абгъуэ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

yuva
Doğuабгъуэгъуэ
Batıнабгъогъо
Kitapta geçtiği hali

абгъуэ/набгъо, гъо/гъуэ; YUVA

набгъо/абгъуэ, гъо/гъуэ; YUVA

гъо/гъуэ, набгъо/абгъуэ; YUVA

гъуэ/гъо, набгъо/абгъуэ; YUVA

Bu sonuç kitaptaki 4 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Къуалэбзухэр, джэдкъазхэр щыкӀэцӀ, щыгъуалъхьэ, шырхэр къыщраш кумбыгъэ, егъэзыпӀэ.

ругнездо

Жыгым и щхьэкӀэм абгъуэ ин хэщӀыхьаэу бгъэ шырищ ист.— КӀэрашэ Тембот, Акъсырэ Залымхъан

+1 örnek

КӀэртӀоф сатыр зэхуакум деж шхийхэм къыхэщӀыкӀауэ абгъуэ иӀэт.— Къу. М.

Kitapta geçtiği hali

абгъуэ гнездо / Къуалэбзухэр, джэдкъазхэр щыкӀэцӀ, щыгъуалъхьэ, шырхэр къыщраш кумбыгъэ, егъэзыпӀэ. * Жыгым и щхьэкӀэм абгъуэ ин хэщӀыхьаэу бгъэ шырищ ист. КӀ. Т., Акъ. З. КӀэртӀоф сатыр зэхуакум деж шхийхэм къыхэщӀыкӀауэ абгъуэ иӀэт. Къу. М.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. Къуалэбзухэр, джэдкъазхэр щыкӀэцӀ, щыгъуалъхьэ, шырхэр къыщраш егъэзыпӀэ.

Джэлил зэхъуэпса абгъуэр пщӀащэ Ӏувым хэщӀыхьауэ жыг къудамищыр щызэхэкӀынм деж дэтт, пыӀэ фӀыцӀэшхуэм хуэдэу.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 493

+2 örnek

Бжей жыгышхуэм фӀэлъэ, къуалэбзум налъэ-налъэу зэбграхынщи, я абгъуэм иралъхьэнщ, бзу цӀыкӀу кърашыр хуабэ-хуабэу исын хуэдэу, – жиӀэу Гуащэ и щхьэц ухуэнаитӀыр дыгъурыгъу щӀалэм иритащ.— Лъапсэ, 38

Абы егупсысурэ джэдэщымкӀэ кӀуэри джэдыкӀищ абгъуэм кърихащ, пхъэ тӀэкӀуи икъутэри жьэгум илъ мафӀэр зэщӀигъэстыжащ— Щынэхужьыкъуэ, 23

2. ПсэупӀэ, хэку.

Къыщыхъум зауэ, дист зы абгъуи, зы гъуэгу дэ тӀэкӀури дытехьащ— Кулиев Къайсын. «Мывэ хуабэ», 133

+1 örnek

Абгъуэ щытщӀыну жыг къэтлъыхъуэм, Си хэку ит жыгхэр къыхэтхынщ.— Зэгуэр си щхьэцри фӀыцӀэ дыдэт. «Вагъуэ махуэ», 361

Deyimler (1)

зи абгъуэ якъута бзууэ

ЕкӀуэлӀапӀэншэу.

[Жыраслъэн:] Советскэр зэрыуврэ, зи абгъуэ якъута бзууэ, къызофэрэзыхь, лажьи хъати симыӀэ пэтрэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 505

Kitapta geçtiği hali

АБГЪУЭ (52). 1. (50). Къуалэбзухэр, джэдкъазхэр щыкӀэцӀ, щыгъуалъхьэ, шырхэр къыщраш егъэзыпӀэ. Джэлил зэхъуэпса абгъуэр пщӀащэ Ӏувым хэщӀыхьауэ жыг къудамищыр щызэхэкӀынм деж дэтт, пыӀэ фӀыцӀэшхуэм хуэдэу. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 493. Бжей жыгышхуэм фӀэлъэ, къуалэбзум налъэ-налъэу зэбграхынщи, я абгъуэм иралъхьэнщ, бзу цӀыкӀу кърашыр хуабэ-хуабэу исын хуэдэу, – жиӀэу Гуащэ и щхьэц ухуэнаитӀыр дыгъурыгъу щӀалэм иритащ. Лъапсэ, 38. Абы егупсысурэ джэдэщымкӀэ кӀуэри джэдыкӀищ абгъуэм кърихащ, пхъэ тӀэкӀуи икъутэри жьэгум илъ мафӀэр зэщӀигъэстыжащ. Щынэхужьыкъуэ, 23. 2. (2). зэхь. ПсэупӀэ, хэку. Къыщыхъум зауэ, дист зы абгъуи, зы гъуэгу дэ тӀэкӀури дытехьащ. Кулиев Къайсын. «Мывэ хуабэ», 133. Абгъуэ щытщӀыну жыг къэтлъыхъуэм, Си хэку ит жыгхэр къыхэтхынщ. Зэгуэр си щхьэцри фӀыцӀэ дыдэт. «Вагъуэ махуэ», 361. ◊ Зи абгъуэ якъута бзууэ (1). ЕкӀуэлӀапӀэншэу. [Жыраслъэн:] Советскэр зэрыуврэ, зи абгъуэ якъута бзууэ, къызофэрэзыхь, лажьи хъати симыӀэ пэтрэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 505.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

kuş yuva

Düzeltme Öner

абгъуэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.