- кърымӀэпэху
кърымӀэпэ лъэпкъыгъуэм хыхьэ удз лӀэужьыгъуэщ, и лъэгагъыр см 100 – 150-м нос, и лъабжьэр кууэ йокӀых, и пкъыр занщӀэу щытщ. Удзыр зы илъэс фӀэкӀа къэкӀыркъым. Ӏэщым яшхыркъым, хадэхэм, губгъуэхэхэм щыбагъуэ удзыжьщ. КърымӀэпэхэм я къэхъупӀэр Америкэ Ищхъэращ