абдежым

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Машинэр нэхъ щэху хъуат, ауэ ищӀагъым Быруныпс щыгъуахъуэрти, Лу абдежым зыгуэр жиӀами, Инал зэхихыжынутэкъым— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 536

+2 örnek

КъоӀу абдежым уафэр гъуагъуэу, сыкъоушри сопхъуэ щакӀуэм.— Жэщ хьэщӀэ. «Мывэ хуабэ», 98

Абдежым адакъэ хужьым и гур къызэрыгъуэтыжри къелъэтэхщ лъэуейми, бажэкӀэр иубыдащ, гуэгушыхъужьри ерыщ щекӀуэри къыжьэхэлъэщ бажэми, и пэнцӀыв дыдэр тричащ— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484

Еплъ: абдеж

Deyimler (1)

абдежым ирихьэлӀэу

А зэманым хуэдэу.

Абдежым ирихьэлӀэу губгъуэм итахэми, нацдивизэр къэсыжащ, жаӀэу щызэхахым, хьэмым тетари, мэкъум щыӀари, огородым итари зэрызехьэу къэсат, я лэжьыгъэр къагъанэри— Нал къута, 213

+1 örnek

Абдежым ирихьэлӀэу Кодоевым зэрыжиӀа дыдэм тету хъыджэбз тхьэӀухуду Ӏэпкълъэпкъ дахэр нэгъуэщӀ хъыджэбзитӀи ибгъу зырызымкӀэ щыту, хьэщӀэм къыхуэгуфӀэу къыбгъэдыхьэри мэз бжэн бжьакъуэ, дыжьынрэ дыщэкӀэ гъэщӀэрэщӀауэ, Берие къыхуишиящ: – ЦӀыхубзхэм мы бжьэр къыпхуагъэфэщащи, сӀыпхыну сынолъэӀу, – жиӀэри— Лъапсэ, 89

Абдежым цӀыхуу щызэхэтыр Ӏупшын щхьэкӀэ мафӀэгу дапщэ ухуей?— Нал къута, 217

+2 örnek

Макъ зэхихым ар хуэсакъыу, Хьэкурынэ йолъэр банэм, мэз ӀувыпӀэм ныхолъадэр, хэлъщ абдежым урыс дадэ.— Тисей, 503

ЩӀэлъщ абдежым ятӀэу зы Ӏэбжьыб, Ар Прагэ Пантеоным щызолъагъур, А къалэр хъуами си ӀэщӀыб, А ятӀэ тӀэкӀур сщыгъупщакъым.— ЩӀы Ӏэбжьыб. «Мывэ хуабэ», 127

Еплъ: абдеж

Kitapta geçtiği hali

АБДЕЖЫМ I (54). нареч. Еплъ абдеж I. Машинэр нэхъ щэху хъуат, ауэ ищӀагъым Быруныпс щыгъуахъуэрти, Лу абдежым зыгуэр жиӀами, Инал зэхихыжынутэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 536. КъоӀу абдежым уафэр гъуагъуэу, сыкъоушри сопхъуэ щакӀуэм. Жэщ хьэщӀэ. «Мывэ хуабэ», 98. Абдежым адакъэ хужьым и гур къызэрыгъуэтыжри къелъэтэхщ лъэуейми, бажэкӀэр иубыдащ, гуэгушыхъужьри ерыщ щекӀуэри къыжьэхэлъэщ бажэми, и пэнцӀыв дыдэр тричащ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484. ◊ Абдежым ирихьэлӀэу (3). А зэманым хуэдэу. Абдежым ирихьэлӀэу губгъуэм итахэми, нацдивизэр къэсыжащ, жаӀэу щызэхахым, хьэмым тетари, мэкъум щыӀари, огородым итари зэрызехьэу къэсат, я лэжьыгъэр къагъанэри. Нал къута, 213. Абдежым ирихьэлӀэу Кодоевым зэрыжиӀа дыдэм тету хъыджэбз тхьэӀухуду Ӏэпкълъэпкъ дахэр нэгъуэщӀ хъыджэбзитӀи ибгъу зырызымкӀэ щыту, хьэщӀэм къыхуэгуфӀэу къыбгъэдыхьэри мэз бжэн бжьакъуэ, дыжьынрэ дыщэкӀэ гъэщӀэрэщӀауэ, Берие къыхуишиящ: – ЦӀыхубзхэм мы бжьэр къыпхуагъэфэщащи, сӀыпхыну сынолъэӀу, – жиӀэри. Лъапсэ, 89.

АБДЕЖЫМ II (4). нареч. Еплъ абдеж II. Абдежым цӀыхуу щызэхэтыр Ӏупшын щхьэкӀэ мафӀэгу дапщэ ухуей? Нал къута, 217. Макъ зэхихым ар хуэсакъыу, Хьэкурынэ йолъэр банэм, мэз ӀувыпӀэм ныхолъадэр, хэлъщ абдежым урыс дадэ. «Тисей», 503. ЩӀэлъщ абдежым ятӀэу зы Ӏэбжьыб, Ар Прагэ Пантеоным щызолъагъур, А къалэр хъуами си ӀэщӀыб, А ятӀэ тӀэкӀур сщыгъупщакъым. ЩӀы Ӏэбжьыб. «Мывэ хуабэ», 127.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

gibi

Düzeltme Öner

абдежым
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.