абдеж дыдэм

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

абдеж

А зэманым, а сыхьэтым, а дакъикъэм, абы щыгъуэ.

Ныбжьэгъу уимыӀэмщ жьы ущыхъур – Ужьыщхьэ махуэщ мис абдеж— Жьы ущыхъур. «Дамыгъэ», 113

+2 örnek

Абдеж Ерул шууэ Нурхьэлий и куэбжэм къеувэлӀащ, тӀэкӀуи ешауэ, и макъри икӀауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 234

Бэлътоку фэеплъу къызэптам Абдеж и кӀапэр лъым илащ.— Фэеплъ бэлътоку. «Шум и гъуэгу», 59

Deyimler (2)

абдеж дыдэм

А зэман дыдэм, а сыхьэт дыдэм, а дакъикъэ дыдэм.

Инал и дзэри абдеж дыдэм къуажэм къыдэуати, абрэджхэр щтэри, я занщӀэр я гъуэгуу, зэбгрыжыжащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 621

+1 örnek

Абдеж дыдэм щӀалэ цӀыкӀу зыбжанэ зэрызехьэу къажэу къалъэгъуащ, арщхьэкӀэ щӀалэ цӀыкӀухэр пыӀэзэфӀэхь джэгуу къалъытати, зыкӀи яфӀэӀуэхуакъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 61

абдеж дыдэм ирихьэлӀэу

Абдеж дыдэм ирихьэлӀэу Степан Ильич Правленэ щӀантӀэм къыдыхьащ, и ныбжьэгъу Астемыр и гъусэу— Хъуэпсэгъуэ нур, 221

+1 örnek

Абдеж дыдэм ирихьэлӀэу Шурдым Дотий, и къуитӀыр зыдигъэӀэпыкъуурэ, зэӀущӀэм щхьэл мывэ къихьри утыкум къриутӀыпщхьащ: – Ди мылъку зэхэдывгъалъхьэ, жыбоӀэ, Астемыр, мэ, тӀысэ, мыращ сэ мылъкуу сиӀэр, – жиӀэри— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 627

Еплъ: абдеж дыдэм

абдеж

А щӀыпӀэм.

Лу абдеж пхущытыххэнтэкъым щхьэлтетым едаӀуэу, Тинэ къызэрыкӀуэжар ищӀэу щытатэмэ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 632

+2 örnek

Мэжджыт абдеж щыпщӀмэ, зымылъагъу къалэм дэмысу псоми я нэгум щӀэтынущ.— Кхъэлэгъунэ, 376

Езы шуми абдеж щытхэм гу къалъитэти къелъэдэкъауэу къэсащ, шы зытесым къелъэри и адэми адрейхэми ӀэплӀэ къахуищӀащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 316

Deyimler (1)

абдеж дыдэм

А щӀыпӀэ дыдэм.

[Дохутырым:] Дэ жыжьэ дыщыӀэкъым, мо еуэкӀыпӀэм узэреуэкӀыу абдеж дыдэм дыщытщ— Гъуэгуанэ, 128

+1 örnek

Абдеж дыдэм колхозым щӀы къаӀихри хъарбыз хадэ ищӀат, гъуэгурыкӀуэм хъарбыз яригъэшхыну— Нал къута, 210

Kitapta geçtiği hali

АБДЕЖ I (72). нареч. А зэманым, а сыхьэтым, а дакъикъэм, абы щыгъуэ. Ныбжьэгъу уимыӀэмщ жьы ущыхъур – Ужьыщхьэ махуэщ мис абдеж. Жьы ущыхъур. «Дамыгъэ», 113. Абдеж Ерул шууэ Нурхьэлий и куэбжэм къеувэлӀащ, тӀэкӀуи ешауэ, и макъри икӀауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 234. Бэлътоку фэеплъу къызэптам Абдеж и кӀапэр лъым илащ. Фэеплъ бэлътоку. «Шум и гъуэгу», 59. ◊ Абдеж дыдэм (6). А зэман дыдэм, а сыхьэт дыдэм, а дакъикъэ дыдэм. Инал и дзэри абдеж дыдэм къуажэм къыдэуати, абрэджхэр щтэри, я занщӀэр я гъуэгуу, зэбгрыжыжащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 621. Абдеж дыдэм щӀалэ цӀыкӀу зыбжанэ зэрызехьэу къажэу къалъэгъуащ, арщхьэкӀэ щӀалэ цӀыкӀухэр пыӀэзэфӀэхь джэгуу къалъытати, зыкӀи яфӀэӀуэхуакъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 61. Абдеж дыдэм ирихьэлӀэу (3). Еплъ абдеж дыдэм. Абдеж дыдэм ирихьэлӀэу Степан Ильич Правленэ щӀантӀэм къыдыхьащ, и ныбжьэгъу Астемыр и гъусэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 221. Абдеж дыдэм ирихьэлӀэу Шурдым Дотий, и къуитӀыр зыдигъэӀэпыкъуурэ, зэӀущӀэм щхьэл мывэ къихьри утыкум къриутӀыпщхьащ: – Ди мылъку зэхэдывгъалъхьэ, жыбоӀэ, Астемыр, мэ, тӀысэ, мыращ сэ мылъкуу сиӀэр, – жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 627.

АБДЕЖ II (20). нареч. А щӀыпӀэм. Лу абдеж пхущытыххэнтэкъым щхьэлтетым едаӀуэу, Тинэ къызэрыкӀуэжар ищӀэу щытатэмэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 632. Мэжджыт абдеж щыпщӀмэ, зымылъагъу къалэм дэмысу псоми я нэгум щӀэтынущ. Кхъэлэгъунэ, 376. Езы шуми абдеж щытхэм гу къалъитэти къелъэдэкъауэу къэсащ, шы зытесым къелъэри и адэми адрейхэми ӀэплӀэ къахуищӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 316. ◊ Абдеж дыдэм (2). А щӀыпӀэ дыдэм. [Дохутырым:] Дэ жыжьэ дыщыӀэкъым, мо еуэкӀыпӀэм узэреуэкӀыу абдеж дыдэм дыщытщ. Гъуэгуанэ, 128. Абдеж дыдэм колхозым щӀы къаӀихри хъарбыз хадэ ищӀат, гъуэгурыкӀуэм хъарбыз яригъэшхыну. Нал къута, 210.

Düzeltme Öner

абдеж дыдэм
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.