бацэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Ӏэщхэм гъатхэм къытыращыкӀ е езыхэм япхъ цы.
рустарая шерсть, старый шерстяной покров (овец)
Зи щыгъуэ блэкӀа мэлхэм къакӀэрыхуа бацэхэр Ӏэрылъхьэурэ чэтым илът.
+1 örnek
ЦӀыкӀухэр, бадзэм хуэдэу тепщхьауэ Джэмыдэжьым и цы укъуеяхэр, бацэ кӀэрыщӀахэр къытырафыщӀыкӀ.— Нартхэр
Зи щхьэцыр, жьакӀэр зэщӀэкӀа.
рукосматый, лохматый (о человеке)
ЛӀыжь бацэм и Ӏэр къеӀэт.— Къэбэрдей поэзием и антологие
Bu maddedeki ifadeler (6)
бацэ пхъыжын
рувыйти из нужды, из бедствия, разжиться, разбогатеть.
бацэ пхъын
рулинять (о животных).
бацэ зэпхъэкӀын
русильно линять.
бацэ уэншэку
Бацэ зэрылъ уэншэку.
руматрац из старой овечьей шерсти
ПлӀанэпэм дэт тахътэбаныжь цӀыкӀум илъ бацэ уэншэку пцӀанэм телът Алий цӀыкӀу.— ЩакӀуэ Талъостэн
2 ifade daha
бацэ уэршэку
бацэ уэншэку
бацэ щхьэнтэ
Бацэ зэрылъ, бацэм къыхащӀыкӀа щхьэнтэ.
руподушка из старой овечьей шерсти
Бацэ щхьэнтэр пӀэщхьагъщӀэдз ящӀ.
Kitapta geçtiği hali
бацэ I старая шерсть, старый шерстяной покров (овец) / Ӏэщхэм гъатхэм къытыращыкӀ е езыхэм япхъ цы. Зи щыгъуэ блэкӀа мэлхэм къакӀэрыхуа бацэхэр Ӏэрылъхьэурэ чэтым илът. * ЦӀыкӀухэр, бадзэм хуэдэу тепщхьауэ Джэмыдэжьым и цы укъуеяхэр, бацэ кӀэрыщӀахэр къытырафыщӀыкӀ. Нарт. Бацэ пхъыжын выйти из нужды, из бедствия, разжиться, разбогатеть. Бацэ пхъын линять (о животных). Бацэ зэпхъэкӀын сильно линять. II косматый, лохматый (о человеке) / Зи щхьэцыр, жьакӀэр зэщӀэкӀа. * ЛӀыжь бацэм и Ӏэр къеӀэт. Къэб. п. и ант. бацэ уэншэку матрац из старой овечьей шерсти / Бацэ зэрылъ уэншэку. * ПлӀанэпэм дэт тахътэбаныжь цӀыкӀум илъ бацэ уэншэку пцӀанэм телът Алий цӀыкӀу. Щ. Т. бацэ уэршэку = бацэ уэншэку. бацэ щхьэнтэ подушка из старой овечьей шерсти / Бацэ зэрылъ, бацэм къыхащӀыкӀа щхьэнтэ. Бацэ щхьэнтэр пӀэщхьагъщӀэдз ящӀ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Ӏэщхэм гъатхэм къытращыкӀ е езыхэм япхъ цы.
Уэ лъэбыцэ къуацэ, Мыщэ лъэбыцэжь, КъыпкӀэрохур бацэ, Емынэунэжь. «— Бажэ пшынэ, 6
+1 örnek
УпщӀэр тӀуащӀэу згъэтӀылъащ, щӀыӀэ зыхэзмыгъэхьэну; си щхьэнтэм илъыр бацэщ, тебзэ телъри къызыхадыкӀар умыщӀэжу зэхэуфӀеящ, бамейри щоур, зи бамэри къыпхуэщӀэнукъым.— МелыӀыч, 457
2. Бацэм ехьэлӀа, къыхэщӀыкӀа.
Куэдрэ сызыпимыгъаплъэу си гъусар унэм къыщӀокӀыж, и зы блэгущӀэм щӀакӀуэ зэкӀуэцӀышыхьа, адрей и блэгущӀэм упщӀэ бацэ щхьэнтэрэ шхыӀэнрэ кӀуэцӀышыхьауэ щӀэлъу.— МелыӀыч, 456
+1 örnek
И насыпти, иджы Гунэуэс къыхуэзащ, бацэ уэншэкум мафӀэр къызэрыпылъэлъу пӀэм хэлъ фызыр къызэщӀикъуэри и ӀэплӀэм илъу бжэмкӀэ къеӀащ, и щыгъыным мафӀэ бзийр дарий лентӀ плъыжьым ещхьу пылъэлъу.— ГущӀэгъу, 424
Atasözleri (1)
хьэм бацэ ишхмэ, къыдохыж
Еплъ: хьэ
ЗэщӀэкӀа, убэлэца.
Жьэгум мафӀэ имылъмэ, шхыӀэныжь бацэм къыщӀэплъу пӀэм илъщ [Хъуцэ].— Нэгъуху, 33
Kitapta geçtiği hali
БАЦЭ I (10).1. (5). Ӏэщхэм гъатхэм къытращыкӀ е езыхэм япхъ цы. Уэ лъэбыцэ къуацэ, Мыщэ лъэбыцэжь, КъыпкӀэрохур бацэ, Емынэунэжь. «Бажэ пшынэ», 6. УпщӀэр тӀуащӀэу згъэтӀылъащ, щӀыӀэ зыхэзмыгъэхьэну; си щхьэнтэм илъыр бацэщ, тебзэ телъри къызыхадыкӀар умыщӀэжу зэхэуфӀеящ, бамейри щоур, зи бамэри къыпхуэщӀэнукъым. МелыӀыч, 457. 2. (5). Бацэм ехьэлӀа, къыхэщӀыкӀа. Куэдрэ сызыпимыгъаплъэу си гъусар унэм къыщӀокӀыж, и зы блэгущӀэм щӀакӀуэ зэкӀуэцӀышыхьа, адрей и блэгущӀэм упщӀэ бацэ щхьэнтэрэ шхыӀэнрэ кӀуэцӀышыхьауэ щӀэлъу. МелыӀыч, 456. И насыпти, иджы Гунэуэс къыхуэзащ, бацэ уэншэкум мафӀэр къызэрыпылъэлъу пӀэм хэлъ фызыр къызэщӀикъуэри и ӀэплӀэм илъу бжэмкӀэ къеӀащ, и щыгъыным мафӀэ бзийр дарий лентӀ плъыжьым ещхьу пылъэлъу. ГущӀэгъу, 424. ☐ Хьэм бацэ ишхмэ, къыдохыж (2). Еплъ хьэ I.
БАЦЭ II (1). плъыф. ЗэщӀэкӀа, убэлэца. Жьэгум мафӀэ имылъмэ, шхыӀэныжь бацэм къыщӀэплъу пӀэм илъщ [Хъуцэ]. Нэгъуху, 33.