӀэпапӀэ плъыжь хэпхъауэ. Псым хэс къуэлэну уи Ӏэпкълъэпкъым, Уеплъым бгъэщӀагъуэу, удехьэхыр. Псы узэфэнур къыщӀэжакъым. «Батырыбжьэ», 62.