абдеж
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. А щӀыпӀэм.
рутам
Абдеж ущымыту къыдыхьи тӀыс. Абдеж щылъ джыдэр къащтэ.
2. А зэманым, а сыхьэтым, а дакъикъэм.
рув это время, с того времени, с той минуты, тогда
Абдежым щыщӀэдзауэ Къэжэр Индрис уэрэдхэр итхыу щӀедзэ.— Къэбэрдей поэзием и антологие
+1 örnek
Абдежым къызолъагъу ди пщӀантӀэ удзыпцӀэм хэкӀутауэ къаз шыр цӀыкӀу къом хьэпкӀэрапкӀэу хэсу.— Нало Заур
Kitapta geçtiği hali
абдеж нареч. 1. там / А щӀыпӀэм. Абдеж ущымыту къыдыхьи тӀыс. Абдеж щылъ джыдэр къащтэ. 2. в это время, с того времени, с той минуты, тогда / А зэманым, а сыхьэтым, а дакъикъэм. * Абдежым щыщӀэдзауэ Къэжэр Индрис уэрэдхэр итхыу щӀедзэ. Къэб. п. и ант. Абдежым къызолъагъу ди пщӀантӀэ удзыпцӀэм хэкӀутауэ къаз шыр цӀыкӀу къом хьэпкӀэрапкӀэу хэсу. Н. З.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
А зэманым, а сыхьэтым, а дакъикъэм, абы щыгъуэ.
Ныбжьэгъу уимыӀэмщ жьы ущыхъур – Ужьыщхьэ махуэщ мис абдеж— Жьы ущыхъур. «Дамыгъэ», 113
+2 örnek
Абдеж Ерул шууэ Нурхьэлий и куэбжэм къеувэлӀащ, тӀэкӀуи ешауэ, и макъри икӀауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 234
Бэлътоку фэеплъу къызэптам Абдеж и кӀапэр лъым илащ.— Фэеплъ бэлътоку. «Шум и гъуэгу», 59
Deyimler (2)
абдеж дыдэм
А зэман дыдэм, а сыхьэт дыдэм, а дакъикъэ дыдэм.
Инал и дзэри абдеж дыдэм къуажэм къыдэуати, абрэджхэр щтэри, я занщӀэр я гъуэгуу, зэбгрыжыжащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 621
+1 örnek
Абдеж дыдэм щӀалэ цӀыкӀу зыбжанэ зэрызехьэу къажэу къалъэгъуащ, арщхьэкӀэ щӀалэ цӀыкӀухэр пыӀэзэфӀэхь джэгуу къалъытати, зыкӀи яфӀэӀуэхуакъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 61
абдеж дыдэм ирихьэлӀэу
Абдеж дыдэм ирихьэлӀэу Степан Ильич Правленэ щӀантӀэм къыдыхьащ, и ныбжьэгъу Астемыр и гъусэу— Хъуэпсэгъуэ нур, 221
+1 örnek
Абдеж дыдэм ирихьэлӀэу Шурдым Дотий, и къуитӀыр зыдигъэӀэпыкъуурэ, зэӀущӀэм щхьэл мывэ къихьри утыкум къриутӀыпщхьащ: – Ди мылъку зэхэдывгъалъхьэ, жыбоӀэ, Астемыр, мэ, тӀысэ, мыращ сэ мылъкуу сиӀэр, – жиӀэри— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 627
Еплъ: абдеж дыдэм
А щӀыпӀэм.
Лу абдеж пхущытыххэнтэкъым щхьэлтетым едаӀуэу, Тинэ къызэрыкӀуэжар ищӀэу щытатэмэ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 632
+2 örnek
Мэжджыт абдеж щыпщӀмэ, зымылъагъу къалэм дэмысу псоми я нэгум щӀэтынущ.— Кхъэлэгъунэ, 376
Езы шуми абдеж щытхэм гу къалъитэти къелъэдэкъауэу къэсащ, шы зытесым къелъэри и адэми адрейхэми ӀэплӀэ къахуищӀащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 316
Deyimler (1)
абдеж дыдэм
А щӀыпӀэ дыдэм.
[Дохутырым:] Дэ жыжьэ дыщыӀэкъым, мо еуэкӀыпӀэм узэреуэкӀыу абдеж дыдэм дыщытщ— Гъуэгуанэ, 128
+1 örnek
Абдеж дыдэм колхозым щӀы къаӀихри хъарбыз хадэ ищӀат, гъуэгурыкӀуэм хъарбыз яригъэшхыну— Нал къута, 210
Kitapta geçtiği hali
АБДЕЖ I (72). нареч. А зэманым, а сыхьэтым, а дакъикъэм, абы щыгъуэ. Ныбжьэгъу уимыӀэмщ жьы ущыхъур – Ужьыщхьэ махуэщ мис абдеж. Жьы ущыхъур. «Дамыгъэ», 113. Абдеж Ерул шууэ Нурхьэлий и куэбжэм къеувэлӀащ, тӀэкӀуи ешауэ, и макъри икӀауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 234. Бэлътоку фэеплъу къызэптам Абдеж и кӀапэр лъым илащ. Фэеплъ бэлътоку. «Шум и гъуэгу», 59. ◊ Абдеж дыдэм (6). А зэман дыдэм, а сыхьэт дыдэм, а дакъикъэ дыдэм. Инал и дзэри абдеж дыдэм къуажэм къыдэуати, абрэджхэр щтэри, я занщӀэр я гъуэгуу, зэбгрыжыжащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 621. Абдеж дыдэм щӀалэ цӀыкӀу зыбжанэ зэрызехьэу къажэу къалъэгъуащ, арщхьэкӀэ щӀалэ цӀыкӀухэр пыӀэзэфӀэхь джэгуу къалъытати, зыкӀи яфӀэӀуэхуакъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 61. Абдеж дыдэм ирихьэлӀэу (3). Еплъ абдеж дыдэм. Абдеж дыдэм ирихьэлӀэу Степан Ильич Правленэ щӀантӀэм къыдыхьащ, и ныбжьэгъу Астемыр и гъусэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 221. Абдеж дыдэм ирихьэлӀэу Шурдым Дотий, и къуитӀыр зыдигъэӀэпыкъуурэ, зэӀущӀэм щхьэл мывэ къихьри утыкум къриутӀыпщхьащ: – Ди мылъку зэхэдывгъалъхьэ, жыбоӀэ, Астемыр, мэ, тӀысэ, мыращ сэ мылъкуу сиӀэр, – жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 627.
АБДЕЖ II (20). нареч. А щӀыпӀэм. Лу абдеж пхущытыххэнтэкъым щхьэлтетым едаӀуэу, Тинэ къызэрыкӀуэжар ищӀэу щытатэмэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 632. Мэжджыт абдеж щыпщӀмэ, зымылъагъу къалэм дэмысу псоми я нэгум щӀэтынущ. Кхъэлэгъунэ, 376. Езы шуми абдеж щытхэм гу къалъитэти къелъэдэкъауэу къэсащ, шы зытесым къелъэри и адэми адрейхэми ӀэплӀэ къахуищӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 316. ◊ Абдеж дыдэм (2). А щӀыпӀэ дыдэм. [Дохутырым:] Дэ жыжьэ дыщыӀэкъым, мо еуэкӀыпӀэм узэреуэкӀыу абдеж дыдэм дыщытщ. Гъуэгуанэ, 128. Абдеж дыдэм колхозым щӀы къаӀихри хъарбыз хадэ ищӀат, гъуэгурыкӀуэм хъарбыз яригъэшхыну. Нал къута, 210.